Кабардино – Балкарский центр дистанционного обучения
ТЕМА: «Звук 1у, буква 1у,1у »
( «Макъ 1у, хьэрф 1у,1у»)
Подготовила:
учительница кабардинского языка и литературы
МКОУ «СОШ№31» Кудаева О.А.
Нальчик, 2015г.
Темэ: Макъ [1у], хьэрф 1у
Мурадыр: Макъ [1]-р егъэбыдыл1эн; макъыщ1э [1у]-р ягьэ1уфу; псалъэм щиубыд щ1ып1эр къахутэфу, макъ [1у] пычыгъуэм, псалъэхэм, псалъэухам хэту щапхъэ къахьыфу егъэсэн;
псалъэжьхэмк1э, къуажэхьхэмк1э сабийхэм я бзэм зегьэужьын, я зэхэщ1ык1ым, щ1эныгъэм хэгъэхъуэн, я еджэк1эр егъэф1эк1уэн;
Хэкум, абы и хъугъуэф1ыгьуэхэм иригушхуэу, лъэпкъ зэмыл1эужьыгъуэу Къэбэрдей - Балъкъэрым щыпсэухэм пщ1э зэхуащ1у, зэгуры1уэу псэуным еджак1уэхэр хуэзыгъасэ лэжьыгъэ ядегъэк1уэк1ын.
Урокым ехьэл1апхъэхэр:
1у - хьэрфыр, ар зи ц1эм хэт предметхэр е абыхэм я сурэтхэр, хьэрф зэпыупщ1ахэр, 1уащхьэмахуэ теухуа кинофильм е 1уащхьэмахуэ теухуа сурэт гъэлъэгъуэныгъэ, компьютер презентацэ.
Урокым и ек1уэк1ык1эр
I . Пэублэ псалъэ.
Сэлам ехын.
Урокым зэрыхуэхьэзырым к1элъыплъын.
II . Урок к1уам яджар къэпщытэжын.
«Абы и 1эм дыщэ къыпощэщ» псалъэхэр къазэрыгуры1уэр сабийхэм къегъэ1уэтэн.
Ц1ыхум и 1эпкълъэпкъым щыщу 1эхэм я къалэныр жегъэ1эн.
1эм и 1ыхьэхэм зэреджэр сабийхэм ягу къэгьэк1ыжын, ямыщ1эмэ, егъэлъагъуурэ яже1эн.
1эбжьанэ, 1эпхъуамбэ, 1эпэ, 1эгу, 1эдакъэ, 1эблэ.
- Сыт хуэдэ макъ мы псалъэхэм зэщхьу хэтыр? Сыт хуэдэ хьэрф ар къызэрыдгъэлъагъуэр.
Хьэрф зэпыупщ1ахэмк1э псалъэ зыбжанэ зэхегъэгъэувэн.
Напэк1уэц1 58-нэм ит псалъэхэмрэ текстымрэ сабийхэр къегъэджэн, къеджэк1э зыщ1э сабий классым щ1эсмэ, «Нур» журналым ит текст к1эщ1хэм къебгьаджэм нэхъ щхьэпэщ. Сабийхэр къызэбгъэджэн 1уэры1уатэхэк1хэр «Адыгэ псалъэ» газетми къипхыфынущ. Классым щ1эс сабий псоми я зэф1эк1ыр зэхуэдэкьым, псоми бгъэдыхьэк1э щхьэхуэ я1эн хуейщ.
III . Темэщ1эм елэжьын.
1. Макъыщ1эр еджак1уэхэм егъэц1ыхун.
2. Къуажэхьыр къегъэщ1эн.
Ар мэу1уэ, ар мэ1ущ1э Джыди, уади имы1ыгъ. Лэжьак1уэжьу еш зымыщ1э Жыгыу щы1эм я дохутырщ.
(Жыгыу1у)
Доскам жыгыу1ум и сурэтымрэ схемэхэмрэ к1эрылъхьэн.
3.Сабийхэм фонетикэ и лъэныкъуэк1э псалъэр зэпкърегъэхын.
Псалъэр пычыгъуэк1э зэпыудын, ударенэр зытехуэ пычыгъуэр жегъэ1эн, пычыгъуэ къэс хэт макъхэр зи хуэдэр егъэубзыхун, макъ къэс здитыпхъэ щимэр езым и плъыфэк1э лэн, хьэрфхэр макъхэм я щ1агъым к1эщ1этхэн е к1эщ1эгъэувэн. Макъым и къэхъук1эм гу лъегъэтэн. Макъыщ1эр хэту псалъэ зыбжанэ къегъэгубзыгъыжын. Макъыр ягьэ1уху ар кьызэрагъэлъагъуэ хьэрфри сабийхэм егъэлъагьун. Хьэрфыр зэрытхэн хуей линием и плъыфэри егьэгъэбелджылын.
4.Пычыгъуэхэм къегъэджэн. Ахэр хьэрф зэпыупщ1ахэмк1э зэхегъэгъэувэн.
5.Псынщ1эрыпсалъэр сабийхэм жегъэ1эн макъыщ1эм егъэлэжьын.
1уданэ 1увк1э 1упхъуэм 1удэн 1уадэ 1уданэ 1увк1э 1упхъуэм 1удэн 1уащэ.
6.Тхылъымк1э гъэлэжьэн.
Псалъэхэм къегьэджэн, абыхэм я сурэтыр доскам тет гупым къахегьэгъуэтэн. Сурэтк1э къыпхуэмыгъэлъагьуэ псалъэхэр къазэрыгуры1уэр сабийхэм жегьэ1эн. Ахэр хэту псалъэуха зэхегъэлъхьэн.
7.Къуажэхьыр сабийхэм къегъэщ1эн.
Хэкум и лъагап1э, лъэпкьыр зэрыгушхуэ. (1уащхьэмахуэ).
8.1уащхьэмахуэ теухуа кинофильм, е сурэт гъэлъэгьуэныгъэ къызэгъэпэщам егьэплъын. 1уащхьэмахуэ япэу дэк1уея адыгэл1 Хьэшыр и сурэт егъэлъагъун. Ар Урысейм и телъыджиблым зэрыхэтыр сабийхэм яже1эн.
а) 1уащхьэмахуэ текстым къегьэджэн.
б) псынщ1эрыпсалъэм къегьэджэн.
1ущащэу 1уданэр зэ1уещэ, 1уданэр зэ1ущэ 1ущащэу.
IV. Темэщ1эр егъэбыдыл1эн, къызэщ1экъуэжын.
«Нур» журналым, «Адыгэ псалъэ» газетым сабийхэм папщ1э тет усэ, къуажэхьхэм, псьнщ1эрьпсалъэхэм сабийхэр зэджэф псалъэхэр къахегьэгъуэтэн, 1уащхьэмахуэ, хэкум теухуауэ усэ ящ1эхэм къегьэджэн.
Урок ек1уэк1ам сыт щ1эуэ къыщыпщ1а, сыт гъэщ1эгъуэн къыпщыхъуа?
Иджыри сыт къэпщ1эну ухуей?