И Хэкумрэ и лъэпкъымрэ,сыт хуэдиз бэлыхь хэмытами,а т1ум я къэк1уэныр зэрыдахэм щыгъэгъуэзэн.
Просмотр содержимого документа
«Кавказская война»
Щалъхуати и мыгъуагъэу жэнэт хэку
Яхуэхъури биихэм ар хьэ зэрышхып1э,
Нэщ1эбжьэ куэдхэр щ1агъэк1ащ и нэгу
Си лъэпкъ бэшэчу л1ыхъужьыгъэр зи бэм.
Адыгэхэм я щ1ыналъэм къыхуэпабгъэрт бий куэд. Абыхэм къытеуэрт кърым хьанхэр, авархэр, тэтэр-монголхэр, нэгъуэщ1 куэди, хэщ1ыныгъэ, тхьэмыщк1агъэ кърату. Гъащ1эр щыдахэ адыгэ щ1ыналъэ хъуэпсэгъуэм бийр къызэригуэрт, я 1эужьыр лъырэ хьэдагъэу.
Псом хуэмыдэу лъэпкъым лъапсэрыхыр къыхуэзыгъэк1уар, нобэм къэск1э адыгэу дунейм тетым ягу имыхур Кавказ зауэрщ.
«Бгырысхэр къызэрытпэщ1эувэр сэшхуэрэ къамэрэк1эщ . Дыщызэпэщ1эувэк1э дэ абыхэм гущ1эгъу лъэпкъ яхуэтщ1ыркъым, я
Къуажэхэр зэтыдогъасхьэ, я ц1ыхур зэтыдоук1э, я 1усыпхъэхэр, мэкъумылэхэр лыгъэм идогъэхь, я былымхэр къатыдох, нэхъ мысэм я щхьэр ф1ыдохри я бзэр идогъэубыд. К1эщ1у жып1эмэ, лъапсэрыхыр къахудогъак1уэ.»
Бестужев-Мерлинский.
Урыс Адыгэ зауэ (1763 — 1864) — зауэм и щӀэдзэгъуэу къалъытэр Мэздэгу быдапӀэр щыхалъхьа гъэращ 1763, Джылэхъстэнейм. Щиухар 1864 накъыгъэм и 21, Ӏаткъуаджэм деж.
Адыгэхэр бэлыхь хэзыдзар урыс пащтыхьырт, лей зезыхьар, лъы зыгъэжар абы и дзэхэрщ.
Урыс ц1ыхубэми шэрджэс ц1ыхубэми а лъэхъэнэм къахэк1ауэ щытат пащтыхьым и унафэм ебэкъуэхэр, адыгэхэм я лъэныкъуэ хъууэ пащтыхьым и дзэм езэуэжахэр.
Лъэпкъ щ1ыхьым и псэр шэпэ1удз хуэзыщ1у,
Яук1ыхунк1э бийм хумык1уэтахэм,
Хьэжрэту мыжурэпэм ирихужьэу,
Истамбылак1уэ гъуэгум тек1уэдахэм
Щана псэ эхухэм я фэеплъ мы сынри.
Ц1ыхуц1э зи1э, къэувы1и, хуэгумэщ1.
Бемырзэ Мухьэдин.