Т е м э р . Макъ х, хьэрф X, х-хэр.
Мурадхэр: хьэрф X, х-хэр егъэц1ыхун,
ахэр зыхэт пычыгъуэ, псалъэхэь еджэфу егъэсэным хущ1экъун.
Планыр:
Яджахэм къытегъэзэжын.
1. Макъзешэ ы-р макъ дэкIуашэм къыщык1элъыкIуэм кIэлъыгъэплъын.
Щ1эгъэдэ1ун с (ссс) - сы, ж (жжж) - жы, ш (шшш) -шы, н (ннн) - ны, р (ррр) - ры, з (ззз) - зы.
2. Макъзешэ а, э-хэр зэлъытын.
Япэ псалъэухам щIодэIу, етIуанэ псалъэ гупым а е э дэтхэжын.
Нащ - нэщ, вагъуэ - вэгъуэ, данэ - дэнэ, ишащ -шэщ; ж.м, у.дэ, с.нэ, н.щэ, т.щэ. (Псалъэхэр зэрытхын хуейр зэрыбкIэщ.)
II. Урок блэкIам щаджар къазэрыгурыIуар къэпщытэжын.
1. Псалъэ къызэкIэлъыхьахэм хэчыхьауэ къоджэ:
1) Пычыгъуэ закъуэ фIэкIа мыхъу псалъэм;
2) пычыгъуитIу зэхэт псалъэхэм;
3) ц1ыхум фIаща цIэхэм.
2. Рассказ ц1ыкIум еджакIуэу тху-хы хуэдиз къоджэри, къиIуатэр тIум къыжаIэж.
Физкультминуткэр.
Макъ х-мрэ хьэрфхэмрэ щыгъэгъуэзэн.
1. Напэк1уэц1 44-м ит япэ сурэтымрэ абы и лъабжьэм щIэт схемэмрэ зэралъытри схемэм езэгъыну псалъэм къоджэхэр: уэшх.
Пычыгъуэ дапщэ хъурэ? (Зы пычыгъуэ.)
Сыт зы пычыгъуэ фIэкI щIэмыхъур? (Макъзешэу хэтыр зыщ.)
Вгъэ1ут макъзешэр (уэээшх - э.)
Сыт хуэдэ слиянием хыхьэрэ? (Слияние уэ-м.)
Сыт хуэдэ макъхэра слиянием хэмыхьэр? (ш, х.)
Макъыу дапщэ хэт псалъэм? (МакъиплI.)
Сыт хуэдэ макъкIэ йухрэ псалъэр? (Макъ к-кIэ.) Мыпхуэдэу вгъэIут макъыр: ххх. Жьыр дауэ къыджьэ-дэкIрэ? Сыт хуэдэ макъ? (Макъ дэкIуашэщ.) Сыт щ1эмакъ дэкIуашэр?
Макъ х-р щIыпIэ зэхуэмыдэхэм хэту псалъэхэр къахьурэ къыхагъэщхьэхукI.
Макъыщ1эр къабзэуи макъзешэ ы-м иришажьэуи щ1ыдогъэдэIу; хы — их, пхы — епх.
Хьэрф X, х-хэм щыдогъэгъуазэри пычыгъуэщ1э
къэдгъэхъухэм къыдогъаджэ:
хэ, ха, хы, хи.
Физкультминуткэр.
5. Сурэтым тегъэпсэлъыхьын.
- Хэт сурэтым щыфлъагъур? (Ц1ык1ухэр.)
Дэнэ ц1ыкIухэр здэщыIэр? (Хадэм.)
Сыт абыхэм ящIэр? (Щ1ыр къат.1, жылэ хасэ.)
Гъэм и сыт хуэдэ зэман сурэтым къыщыгъэлъэгъуар? (Гъатхэ.)
Сыт щыгъуэ атIэ жылэхэр хэсэн щыхуейр?
Псалъэуха зэпкърахыр: Ц1ык1ухэр хадэм щолажъэ. Еджак1уэм жеIэ: Мы псалъэухам псалъэу щы хэтщ. Япэ псалъэр - ц1ыкIухэм, етIуанэр - хадэм, ещанэр -щолажъэ.
Зэдэ1эпыкъуурэ хадэм псалъэр мыпхуэдэу зэпкърах:
хадэм - ха-дэм, 1) ха, 2) дэм, ха (х, а), дэм (д, э, м).
Иужьк1э хьэрф къыхэбзыкIахэм къыхащ1ыкIыж.
Тхылъым ит пычыгъуэхэм къегъэджэн.
Пычыгъуэхэм зы еджакIуэ къоджэ. Феда1уэт псалъэухахэм:
Сэ псысэу хы седжащ. Сэ къалэм хэ сыкIуащ.
Псалъэ къехыгъуэ къэс зы еджакIуэ къоджэ.
Сыт уэшхыр зищ1ысыр? (Дунейм и къэхъукъащ1эщ.)
Гъэм и сыт хуэдэ зэман уэшх нэхъыбэу къыщешхыр?
Сыт у эх псалъэм къикIыр? (Лъахъшэ, кумб.)
Дауэ къывгурыIуэрэ хамэ псалъэр (Ящымыщ, ямыцIыху, ямей цIыху).
Мыхамэмэ, дауэ жаIэрэ? (Хэгъэ-рей.) Зэфлъытыт: хамэ — хэгъэрей.
Рассказым къоджэхэри упщIэхэм жэуап ират:
Сыт рассказым зэреджэр? («Хадэ».) Дэнэ щылажьэрэ ц1ыкIухэр? Сыт абыхэм яш1эр? Сыт Задин сымэ ящ1ар? Сыт Мэзанрэ Жанрэ хасар? Сыт къиIуатэр рассказым хадэм щхьэкIэ?
Иужьк1э рассказым къиIуатэр упщIэншэу къыжаIэж.
3. Точкэхэм я пIэкIэ хьэрфхэр ягъэувурэ псалъэхэр
.зэхалъхьэ:
да — (хэ), (ха) — дэ.
Урокым къыщащ1ар къызэщIэкъуэжын.
Напэк1уэц1 45-м ит сурэтым топсэлъыхьхэр. Къэк1ыгъэхэм ящыщу хадэхэкIхэр фIыуэ егъэцГыхуным, ахэр къэзыгъэкIым пщIэ лей яхуэщIын зэрыхуейм псалъэмакъыр хуэшэн.