4-нэ классым адыгэбзэмк1э хуэгъэхьэзыра урок.
Урокым и темэр: Псалъэпкъым и к1эм й щатхыр.
Урокым и мурадыр: Псалъэпкъым и к1эм й щатхыр егъэщ1эн.
Урокыр зэрек1уэк1ынур:
1). Пэжэрытхэ и лъэныкъуэк1э еджак1уэхэр нэхъ гугъу зыдехь правилэхэр къэпщытэжын.
1.Э, а-хэр щытхын хуейр зы еджак1уэм къыжи1эурэ, псоми тетрадым щегъэтхын:
Къабзэ, къабзэлъабзэ, махуэ, щ1алэ, щабэрык1уэ, зыгъэщ1элэн, гъэщэбэн.
А псалъэхэр хэту псалъэуха къегъэгупсысын.
2.Синтаксическэ зэпкърыхыныгъэ егъэк1уэк1ын:
Гъатхэ дыгъэм щ1ым бахъэ хужьыр уэру къыхеху.
2). Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.
1.Псалъэхэр зэрызэхэт елъытак1э зэпкърегъэхын:
Техьащ, кхъужьейм, сыкъэк1уэнукъым.
2.Псалъэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къызэрык1ым сыт зэреджэр?
Префиксхэмрэ суффиксхэмрэ дауэ ягуэщрэ? Сыт абыхэм къагъэлъагъуэр?
Абыхэм я щапхъэ къегъэхьын.
3). Псалъэпкъым и к1эм й щатхыр егъэщ1эн.
1.Щхьэ закъуэ лэжьыгъэ.
Псалъэ зэпыщ1ахэм я мыхьэнэр зы псалъэк1э тхын ,ударенэр тегъэувэн:
Джэдым къриш щ1эжьей. Пхъэгулъ къызыпык1э жыг. Лъапэк1э тету къэк1ухьын. Куэдрэ лажьэ ц1ыху.
2.Ударенэк1э зеджэр ягу къэгъэк1ыжын. Махуэ, пщэдей псалъэхэм ударенэр тегъэувэн.
3. Мы псалъэхэр доскам къахуитхэн, ударенэри трегъэгъэувэн:
бжей, жыгей, псори, къабзийр, дунейм, уае, Къэбэрдей, Сэфарбий.
Гу лъегъэтэн псори, уае псалъэхэм ударенэр зытехуэр адрей псалъэхэм зэремыщхьым.
Псалъэхэр тетрадым ирегъэтхэн , ударенэр трегъэгъэувэн.
4.Зи к1эр й-к1э иух псалъэм нэгъуэщ1 псалъэ къыпыувэрэ псалъэ зэхэлъ къэхъумэ, и кум хиубыдэ й-р къызэрызэтенэжым мы щапхъэхэмк1э гу лъегъэтэн: к1ий-гуо, шейудз, уейпсей , жейбащхъуэ.
5.Лэжьыгъэ 227-р жьэры1уатэу гъэзэщ1эн:къыхагъэбелджылык1а псалъэхэм я к1эм й-р щ1атхыр жегъэ1эн, ударенэр зытехуэ пычыгъуэр къегъэгъуэтын.
6.Тхылъым и к1эм ит псалъэлъэм къыхахыу тетрадым псалъэ пл1ырыпл1 иратхэн, и к1эр й-к1э иухыу.
4). Унэ лэжьыгъэ. Псалъэпкъым и к1эм й щатхыр зэгъэщ1эн. Псалъалъэм къыхахыу ятха псалъипл1ыр хэту псалъэуха пл1ырыпл1 ятхын, й-р щ1этхъэн, ударенэр а псалъэхэм тегъэувэн.
Гъэ еджэгъуэр тхьэмахуэ 35-рэ мэхъу, тхьэмахуэ къэс адыгэбзэу урокит1 щы1эн хуейщ. Псори адыгэбзэмк1э урокыу илъэсым щ1ы1эн хуейщ 70. Ауэ планхэр нэхъыбэщ. Ар къызыхэк1ар адыгэбзэмк1э программэм тхыгъэ лэжьыгъэхэр егъэк1уэк1ыным зы сыхьэти зэрыхухимыхырщ. Диктантхэри, изложенэхэри, сочиненэхэри щрагъэтх урокхэр литературэм и сыхьэт бжыгъэм къыхок1.
Учитель кабардинского языка и литературы:
Капашарова Ф.Ц.