kopilkaurokov.ru - сайт для учителей

Создайте Ваш сайт учителя Видеоуроки Олимпиады Вебинары для учителей

Урок мастер-класс

Нажмите, чтобы узнать подробности

фольклор народов Кабардино-Балкарской Республики

Вы уже знаете о суперспособностях современного учителя?
Тратить минимум сил на подготовку и проведение уроков.
Быстро и объективно проверять знания учащихся.
Сделать изучение нового материала максимально понятным.
Избавить себя от подбора заданий и их проверки после уроков.
Наладить дисциплину на своих уроках.
Получить возможность работать творчески.

Просмотр содержимого документа
«Урок мастер-класс»


Муниципальное казённое общеобразовательное учреждение

«Средняя общеобразовательная школа №30» г.о. Нальчик






Разработка мастер-класса

«Дызэкъуэтмэ-дылъэщщ!»




Муниципальный этап

республиканского конкурса-фестиваля

«Родной язык-душа моя, мой мир!»

Конкурс на лучшую общеобразовательную организацию г.о. Нальчик «Лучшая школа-2023»

этнокультурной направленности












Подготовила учитель

кабардино-черкесского языка

и литературы Пшихачева Р.Ц.







Нальчик, 2023г.





Темэр: «Дызэкъуэтмэ-дылъэщщ» 1уэры1уатэ.

Мурадхэр: адыгэ 1уэры1уатэм и къулеягъым куууэ сабийхэр щыгъэгъуэзэн, абыхэм я гупсысэ нэхъыщхьэр къагурыгъэ1уэн; абы къыдэк1уэу лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я 1уэры1уатэми хэлъ щхьэхуэныгъэхэм гу лъегъэтэн.

Хуэзыгъасэ: я гупсысэр къа1уэтэфу, щ1эрыщ1э къащ1ар къагъэсэбэпыфу егъэсэн, я творческэ зэф1эк1ыр егъэф1эк1уэн.

Гъэсэныгъэм ехьэл1ауэ: еджак1уэхэр 1эдэбагъым, дахагъэмрэ пэжыныгъэмрэ щ1экъуным къыхуеджэн, апхуэдэ гурыщ1эхэр адыгэ 1уэры1уатэмк1э зэхегъэщ1эн, ф1ыри 1ейри зыхащ1эфу егъэсэн.

Зэрагъэгъуэтын хуей щ1эныгъэхэр:

Предметнэ: адыгэм, балъкъэрхэм, урысхэм я 1уэры1уатэм теухуауэ я щ1эныгъэр егъэф1эк1уэн, сабийхэм я бзэм, я зэхэщ1ык1ым зегъэужьын.

Метапредметнэ: зэгъусэу щыздэлажьэк1э, щызэпсалъэк1э я зэхуакум зэгуры1уэныгъэ дэлъу, сабийр гупым хэту лэжьэным хуегъасэ; лэжьыгъэ ягъэзащ1эм теухуауэ хэт жи1эми едэ1уэф1у, абыхэм нэхъ тэмэм жэуапыр зэгъусэу къыздыхахыфыным хуеущий; я бзэм хуэшэрыуэу я гупсысэр къэ1уэтэным хуегъасэ.

Личностнэ: сабийхэм анэдэлъхубзэр яджыным дегъэхьэха мэхъу; нэгъуэщ1 ц1ыхум пщ1э хуащ1у, 1эдэбу хущытыным хуегъасэ.

Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: гуп зэпеуэхэм я лэжьыгъэхэр, компьютер, интерактивнэ доска, «Нанэ и пхъуантэ», Урысейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, адыгэхэм, балъкъэрхэм я ныпхэр, уэрэдхэр, саугъэтхэр, лъэпкъ зэмыл1эужьыгъуэхэм я шхыныгъуэхэр, стендхэр, зэрылэжьар къызэрапщытэ жыгыр.

Хэтынухэр: егъэджак1уэ езыгъэк1уэк1ыр, етхуанэ классым щ1эс еджак1уэхэр, къэпщытак1уэхэр, егъэджак1уэхэр, адэ-анэхэр.

Урокым и ек1уэк1ык1эр:

Организационнэ дакъикъэ.

(Макъамэ къеуэу еджак1уэхэр къыщ1охьэ, я т1ысып1эхэм деж мэув),

Фи махуэ ф1ыуэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ, ди ныбжьыщ1э ц1ык1ухэ!

Хьэщ1эхэм захуэвгъази сэлам ефх.

Фи махуэ ф1ыуэ!


Ди дерсыр нэхъ тыншу къыдэхъул1эн папщ1э, ди 1э ц1ык1ухэр псынщ1эу зэщыдохъуэри ди 1эхэр гупым хэтхэм дызэроубыд. Гукъыдэж фи1эу урокым фыкъызэрык1уар сывгъэлъагъут.

Фыпсэу, фыт1ысхэ!

Си гуапэу фыкъызогъэблагъэ «Дызэкъуэтмэ-дылъэщщ!» зыф1этща ди дерс-джэгум.

(Сабийхэм я телефоныр къыдах, джэгук1эхэм хохьэ). Сэ «Нанэ и пхъуантэр» къызощтэ).

- Мыр сыт, мы телефон къэфщтахэр?

- Дыджэгунущ жып1ати, къэтщтащ.

-Телефонк1э мыхъумэ, нэгъуэщ1 джэгук1э, зэштегъэу щымы1эу п1эрэ?

Си упщ1эм и жэуапыр ди дерсым и к1эм къызэфтынщ. Абык1э сэбэп къытхуэхъуну къысщохъу, псоми ф1ыуэ тлъагъу ди нанэ дыщэм къытхуригъэхьа пхъуантэр.

(Слайд)

- Хэт зи нэ къимык1ыр, нанэ и пхъуантэм дэлъ хьэпшыпхэр зэпиплъыхьыну, абы дэлъ щэхухэр къихутэну хуэмейуэ?! Мы зыри вжес1эну сыхуейщ, мы пхъуантэм къыдэк1 гъэт1ылъыгъэхэр сэбэп къытхуэхъунущ, ди лэжьыгъэр зытеухуам, ар зэрызэк1элъык1уэнум дихуиунэт1ынущ. Мы ди жыг зыкъизыхыр флъагъурэ? Фызэрылэжьам елъытауэ мы жыгыр дгъэщ1эрэщ1энущ дерсым и к1эми, ф1ыуэ жэуап къызэрыфтынум иужь фит, апхуэдэхэр нанэ 1ыхьэншэ ищ1ынукъым.


(Пхъуантэм сыдо1эбэри къыдызох)

Тхылъымп1эм тету «1уэры1уатэ» псалъэр.

- Сыту п1эрэ мыбык1э нанэ къыджи1эну зыхуейр?

- Сэ сызэреплъымк1э, ди дерсыр зытеухуар аращ.

- Пэж дыдэщ. Мы псалъэр япэ зэхэтхыу ара?

- Хьэуэ.

- Дауэ къывгуры1уэрэ абы и мыхьэнэр?

- Жьэк1э къэ1уэтэн. Тхыгъэ щыщымы1эм зы жьэм жьэдэк1ым адрейм жьэдыхьэурэ ди деж къэсащ.

- Адыгэ псалъэлъэм сыт жи1эр абы теухуауэ

-1уэры1уатэ-предания, сказания; фольклор. Жьэк1э я1уатэу лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ тхыдэ, жьэры1уатэ.

(Слайд)

- 1уэры1уатэм теухуауэ урыс тхак1уэ Максим Горькэм жи1ар ди стендым к1эрылъщ, гу лъыфтауэ п1эрэ абы? Хэт къеджэн?

(еджак1уэр къоджэ)

«1уэры1уатэр псалъэ искусствэм и къежьап1эщ». М. Горький.

- 1уэры1уатэм автор и1э?

- Хьэуэ. 1уэры1уатэм автор и1экъым.

- 1уэры1уатэ зи1эр адыгэхэм я закъуэ?

- Хьэуэ. Лъэпкъ къэс езым я 1уэры1уатэ я1эжщ.

- Сыт хуэдэ бзэм къыхэк1а, зэреджэри сыт?

- Инджылыбзэм къыхэк1ащ, фольклор псалъэм къытек1ащ.


Иджыпсту къэтпщытэжынщ 1уэры1уатэ л1эужьыгъуэхэр.

(Егъэджак1уэр къоджэ, еджак1уэхэм зыщыщ жанрыр жа1э).

- Сосрыкъуэ зэхихат нартхэм хасэ зэра1эр.

- Нарт хъыбархэр.

- Лэжьыгъэм уегъэлъап1э, щхьэхынагъэм уегъэпуд.

- Псалъэжь.

- Къуаргъхэр зэрызехьэмэ, уэлбанэ мэхъу, е уэс къос, жа1э.

- Нэщэнэ.

- Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри

Си нэпсит1ыр тк1уэпс-тк1уэпсу къыщ1ихуащ.

- Псынщ1эрыпсалъэ.

- Пэжи, пц1ыи, сытми зы къуажэ гуэрым дэст зы л1ыжь ц1ык1у.

- Таурыхъ.

- Бей къутэ,

Бей дан

Уэри ухъэ,

Сэри сыхъэ…

- Зэрызабж усэ.

Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,уэ-уи

Нартхэ ди Бэдынокъуэ,

Уэрэдыжь.

- К1уэ пэтми, бжьиз зымык1у.

- Къуажэхь.

- Сыт ар зищ1ысыр?

- Сыхьэт.

- Хъарзынэщ. Фыт1ысхэ.

Экраным ит 1уэры1уатэ л1эужьыгъуэхэм иджыри зэ дыкъевгъэджэжыт.

(Слайд)

(1уэры1уатэм и л1эужьыгъуэхэм къоджэ).

Хъарзынэщ.

Псоми я ц1эр къидмы1уами, нэхъыбэм я гугъу тщ1ащ.


Дыдэвгъэ1эбэт иджыри пхъуантэм. (Сыдо1эбэри къыдызох цы топ, мастэ хэлъу, матрёшкэ). Сыту п1эрэ мы хьэпшыпхэмк1э нанэ къыджи1эну зыхуейр?

(Ди гъусэу псэу лъэпкъхэм датригъэпсэлъыхьыну къысщохъу).

Пэж дыдэщ, нанэ 1ущым зэкъуэшхэм хуэдэу, дызэгуры1уэрэ дызэдэ1уэжу дызэдэпсэу лъэпкъхэм я 1уэры1уатэм, тхыдэм щыщ гуэрхэм дытепсэлъыхьмэ, ф1эф1у къытхудилъхьауэ къыщ1эк1ынщ.

Фщ1эуэ п1эрэ матрешкэр урыс лъэпкъым я символу зэрыщытыр?

(матрёшкэм теухуауэ еджак1уэхэм ящ1эм, слайдым итым къегъэджэн, тегъэпсэлъыхьын)

(Слайд)

Унэ лэжьыгъэр къэпщытэн.

Фэ псоми щхьэхуэу унэ лэжьыгъэ фи1ащ. Къэтщ1эжынщ ахэр. Дыдо1эбэ пхъуантэм (еджак1уэхэр дызогъэ1эбэ). Къыдах. Къоджэ.

1 гуп. Псалъэжьхэр. (Ст1олым трагъэувэ).

2 гуп. Джэгук1эхэр. (Ст1олым трагъэувэ).

3 гуп. Псынщ1эрыпсалъэхэр. (Ст1олым трагъэувэ).

- Дигу къэдвгъэгъэк1ыжыт тщ1эн хуеяр.

Япэ гупым псалъэр изот.

(Презентацэр зыгъэхьэзыра еджак1уит1 къыдок1)

1 гуп Псалъэжьхэр.

Презентацэ

Еджак1уэ 1. Дэ псалъэжьхэм теухуауэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ын хуеящ. Ди лэжьыгъэм кърик1уар презентацэу тщ1ыжащ.

- Дынывода1уэ.

Адыгэ 1уэры1уатэм увып1эшхуэ щеубыд псалъэжьхэм. Псалъэжьхэм ф1ым, пэжагъэм, захуагъэм л1ыгъэм, гущ1эгъум ухуаущий, хьэл-щэныф1хэм ухуагъасэ, мыхъумыщ1агъэм ущахъумэ.

Псалъэжьым и мыхьэнэр урыс псалъалъэм мыпхуэдэу къыщок1уэ

Псалъэжь пословица; поговорка/ Гъащ1эмрэ дунейм и къэхъукъащ1эхэмрэ ехьэл1ауэ ц1ыхубэм къыдэгъуэгурык1уэ узыгъэ1ущ, узыущий псалъэуха шэрыуэ.

Еджак1уэ 2. Псалъэжьхэр зэхуэзыхьэсыным елэжьахэр куэд мэхъу. Псалъэжь куэд къыщыдгъуэтащ Къардэнгъущ1 Зырамыку и тхылъхэм.

Псалъэжьхэр къагъэлъагъуэ елъытауэ куэду еугуэш:

Лэжьыгъэм, тхыдэм, зауэм, мамырыгъэм, хэкум, адэ-анэм, щ1эныгъэм, гъэсэныгъэм, хабзэм, дунейм и щытык1эм. Псалъэм папщ1э:

Улажьэмэ, лыжь пшхынщ.

Нэм фlэбэр Iэбэм еух.

Щlым зы ептмэ, щэ къуетыж.

Изрэ ныкъуэрэ зэрыщ1эркъым.

Тхьэмыщк1эм и псалъэ т1эу жы1эщ.

Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь.

Хамэхьэр къохьэри унэхьэр иреху.

Акъыл зи1эм имы1э щы1экъым.

Зэманым дек1ур л1ыф1.

Щ1эныгъэ уи1эмэ, улъэщщ.

Ауан зыщ1элъ псалъэжьхэри щы1эщ.

Жэщырыдэ махуэрыдыхьэшх

(1уэхур щимычэзум зылэжьым ауаныщ1у хужа1э).

Джэду гъунэгъурыпщщ.

( Зи унэ гъунэгъуу нэгъуэщ1 щ1ып1э жэщ щы1эм хужа1э).

Еджак1уэ 1. Псалъэжьхэр къыщытлъыхъуащ тхылъхэм, газетхэм, журналхэм. Псом хуэмыдэу псалъэжь куэд къытохуэ «Нур» журналым. Ди лъэпкъхэм я псалъэжьхэм нэмыщ1, нэгъуэщ1 лъэпкъхэм я псалъэжьхэри куэду итщ журналым.

Ди лэжьыгъэм и к1эм мыпхуэдэ упщ1эхэр фхуэдгъэхьэзыращ.

Мы адыгэбзэ псалъэжьхэм пэджэжу урысыбзэм хэт псалъэжьхэр къэвгъуэтыт.

- Маф1э здэщымы1э 1угъуэ щы1экъым.

- Нет дыма без огня.

- Хьэндыркъуакъуэ пэт сызыхэс псыр кууащэрэт, же1э.

- Каждая лягушка свое болото хвалит.

- Алыхьым ущыгугъыу уи гугъэ умыгъэт1ылъ.

- На Бога надейся, но сам не площай.

Еджак1уэ 2. Мы ребусхэр къэдвгъащ1эт. Мыхэр псалъэжьу п1эрэ?

(сурэтхэр къредзэ)

- Уи ажэ си бжыхь къомыпх.

- Сыт абы къик1ыр?

- Уи 1уэхур си пщэм къыдомылъхьэ.

- Джэду яку дэжащ.

- Зэф1эна ц1ыхухэм хужа1э.

- И зыгъазэ зы мазэщ.

- Ц1ыху хуэмым, щхьэхынэм щхьэк1э жа1э.

- Тхьэк1умэ ящэ.

- Жып1эр зыхэзымыхым е зыхэзыхыну хуэмейм хужа1э.

- Мыхэр псалъэжьхэм ещхь щхьэк1э псалъэжькъым, ат1э псалъэ шэрыуэхэщ. Псалъэ щэрыуэк1э зэджэр псалъалъэм къыщыгъуэтын.

(Шэрыуэу, гъэщ1эрэщ1ауэ, гупсысэр къэзы1уатэ псалъэ зэпхахэм псалъэ шэрыуэк1э йоджэ).

Фыпсэу. Хъарзынэщ.


2-нэ гуп. Джэгук1эхэр.

(Слайд)

Джэгук1эхэм псалъэ фызот.

Еджак1уэ 1. Сабийм и 1эпкълъэпкъым, акъылым, гупсысэм зрагъэужьу, 1эрыхуэу, къарууф1эу ирагъасэу адыгэхэми адрей лъэпкъхэми я1ащ джэгук1э зэмыл1эужьыгъуэхэр. Иджыпсту фэдгъэлъагъунщ джэгук1э гъэщ1эгъуэнхэр.

Еджак1уэ 2. Сабийхэр щыджэгук1э джэгузэхэшэ усэрыбжэ ц1ык1ухэр къагъэсэбэпырт, абыхэм джэгухэм я зэк1элъык1уэк1эр ягъэбелджылыт. Абык1э къыддэ1эпыкъуну къедгъэблэгъащ ди ныбжьэгъу Ахьмэд.

Еджак1уэ 1. Сабийхэр т1урыт1у я щ1ыб зэхуэгъэзауэ мэувхэри я 1эр зэрадзэ, я лъакъуэхэр зэф1амыгъауэу зым «Тэбакъ» же1эри и щ1ыб дэтыр къе1эт, адрейм «Тепщэч» же1эри егъэувыж, апхуэдэурэ зэрегъэзэшыху мэджэгу. Япэ щ1эзыдзэнур усэрыбжэмк1э къэтщ1энщ.

Ахьмэд. (Ахьмэд усэрыбжэр же1э, япэ щ1эзыдзэнухэр, зэгъусэнухэр зэхегъэк)

Мык1-мык1,

Мык1 къыкъ,

Къыкъ щ1алэ,

Щалэуат,

Къартэмэ,

Къуртэмэ,

Къуртэ дагъэ,

Дагъэшыку,

Я нэкуж,

Куж хэлъэщ.

(Еджак1уипл1 мэджэгу)

Еджак1уэ 2. Ет1уанэ джэгук1эр балъкъэрхэм я 1уэры1уатэм къыщыдгъуэтащ. Хъурей иратхъэри абы и кум сабиит1 йоувэ, я 1эхэр я щ1ыбымк1э ехьэк1ауэ дамэпкък1э зым адрейр хъурейм къызэрырихуным иужь итщ. Хъурейм къинэр ток1уэр.

(щ1алэ ц1ык1ухэр мэджэгухэр)

Еджак1уэ 1. Къык1элъык1уэ джэгук1эр. Ц1ыхуит1ым зэпадзыжурэ псалъэ шэрыуэхэр жа1э. Къыщыуэр хок1ри нэгъуэщ1ым абы и п1эк1э джэгум пещэ.

(Хъыджэбз ц1ык1уит1ым ягъэзащ1э).

Си 1ыхьэр-щэ?

-Си къаз плъэгъуа?                                  -Джыдэр-щэ?

-Слъэгъуащ.                                             –Пщ1ащэм хэлъщ.

-Дэнэ к1уа?                                              -Пщ1ащэр-щэ?

-Абгъуэм исщ.                                         –Лыгъэм ес.

-Сыт къик1эц1?                                       -Лыгъэр-щэ?

-Джэдык1э.                                              –Псым егъэунк1ыф1.

-Хэт ишх?                                                -Псыр-щэ?

-Мэлыхъуэм.                                           –Хьэм иреф.

-Сыт къыуит?                                          -Хьэр-щэ?

-Хъурыфэ.                                              -Л1ым щ1ыгъущ.

-Хэт игъэтэдж?                                      -Л1ыр-щэ?

-Тэджырей.                                            –Мэкъу йоуэ.

-Хэт ибз?                                                -Мэкъур-щэ?

-Бзэрей.                                                  –Шхалъэм дэлъщ.

-Хэт ид?                                                 -Шхалъэр-щэ?

-Дэрей.                                                   –Жэмыр бгъэдэтщ.

-Хэт щит1агъэ?                                      -Жэмыр-щэ?

-Си шыпхъум.                                       –П1ап1у къехь.

-Дэнэ ук1уэ?                                         -П1ап1ур-щэ?

-Хьэщ1ап1э.                                         –Джэдум иреф.

-Сыт ирагъэшх?                                   -Джэдур-щэ?

-Щыхь куц1рэ фо ц1ынэрэ.                –Гъуанэм исщ.

-Си 1ыхьэр- щэ?                                    -Гъуанэр-щэ?

-Гъуанэм илъщ.                                    –Уэ уисыжщ.

-Илъыжкъым.

-Дэнэ к1уа?

-Къуанщ1эм ешх.

-Къуанщ1эр-щэ?

-Жыгым пысщ.

-Жыгыр-щэ?

-Джыдэм пеупщ1.


Фыпсэу, ди нэгу зевгъэужьащ.

Дынывода1уэ ещанэ гупым.


3-нэгуп. Псынщ1эрыпсалъэхэр-бзэгъэбзэрабзэхэр.

(Слайд)

Еджак1уэ 1.

Псынщ1эрыпсалъэхэр 1уэры1уатэм и жанр нэхъ ц1ык1ухэм ящыщщ. Къыупсэлъыну гугъу псалъэ зэк1элъыхьахэм псынщ1эрыпсалъэк1э йоджэ. Адыгэхэм япэм псынщ1эрыпсалъэхэмк1э зэпеуэурэ пщыхьэщхьэхэр ягъак1уэрт. Псынщ1эрыпсалъэхэм макъ зэмыщхь куэд хэтщ, псынщ1эу щыжып1эк1и ущымыуэу къыбжьэдэк1ыну гугъущ, къэпсэлъыгъуейщ. Ар дыхьэшхэн щ1эхъури аращ.

- Дедэ1уэнщ псынщ1эрыпсалъэхэм.


(Еджак1уищ къыдок1, псынщ1эрыпсалъэхэр жа1э).

П1ыт1инэрэ П1ыт1ут1эрэ п1ырып1 зэхап1ыт1э.

Хурсэ хурсэ хурсанэ, санэху зэраза кхъузанэ.

Мыщэр пэщащэурэ мащэм ихуащ.

Еджак1уэ 2.

Иджыпсту, гуп къэс псынщ1эрыпсалъэ фызотри зэрыжыф1эм девгъэда1уэ (тхылъымп1эм иту ярет)

(Слайд)

Выжь къуагуэр 

Мэкъугум 
Гъуэгукум 
Щемыкъу.


Бжьахъуэм и пы1эр хуэбыхъущ,

бжьахъуэм и вакъэр хуэмыхъущ.

(Еджак1уэхэм псынщ1эрыпсалъэхэр жа1э).

Еджак1уэ 3.

Иджыри нанэрэ сэрэ зы псынщ1эрыпсалъэ гъэщ1эгъуэн интернетым къыщыдгъуэтащ.

Видео егъэплъын.

(Белорус щ1алэм жи1эу псынщ1эрыпсалъэм йоплъ)

Егъэджак1уэм.

Гу лъыфта, нэгъуэщ1 лъэпкъым къыхэк1а щ1алэм, ф1эф1 дыдэу ди псынщ1эрыпсалъэр зэрызригъэщ1ар. Дауэ-т1э, дэ ди бзэм хэт псынщ1эрыпсалъэхэр, псалъэжьхэр, джэгук1эхэр, хъуэхъухэр дэ зэрыдмыщ1энур, ахэр дымыщ1энк1э 1эмал зимы1эхэм ящыщ зыщ.


Хъарзынэщ. Гупхэр псори фыкъэпсэлъащ, фи лэжьыгъэхэр зэхуэхьэсауэ иту тхылъ ц1ык1у вгъэхьэзырыжын хуеящ, къызэрывэхъул1ам девгъэплъыт.

(Я лэжьыгъэхэр зэрыт тхылъ ц1ык1ухэр къыдах).

Фыпсэу. Мы фи лэжьыгъэхэм адрей классхэми щыпытщэнщ, едгъэф1эк1уэнщ.

- «Блэк1а зимы1эм къэк1уэни и1экъым», - къыщок1уэ адыгэ псалъэжьым. 1уэры1уатэмрэ тхыдэмрэ зэпхащ.

- Иджы тхыдэм теухуауэ сэ фхуэзгъэхьэзыра упщ1эхэм зы псалъэ, псалъит1к1э псынщ1э дыдэу жэуап къывот.

- Адыгэхэм я махуэр щагъэлъап1эр.

- Фок1адэм и 20-м.

Урысей лъэпкъым и жыгыу къалъытэр.

- Берёза. Пхъэхуей.

- Балъкъэрхэм ящ1 1эрыщ1 алэрыбгъум зэреджэр?

- Кииз.

- Урыс мэкъумэшыщ1эхэм, крестьянхэм я лъакъуэм ф1алъхьэ вакъэм зэреджэр?

- Лапти.

- Адыгэ лъэпкъхэм я бжыгъэр?

- 12.

- Урысхэм щ1ымахуэр щрагъэжьэж, гъатхэр къыщрагъэблагъэ махуэм зэреджэр?

- Масленицэ.

- Балъкъэрхэм ягъэлъап1э махуэр.

- 28 март. Гъатхэпэм и 28-р

- Сытым къыхащ1ык1рэт избак1э зэджэ урысхэм я псэуалъэр?

- Пхъэм.

- Къэбэрдей-Балъкъэрым щы1э уэсылъэ бгым, «Урысейм и щ1ып1э телъыджиблым» хэхуам адыгэбзэк1э, балъкъэрыбзэк1э, урысыбзэк1э зэреджэр

- 1уащхьэмахуэ.

- Мингитау

- Эльбрус.

(Слайд)

(Слайд)

Урокым щащ1ар къызэщ1экъуэжын.

- Мыбдеж къыщысхьа псалъэжьхэр зыхуэпхь хъунур къызжеф1эт.

Дзыгъуибгъур зэде1эмэ, к1эдащхьэр трач.

Зэдэпщ1э щ1эхщи, зэдэшхэ 1эф1щ.

Зэгуры1уэ я 1уэху псынщ1эу мэк1уатэ.

- Дэ, гупу лэжьахэм.

Егъэджак1уэм.

Нэгъуэщ1у жып1эмэ, дызэгуры1уэу дызэдэпсэумэ, дызэдэлажьэмэ, тхузэф1эмык1ын зыри щы1экъым. Ди дерсым и ф1эщыгъэц1эу щытари аращ «Дызэкъуэтмэ - дылъэщщ», сыт хуэдэ лъэпкъым дыкъыхэмык1ами.

Телефонк1э дымыджэгум нэгъуэщ1 зэштегъэу щы1экъэ? Урокым и пэм къэува мы упщ1эм сыт хуэдэ жэуап ефтынт?

- Щы1эщ удэзыхьэх джэгук1э куэд.

- Зэдвгъэлъытыт пасэм зэрыджэгуу щытамрэ, телефоным итымрэ къахь сэбэпынагъэмрэ зэранымрэ.

Джэгук1эхэм

Щ1ыбым ущоджэгу, уи нэр зэ1игъыхьэркъым, уегъэгупсысэ, зэгъусэу уджэгуу уегъасэр, узэдо1эпыкъу, хьэуа къабзэк1э уобауэ, зым жи1эм адрейр уода1уэ, …

Телефон джэгук1эхэр: нэхъыбэу уи закъуэущ узэрыджэгур е узэдэджэгур плъагъуркъым, уи нэр зэ1егъыхьэ, щ1ыбым куэдрэ укъыщ1эк1къым, зэманым ук1элъыплъкъым, псалъэгъу уи1экъым, узэмыплъыпхъэ куэд къредзэ, нэхъ 1ей дыдэр а джэгук1эхэм удихьэхыу «игромания» жыхуи1э узыфэр къоуэл1энк1э мэхъу.

Аращи 1эмал и1эххэмэ, куэд дыдэрэ къэдмыгъэсэбэпмэ нэхъыф1щ, ауэ ари ди гъащ1эм куууэ къыхыхьащ, куэдк1и сэбэп мэхъу. Щ1ып1э жыжьэ щы1эхэм видеовызов жыхуэт1эмк1э допсэлъэф, ящ1эр долъагъу, библиотекэм дымык1уэу дызыхуейр къыщыдогъуэтыф, ди ныбжьэгъухэм допсэлъэф, нэгъуэщ1 куэдк1и къыдогъэсэбэп. Фи унэ лэжьыгъэри телефонымк1э вгъэзэщ1энущ. Нобэ ди урокым фигу ирихьауэ, фф1эгъэщ1эгъуэну флъэгъуа гуэрым теухуа къэпсэлъыныгъэ, тхыгъэ к1эщ1, фи ныбжьэгъум хуевгъэхьыну аращ.

(Слайд)

Рефлексия.

Щхьэж зэрылэжьауэ къызэрыщыхъум елъытауэ, «Нанэ и пхъуантэм» къыдэк1а мы1эрысэ дахэшхуэхэм ящыщ къыхывохри мы жыгыр догъэщ1эращ1э. Мыбдеж къэфлъытэну сыхуейт, иджыпсту классым фызэрылэжьам нэмыщ1, унэ лэжьыгъэхэр щывгъэхьэзырми фызэрыхэлэжьыхьам теухуауэ фи мы1эрысэхэр къыхэфхыну.

Ф1ыуэ сылэжьащ, псори гуры1уэгъуэ сщыхъуащ, жызы1эхэм мы1эрысэ плъыжьыр ф1ывощ1э.

Мы1ейуэ сылэжьащ, ауэ нэхъыбэ схузэф1эк1ынут,- жызы1эхэм мы1эрысэ гъуэжьыр.

Сызэрылэжьар мащ1эщ, 1уэры1уатэм теухуауэ иджыри куэд къэсщ1эну сыхуейщ,- жызы1эм мы1эрысэ удзыфэр.

(Жыгыр яблэ).

Жыгыр щхъуэк1эплъык1э дахэ зэрыхъуам феплъыт! Мыр дахэ хъуным псоми фи лэжьыгъэ хэлъщ. Аращ, Зэдэлажьэ-лэжьыгъэ бэвщ» щ1ыжи1ар пасэрейм.

Вывод.

- Нт1э, ц1ык1ухэ! Лъэпкъ къэс лъэпкъ зыщ1ыжыр 1урылъ и бзэрщ, зэрихьэ и хабзэрщ. Адыгэхэм илъэс куэд хъуауэ ирагъэк1уэк1 «Си бзэ-си псэ, си дуней» зэпеуэр. Ди еджап1эр мызэ-мыт1эу а зэпеуэм дыхэтащ. Нобэ дгъэлъэгъуа дерсри зытеухуар аращ. Ди хьэщ1эхэри къыщ1эк1уар фи бзэр зэрыфщ1эр, ар зэрывгъэшэрыуэм еплъыну аращ. Адыгэхэри, ди гъусэу псэу лъэпкъхэри, сытым дежи хьэщ1эк1э ф1ыщ. Хьэщ1эм пщ1э лей хуащ1у, шхыныгъуэ 1эф1хэр хузэблахыу къогъуэгурык1уэ. Мыбы щ1эс еджак1уэхэми, я адэ-анэхэм, нанэхэм хьэщ1э ди1эну къыщащ1эм къытхуэк1уахэщ. Къыдогъэблагъэ ди анэхэр, нанэхэр. (Къыщ1охьэхэр адыгэ, урыс, балъкъэр шхыныгъуэхэр я1ыгъыу адэ-анэхэр, егъэджак1уэ, классыр зейр. Хъуэхъу жа1э).

- Фыпсэу!

Псоми дощ1э, «Нанэ и пхъуантэм», и лъащ1эм, сыт щыгъуи и къуэрылъху, пхъурылъхухэм щхьэк1э гъэт1ылъыгъэ, сабийр зыщыгуф1ык1ын гуэрхэр, зэрыдэлъым. Дыдэвгъаплъэт иджыри зэ. Ф1ыуэ фызэрылэжьам къыпэк1уэу нанэ фхуигъэт1ылъахэм девгъэплъыт. (Еджак1уэхэр къыдок1ри къэп ц1ык1ухэр (1эф1ык1э илъу) къыдах, гуп къэск1э ират).

Ди нанэ 1ущым иджыри зы тыгъэ щигъэт1ылъащ и пхъуантэм. Ар ди еджап1эм зэрыщы1ахэр ягу къигъэк1ыжу, ди хьэщ1эхэм яхуигъэхьэзыра гукъинэж хьэпшып ц1ык1ухэрщ.

(Хьэпшыпхэр хьэщ1эхэм я пащхьэ иралъхьэ).


- Дызэкъуэтмэ, дылъэщщ. Дызэгъусэмэ, тхузэф1эмык1ын щы1экъым. Ди 1уэры1уатэр, тхыдэр тщ1эуэ, хабзэм дытету, ди бзэмк1э дыпсалъэу, иджыпсту дуней псор зыгъэгузавэ зауэ-банэр щымы1эу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щ1ыналъэр едгъэф1ак1уэу, Урысейм лъэпкъыу исыр дызэгуры1уэу дыпсэумэ, абы нэхърэ нэхъыф1 сыт щы1э?!!!

Хъуэхъу (еджак1уэм же1э)

Хъуэхъур ди бэу, фыбагъуэу,

Губгъуэу фи1эр бэвылъэу,

Ди ф1ыгъуэр здэдгуэшу,

Ди япэ идгъэщ щымы1эу,

Пщащэу ди1эр щ1ык1аф1эу,

Ди щ1алэф1хэр л1ы хахуэу,

Нанэ жи1эм еда1уэу,

Дадэ жи1эр я гуапэу,

Бланэм хуэдэу гуащ1аф1эу,

Маф1эм хуэдэу къэмыск1эу,

Жьыи щ1эи фыуардэу,

Дэрэжэгъуэр фи куэду,

Фызэкъуэту,

Фызэтэжу,

Хъуэхъур фи куэду,

Хъуэныр фи мащ1эу,

Ф1ым и гъуэгум фытету,

Фызыхуейм фи 1эр нэсу

Фыпсэуну сохъуахъуэ!


Нэхущ Чэрим жи1эу

(уэрэд «Моя республикэр» видео къегъэлъагъуэ. Сабийхэр зэры1ыгъыу ныпхэр я1ыгъыу уэрэдыр жа1э, урокыр зэхуащ1ыж).











Получите в подарок сайт учителя

Предмет: Прочее

Категория: Планирование

Целевая аудитория: 5 класс

Скачать
Урок мастер-класс

Автор: Пшихачева Розанна Циковна

Дата: 09.04.2026

Номер свидетельства: 684220

Похожие файлы

object(ArrayObject)#853 (1) {
  ["storage":"ArrayObject":private] => array(6) {
    ["title"] => string(86) "Урок геометри 11 класс ЕМН "Призма и ее элементы""
    ["seo_title"] => string(47) "urok_geometri_11_klass_emn_prizma_i_ee_elementy"
    ["file_id"] => string(6) "557192"
    ["category_seo"] => string(9) "geometria"
    ["subcategory_seo"] => string(7) "prochee"
    ["date"] => string(10) "1599620252"
  }
}
object(ArrayObject)#875 (1) {
  ["storage":"ArrayObject":private] => array(6) {
    ["title"] => string(92) "Конспект урока на тему "Что ты собираешься делать?""
    ["seo_title"] => string(49) "konspekt_uroka_na_temu_chto_ty_sobiraeshsia_delat"
    ["file_id"] => string(6) "519990"
    ["category_seo"] => string(15) "angliiskiyYazik"
    ["subcategory_seo"] => string(5) "uroki"
    ["date"] => string(10) "1568728824"
  }
}
object(ArrayObject)#853 (1) {
  ["storage":"ArrayObject":private] => array(6) {
    ["title"] => string(177) "Мастеркласс «Элементы проектной деятельности младших школьников в рамках реализации ФГОС НОО»."
    ["seo_title"] => string(80) "mastierklass_eliemienty_proiektnoi_dieiatiel_nosti_mladshikh_shkol_nikov_v_ramka"
    ["file_id"] => string(6) "467956"
    ["category_seo"] => string(16) "nachalniyeKlassi"
    ["subcategory_seo"] => string(7) "prochee"
    ["date"] => string(10) "1524904351"
  }
}
object(ArrayObject)#875 (1) {
  ["storage":"ArrayObject":private] => array(6) {
    ["title"] => string(213) "Методические рекомендации для родителей " Как помочь ребенку в изучении  английского языка на первом году обучения" "
    ["seo_title"] => string(133) "mietodichieskiie-riekomiendatsii-dlia-roditieliei-kak-pomoch-riebienku-v-izuchienii-anghliiskogho-iazyka-na-piervom-ghodu-obuchieniia"
    ["file_id"] => string(6) "160850"
    ["category_seo"] => string(15) "angliiskiyYazik"
    ["subcategory_seo"] => string(7) "prochee"
    ["date"] => string(10) "1422122670"
  }
}


Получите в подарок сайт учителя

Видеоуроки для учителей


ПОЛУЧИТЕ СВИДЕТЕЛЬСТВО МГНОВЕННО

Добавить свою работу

* Свидетельство о публикации выдается БЕСПЛАТНО, СРАЗУ же после добавления Вами Вашей работы на сайт

Удобный поиск материалов для учителей

Проверка свидетельства