Темэр "Ц1эи1уэ псалъэуха".
Мурадхэр:
зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э псалъэухахэм я л1эужьыгъуэхэр къэпщытэжын, ц1эи1уэ псалъэухам щыгъуазэ щ1ын;
хабзэм, нэмысым ехьэл1а псалъэжьхэм купщ1э щ1элъым гулъытэ хуегъэщ1ын;
Псалъэжьхэр къыжегъэ1эн.
Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: тхылъ, тетрад, интерактивнэ доска, диск, магнитофон, проектор.
Урокым и планыр:
I. Урокым еджак1уэхэр зэрыхуэхьэзырыр къэхутэн, урокым и темэмрэ мурадхэмрэ щыгъуазэ щ1ын.
II. Урок блэк1ам яджар къэпщытэжын:
(щхьэ белджылы зи1э псалъэуха, щхьэ мыбелджылы зи1э псалъэуха, щхьэ зимы1э псалъэуха)
1. Адыгэ хабзэм теухуа уэрэд къоуэ (Мэремыкъуэ Хъусен "Адыгэ нэмыс")
- Сытым дригъэгупсысрэ мы уэрэдым, сытым теухуа? (хабзэм, нэмысым)
-Хабзэ3 псалъэм сыт къик1ыр? (хьэл-щэн дахэ, нэмыс, гулъытэ...)
-Хабзэм нэхъыбэу ухуэзыгъасэ, ухуэзущий псалъэхэр, жы1эгъуэхэр щы1э? (псалъэжьхэр)
Еджак1уэ хэха зыщыпл1ым карточкэ ядот (индивидуальнэ лэжьыгъэ)
1. Дэгъэхуа хьэрфхэр дэгъэувэжын:
къ...багъэ, гъэкъ...бзэн, къ...бзэ, къ...бзэлъабзэ, щ1...лэщ1э, къу...жэку, ...лэрыбгъу.
2. Зэпэщ1эзых ы здэщытыпхъэм дэгъэувэжын:
чырбыш...у, къ...умыщтэ, тхылъ...у, къуаргъ...у, приёмник...у, къэт...1амэ, жэщ...у.
3. Псалъэухар и пкъыгъуэк1э зэпкърыхын. характеристикэ етын:
Нобэ къызата унэ лэжьыгъэр сщ1ыжащ4. (________________________________________________________________)
4. Псалъэр зэрызэхэт 1ыхьэк1э зэпкърыхын:
сщ1ыжащ2
2. Псалъэжь ящ1эхэр кърабжэк1:
Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс. (щхьэ мыбелджылы)
Iуэху мыублэ блэ хэсщ.
Хабзэмыщ1э2 щ1ык1ейщ. (щхьэ мыбелджылы)
Адыгэ хабзэр адэ щ1эинщ.
Зи нэхъыжь еда1уэ и 1уэху мэк1уатэ.
Уи псалъэ гъэ1эси уи нэмыс гъэбыдэ. (щхьэ мыбелджылы)
Нэхъыжь к1элъыджэркъым - к1элъок1уэ. (щхьэ мыбелджылы)
Япэ джэлам ущ1эмынак1э. (щхьэ мыбелджылы)
Бгъуэ егъапщи зэ пыупщ1. (щхьэ мыбелджылы)
- Мы псалъэжьхэр сыт хуэдэ псалъэухауэ зэхэт? (пкъыгъуэ нэхъыщхьит1ри зи1э, зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э: щхьэ мыбелджылы зи1э)
- Урысыбзэк1э фыщыгъуазэу п1эрэ а псалъэуха л1эужьыгъуэхэм? (определённо-личные, неопределённо-личные, обобщённо-личные, безличные - односоставные; двусоставные)
3.Зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэм щыщу сыт хуэдэхэм щыгъуазэ фыхуэхъуа иджыри?
- Щхьэ белджылы зи1э, щхьэ мыбелджылы зи1э, щхьэ зимы1э.
- Мы псалъэухахэр зыхуэдэр зэхэвгъэк1:
Къуэк1ып1эмк1э пшэк1эху къищ1ащ. (щхьэ зимы1э)
Тхъумэнщ демышу мамырыгъэр! (щхьэ белджылы)
Къопсэпсауэ. (щхьэ зимы1э)
Мащ1э-мащ1эурэ нэхутхьэху мэхъу. (щхьэ зимы1э)
-Сыт щхьэ зимы1э псалъэухак1э зэджэр?
- Мащ1э - мащ1эурэ3 - наречиещ, п.ф - мащ1э, дауэ?, плъыфэц1эм къытек1ащ, къытезыгъэзэжщ, обст., зэпха псалъэр - нэхутхьэху мэхъу.
III. Темэщ1эр етын. Ц1эи1уэ псалъэуха.
1. Зы усэ едзыгъуэ гук1э къыжа1э, абы и япэ псалъэухам гулъытэ худогъэщ1.
...Щыхьэрщ... И лъабжьэр тенджызу,
Гызыжу кхъухьхэр къепщыл1эу,
Хьэпшыпхэр пл1эк1э кърахыу,
Ферс ф1ейк1э напэр щалъэщ1у...
- Сыт хуэдэ усэм щыщ 1ыхьэ мыр? Хэт ар зыусар? (Щоджэнц1ык1у Алий)
-Мыдэ мыр! Джэдыц! Уафэм къолъэлъэх!
-Л1о, джэдыц уи щыпэлъагъу?
-Мыр Джалил и мыцу узи1э! ("Бабыщыкъуэ адакъэпщ" К1ыщокъуэ Алим)
...Модэ, модэ, мо кхъухьлъатэр.
Ар лъагащэу зэрылъатэ...
- Мыри хэт и усэ сатыр? (Щоджэнц1ык1у Алий)
- Щоджэнц1ык1у Алий илъэс дапщэ ирикъуа мы гъэ еджэгъуэ дызэрытым? (октябрым илъэси 115 ирикъуащ).
2. -Девгъэплъыт мы усэхэм хэт япэ псалъэухахэм. Сыт хуэдэ псалъэуха ахэр?
Щыхьэрщ... (зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э псалъэуха къызэрык1уэ)
Модэ, модэ, мо кхъухьлъатэр. (зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э, ц1эи1уэ)
Мыдэ мыр! Джэдыц! (зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэ зи1э, ц1эи1уэ)-назывное
3. Ц1эи1уэ псалъэухак1э зэджэр яжыдо1э, ар мыдрей псалъэухахэм къазэрыщхьэщык1ым гу лъыдогъатэ.Тхылъым и н. 52-54-м ит хабзэхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ долэжь.
-Хабзэхэм зы еджак1уэ къоджэ.
- Лэжьыгъэ 77-р догъэзащ1э.(къратхык1, ц1эи1уэ псалъэухахэр къагъуэт, пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щ1атхъэ)
IV. Урокым щалэжьар къызэщ1экъуэжын.
- Слайд, сурэт зыбжанэк1э псалъэжь зыт1ущ къыдогъэщ1эж.
- Ахэр зыхуэдэ псалъэухахэр къыжа1эж, нобэ щ1эуэ къащ1ари зыхуэдэр жа1э.
- Синквейн зыбжанэ къыжа1э:
( Кейс-студи - технологиещ1эм щыщщ)
1. щы1эц1э
2. плъыфэц1эу т1у
3. глаголу щы
4. псалъипл1 хъууэ жы1эгъуэ
5. мыхьэнэк1э и гъунэгъу
Псалъэуха, псалъэжь, хабзэ
1. псалъэуха
2. ц1эи1уэ, убгъуа
3. жы1эн, тхын, къэгъуэтын
4. Сэ ц1эи1уэ псалъэухар къызогъуэтыф.
5. мыхьэнэ пыухык1а зи1э
1. псалъэжь
2. 1ущ, гъэщ1эгъуэн
3. жы1эн, щ1эн, едэ1уэн
4. Адыгэм псалъэжь куэд ди1эщ.
5. 1ущыгъэ къыббгъэдэзылъхьэ псалъэ шэрыуэщ
1. хабзэ
2. адыгэ, дахэ
3. щ1эн, зыхэлъхьэн, зехьэн
4. Хабзэ дахэр бгъэк1уэд хъунукъым.
5. этикет
V. Унэ лэжьыгъэ ятын, оценкэ гъэувын: н. 52-53 п. 23 правилэ, лэжь. 78 (Б/з. - рассказ к1эщ1 зэхэлъхьэн, ц1эи1уэ псалъэухахэр хэту)