Урок кабардинской литературы в 7 классе
  
 
  Нало Заур и «Ц1ыху напэ»
  балладэм и 2,3 1ыхьэхэр.
  
 
  
 
  
 
  
 
  
 
  
 
  
 
  
 
  
 
  
 
  
 
  
 
  Учитель кабардинского языка и литературы
  МОУ СОШ №1 с.п. Заюково
  Баксанского муниципального района
  Шикобахова Мадина Гамеловна.
  
 
  
 
  
 
  
 
 
  
 
 
  
 
 
  
 
 
  Урокым и темэр: Нало Заур и «Ц1ыху напэ» балладэм и 2,3 1ыхьэхэр.
   Мурадхэр: 1. Балладэм и гупсысэ нэхъыщхьэр убзыхун;
  2. ц1ыхум и дежк1э напэм мыхьэнэуэ и1эр,  
  и1эн хуейр зыхуэдизыр ягурыгъэ1уэн;
  3. ц1ыху напэм нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар на1уэ ящыщ1ын;
  4. я къеджэк1эм, я бзэм зегъэужьын.
  
 
 
  Урокым и ек1уэк1ык1эр:
  Орг. дакъикъэ.
  Фи махуэ ф1ыуэ, нобэрей ди урокым кърихьэл1а хьэщ1э лъап1эхэ. Нобэрей семинарым и проблемэр, гу зэрылъыфтащи, нобэрй щ1эблэр гъэсэнымк1э адыгэ литературэм и1э мыхьэнэр дызыхуэк1уэну стандартыщ1эм къызэригъэув щ1ык1эрщ. Абы и макъым дыщ1эту ди урокыр едгъэк1уэк1ыну ди мурадщ.
  Ди урокым и темэр: Нало Заур и «Ц1ыху напэ» балладэм и 2,3 1ыхьэхэр. Мы урокым дэ щыдимурадщ: (мурадхэр къебжэк1ын).
  2.Унэ лэжьыгъэр къэпщытэн:  
  Егъ. - Фэ унэ лэжьыгъэу фи1ащ Нало Заур и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ теухуа доклад вгъэхьэзырыну. Хэт игъэхьэзырауэ п1эрэ?  
  (къоджэ докладым). Сурэтхэр слайдк1э къэгъэлъэгъуэн.
  Егъ. – Хъарзынэщ. Нало Заур и сыт хуэдэ тхылъхэр, тхыгъэхэр фщ1эрэ …. кърибжэк1ахэм нэмыщ1?
  Едж………………………………………………………………………………………………………..
  Егъ. – Абыхэм нэмыщ1 мис мы тхылъэхэри Налом и къалэмыпэм къыщ1эк1ахэм щыщщ. Тхылъхэм я выставкэ. Тхылъхэр егъэлъэгъун.
  Егъ. – Хэт жи1эн, «Ц1ыху напэ» балладэр хэт и фэеплъу итха Налом?
  Едж. - …………………………………………………………………………………………………….
  Егъ. – Сыту п1эрэ Щоджэнц1ык1ум фэеплъ щ1ыхуищ1ар мы тхыгъэр?
  Едж………………………………………………………………………………………………………….
  Слайд Щоджэнц1ык1ум и сурэт.
  Егъ. – Сыт балладэк1э зэджэр?
  Едж. - ……………………………………………………………………………………………………..
  Балладэр - ………слайд.
  Егъ. – Адэк1э, мы балладэм и япэ 1ыхьэр сценкэу къагъэлъэгъуэну зызыгъэхьэзыра еджак1уэ къытхэтщи иджыпсту, хуит дыкъэфщ1мэ, фи пащхьэ къралъхьэнщ. (Сценкэр къагъэлъагъуэ, макъамэ гууз к1эщ1эту).
  Егъ. – Мы теплъэгъуэм еплъа ц1ык1ухэм къыджеф1эт, хэт гъуэгурык1уэм къыхуэзар?
  Едж. – (удыр…)
  Егъ. – Авторым удым характеристикэ щритым деж сыт хуэдэ 1эмал къигъэсэбэпрэ?
  Едж. – (Зэгъэпщэныгъэ…)
  Егъ. – Сытыт зэгъэпщэныгъэк1э зэджэр?
  Едж. – Зэгъэпщэныгъэр…..Слайд.  
  Егъ. – Къэдвгъэгъуэти дыкъевгъаджэт тхак1уэм зэгъэпщэныгъэ къыздигъэсэбэп сатырхэм.
  Едж. - Цы 1уданэ плъыжьк1э и нэ хуэдэщ къэдыхьам……….
  Егъ. – Удым и теплъэр зригъапщэр сыт?
  Едж. – И нэр цы 1уданэ плъыжьк1э къэдыхьам ирегъэщхь, псалъэу жи1эр апхуэдизк1э гум хыхьэу, ц1ыхум жагъуэ щыхъуу же1эри, хуэш зыхыхьа 1эпкълъэпкъым ирегъэщхь.
  Егъ. – Хъарзынэщ. Адэк1э унэ лэжьыгъэу иджыри фи1ащ балладэм и япэ 1ыхьэм щыщ теплъэгъуэ, фэ нэхъ фигу ирихьар, сурэту фщ1ыну.
  (Сурэтхэр къыхэхын, псоми егъэлъэгъун).
  Егъ. – «Напэ» псалъэм къик1ыр дауэ къывгуры1уэрэ?
  Едж. -…………………………………………………………………………………………………….
  Напэр -…………….. слайд.
  
 
 
  3.Словарнэ лэжьыгъэ.
  Егъ. - Адэк1э балладэм и 2,3 1ыхьэхэм хэт псалъэ нэхъ гугъухэм я мыхьэнэр зыгурыдгъэ1уэнщ:
  Жыхьэнмэ – дин лэжьак1уэхэм ц1ыхур л1а нэужь ишэчу жыхуа1э хьэзаб, щишэч щ1ып1э; (слайд)  
  гуащ1э – къару;
  и гур плъыхук1э – псы нэхъ 1ейуэ хуэл1эху;
  хуэш – 1эпкълъэпкъхэр щ1ишэу къыхыхьэ уз;
  сэтэнейхэр – (лабазник) удз, тхьэмпэ хужь ц1ык1у, 1эрамэу гъагъэу, мэкъуп1эхэм, хъуп1эхэм къыщок1; (слайд)
  шауэ напщ1э – шык1э щывэк1э, шым деуэр здрик1уэ щ1ып1э. (слайд)
  Егъ. – Мы псалъэхэр тетрадхэм ивотхэ.
  
 
 
  4. Темэщ1эр егъэджын (пыщэн)
  
 
 
  Егъ. – Нет1э зэрыфлъэгъуащ ик1и зэрыжыф1ащи, япэ 1ыхьэм къыще1уатэ удыр илъэс дэк1а нэужьк1э хьэкъыр къы1ихыжыну л1ым и деж къэк1уауэ, ауэ л1ым и напэр ирит нэхърэ и бзэр иритмэ нэхъ къищтауэ, «ягъэ к1ынкъым», - же1эри игук1и пхъэ1эщэк1ыр еубыдыжри лажьэу хоувэж. Балладэм и ет1уанэ, ещанэ 1ыхьэхэм нэхъ лъэщыжу къыщыгъэлъэгъуащ л1ым и лъэщагъымрэ и л1ыгъэмрэ. Ар тек1акъым и пэжагъым, сыт хуэдэ ф1ыгъуэ удым къыхуимыгъэлъэгъуами, и напэр ихъуэжакъым.  
  Ет1анэгъэм… удыр л1ым и деж къос,  
  «Сыкъэк1уащ уи напэр схьыну,  
  Ар алыхь 1эмырщ…»,
  къыжре1э абы л1ым, ауэ л1ым и жэуапыр сыт щыгъуи зы быдагъэщ:
  «Хьэуэ -, же1э игук1э бзагуэм, - напэр уэзмытын…»
  Егъ. – Балладэм къызэригъэлъагъуэмк1э, л1ым и напэр ихъумэжын щхьэк1э, и бзэри, и нэри, и псэ дыдэри итащ. Ар дихьэхакъым дуней мылъкуми.
  
 
 
  Слайд ………….Зы тк1уэпс закъуэ
  нэпсу нэм къыщ1ок1.
  Асыхьэтым щ1оху и лъакъуэр,
  Хуэму и псэр хок1.  
  Егъ. – Хэт къызжи1эн, темэ хуэхъуар сыту п1эрэ мы балладэм?
  Едж. – (Балладэм къегъэлъагъуэ ц1ыхугъэмрэ напэмрэ нэхъ лъап1э зыри зэрыщымы1эр. И напэр имы1эж нэхърэ л1ым мыпсэужым нэхъ къищтащ. Темэ хуэхъуари аращ – ц1ыхугъэмрэ напэмрэ).
  Егъ. – Хъарзынэщ. Адэк1э мы балладэм и текстым делэжьынщ тхылъымк1э. (Гъуэрыгъуурэ къегъэджэн, пычыгъуэк1эрэ, упщ1эк1э зэпкърахыурэ).
  …………………………………………………………………………………………………….
  Егъ. – Ц1ыхугъэр, ц1ыху напэр псом япэу зэрыщытыр дауэ къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэм?
  Едж. - ………………………………………………………………………………………….
  Егъ. – Удымрэ л1ыжьымрэ я зэхуэзэныгъэм дауэ пэлъэщрэ л1ыхъужь нэхъыщхьэр? Сыт абы апхуэдэ къару къыхэзылъхьэр?
  Егъ. – Хэт жи1эн, ди зэманым сытк1э щхьэпэ мы балладэр?
  Едж. - ………………………………………………………………………………………..
  Егъ. – Мы балладэм сыт хуэдэ псалъэжь къыхуэпхь хъунур?
  (Псэр щэи напэ къэщэху.) слайд
  Егъ. – Хэт гу лъитауэ п1эрэ, сыт хуэдэ псалъэжьхэр къыхэщрэ мы балладэм?
  Едж. – (Ер вы бжьакъуэм къызэрик1ыр; бацэ щапхъыу цы щапхъэхым).
  Егъ. – Псалъэжьхэм нэмыщ1, сыт хуэдэ художественнэ 1эмал къигъэсэбэпрэ тхак1уэм?
  Едж. – (къытегъэзэжыныгъэ).
  Цы 1уданэ плъыжьк1э и нэр хуэдэщ къэдыхьам……..
  - мы едзыгъуэм куэдрэ къытрегъазэ.
  Егъ. – Пэж дыдэщ, къытригъэзэхук1и – удым и образыр нэхъ на1уэу, нэхъ ерыщ бзаджэу къыдегъэлъагъу тхак1уэм.
  Егъ. – Сыт хуэдэ бзэк1э тха балладэр?
  Едж. –(Бзэ тыншк1э, щэрыуэк1э, гуры1уэгъуэк1э)………………..
  
 
 
  5. Гъэбыдэныгъэ  
  Егъ. – Ат1э, ц1ык1ухэ, нобэрей урокым сыт щ1эуэ къыщыфщ1ар?
  Едж. - …………………………………………………………………………………………
  Егъ. – Напэм теухуауэ нобэрей урокым щыжыт1ахэр къызэщ1эскъуэжу зы псалъэ жыс1эну сыхуейщ сэ. Ц1ыху напэр зэрыщы1эр, зэрыпсэур, ар ц1ыхухэм зэрахэлъыр псоми къыдгуры1уауэ къызолъытэ, ауэ напэншагъэр зытемыгъэк1уэныр ц1ыху псоми я ипэ къалэну, бэнэныгъэу къысщохъури, дыхущ1эвгъэкъу, псоми ди напэр хужьу, къабзэу дунейм дытетыну.
  6. Унэ лэжьыгъэ етын.
  Егъ. – Унэ лэжьыгъэу фи1энущ: 1 ещанэ 1ыхьэм щыщ1эдзауэ «Хуэму и псэр хок1» псалъэм нэсыхук1э гук1э зэгъэщ1эн; 2 сурэт щ1ын «Сигу къина теплъэгъуэр».
  7. Оценкэхэр гъэувын.
  Егъ. – Нобэрей урокым хъарзынэу щылэжьахэщ….., абыхэ … яхузогъэув. Фыпсэу.
  8. Я зэманыр ягъэк1уэду, я 1уэху къагъанэу нобэ ди урокым щ1эсыну, къыдэдэ1уэну къэк1уахэми: «Ину берычэт бесын, вжызо1э, - фыпсэу».