kopilkaurokov.ru - сайт для учителей

Создайте Ваш сайт учителя Курсы ПК и ППК Видеоуроки Олимпиады Вебинары для учителей

Конспект открытого урока по кабардинскому языку в 9 классе на тему: "Щ1ып1э, зэман псалъэуха гуэдзэхэр"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Конспект открытого урока по кабардинскому языку в 9 классе на тему: "Щ1ып1э, зэман псалъэуха гуэдзэхэр". Разработка урока на кабардинском языке.

 Сыхуейт нобэрей ди урокыр Къуэщ1ысокъуэ Н. и усэ сатырхэмк1э щ1эздзэну:

                  Абгъуэм къик1ыу бгъэр лъэтэну

                  Хуейщ и дамэр ишэщ1ын

                  Ц1ыхум ц1ыхуу зилъытэнум

                  Хуейкъэ и бзэр ищ1эжын

Вы уже знаете о суперспособностях современного учителя?
Тратить минимум сил на подготовку и проведение уроков.
Быстро и объективно проверять знания учащихся.
Сделать изучение нового материала максимально понятным.
Избавить себя от подбора заданий и их проверки после уроков.
Наладить дисциплину на своих уроках.
Получить возможность работать творчески.

Просмотр содержимого документа
«Конспект открытого урока по кабардинскому языку в 9 классе на тему: "Щ1ып1э, зэман псалъэуха гуэдзэхэр"»









Темэр:






Егъэджак1уэр:

Ащын Аят



Нарткъалэ, 2014гъ.



Темэр: Щ1ып1э, зэман псалъэуха гуэдзэхэр.


Мурадыр: 1. Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэмрэ зэхэлъ-зэпхамрэ теухуауэ я1э

гуры1уэгъуэр къэпщытэн.

2. Еджак1уэхэр егъэсэн:

А) щ1ып1э, зэман псалъэуха гуэдзэхэр нэгъуэщ1 псалъэуха гуэ-

дзэхэм къыхагъэщхьэхук1ыфу.

Б) псалъэуха пажэмрэ гуэдзэмрэ зэрызэпха щ1ык1эр къагу-

рыгъэ1ун;

В) нагъыщэхэм я гъэувык1эр къагурыгъэ1уэн

Г) обстоятельствэ псалъэуха зэхэлъ-зэпхам бзэм мыхьэнэу

щи1эм гу лъегъэтэн.

3. Щ1ныгъэми, ц1ыхугъэми я хэк1ып1эу тхылъыр зэрыщытыр

нэхъ куууэ зыхегъэщ1эн.


Урокыр зэрек1уэк1ынур


Егъэджак1уэм и псалъэ:

Сыхуейт нобэрей ди урокыр Къуэщ1ысокъуэ Н. и усэ сатырхэмк1э щ1эздзэну:

Абгъуэм къик1ыу бгъэр лъэтэну

Хуейщ и дамэр ишэщ1ын

Ц1ыхум ц1ыхуу зилъытэнум

Хуейкъэ и бзэр ищ1эжын

Дунейм бзэ зэмыл1эужьыгъуэ 1эджэ щызок1уэ, дэтхэнэми езым и дахагъэ, и ухуэк1э, зэхэлъык1э и1эщ. А бзэ куэдым ящыщу нэхъ дахэ дыдэр , нэхъ шэрыуэр, нэхъыф1дыдэр анэдэлъхубзэрщ. Си анэдэлъхубзэм нэхърэ нэгъуэщ1ыбзэ нэхъыф1у солъагъу жызы1эн щы1эу къыщ1эк1ынкъым, жи1эми апхуэдэм къилэжьыр нэмыплъщ. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эну зэранкъым. Мыпхуэдэу жа1э: «Зы бзэ пщ1эмэ узыц1ыхущ, бзит1 пщ1эмэ уц1ыхуит1щ, нэхъыбэж пщ1эну ф1ы дыдэщ».

Уи гупсысэм, акъылым къызэщ1иубыдэ 1уэхугъуэ дэтхэнэри уи бзэк1э ,уи псалъэк1э къэп1уэтэфын щхьэк1э сыт пщ1эн хуеир?

Еджак1уэ: Тхылъ куэд еджэн хуейщ.

Егъэджак1уэ: Тэмэм дыдэу жыф1ащ.

I. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын


  1. Доскам текстыр къитхэн

1. Тхылъыр куууэ хыхьащ ц1ыхубэ гъащ1эм.

2. Ц1ыху пэрытхэм, абыхэм я 1уэхущ1афэ дахэхэм, л1ыхъужьыгъэм,гуащ1эдэк1 хьэлэлым къихь насыпым, хэкурэ лъэпкъымрэ хуэпэж ц1ыхухэм яхузэф1эк1хэм теухуа тхылъхэр щ1эдджык1к1эрэ,ди щ1эблэр адэ-анэм, лъэпкъым, къэралым хуэпэжу, 1ущу, щэныф1эу, ф1ыгъуэм, мамырыгъэм щ1эбэну, гуащ1эдэк1 лэжьыгъэм хуэ1эрыхуэу къохъур.

3. Урыс тхак1уэшхуэ-критик Белинский Виссарион жи1эгъащ Тхылъыр ди зэманым и гъащ1эщ.

4. Абы хуей мэхъу жьыри щ1эри,1уэхуншэри 1уэхушхуэ зи куэдри.

5. Литературэр жи1ащ абы,ц1ыхубэм и зэхэщ1ык1щ,абы и духовнэ къулеягъым и лъабжьэщ.

6. Хэт литературэ емыджэми, еджэхэм я мык1уэгъу-жэгъуми,зэманыр зэригъэк1уэн къыхуэмыгъуэту, хьэулейуэ, къуейщ1ейуэ ар уэрам дэтщ.

7. Балигъ хъуа нэужь, апхуэдэм хьэрэм-хьэлэлми, мылъку иугъуейуэ, а зэхуихьэсыфахэм иригуф1эу, иригушхуэу мэпсэу.

8. Хэт литературэр ф1ыуэ илъэгъуами, тхылъ зэмыл1эужьыгъуэ куэд еджэми,абы и зэманыр пщ1эншэу, кунэфу игъак1уэркъым, абы игури и псэри духовнэу къулей мэхъу, зэман к1ыхьк1э ирагъэджам, ягъэсам хуэдэу 1ущ мэхъу.

9. Апхуэдэхэр хэхауэ зыхуемыджа 1эщ1агъэхэм псынщ1эу хозагъэ; зи ужь ихьэ 1уэхур гупсэхуу ягъэзащ1э, ик1и къэралымрэ ц1ыхубэмрэ абыхэм я деж хьэкъ къызэрытрамыгъэхьэным и ужь итщ.

10. Тхылъ куэд еджэм ери ф1ыри нэхъ псынщ1эу зэхещ1ык1, ц1ыхухэм нэхъ тыншу ягуро1уэ, ядолажьэ, ядопсэу.

11. Апхуэдэхэр адэ-анэк1и, щхьэгъусэк1и, бынк1и, ныбжьэгъук1и нэхъ хьэлэл мэхъу.

12. Хэт тхылъыр ф1ыуэ илъагъуми, щ1эныгъэф1 бгъэдэлъми, ар гулъытэншэ ц1ыхубэм ищ1ыркъым.

13. Тхылъыр зи 1эпэгъум дэнэк1э зигъазэми, абы и гъащ1эр убзыхуащ, нэхущ, дахэщ.


  1. Текстым къеджэн, упщ1эхэр гъэувын.

Егъэдж: - Сыт хуэдэ гупсысэ нэхъыщхьэ къыщы1этар мы текстым?

Едж: - Уи акъылри, гупсысэри ф1ым, щ1эм хуэгъэсауэ щытын папщ1э, тхылъыр уи 1эпэгъуу щытын хуейщ. Ар щ1эныгъэми, ц1ыхугъэми я хэк1ып1э нэсщ.

Егъэдж: - Мы тхыгъэр псалъэуха зырызу щыт, хьэмэрэ гупсысэк1э зэпха 1ыхьэу щыт? Щытмэ, сыт хуэдэ псалъащхьэ хуэфщ1ынт?

Едж: - Мы тхыгъэр зы текст ирокъу, сыт щхьэк1э жып1эмэ гупсысэ зэпыщ1а къе1уатэри. 1ыхьэ-1ыхьэу зэпыбуд мэхъу. Плану мыр хуэбгъэув хъунущ:

  1. Тхылъыр ц1ыхум и гъащ1эм.

  2. Щ1эныгъэм и къежьап1э.

  3. Щ1эныгъэ щ1ыхьым, насыпым и хэк1ып1эщ.

Псалъащхьэуи ф1эпщ хъунущ «Щ1эныгъэми ц1ыхугъэми я хэк1ып1э».

Егъэдж: - Мы текстыр сыт хуэдэ стилк1э тха?

Едж: -Публицистическэ стилк1э тхащ.

Егъэдж: - Сытым укъыхуриджэрэ мы тхыгъэм?

Едж: - Ц1ыхум щ1эныгъэ куу бгъэдэлъын хуейщ. Абы щхьэк1э еджэн хуейщ. Тхылъыр уи 1эпэгъумэ, ц1ыху нэс, 1ущ, ц1ыху пэж уохъу. Абы пщ1э къыпхуехь, къару къыпхелъхьэ.

Едж: - «Тхылъыр ф1ыуэ флъагъу –ар щ1эныгъэм и къежьап1эщ»

(Горький М.)

«Згъуэтынкъым гъищэ сылъыхъуам

Тхылъ хуэдэу сэ ныбжьэгъу» (К1уащ Б.)

Егъэдж: - Тэмэму къывгуры1уауэ къызолъытэри къэтпщытэнщ фэри фи щ1эныгъэр здынэсыр . Фи щ1эныгъэм и къежьап1эр къыват дерсхэращи.

1.Егъэдж: - Унэ лэжьыгъэу дэ ди1ар дополненэ гуэдзэмрэ подлежащэ гуэдзэмрэ. Хэт къигъуэтыфын мы текстым апхуэдэ псалъэухахэр. Къэвгъуэти синтаксисрэ морфологиек1э зэпкърыфх.

Едж: - Еханэ, еянэ псалъэухахэр псалъэуха гуэдзэщ. 12 псалъэухар дополненэ гуэдзэщ.

Хэт литературэ емыджэми, еджэхэм я мык1уэгъу-жэгъуми.,зэманыр зэригъэк1уэн къыхуэмыгъуэту, хьэулейуэ, къуейщ1ейуэ ар уэрам дэтщ.

Едж: - Псалъэуха пажэм и сказуемэм подлежащэ, дополненэ хуэхъу псалъэухахэу щытщ. Хэт? Сыт? Упщ1эхэм жэуап хуохъу. Хэт сигу къигъэк1ыжын дополненэ псэлъэуха гуэдзэк1э зэджэр? Подлежащэ псэлъэуха гуэдзэк1э зэджэр хэт къыджи1эфын?

2.Егъ: Адэк1э хэт сигу къигъэк1ыжын псалъэуха зэхэлъ- зэгъусэ, зъхэлъ-зэпхак1э зэджэр? Текстым къыхэдгъуэтэнщ апхуэдэ псалъэуха хэтым.


3.Егъэдж: - 3,5-нэ псалъэухахэм нагъыщэ гъэувын,комментировать щ1ыурэ.

Едж: - мы псалъэухахэр псалъэ занщ1эрэ авторым и псалъэу зэхэтщ. Нагъыщэхэр мыпхуэдэу догъэув:




4.Егъэдж: Ет1ууанэ псалъэухам къыхыдох зы псалъэ п.п яхузэф1эк1хэм-псалъэр зэрызэхэтк1э хэт зэпкърихын


Едж: - (яхузэф1эк1хэм)


5.Егъэдж: - Псалъэуха 7-нэм синоним зэхуэхъу псалъэхэр къэвгъуэт.

Едж: - Иугъуейуэ – зэхуихьэсауэ.


Темэщ1эр етын.

Егъ: Обстоятельствэ псалъэуха гуэдзэхэмк1э хэзышэ псалъэ яже1эн.

Доскам ит упщ1эхэмк1э псалъэуха зэхегъэлъхьауэ гу лъегъэтэн, къегъэпщытэжын обстоятельствэхэр гуп-гупу зэригуэшыр.

Упщ1эхэр: Дапщэш? Дэнэ? Дэнэ деж? Сыт пщ1ондэ? Сыт щыгъуэ?

Егъ: Зэпкъырытха щапхъэхэм ипкъ итк1э хэт къыджи1эн щ1ып1э, зэман обстоятельствэк1э зэджэр?

Егъэдж: - 7, 13- нэ псалъэухахэр сытк1э техуэрэ ищхьэк1э къэтхьа щапхъэхэм? Сытк1э зэщхьэщык1рэ?

Едж: - Мы псалъэухахэр т1ууэ зэхэтщ6 пажэрэ гуэдзэу. «Балигъ хъуа нэужь» - гуэдзэщ. Дапщэщ? Упщ1эм жэуап хуохъу, псалъэуха пажэм и сказуемэм къыщыхъу 1уэхугъуэм и зэманыр къегъэлъагъуэ, нэужь союз псалъэк1э епхащ. 13-нэ псалъэухам щ1ып1э къегъэлъагъуэ, дэнэк1и? упщ1эм жэуап хуохъу.

Егъэдж: - Зэпкърытха щапхъэхэм ипкъ итк1э, хэт къызжи1эн щ1ып1э, зэман обстоятельствэ гуэдзэк1э зэджэр?

Едж: - Определенэр же1эр.


Темэщ1эр зэрыгъэубыдын.


  1. Тхылъымк1э правилэхэм къегъэджэн.

  2. Лэжьыгъэ 51 жьэры1уатэу егъэщ1ын.

  3. а)я пащхьэм къилъ карточкэхэм къыхэгъуэтэн ик1и тетрадым итхэн обстоятельствэ гуэдзэхэр зыхэт псалъэухуахэр

б) нагъыщэр пэжу здэгъува бжыгъэхэр къэгъэлъэгъуэн

Зэрыжа1ащи (1) узэджауэ (2) узыхущ1егъуэж тхылъ щы1экъым (3) дэтхэнэми (4) зыгуэр къыхыбох.

1) 1,2 2) 1,2,3, 3) 1,2,3,4, 4) 1,3,

Едж: - Пэжыр 1,3-ращ. Япэ запятойр вводнэ псалъэхэм я ужьк1э догъэув. Ещанэм деж псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэр зэпэщ1эдох.

В) Мы псалъэуха дыдэм хьэрфхэмрэ макъхэмрэ щызэтемыхуэ псалъэхэр къыдогъэлъагъуэ

Едж: - узэджауэ, узыхущ1егъуэж.


Урокыр къызэщ1экъуэжын.


  1. Сыт нобэ урокым гъэщ1эгъуэну къэтщ1ар?

  2. Сытк1э къыщхьэщык1рэ обстоятельственнэ псалъэуха гуэдзэр адрей псалъэухахэм?

  3. Псалъэуха зэхэлъ-зэпхамрэ зэхэлъ-зэгъусэмрэ сытк1э зэщхьэщык1рэ? Дауэ зэхэдгъэк1ыфыну?


Унэ лэжьыгъэр етын


$13-м ит правилэхэр зэгъэщ1эн.

Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэу дджа текстыр къэвгъэсэбэпурэ сочиненэ к1эщ1 фтхы. «Ф1ыуэ слъагъу тхылъыр»


Оценкэр гъэувын.


Урокыр зэхуэщ1ыжын.


Получите в подарок сайт учителя

Предмет: Прочее

Категория: Уроки

Целевая аудитория: 9 класс

Автор: Ашинова Аят Абдуловна

Дата: 19.11.2015

Номер свидетельства: 255591


Получите в подарок сайт учителя

Видеоуроки для учителей

Курсы для учителей

ПОЛУЧИТЕ СВИДЕТЕЛЬСТВО МГНОВЕННО

Добавить свою работу

* Свидетельство о публикации выдается БЕСПЛАТНО, СРАЗУ же после добавления Вами Вашей работы на сайт

Удобный поиск материалов для учителей

Ваш личный кабинет
Проверка свидетельства