Учебно-методическая разработка
МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба Учителя первой категории Хамуковой Мадины Хабасовны
Эпиграф
Узолъагъур си псэм хуэдэу,
Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,
Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу
Адыгэщ I у дыгъэ нэк I у.
Къанкъул Ф I ыц I э.
Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.
Мурадыр:
Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;
Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн;
Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън;
Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.
1. Литературнэ дакъикъэ . Щомахуэ А. «Ди Хэкур».
Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур, И дахагъри хэт зымыщ1эр! Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр. Щ1эсщ ди хэкур Кавказ жьэгъум, 1уащхьэмахуэ къыщхьэщыту. Игу къонэжыр ар зылъагъум, Сурэт хуэдэу, и нэгу щ1эту.
2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».
Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1 и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм. Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.
3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.
Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь Уи Хэкур лъэщмэ, урогушхуэ. Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу. Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж. Хэкум емык1ур къылъысмэ, псэр умылъыэу къыщыж. Бланэ щалъху йок1уэл1эж. Бзури и абгъуэ щытепщэщ.
Адыгэ литературэ
3 - нэ класс
КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ
I920
Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.Граждан зауэм и гуэщIэгъуэщ.Къуажэм школ къыщызэIуах.
I927-I933
БетIал школым щIотIысхьэ. Еджэным гу хуещI, адрейхэм ефIэкIыу йоджэ. Къуажэ унафэщIхэм гу къылъатэ.
I934-I936
Псыхуабэ дэт педрабфакым щIотIысхьэ.ЩоджэнцIыкIу А. .ныбжьэгъу пэж ,гъуэгу гъэлъагъуэ къыхуохъу.
I936
Пединститутым щIотIысхьэ.И тхыгъэхэр дунейм къытохьэ,
I940
Приморский краим Нельмонск курыт едж.и директорщ
I94I
I948
Езым илъэIукIэ зауэм макIуэ.Медал ординхэр къыхуагъэфащэ.
Индыл усэр урысыбзэкIэ къыдок I«Книги всегда сомной».
I95I
Аспирантурэр къеух. «Си лъахэ», «Къэбэрдей» усэхэр къыдокI.
I950
«Алим Шогенцуков» контатэ, «Си гъащIэм и гуащIэ» къыдокI.
I955
«Сэлам» усэ тхылъыр.
I957
«Си гъусэ» тхылъыр. «Нэху» поэмэ.КIуащыр дунейм йохыж.
I958
Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса I томыр къыдокI.
I966
Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса II томыр къыдокI.
4. Словарнэ лэжьыгъэ:
Къыр таж - жыр мывэ блын лъагэ
Къунан - илъэсищым ит шыщIэ мыгъасэ.
Акъужь – жьапщэ.
Гуэн – гъавэ хъумап1э.
Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ
Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.
1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.
Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.
5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:
Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр !
Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.
Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.
Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.
Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.
Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.
Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб, Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.
Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.
Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!
Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ, Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.
Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.
Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.
Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.
Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей, Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!
Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.
Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ, Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!
6. Яджар егъэбыдыл1эн:
Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын; Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар къапщытэж; Дызыгъэгуф1эр; Дызэрыгушхуэр; Дызэрыпагэр.
Зэгъэпщэныгъэхэр:
« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»
«Къэхъугъэм и епэр»
«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»
«Лэгъупуэ из мазэгъуэр»
«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»
«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,
«Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр»
«Аузхэм щызэрахуэ
Iэщ бжыгьэр вагьуэ лъытщ»
«Къунанхэм пшагъуэ гуартэу»
«Хы щхьэфэу мэбырыб»
«Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»
Къэгъэпсэуныгъэхэр:
«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»
«Уи ныджэм щопIейтей»
«Уи губгъуэр зэрахьащ»
«ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ».
«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»
«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».
«1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ»
«ЩолъапIэр гуфIэ блынхэм»
Эпитетхэр:
«Дыщэ губгъуэ»
«Псы 1элхэр»
«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»
«ЩIыпIэ дэгухэм»
«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».
Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.
Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.
Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.
7. Урокым и итог:
Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ; Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун; Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын 8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.