Мастер-класс
Фи махуэ ф1ыуэ!
Сэ фэзгъэлъагъуну сыхуейщ художественэ произведенэр егъэджыным ехьэл1а зы 1эмал, зы бгъэдыхьэк1э.
Мыбдеж щ1эс дэтхэнэзым и дежк1и щэхукъым, ди зэманым сабийхэм тхылъ еджэным хуа1э хъуа щытык1эр узыгъэгуф1эу зэрыщымытыр. Ит1ани, дэ нобэ еджак1уэхэм тхылъым хуа1э хъуа щытык1эм зедмыгъэхъуэжмэ, адрей щ1эныгъэхэри къамыщтэжыфыныр шынагъуэщ, щ1эныгъэ дэтхэнэми и 1унк1ыбзэр тхылъырщи.
Сэ къызэрыслъытэмк1э абы 1эмал и1эщ. Еджак1уэр игъэхуэнхуейщ щытык1э, жы1эгъуэ: «Мыр гъэщ1эгъуэн гуэрщ, мыр къэсщ1эну сыхуейщ е мыр сщ1эну сыхуейщ – гъэщ1эгъуэнщи» - жи1эу.
Дэтхэнэ лэжьыгъэми хуейщ узэрыбгъэдэтын 1эмэпсымэ. Сэри гупсысэк1эм, 1уэху еплъык1эм зезыгъэужь къеджэк1эрэ тхэк1эрэ технологиер си лэжьыгъэм и зы 1эмэпсымэу къэсщтащ, художественнэ тхыгъэр егъэджынымк1э къэзгъэсэбэпу.
Еджак1уэ нэхъ ц1ык1ухэм урокым упщ1э гуэрк1э захуэбгъэзамэ, ущ1агъэнэнущ я жэуапхэмк1э.
Еджак1уэ нэхъинхэр аракъым-абыхэм заущэху, зыхамыщ1ык1ынк1э гузавэу. Ат1э мы технологием и 1эмалхэр сэбэпщ:
Тхыгъэ яджыр нэхъ зыхащ1энык1э, тхыгъэр щызэпкърахк1э 1уэхум хэк1ып1э, 1эмалхэр къахуагъэлъэгъуэфу есэнымк1э.
Еджак1уэр куууэ 1уэхум к1уэц1рыплъу, езым и гупсысэк1эрэ 1уэху еплъык1эрэ и1эу, ар ехьэк1 имы1эу, имыущэхуу къи1уатэу егъасэ.
Урокым щызэрагъэгъуэта 1эмалхэр, хэк1ып1эхэр гъащ1эм къыщагъэсэбэпыфынущ.
Мы технологием и 1эмалхэм щыщщ:
Сэнобэ фи пащхьэ къислъхьэнур художественнэ тхыгъэр зэпыудауэрэ егъэджын 1эмалырщ. Мы 1эмалымк1э урилэжьэну нэхъ къозэгътхыгъэ мыц1ыху, мы инщебгъэджым и деж, ар зыурокымкъызэпкърыпхыжыфынхуэдэу.
Художественнэ тхыгъэр зэпыудауэрэ егъэджыным и зэхэлъык1эхэр:
Хуэзыгъэуш.(Вызов) Тегъэщ1ап1эу къыхэха псалъэхэмк1э 1уэхугъуэр зэф1эгъэувэжыныгъэ. Текстым и ц1эмк1э ар зытеухуауэ щытынур гъэбелджылынырщ.
Тхыгъэр зытеухуар зыхэщ1эныгъэ. (Осмысление) Пычыгъуэурэ зэпыудауэ текстыр егъэджын, къэхъунк1э хъунур, сюжетыр зэф1эгъэувэфын.
Зыкъэпщытэжыныгъэ. (Рефлексия). Пычыгъуэхэр зыуэ зэпызыщ1э 1уэхугъуэм ешэл1эн, зэрагугъамрэ къызэрыщ1эк1амрэ зэгъэпщэжын.
Мы методикэм и къалэн нэхъыщхьэр- еджак1уэм худ.тхыгъэр егъэджын къудейркъым, ат1э ар иджыну хуейуэ абы бгъэдэшэнырщ, хуэшэнырщ. Ат1э щ1эддзэнщ, нобэ фыеджак1уэу фэри зыкъэфлъытэу фыкъыздэ1эпыкъумэ,си гуапэщ.
Нобэзигугъу тщ1ынур Къэрмокъуэ Хьэмид и рассказщ. Сыхуейт гу лъывэзгъэтэну нобэ дджыну тхыгъэм и ц1эм, ар дауик1нэгъэсэкъакъым. Хэт дапхуэдэу къыпищэн мы рассказым и ц1эм? Сыт щхьэк1э?
Уигу къэмык1ыжынк1э зы 1эмал и1экъым.
Нысащ1э мышынэ- мыук1ытэр мэлыщхьэ ф1эбзам щошынэ.
Нысэ мыхъунур жьантIажэ мэхъури, мафIэ мыхъунур ищхьэм щолыд.
Нысэ Iейм унафэр унэм ирех.
Нысэм зэхихыу уипхъум еущие.
Нысэр фIыщ, жыпIэу цIэфIумыщ, и цIэр езым зыфIищыжынщ псалъэжьхэр.
Иджы мы псалъэжьхэмщыщ тегъэщ1ап1э фщ1ыи зы псалъэк1э, фэ зэрыхуэвгъэфащэмк1э, къыпыфщэ, ар фтхыи вгъэт1ылъыж. иужьк1э ар къэтщ1эжынущ.
Дунеймехыж л1ым и къуэзакъуэркъриджэри жри1ащ:
«Сэ дунейм сохыж, мэл хъушэ къыпхузогъанэ, зехуэ, псапэ хэщ1ык1, умыбылымаблэ. Ф1ы пщ1эмэ, к1уэдынукъым. Л1ыр л1ащ. Хъушэр зэрихуэн щ1идзащ. Щ1алэм мэл щхьэк1э къелъэ1ум иритурэ хъушэр къы1эщ1эухащ. Мэл зыхыбл ф1эк1а къыхуэмынэжа1э щ1алэм зыл1 кърихьэл1ащ.
-Мэлзыхыбл сыхуейщ-, жи1ащ л1ым. –Сыхуогузавэ.
-Мыр мэлзыхыблкъэ, уи хьэлэлщ,- жи1эри иритащ щ1алэми.
Л1ым щ1алэр игу ирихьат и сэбэп хуэхъуну мурад ищ1ащ.
Дауэ феплърэ? сытк1э сэбэп къыхуэхъуфыну а л1ы мыц1ыхур а щ1алэм? Хэт сыт худэ гукъэк1хэр ищ1а?
Сэ пхуэсщ1эфынуращи, чэнджэщ уэстынщ. Уэ щхьэгъусэ пхуэхъун пщащэ мыпхуэдэ къуажэм дэсщи лъыхъу. Къапшэмэ, ущ1егъуэжыныкъым.
Абы нэхъыф1 щы1э хъункъым, ц1ыхум чэнджэщыф1 къуитыну.
Лъыхъури пщащэр къратащ, и хъыбарыф1 зэхахати.
Зы тхьэмахуэ дэк1ри пщащэм щ1алэм жри1ащ: -Унэ нэщ1 укъыщ1эсшащ, сэ скъуэлъ щы1экъым, уэри уи дыщри фыкъэзгъэпц1ащ.
Апхуэдэщытык1э а нысащ1эр ихуэну и гугъахъункъым, ауэ дапхуэдэу къик1ауэ п1эр, сыт хуэдэ жэуап иритауэ п1эр?
Мылъкуруэсэпсщ, Тхьэм зэрыжи1э дыхъунщ, си дыщэ пы1эр щэижэм зэщ1эс къэщэху,-жи1ащ нысащ1эм.
Нысащ1эм къыщыхигъэзыхьым пы1эр ищэрижэм зэщ1эс къищэхуащ. Жэмыр къыздихум гъуэгум къыщыхуэзащ зы шу.
-Уижэм зэщ1эсыр щ1ак1уэк1э къызэхъуэж,- жи1ащ л1ым.
-Узохъуэж,- жи1эри ирихъуэжащ. Щ1ак1уэр зытриубгъуэри къежьэжащ. Къыздэк1уэжым зымэлыхъуэ кърихьэл1ащ, щ1алэм къебзэджэк1ыну мурад ищ1ащ:
-Уи щ1ак1уэр бащлъыкък1э къызэхъуэж,- жи1ащ мэлыхъуэм. Щ1ак1уэри бащлъыкък1э ирихъуэжри къежьэжащ. Къыздэк1уэжым псы ирихьэл1ащ. Щ1алэм зитхьэщ1ыху, жьышхуэ къыкъуэури бащлъыкъыри ирихьэжьащ, к1элъыпхъуэурэ.
Щ1эщхъу дыдэтэкъэ? Дауэ хъуну а щ1алэр сыт жи1эу игъэзэжыну, сыт абы къыпэплъэр?
Зищхьэ къыф1эхуауэ къэк1уэж щ1алэр хуозэ л1ы гуэрым.
-Сыт къэхъуар, щхьэунэщхъей?- жи1эу къыщеупщ1ым щ1алэм хуи1уэтэжащ: и адэмкъыхуигъэнамэлхъушэрзэригуэшар, лэгъунэ нэщ1ым щхьэгъусэ къызэрыщ1ишар, дыщэ пы1эр зэрищар, жэм зэщ1эсыр щ1ак1уэк1э зэрихъуэжар, щ1ак1уэр бащлъыкък1э зэрихъуэжар, бащлъыкъыр жьым зэрихьар.
Сыт къыхилъхьэфа а щ1алэм и гукъеуэм а л1ым, дауэфеплърэ?
Ат1э л1о иджы пщ1энур? Нысащ1эр лэгъунэ нэщ1ым пхущ1эсын, ик1ыжынкъэ? Апхуэдэ зигу техуэнфызкъэхъуакъым,- жи1ащ л1ым.
-Си лэгъунэм щ1эсым игу техуэн си гугъэщ,- жи1ащ щ1алэм, щхьэгъусэмущытхъуныр зэрыемык1ур ищ1э пэтми.
-Ат1э, щ1алэф1, ар уилэгъунэм щ1эсым игу техуэмэ, сэмэлхъуши, жэм зэщ1эси, щ1ак1уи, бащлъыкъиуэстынщ, нысащ1эм дыщэ пы1э естынщ,- жи1ащ л1ым. Гъусэкъыхуэхъуа л1ым и гъусэу и унэ к1уэжащ.
Ат1э а щ1алэм и гум щыщ1эр къэвгъэлъэгъуэфыну п1эрэ музыкэк1э, мы музыкэхэмдэтхэнэр хуэк1уэрэ абы и гум щыщ1эм?
Дауэфеплърэдауэ къы1ущ1эжауэ п1эрэ нысащ1эр щ1алэм, дауэкъыщыхъуну п1эрэ абы щ1алэм къыщыщ1а псори?
Езыр дыхьэжри л1ы мыц1ыхур куэбжэм деж къыщынащ.
Щ1алэр пщ1ант1эм щы дыхьэжым, нысащ1эр къыщ1эжащ.
-Дыщэ пы1эр сщэрижэм зэщ1эс къэсщэхуащ,-жи1ащ щ1алэм.
-Дыбгъэунащ,-жи1ащ нысащ1эм.
-Жэм зэщ1эсыр щ1ак1уэк1э схъуэжащ.
-Щ1алэм щ1ак1уэр йок1у,зек1уэ уежьэмэ, здепхьэжьэнщ.
-Щ1ак1уэр бащлъыкък1э схъуэжащ.
-Бащлъыкъыращ щ1алэм ек1ур, гуф1ащ нысащ1эр.
-Бащлъыкъыр жьым езгъэхьащ.
-Уи щьэпсэумэ, щ1ак1уи бащлъыкъи бгъуэтыжынщ, ар 1уэху!-жи1ащ нысащ1эм. Ар щызэхихыхым, л1ыр и псалъэ епц1ыжакъым: къызэригъэгугъауэхъуар хуищ1ащ щ1алэм.
Фэ сытыт ф1эфщар рассказым? Иджы къэфщтэжыт фтхахэри дызэригугъамрэ къызэрыщ1эк1амрэ дызэхуевгъэплъыж.
Ат1э рассказым и ц1эр «Нысащ1э 1ущ»
Гъащ1эм теухуауэ, ц1ыхухэм я зэхущытык1эм теухуа тхыгъэхэр щезгъэджым и деж, сф1эф1щ сэ абы пэджэж усэхэр еджак1уэхэм къезгъэщ1эжу жезгъэ1эну. Пэжыр жып1эмэ, псалъэжьхэр нэхъ къащтэ еджак1уэхэм, куэдрэ къэхэк1ыркъым усэ къыщыбжа1эф, апхуэдэхэм деж сф1эф1щ езгъэдэ1уэн, усэм дезгъэхьэхыу. Ат1э, нобэфэрихъарзынэуифыкъыздэлэжьащ, гугъу фезгъэхьынкъым, ауэ сыхуейт нобэ къызэпкърытха рассказым теухуауэ зы усэ ц1ык1у сыкъыфхуеджэну:
Гъащ1эм щыхэпсэпсорууейщ…
Хэсэлэжьыгъэ – мылъку 1убохыж,
Хэсэнэмыс-уи нэмысыр док1уей.
Хэсэ насып-Мэхъууи гъащ1эр нэхъ к1ыхь.
Хэсэмыгъуауэ- ухэк1ынкъым бэлыхь…
Гъащ1эм щыхэсэнэхъузыхуейр-
Гъащ1эм щыхэпсэухъуарууейщ»
Ф1ы пщ1эмэ, к1уэдынукъым!
Тхьэм фигъэпсэу! Узыншэу фыщыт!