kopilkaurokov.ru - сайт для учителей

Создайте Ваш сайт учителя Курсы ПК и ППК Видеоуроки Олимпиады Вебинары для учителей

Сценарий урока "К1ыщокъуэ Алим и творчествэр"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Данная разработка урока на тему "К1ыщокъуэ Алим и творчествэр" содержит сценарий на кабардино-черкесском языке для проведенияурока в 10 классе. Материал подготовлен к 105-летию кабардинского поэта А. Кешокова, предназначен для обобщения изученного по ег творчеству. 

Вы уже знаете о суперспособностях современного учителя?
Тратить минимум сил на подготовку и проведение уроков.
Быстро и объективно проверять знания учащихся.
Сделать изучение нового материала максимально понятным.
Избавить себя от подбора заданий и их проверки после уроков.
Наладить дисциплину на своих уроках.
Получить возможность работать творчески.

Просмотр содержимого документа
«Сценарий урока "К1ыщокъуэ Алим и творчествэр"»













КIыщокъуэ Алим

къызэралъхурэ илъэси 105 зэрырикъум теухуа

«ЛIы хахуэ лъэпкъым къыхэхъукIмэ,

И напщIэ телъыр лъэпкъ дамыгъэщ»

фIэщыгъэцIэр зиIэ литературнэ пщыхьэщхьэм и сценарий.







Зыгъэхьэзырар:

адыгэбзэмрэ

адыгэ литературэмкIэ

и егъэджакIуэ

Унащ1э А.Х.









2014гъ.

КIыщокъуэ Алим

къызэралъхурэ илъэси 105зэрырикъум теухуа

«ЛIы хахуэ лъэпкъым къыхэхъукIмэ,

И напщIэ телъыр лъэпкъ дамыгъэщ»

фIэщыгъэцIэр зиIэ литературнэ пщыхьэщхьэм и сценарий.

  1. Пщыхьэщхьэр щекIуэкIыну пэшыр дахэу, къабзэу зэлъыIухауэ щытын хуейщ, усакIуэм и сурэтыр фIэлъщ, тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ «ЛIэщIыгъуэ уардэм и усакIуэ, къимыкIуэтыжу пэжым щIэбэн тхакIуэ» фIэщыгъэцIэр зиIэ КIыщокъуэм и тхылъхэмкIэ, абы теухуа тхыгъэхэр зытет газетхэмкIэ, журналхэмкIэ къызэгъэпэщауэ, усакIуэм и гъащIэ гъуэгуанэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэ (презентацэ), н.


  1. ЕджакIуэхэр стIолым бгъэдэсщ, псы, IэфIыкIэ, удз гъэгъа тету, стIолтепхъуэ хужь телъу.

  2. Пщыхьэщхьэр езыгъэкIуэкIынухэри зыхуеинухэр ябгъэдэлъу стIол щхьэхуэм бгъэдэсщ.

  3. КIыщокъуэ Алим и гъащIэм, и лэжьыгъэм теухуауэ гъэхьэзыра слайдхэр пщыхьэщхьэр иухыху къэгъэлъэгъуэн.

  4. Тхауэ мыхэр кIэрыплъхьэ хъунущ КIыщокъуэм теухуауэ: «Адыгэ литературэм и вагъуэ», «Къуршыбгъэм и абгъуэр къыр лъагэхэм щещI», «Ди бзэр псэужмэ, си гугъуи ящIу зэхэфхынщ», «Ди лъэпкъым и нэ, и псэ», «Шу пашэ», «Къру пашэм и гъуэгур езым къыхехыж», н.

- «Адыгэ Хэку» КIыщокъуэм и уэрэдыр къоуэ.

- Уэрэдым иужь адыгэ макъамэ щабэ щIэту езыгъэкIуэкIхэм усэм къеджэу щIадзэ.

«СИ ИЛЪЭСИЩЭ»

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр –

А гъэр мыгувэу езыр къэсынущ.

Бжьыпэр зыIыгъым къыIэщIихынурэ,

Зыри зимыIэм къылъигъэсынущ.

«Нобэ щэ хъунут», - сэр папщIэ жаIэу,

Iэнэ тIысыни хэкум исынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэхэу езыр къэсынущ.

Къуалэбзу цIыкIухэм, хъуми нэхъ мащIэ,

Абгъуэ ди жыгхэм къыпащIыхьынущ.

IукIэ шхын къахьу шырхэр ягъашхэу

Си уэрэд Iыхьи бзухэм къахьынущ.

Я ней къыстехуэм сагъэгумэщIу

Си ужь итари къэсэхыжынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэхэу езыр къэсынущ.

Гъэмахуэ шылэу, дуней дахэгъуэу,

Узэгугъуахэм уагъэгуфIэжу,

Жыг хадэм уисмэ, псэм зигъэпсэхуу

А махуэм тохуэр сыкъыщалъхуари –

Уафэри гъуагъуэу уэшхри къежэхмэ,

Псы къэмыжари диным икIынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэхэу абдеж къэсынущ.

Иреуэлбанэ е иребзыгъэ,

А махуэм бзухэр абгъуэ исынкъым,

ВакIуэ дэкIыгъуэм жаIа уэрэдхэр

Ягу къэмыкIыжу яхуэшэчынкъым.

Iугъуи жьэрыми зэхэзэрыхьрэ

КъысщIихьэ закъуэм сыкъэтIысынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэхэу абдеж къэсынущ.

А пIалъэм си бзэ сызэрыпсалъэр

Лъапэ зэвыпIэ иувэпэнкъым.

Си лъэрыгъыпсыр зыубыдахэм

Ящыщым я лъэр ягъэбыдэнущ.

Уэрэд къыхадзэм зэрыгъэгушхуэу

СхужымыIари къыпащэфынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIырщ

Нэхъ къызэлIалIэу си гугъу щащIынур.

Дунейр абдежи яфIэщэщыгъуэу

Игъуэ нэмысу Iэджи кIуэдынущ.

СафIэкIуэдынкIэ къысхуэгузавэу,

Си гузэвэгъуэр гъыбзэу жаIэнущ.

Си илъэсищэр пхуэмыгъэныщкIуу,

ЗыгъэныщкIуами хуемыгъэхыфу,

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.

  1. ЕзыгъэкIуэкIым«Насып»

ЛIэщIыгъуэ псоми сеупщIащ:

Насыпу лъапIэр дэнэ щыIэ?

ЛIэщIыгъуэ псоми къызжаIащ

А фIыгъуэр благъэу ди япэ иту.

ИтIанэ ахэм яжесIащ:

Насыпым щхьэхьу сылъежьэнщ,

Ар спэгъунэгъумэ, къэслъыхъуэнщи,

НысащIэ дахэу лъагъуэ нэхукIэ

Уэрэд хужысIэу сэ къэсшэнщ.

Иужь лIэщIыгъуэм ар идакъым –

И пащIэ фIыцIэм Iэ дилъауэ

Игу илъыр щэхуу къиIуэтащ:

Насып жыхуаIэр уэ зэгъащIэ –

Насып щIэкъуныр – арщ насыпыр.

  1. ЕзыгъэкIуэкIым - Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыбжьыфIэ, адыгэ усыгъэр дунейпсо утыку изыхьа, адыгэ литературэм и шу пашэ КIыщокъуэ Алим насыпу къилъытэр аращ – насып щIэкъунырщ, ауэ дэ, лъэпкъ псом, насыпышхуэу къыдолъытэ КIыщокъуэ Алим хуэдэ усакIуэ Iэзэ, тхакIуэ гъуэзэджэ, цIыху щыпкъэ, къру пашэ къэзэрытхэкIар!

  2. ЕзыгъэкIуэкIым - КIыщокъуэ Алим езыр дапщэщи щытащ дыгъафIэ гъуэгукIэ япэкIэ узышэн пашэу, гъуазэу, литературэм тепщIыхьмэ, ар къру пашэ щIэхъуар и къулыкъу лъагэхэракъым – и къалэмыпэ къыщIэкIахэращ. Зэбгъэпщэн, зэплъытын щымыIэ и усэхэмрэ прозэхэмрэщ. Лъэпкъ литературэм и жьантIэр иIыгъыу къызэрекIуэкIарщ. «Къэбэрдей усакIуэм и шагъдийр куэд щIащ Кавказ Къуршыжьхэм къыщежьэу утыкушхуэ зэрихьэрэ. Абы и шы лъэ макъыр ди Хэку адрыщIкIэ жыжьэу къыщоIу. А шагъдийм КIыщокъуэм и дамыгъэ телъщ», - жиIэгъащ Чувашым и цIыхубэ усакIуэ Хузантий Педер.

  3. ЕзыгъэкIуэкIым – «Зи тхыгъэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIыу ди зэманым щыIэ усакIуэ нэхъ ин дыдэхэм, нэхъ гъуэзэджэхэм ящыщ зыщ КIыщокъуэ Алим,- етх адэкIэ урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Владимир Солоухин. КъызыхэкIа лъэпкъым и бзэм и къулеягъыр абы IэкIуэлъакIуэу щегъэшэрыуэ гурыщIэ нэхукIэ псыхьа и усэ купщIафIэхэм».

  4. ЕзыгъэкIуэкIым - КIыщокъуэ Алим и усыгъэхэм укъыщеджэкIэ, занщIэу гу лъотэ: абыхэм къуэпс, лъабжьэ яхуэхъур езы усакIуэр къызыхэкIа лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэмрэ IуэрыIуатэхэмрэщ… Ауэ лъабжьэ быдэ зыгъуэта жыгым зэрызиужьым, зэрызиIэтым ещхьу КIыщокъуэм и усыгъэхэм я къуэпсхэм задзмэ, я жьауэр ин хъууэрэ, абыхэм дунейпсо усыгъэм утыкушхуэ щаубыдащ…

  5. ЕзыгъэкIуэкIым - Дауи, лъэпкъ литературэр зылI и закъуэкIэ, и гуащIэкIэ къызэгъэпэща хъуркъым. Апхуэдэ Iуэхугъуэшхуэм езым хуэфэщэж къару токIуадэ. ИкIи ар щызэфIэувэр – къэзылъхуа лъэпкъым псэ къабзэкIэ хуэлэжьэну хьэзыру лIыфI куэд щыщыIэм дежщ.

Ауэ а псори зэхуэдэкъым. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри езым и шы тесыкIэ елъытауи, шым ижынур зыхуэдизымкIи адрейхэм къащхьэщокI.

  1. ЕзыгъэкIуэкIым - Сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщауэ, пIащэрэ нэхъ пкъыфIэу, жыжьэ къиплъым и нэми ар нэхъ къыIуидзэу – шу гупым къахэкI хабзэщ зы шу екIу дыдэ, зэрыгупу фэ къатригъауэу. Апхуэдэ шу пашэу диIащ КIыщокъуэ Алим.

  2. ЕзыгъэкIуэкIым - КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэсищэ ирокъу мы гъэм. Алим къыщалъхуащ Шэджэм районым щыщ Щхьэлыкъуэ къуажэм. Ар къызыхалъхуари зыхапIыкIари адыгэ мэкъумэшыщIэ унагъуэщ, ауэ ар унагъуэ къызэрыгуэкIтэкъым, атIэ нэхъ унагъуэ пэрытхэм ящыщт. Алим и адэ – анэм я фIыщIэкIэ, цIыкIу щIыкIэ зыхищIэгъащ адыгэ уэрэдыжьхэм я щытыкIэр, япкърылъ гурыщIэ къабзэр, акъыл жаныр, гупсысэ нэхур, IуэхущIафэ дахэхэр, цIыхугъэ иныр.

  3. ЕзыгъэкIуэкIым – КIыщокъуэм къиухащ Бахъсэн окружной мэкъумэш IуэхущIапIэхэм щыхуагъэхьэзыр еджапIэр, Владикавказ дэт пединститутыр, Москва аспирантурэр. ИкIи Хэку зауэшхуэр къэхъейуэ абы кIуэху, ар щылэжьащ Къэбэрдей – Балъкъэр щIэныгъэ – къэхутакIуэ институтым. А илъэсхэм Алим адыгэ лъэпкъ кулътурэм лэжьыгъэшхуэ хищIыхьащ: нарт хъыбархэр зэрыхуэфащэкIэ зэхидзщ, зэригъэзахуэри «Нарт хъыбархэр» тхылъыр езым и пэублэ псалъэмрэ комментариехэмрэ дэщIыгъуу къыдигъэкIащ.

  4. ЕзыгъэкIуэкIым – КуэдкIэ нэхъ егъэфIэкIуауэ икIи зыхуей нэхъ хуэзауэ зэIузэпэщу иужькIэ адыгэбзэкIэ къыдэкIа нарт эпосым япэу хэлэжьыхьари КIыщокъуэ Алимщ. Езы усакIуэм къызэрилъытэмкIэ, ар гъазэ имыIэу усакIуэ гъуэгум щытехьар 1934 гъэрщ, мыбы щыгъуэ Алим итхауэ щытащ «Бгы лъапэхэм деж» зыфIища и япэ поэмэшхуэр. Абы лъандэрэ дунейм къытехьащ КIыщокъуэм и тхылъ куэд – усэуи прозэуи.

  5. ЕзыгъэкIуэкIым - КIыщокъуэм тхэн щыщIидзам щыгъуэ ПащIэ Бэчмырзэ псэут, «Къамботрэ Лацэрэ» романыр иджыри дунейм къытехьатэкъым. А зэманым къриубыдэу мащIэ и нэгу щIэкIа ди Хэкум, мащIэ игъэва ди цIыхум! КъэхъукъащIэкIэ къулеящ а зэманыр. ИтIани КIыщокъуэр нэхъ жыжьэ Iэбащ. АдыгэщIыр Iугъуэм щIигъэнауэ, адыгэпсэхэр лъыпсаем ириIауэ щыщыта лIэщIыгъуэ блэкIам и сэфэт гущIыхьэри ди пащхьэ къригъэуващ.

  6. ЕзыгъэкIуэкIым - Иужьрей лIэщIыгъуитIым къэхъуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр адыгэщIымрэ адыгэпсэмрэ зэрыкIуэцIрыкIа лъагъуэхэр художественнэу къэIуэтэжыныр – аращ КIыщокъуэ Алим и творчествэм лъабжьэ хуэхъуар.

  7. ЕзыгъэкIуэкIым - Зауэшхуэм и пэ къихуэ илъэсхэм наIуэ къэхъуащ КIыщокъуэ Алим зэрыусакIуэ щыпкъэр.

Дыгъуасэмрэ нобэмрэ зэплъыту, жьымрэ щIэмрэ ухэдэрэ, щIэр къыхэпхыу, ар бгъафIэу, поэзием и къарукIэ зэщIэбгъэлыдэу, абыкIэ дунеищIэм уэри ухэлIыфIыхьыну, - ар зыгуэрым и унафэу аратэкъым, атIэ гъуазджэм и пащхьэм къиува къалэн инт, къызыпкърыкIари зэманырт, гъащIэрт.

  1. ЕзыгъэкIуэкIым - КIыщокъуэм и Iустаз ЩоджэнцIыкIу Алий телъыджэу ехъулIэрт а къалэным. Абы и дежкIэ щIэр фIыти, а фIым усакIуэр макъ утIыпщакIэ пэджэжырт.

Алими аращ тхэн къызэрыщIидзар и Iустазым «и мэсхьэбым иту». Ауэ, куэд дэмыкIыу, наIуэ мэхъу езы гъукIэгъэсэн щIалэри зэрымыхуэмыхур; ар дэнэ къэна, Алий емыщхьу – абыи нэхъри щIэщыгъуэ къыпщищIу – нэгъуэщI зы къэбэрдей усакIуэ лъэрызехьи къызэрыунэхуар.

«Бгы нэпкъым тет жыгей», «Си дыгъэ», «СыкIуэнт нэхъ псынщIэу…» жыхуиIэ усэхэр абы и щыхьэтщ наIуэщ.

Iыщокъуэм и псалъэхэр зыщIэлъ «Береза над ущельем» уэрэдыр къоуэ).

  1. «Бгы нэпкъым тет жыгей»

ЖыгыщIэ хьэмэ ар гъужа?

Бгы натIэм тети зы жыгей,

Ар бгым къелъэну щIегъуэжа

КъысфIэщIу сэри сыдоплъей.

И тахътэм жэщми ар къемых.

Мэз фIыцIэ къуакIэм къыщыкIам

Къипсэлъ макъ щабэр зэхимых,

Мыващхьэм лъагэу ар щыкIау.

Жьы къепщэ псоми ирагъэщI,

Абы лъэбышэ ар къищIащ.

Уэ къехмэ, жыгыр яухъуэнщI,

ИтIани мащIэ къигъэщIа?

Губжьау борэным и гугъащ

Жыгейр нэпкъ лъагэм щхьэщидзын.

Хэт зи къарукIэ къэгугъау

Иджы а жыгым зридзын?

  1. «Си дыгъэ»

Дыщэ пащIэр бжэм щIигъакъуэу

Бгы къуапэшхуэм ящхьэщохьэ,

Ич лъэбакъуэм ар хуэсакъыу,

Къуршыжь щIыбым дыгъэр къуохьэ.

Тлъагъужынкъым дыгъэр, жиIэу

Хэт гузавэр мы дунейм?

Дэрщ а нурыр дыгъэм щIиIэр –

Щынщ аргуэру нэху пщэдей.

ФIыуэ слъагъур зэ укIуэдми,

Уэ аргуэру къэбгъэзэнщ.

Узмылъагъуу дэкIыр куэдми,

Сэ аргуэру сыпхуэзэнщ.

Уэ сэр папщIэ угубжьами,

Си псэр гукIэ къыболъыхъуэр,

Мис аракъэ, уэ уежьами,

Ныкъуэ си гур зэи щIэмыхъур.



  1. «СыкIуэнт нэхъ псынщIэу»

СыкIуэнт нэхъ псынщIэу схузэфIэкIым -

Мычэму си шыр согъэлъэхъу.

Ныбжьэгъу, уэ фIыкIэ уигу сыкъэкIым,

Си гъуэгу кIыхь хъуну къызэхъуэхъу.

Сэ куэдрэ, куэдрэ сигу къолъадэ

Шы жэр сытесу къэск1ухьын,

Ди хэку губгъуэшхуэм сынилъадэу

Зэдэжэм пыIэр яфIэсхьын.

Хэт ейми содэ сэ а пыIэр,

Ухуейми си щхьэм хуремыхъу,

КIуэфынкъым жыжьэ зи гур щIыIэр –

Шум лъэсыр гъуэгум щыдэмыхъу.

Насып мыухыр зи гуращэр

Махуэл и гъуэгум щыхуэмей,

Псэуну гъащIэ зыхуэфащэр

МыувыIэу кIуэхэр аркъудейщ.

Псы уэру гъащIэ пхызыхынум,

Къарур жэхункIэ имыух.

Си гъащIэ ябгэр щызухынум,

Шы жэр сытесу среух.

  1. ЕзыгъэкIуэкIым – Нэм къыIуидзэ къэхъукъащIэ гуэрхэр тегъэщIапIэ ищIми, усакIуэ щIалэр абыхэм жыжьэу ящхьэдэплъыхыфырт. ИкIэм – икIэжым усэр философие зыхэлъ гупсысэхэмкIэ псыхьауэ къыщIэкIырт.

Апхуэдэу, поэзием и зы лIэужьыгъуэу философскэ лирикэкIэ зэджэм и къехьэжьакIуэ ди деж щыхъуащ КIыщокъуэ Алим. Ар нэхъри нэрылъагъу ящIырт зауэшхуэм и зэманым КIыщокъуэм итха усэхэм.

  1. ЕзыгъэкIуэкIым – Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми ещIэ, Хэку зауэшхуэм и зэманым, ди тхакIуэхэр, усакIуэхэр, адрей цIыху псоми хуэдэу, Хэкур, адэ – анэр, къыдалъхуар яхъумэжыну бийм зэрыпэщIэувар. Абыхэм яхэтащ КIыщокъуэ Алими. Ар, зауэр иухыхукIэ, къалэмри Iэщэри зэдигъабзэу фашистыдзэм пэщIэтащ, махуэ къэс илъагъу гуауэр, гукъутэр, фашистхэм зэрахьэ лейр, ди зауэлIхэм зэрахьэ лIыгъэр, нэгъуэщIхэри и усэхэм къыщигъэлъагъуэу. Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыхъужьыгъэм папщIэ КIыщокъуэм къратащ къэрал дамыгъэ зыбжанэ. Ар Хэку зауэшхуэм къикIыжащ майору, и бгъэм орденрэ медалу зыбжанэ хэлъу. ЗанщIэуи мамыр лэжьыгъэм пэрыувэжащ. Зауэм теухуауэ усэ нэхъыбэ дыдэ зи къалэмыпэм къыщIэкIари Алимщ, ди адыгэ усакIуэхэм щыщу.

  2. ЕзыгъэкIуэкIым: Зауэм и кIыхьагъкIэ Алим и гъусэу зэуащ, къыдэщIыгъуащ балъкъэр усакIуэшхуэ Къайсын Кулиевыр.

Псоми дощIэр 1944 гъэм балъкъэр лъэпкъыр Хэкум зэрырашауэ щытар, илъэс 13-кIэ Ику ит Азием зэрыщыIар. И лъэпкъым дэщIыгъужт зауэ зэманым Алим ныбжьэгъу пэж къыхуэхъуауэ щыта Къайсын Кулиевыр. Зэманыр ткIийт, зы нартыху матэ щхьэкIэ цIыхур, илъэс зыбжанэ тралъхьэрти, ягъэтIысырт, Сыбыр яшэрт, зы щыуагъэ закъуэм щхьэр ихьырт. Мис апхуэдэ зэманым Алим къыдигъэкIа тхылъым итщ «Къайсын Кулиев папщIэ» зыфIища, и ныбжьэгъу балъкъэр усакIуэм хуэгъэза усэ. Апхуэдэм щхьэкIэ иджы «АтIэ – сыт!» - пхужыIэнущ. Ауэ а зэманым апхуэдэм лIы щытекIуадэ куэдрэ къэхъурт. Абы щхьэкIэ къигъэнакъым КIыщокъуэм игу илъыр жиIэн икIи хьэлэмэту къелащ фэбжь химыхыу. Апхуэдэ пэжагъ хэлъащ КIыщокъуэ Алим.

(Зауэм, ТекIуэныгъэм теухуа усэхэм чэзуурэ къоджэ, макъамэр хуэму къеуэу).

«Телъхьэ уанэр си шым» КIыщокъуэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдыр къоуэ, уэрэдым зы едзыгъуэ къоуэри, макъамэр хуэму ешэхауэ адэк1э усэхэм къоджэ.



21. «Уэрщ, зауэлI хахуэ, ар зэджар»

ГуфIэу сабийхэр, IурыщIэу

Псы Iуфэ тафэм щоджэгу,

Сыт къапэщытми ямыщIэу,

ГуфIэгъуэр щIэтхэщ я нэгу.

Жырыр жыр пхъашэм текъутэу

Хэт зыщIэр зауэр щежьар?

ГъущIым цIыху къупщхьэр икъутэу

Зи нитIым Iугъуэр щIэбжьар?

Щхьэщытщ цIыкIу джэгухэм ажалыр,

Ар уфэразэу къокIуэкI,

Уэгум бий бзаджэр щокъуалъэр,

Къидзыну бомбэр къоплъэкI.

А напIэзыпIэм къэхъуахэр

Хэт иIуэтэну лъэкIын?

Нэмыцэм бомбэу къипхъахэм

Сабийр имыхьу хэкIын?

Фашистыр уэгум къолъадэ,

ХамэщIым гуауэр щегуэш.

Зигу кIуэда анэм и хьэдэр

Къупщхьэ зырызу къещып.

Сабий джэгупIэу а тафэр

ГуIэпIэ хэтым ищIа?

Iэщэрщ зыщIынур унафэр:

Нэмыцэщ ахэр зыщIар.

Хей цIыкIухэм я лъыр къыдоджэ

Дымыгъэгъуну я лейр.

Уэрщ, зауэлI хахуэ, ар зэджэр,

Бийм кIыфI хуэпщIыну дунейр.



22. «ЗауапIэ»

Ерыщу лъабжьэр фIагъанэу,

Мыбдежым бийхэр итат,

Жыр Iэщэ Iэджэр къагъанэу,

Ар дэ удынкIэ Iутхуат.

Щытщ танкхэр, топхэр пэзазэу,

Уэсыр сытхъу хужьу тесащ.

Бий хьэдэ нэжьгъым уэс изу,

Иныкъуэр мафIэм исащ.

Шэрхъ закъуэу шыгур ещIауэ,

ПIийуэ уэс губгъуэм къинаи,

Уэс щIыIур фIыцIэ зыщIауэ

Гын Iугъуэ щIыгум тенаи.

Жьыбгъэр а щIыпIэм щоятэр,

Зауэм и шхахуэр есей –

Фийуэ бий хьэдэм толъадэ,

Хьэдэм хуеутхыпщIыр я цейр.

Бийр щIым ишэчыныр идакъым,

Ар абы и блыгу щIилъхьащ.

Хамэ насып хэт щIэкъуами

Ажалыр псынщIэу лъысащ.



23. «УIэгъэ»

Топышэм щIыпцIэр кърихуау,

Къутахуэр си бгъэм къытехуат.

СIэщIэхущ си Iэщэр сэ абдеж,

Лъы пщтырыр си бгъэм, сыт, къреж,-

Къум псыншэр силъкIэ сэ согъэнщI,

Топышэм губгъуэр зэхавау

Гын Iугъуэр дыджу щхьэщыуващ.

Мэзджызджыр ди щIыр, мэгумэщI,

УIэгъэр удзкIэ сэ солъэщI,

Къуэ кIуэцIым, нэпкъым щыуэр топщ.

Сэ си гур мис зэгуоп,

Абы зэуэнкIэ зимыгъэнщI –

Къарур уIэгъэм сфIыхегъэщI.

ЗауэлI илъ зауэм щымыкIуэд,

БлэкIынщ иджыри махуэ куэд.

Удз тхьэмпэ плъыжьхэр кIуэдыжау,

НэгъуэщI нэхъ дахэу къикIэжау,

УIэгъэр дыркъуэу сэ сиIэнщ,

ИтIанэ дищIми мыр жесIэнщ:

«Уэ дэрэ дыркъуэ къыттенащ,

АрщхьэкIэ бийхэм датекIуащ».



24. «Сабий»

Гугъуехь е гуауэ сыхуэзами,

Нэпс ткIуэпс си гъащIэм сфIэкIуэдакъым.

Мыбдеж, сигу дауэ згъэбыдами,

СшыIэн си нэпсыр сэ слъэкIакъым.

Ди фочыр быдэу IитIкIэ ткъузу,

Бийр зыдэс къалэм дыдэуат.

Зауаем щIылъэр игъэгызу,

Топ Iэджэ зэуэ зэдеуат.

МафIэсым ису унэр лъалъэт,

Сабий гузасэу ныбгъэдэту,

Шынауэ а зеиншэр зи мыпсалъэт,

Гъын куэдым и гур хигъэлъэту.

КъэкIащ сэ си гум сипхъу сэ згъафIэр,

Сабийр хъумапIэм щызгъэпщкIуауэ,

Си псылъэм иту псы езгъафэрт,

И гуауэр си гум щымыткIуауэ.

- Фи дей сыздэшэ, дадэ лъапIэ,

Сыгъынкъым…Си анэр яукIащ

Нэмыцэм,- жиIэрт хъыджэбз цIыкIум.

А псалъэр гущIэм щытэджащ.

Ди бгыщхьэ мывэ къыщехуэхыу

Къуэ куум и лъэгум щыбзэхам

Си нэпсыр хуэдэу, мис къыпыхури

Си нэкIу гын Iугъуэм щытенат,

Налкъутналмэсу нэпсыр лыдри

Сабий щхьэц хужьым хэкIуэдат.

А цIыкIур хуэму къэзубыдри

Си бын пэслъытэу ба хуэсщIат.

ИтIанэ и нэм сэ сыщIэплъэу

Сабийм и закъуэ тхьэ хуэсIуащ:

Абы и гуауэм сигу къигъэплъу,

Сэ илъ сщIэжыну ныжесIащ.

Гугъуехь е гуауэ сыхуэзами,

Нэпс ткIуэпс си гъащIэм сфIэкIуэдакъым.

Мыбдеж, сигу дауэ згъэбыдами,

СшыIэн си нэпсыр сэ слъэкIакъым.



25. «ЖыIэт, мыпхуэдэу щхьэ сызэшрэ?»

ЖыIэт, мыпхуэдэу щхьэ сызэшрэ?

Хэт гуауэ щIыIэр къызита?

Е си псэм бампIэр бийм хуигуэшрэ?

Е си насыпыр сфIэкIуэда?

КIуэда мычэму згъэлъэпIари?

ЗгъэщIэну псори сэ згъэщIа?

Сигу Iэл ерыщу лъыкIэ спIари

СфIидыгъуу Iэсэ хэт ищIа?

НэгъуэщI игъащIэм темысами,

ЗэвыпIэм си шыр щызэгъа?

Зы увыIэпIэм емысами,

КъуэкIийм си алъпыр щалъэхъа?

Зы махуэ си гур згъэпыIакъым,

Сэ гъуэгу сытету сымызэш,

Зэуэн сэ си псэр щызгъэщIакъым –

Сосрыкъуэ лъыкIэ срикъуэшщ.



26. «Фэеплъ бэлътоку»

Уэсыбэр губгъуэм мес токIыж –

Уэсыпсыр щIыIэу удзым щIэтщ,

БлэкIа зэманхэр сигу къокIыж,

Си нэгум дахэр уэ ущIэтщ.

Сэ тхылъ нэзмытхыу щыщытам,

Уигу щабэр, дауи, къызэбгъат,

Иджы нэстхахэм гу лъыптам,

Си дежкIэ мащэр гъунэгъуат.

Биишэ си бгъэм пхылъэтау

Щытами, шэми сыкъелащ.

Бэлътоку фэеплъу къызэптам

Абдеж и кIапэр лъым илащ.

Фашист окопэм сынэсау,

Иужь нэмыцэм сэ сихьау,

Абдеж шэ бзаджэ къыслъысау

Жыг лъабжьэ гуэрым сыщIахьат.

Лъы пщтыркIэ уэсыр згъэпщIэнтIау,

ФIыуэ слъагъур си гум укъэкIат.

Бэлътоку фэеплъу къызэптар

УIэгъэ пщтырым тескъузат.

Си деж упIащIэу укъэсау,

А уи Iэ щабэу сигу къинар

УIэгъэм гуапэу къеIусау

КъысфIэщIри, си гур зэфIэнат.

Иджы бэлътокум сэ соплъыж,

Сэ сыпсэухукIэ ар схъумэнщ.

Ар нэзгъэзэжмэ узотыж,

Фэеплъу тIуми къытхуэнащ.



27. «Пощтзехьэхьэ пщащэ»

Пощтзехьэ пщащэр игу къилъэту,

Уэнжакъ къутахуэм бгъэдохьэ.

Блын фаджэ кIыхьым бгъэдэту

Илъагъур пщащэм игу щIохьэ.

ЩIапIэжь хъумакIуэу къэнауэ

Хьэжь, гъуэмбым къопщри, къыIуощIэ,

КъэкIуам ар къоплъыр мыбанэу,

Ныбаджэу бгъукIэ хьэр йощIэ.

Мис, хьэдэ дзажэу, гъуэлъыпIэр

Чырбыш къутахуэм къыщIоплъыр,

Iэрытхыу, гъуабжэу тхылъымпIэр

Жьым щигъэсыскIэ, лъыр къоплъыр.

Хъыджэбз нэ фIыцIэр гушхуауэ

НысащIэ дахэм IущIакъым.

ЗэуапIэ жыжьэм щатхауэ

Письмори зыми Iихакъым.

И гуауэр нэпскIэ егъэткIури,

БлэкIари и гум къокIыжыр.

Письмор и сумкIэм щегъэпщкIури,

Нэщхъейуэ пощтзехьэр IуокIыжыр.



28. «Борэн»

Борэн кIыфIыр къыкъуэкIауэ

Уэсыр мэзым щеухуэнщI,

Мазэм и фэри пыкIауэ

Къуапэр пIийми, и кур нэщIщ.

Ауэ пшагъуэм бащлъыкъ гъуэжькIэ

Мазэр пIащIэу щIеуфэж,

Дыгъужь щхъуэжьыр гъуэм щыкIуэжкIэ

ИщI лъэужьыр щIым третхъуэж.

ХьэIуцыдзым ядэкъугъыу.

Жьыбгъэ макъыр бгыщхьэм итщ,

Уэс хужь щIакIуэр жыгым щыгъыу,

Зигъэщхъауэ сэнтхым тетщ.

- Жьыбгъэ, жьыбгъэ, жьыбгъэ гуащIэ,

Щхьэ ныщхьэбэ уета?

Бжей жыг лъэщхэр хыбогъащIэ,

Бгы бгъуэнщIагъхэри пкудащ.

- Сэ ныщхьэбэ, - жеIэр жьыбгъэм, -

Бийм я хьэдэр щIызолъхьэж,

Бын текIуахэм яIа лIыгъэр

ЩIыр къэскIухьу соIуэтэж.





29. «Си анэм»

Си гъунэгъуу къакIуи уэ къэтIысыт,

Къащтэ дзасэр, лыпцIэр сэ згъэжьэнщ,

Мис си дамэм вагъуэу тху щонэхур,

Кремль вагъуэм ар я къуэшщ, уэ пщIэм.

Жьыбгъэм уэсыр пщIантIэм къыдекIутэ,

Нобэ махуэм ещхьти сыщежьар,

Сэ къысфIощIыр ар дыгъуасэ хуэдэу,

ИлъэсиплIкIэ нобэм упэплъащ.

Уи псэлъэкIэу жыIэт «а си дотэ»,

Гуауэ псори хъуащ иджы IэщIыб,

ЩIы тхьэлъэIуи, уеблэм ноби содэ,

Сэлэт хабзэу фляжкэм дегъэIуб.

Ефэ, ди анэ, уэ ипфащ нэхъ гуащIэ –

Гуауэ Iэджэм уи щхьэр хужь ящIащ,

Ефэ, уи къуэу къэкIуэжами папщIэ,

Куэди нэпсу щэхуу уэ плъэщIар.

«День Победы» уэрэдым зы едзыгъуэ къоуэри макъамэр хуэму ешэхауэ адэк1э усэхэм къыпащэ.



30. «Салют»

Бгым къелъэ псышхуэм и макъ уардэу,

Мэзкуу салютхэр зэхыдох,

Дэ текIуэныгъэр ди гъуэгу мардэу

Бийр щхьэхьу ди щIым дэ идоху.

Ар жьым хэкIуасэу макъ гуфIэгъуэу

Ди мэзхэм, гъубгъуэм щызэпхокI,

Абы йодаIуэр ди анэр гугъэу,

И щIалэр хъуэхъукIэ и гум къокI.

Абы йодаIуэр ди адэр пагэу,

И къамэр IитIкIэ иубыдауэ,

Щхьэ тхъуар иIэту, бжьыфIэу, лъагэу,

ГуфIэгъуэр нэкIум телыдауэ.

ЙодэIу а макъым ди нысащIэр,

ХуищIауэ IэплIэ и сабийм,

«КъэкIуэжмэ» - жиIэу ар мэпIащIэ,

Дэ докIуэ, докIуэ деуэу бийм.

ПщIэнтIэпсрэ лъыпсрэ щIым и фадэу

Щытау пшэ фIыцIэр щхьэщыдоху.

Бгым къелъэ псышхуэм и макъ уардэу,

Мэзкуу салютхэр зэхыдох.



31. ЕзыгъэкIуэкIым –

Хыр си шэкъалъэу

Къалэм хуэфащэ сиIатэм,

Ди ТекIуэныгъэм и усэр

ДыщэпскIэ уафэм истхэнт.

32.ЕзыгъэкIуэкIым – Хэку зауэшхуэр ди къэралым и ТекIуэныгъэкIэ иуха нэужь, КIыщокъуэ Алим, зауэм и кIыхьагъкIэ лIыхъужьыгъэ щызэрихьэу хэтауэ, и лъахэм къегъэзэжри гугъуехьрэ щIыхьрэ зыпылъ IэнатIэ зыбжанэм Iутщ, лэжьыгъэ зыбжани егъэзащIэ. Шэч хэмылъу, Алим зыIута IэнатIэшхуэхэм я фIыгъэкIэ, гъащIэм нэхъыбэ хищIыкIи хъуащ, ар цIыху куэдым яIущIащ, абы куэди къилъэгъуащ. Апхуэдэу махуэ къэс зыхэт лэжьыгъэм усакIуэм Iэмал кърет гъащIэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыну. цIыхухэм я псэукIэр, я лэжьыгъэ иныр и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэну. Абы и усэхэм макъамэ нэхъыщхьэ хуэхъур сэбэпынагъ ин зыпылъ цIыхубэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэрщ, IуэхущIафэ дахэхэрщ. Абы и лэжьакIуэ пэрытыр псэемыблэжщ, гъащIэр ирегъэфIакIуэ, егъэщIэращIэ.



33. «МакIуэ щIалэр ауз гъуэгукIэ»

МакIуэ щIалэр ауз гъуэгукIэ,

МакIуэ, макIуэ къемыплъэкI,

Iэджэ щIалэм и гум къокIыр –

И къуажэжьыр хъуащ зэгъуэкI.

Жьауэ ещIыр упщIэ пыIэм,

И хъуржыныр щIыбым илъщ.

Гъуэгу зытетым темыпыIэ –

ЛэжьыгъэщIэ къыпэщылъщ.

Мис а щIалэр рудокопу

Пятилеткэм хуэхъум фIэфIщ,

- Скъутэ мывэр къауэу топу

Ар си дежкIэ IэщIагъэфIщ.-

ЖиIэу щIалэр мэгупсысэ,

IэщIагъэщIэм нэр къыхуокI;

Гъуэгухэм нэпкъыр ящIыр кусэ,

Грузовикхэр щызэблокI.

Бгыщхьэ натIэхэр зэлъауэ

Псыр щошхыдэ ди ауз.

МакIуэ щIалэр, зэщIэплъауэ,

Бгыщхьэ къалэу Тырныауз.



34. «Мэл гуартэ»

Дэджэхъуу пашэр япэ иту

Мэл гуартэр къохыр хъупIэ лъагэм,

И щIакIуэ фIыцIэр щыгъыу хуиту,

Мэлыхъуэр мэлым иропагэ.

Пшэ фIыцIэ хьэлъэм щIыр щIиуфэу

КъыпфIощI, мэл хъушэм уэ уахэплъэм,

А псор зыхъумэр месыр гуфIэу

Уэрэду жеIэ и гум хэлъыр.

Ди щIыгу мыпхуэдэу мэл щыбагъуэу

Плъэгъуа уи гъащIэм уэ зы махуэ?

Хэт къеплъу щытми ягъэщIагъуэ,

А псор колхозым хузэрахуэ.

Бий ябгэм ди щIыр къыщибгынэм,

Мэлищт къэнари, ар ди жагъуэт,

Иджы хъуэпсэгъуэм иIэ гъунэ?

Хъерышхуэу Iэщыр мес мэбагъуэ.



35. «Уузыншэм!» - сэ жызоIэ»

«Уузыншэм!» - сэ жызоIэ.

Сэ а псалъэ пщ1э хузощI.

Ар къысхуэзэм къызжамыIэм,

Махуэ къэскIэ си гум хощI.

ЩремыщIэ узыншагъэ

ЦIыхум фIыкIэ хуэупсар.

Куэдкъэ, жиIэу щIемыгъуэжу,

Лажьэу шхэжу цIыху есар.

Ди жыг хадэри узыншэу

Ирегъагъэ гъатхэ къэс.

ЛъапэпцIийуэ сабий цIыкIухэр

Пхъэщхьэмыщхьэм лъреIэс.

Фыузыншэм, ди жыг жьауэ,

ПсыIэрышэу тхуэмубыд.

МафIэ гуэри къэлыдынум,

Жьэгум дэлъыр кърелыд.

Шэ шынакъым щIакхъуэ щIыгъуу

Узыншапэуи щрет.

Ди жыг хадэм, пIалъэр къэсмэ,

МыIэрысэ къыдрет.

Уафэгъуагъуэм уэшхыр къишэм,

Жызумейхэм псыр зыщIаф.

Хъарбыз хадэм уэр къытехуэу

ИремыхъукIэ зэи Iисраф.

Уузыншэм, дыгъэ къепсу

Нобэ махуэр зыгъэнэху.

Фыузыншэм сэ стхы усэр –

Си псэ тIэкIум зегъэпсэху.

Узыншагъэм дыщымыщIэм,

Ди IэнатIэр нэтхьэсынщ.

«Уузыншэм!» - жиIэу хъуахъуэр,

И мурадым лъэIэсынщ.



36. ЕзыгъэкIуэкIым - Апхуэдэ лIыхъужьхэщ, Iущхэщ, зэкIужхэщ, ерыщхэщ, хахуэхэщ, псэемыблэжхэщ, шыщхьэмыгъазэхэщ КIыщокъуэм и усэхэм къахэтэджыкI лирическэ лIыхъужьхэр.

Абы и лIыхъужьым екIуу зэпешэчыф дыгъуасэри, нобэри, пщэдей къэунэхупхъэ щIэми хуэхьэзырщ, блэкIар фIыщэу зыщIэж, къэкIуэнум къыхэмыщтыкIыу хуэбакъуэ а цIыху зэпIэзэрытыр хьэлэлщ, гу щабэщ, и гупсысэр жанщ, лъагэуи щолъыхъуэ. ЦIыхумрэ цIыхумрэ гу къуэпскIэ зэрызэпыщIар хьэкъыу зыпхыкIащ:

Зы унагъуэм гъыбзэ щыIумэ,

Я гъунэгъури ягъэгуIэ.

37.ЕзыгъэкIуэкIым – Алим и лIыхъужьыр хахуэщ; къыхиха Захуэм, зытеува Пэжым къэмылэнджэжу тетынущ:

Уафэр гъуагъуэу щыблэр уэми

Узытетым утемык1.

38.ЕзыгъэкIуэкIым – Ауэ абы и лIыгъэр нэм къыщIэпыджэу игъэпIийркъым; Iэдэбщ, зэпIэзэрытщ. Абы нэхъри гурыхь пщещI:

ЛIыгъэ зиIэм мафIэ ишхми,

Батэкъутэр имыгъэш.

39.ЕзыгъэкIуэкIым – Хьэуэ, абы нэщIэбжьэ зыхимыщIэуи щытакъым. Зылъэгъуар зыщыгъупщэжхэми ар ящыщкъым. И нэгу щIэкIам пIэщIэгъуэ хэмылъу ар йогупсыс, блэкIар гупсэхуу зэпеплъыхьри, яхуэфэщэн пщIэи нобэрей пщалъэкIэ яхуещI:

Куэд къытхэхъуауэ къысфIэщIами.

ЗыкIи мымащIэ дэ тхэщIари.

40.ЕзыгъэкIуэкIым – КIыщокъуэм и иужьрей усэхэм аргуэру зэ къыщытрегъэзэж лъэпкъым и гъащIэм анэдэлъхубзэм щигъэзащIэ къалэнымрэ щиIэ мыхьэнэмрэ.

Нэхъыжьыр дунейм йохыж. Лъэпкъым щIэблэ къыщIохъуэ. Дунейр чэзущ. Дунейм и гъусэу бзэри зэIэпах, «бзэр мафIэм хуэдэу, мыкIуэду» яхъумэ. Яхъумэ бзэр лъэпкъым и напэщи, и хьилмыщи. Яхъумэ – бзэр цIыхугъэщи.

Дядэм ядэжхэм я тхыдэр

ЩIэмыкIуэдари аращ.

Лъэпкъым и бзэр зэрымыIуэху джэгур, атIэ къэрал, дуней Iуэхуу зэрыщытыр усакIуэм щIэгъэщхъуауэ къеIуатэ:

Уэрэдыр лIыгъэм хуаусмэ,

И псалъэр вагъуэм лъоIэс.

КIыщокъуэ Алим дежкIэ анэдэлъхубзэр ауэ зэрыпсалъэ, зыхэпсэукIын зэрызэригъэпэщ Iэмэпсымэкъым, атIэ псэм и зы Iыхьэщ, езы дыдэм и цIэр зыгъэIуари а бзэращ. Ауэ бзэр ар зи IэщIагъэм ищIэн хуейуэ, адрейхэр абы хуэхейми хъуну аракъым:

Бзэ зимыIэр, щIылъэм тетми,

Хуэдэ къабзэщ къамылъхуам.



41. «Ди бзэмрэ сэрэ»

ЛIэщIыгъуэ дапщэ къэдгъэщIами,

Сэлам къытпежьэм дэ етхынщ.

Ди бзэр псэужмэ, апщIондэхукIэ

Си гугъуи ящIу зэхэфхынщ.

МакIуэ сыхьэтыр къимыгъазэу,

Вагъуэм нэсыни хулъэмыкI.

Нэхъ згъэкIыхьынут бзэм и гъащIэр,

АрщхьэкIэ зыми ар лъэмыкI.

КъэдгъэувыIэнут а сыхьэтыр,

АрщхьэкIэ ди бзэр дигу пымыкI.

Си щIыбым илъу стелъщ сэ хьэлъэ,

Бэлыхьу Iэджэм сыхэмыкI.

Сэ щIы къатиблыр къыслъысами,

Си анэм и бзэр сIэщIэмыкI.

Щыблэр къыщыуэм щыщIэдзауэ

Вагъуэзэшиблым деж нэсыху –

Аращ дэ гъуэгуу дызытетыр

Ди анэм и бзэр тхъумэжыху.



42. «Сэ нэгъуэщIыбзэщ тхылъ зэрыстхыр»

«Сэ нэгъуэщIыбзэщ тхылъ зэрыстхыр», -

Адыгэм жиIэу зэхызох.

Сэ лIым жесIэнур къысхуэмыщIэ:

Пэжщ, ди бзэр мащIэу яIэщIоху.

Ауэ си ныбжьым куэд слъэгъуакъым

Анэдэлъхубзэр зыщI IэщIыб.

ДыщэпскIэ утхэм Iуэхур щхьэхуэщ,

Сэ сигу темыхуэ бзэр зыуб.

Уэ бзэуэ къащтэ узэгуакIуэр,

Дэ тIум ди Iыхьэ зэхэмылъ.

Еджэф си закъуэу сыкъэнами,

Си бзэр схъуэжыну сыпымылъ.

43. «Гъуэгу къежьапIэ»

«Адыгэбзэр сыт щ1эдджынур,

Зыдынэсыр Къалэк1ыхьырщ»,-

Ар ауану 1эджэм жа1эр,

Мышыу псалъэм т1эк1у хэчыхьу.

Щызэхэск1э сэ а псалъэр,

А гушы1эр сигу темыхуэ.

Станцым нэси унигъэсмэ,

Ар бзэм дежк1э уф1эмащ1э?

Бзэр шу лъагъуэм хузогъадэ,

Бгъузэу щытми, станцым нос.

Унэсакъэ-гъущ1 гъуэгушхуэм

Къыщыппэплъэу тетыр поездщ.

Уи гъуэгуанэр жыжьэу щытрэ

Ук1уэфынум къыумыгъазэу-

Шым епсыхи к1уэ маф1эгук1э,

Тетщ а гъуэгум вагъуи мази.

Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу

Гъущ1 гъуэгушхуэм сытехьакъым,

Адыгэбзэр зэзмыгъащ1эу

Урысыбзэр сщ1эн слъэк1акъым.

Iуащхьэмахуэ телъ уэс къабзэу,

Си анэм и бзэр сэри сфIэфIт.

Си букварыр зэIусхауэ

Сыкъеджамэ, махуэр уэфIт.

Ноби школым кIуэм а тхылъыр

Я блэгущIэм цIыкIухэм щIэлъщ,

Урысыбзэм и гъуэгушхуэм

Нытехьэну я гум хэлъщ.

Адыгэбзэр хэт фIэгугъуми-

Ещхьщ си дежкIэ псыIэрышэм,

Ар уэрэду зэхызохыр,

Къурши губгъуи къыдэушу.

Хэт ухуейми сыкъыдожэ,

Iэджэм япэ сэ сищащ.

Адыгэбзэу си шы Iэсэм

Шы тесыкIэ сигъэщIащ.

Ар си гъуэгум и къежьапIэщ,

Ар си дамэщ, ар си напщIэщ,

Ар сымыщIэу щытыгъатэм,

КIэщI дыдэнут сэ си гъащIэр.

Си анэм и бзэу си нэм хуэсхь,

Уэ къыптехуэр схуохъу удын.

Гъуэгу тетыныр сэ щызухкIэ,

Уи Iэр сIыгъыу сыухынщ.

44. ЕзыгъэкIуэкIым – Дэтхэнэ зы усакIуэшхуэми хуэдэу, КIыщокъуэ Алим и мащIэкъым адыгэ лъахэм, Хэкум, цIыхугъэм, хабзэ – нэмысым, и адэжь щIыналъэм теухуа усэ купщIафIэхэр. Мис апхуэдэ усэхэм шэрыуэу щобелджылы Хэкумрэ абы щыпсэу

цIыхухэмрэ я IуэхущIафэ дахэхэр.

«Си адыгэ Хэку» («Родина отцов») КIыщокъуэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдыр къоуэ, уэрэдым зы едзыгъуэ къоуэри макъамэр хуэму ешэхауэ адэк1э усэхэм къыпащэ.



45. «Адыгэ Хэку»

Хэкуу щыIэм уахэзмыбжэ,

Псалъэу уэстри согъэпэж.

Уипс семыфэу махуэ згъащIэм,

КъэзгъэщIахэм хэзмыбжэн.

Уи псы уэрхэр мажэ щхьэхьу,

Я IуфитIыр напщIэм телъщ.

Гурылъ къабзэ сэ схуэхъуауэ

Нэм и нэхуу сэ си хэку.

Ухэкушхуэу жамыIами,

Гушхуэ хэкум уэ пкIуэцIылъщ.

Уи лъыр бийхэм хуамыгъэгъуу

Бын зэуахэм сахэтащ.

Зы жэщ-махуэ къытхуагуэшмэ,

Содэр жэщыр къыслъысам.

Махуэ бзыгъэр нэр дэджылу.

Си хэку нэхум къыплъырес.

46. «УцIыкIуу уи гум ибубыдэр»

УцIыкIуу уи гум ибубыдэр,

Дунейр бухыхукIэ имыхун.

Си анэм ноби и джэ макъыр

Зэхэсмэ, гъуэгур жыжьэ схунщ.

Бжьыхьэм къесакъэ япэ уэсыр,

Ар си щIэщыгъуэу сэ къэзжыхьт.

МылъапцIэу, щIыIэм лъэр писыкIыу,

ВакъитI, сыжеймэ, сэ си пщIыхьт.

Седжэну жыжьэ сыщагъакIуэм,

А махуэр ноби сэ сощIэж,

Си анэр гъыуэ ныздэкIуатэрт,

«Уядэжь и унэ къэгъэзэж»,-

Арат жиIэфыр къыскIэлъыплъу.

Зауэр къохъейри шым сошэс.

Аргуэру сянэр ныздокIуатэр,

Къысхуимыгъазэу станцым нэс.

«Тхьэм укъихьыжтэм бэIутIэIуншэу»,-

Ар нэмэзыбзэу къибж зэпытт.

Иджы сыщежьэм, сэ си анэр

НыскIэлъыкIуатэм яхэмытт.

Ди адэ уни согъэзэжыр,

Ди пщIантIэ нэщIми сыдохьэж.

«Къохъусыж, си щIалэ»,- зым жимыIэ,

Гухъу цIыкIукIи сянэр мыужьгъэж.

Сихьыным хуэдэу псы уэрари,

Псыхъуэм сыдыхьэм, игъукIащ,

Псы кIэнтхъ къинамэ, – куэдрэ? – ари

ИгъущыкIынщи – упыкIащ

Си анэр гъыуэ къыскIэлъыкIуэу:

«Уядэжь и унэ къэгъэзэж»,-

ЩыжиIэм, сщIакъым и лъапIагъэр.

Иджы IэфракIэм содзэкъэж…

КIыщокъуэ Алим езыр къеджэу «Кхъужьей къудамэ» усэм егъэдэIуэн.

47. «Сыкъыщалъхуар мы щIыпIэрщ»

НэхъыфI къафIэщIым сыхэмыдэу,

Мыращ си хэкури – хэзмыкухь.

Си махуэр вагъуэм пагъэнащи,

Си жэщми жыжьэу къыспекIухь.

Уи мыви удзи къыздалъхуахэщ,

Си гуауи гуапи япыщIащ.

ЕупщIыт бжейуэ жыг щэджащэм,

ЕдэIу – си усэр къеIущэщ.

Щхьэмыжыр плъагъурэ – ажэ жьакIи,

ЩIым хэлъхьэ хьэдзи – къэкIыжынщ.

Си хьэсэр щIакIуэу схуаубгъуащи,

ЩIы вам хэплъхьари уэ пшхыжынщ.

Къалэм пхъэIэщэу къызатари

Нобэр къыздэсым сIэщIэмыху.

Сэ си лъым ещхькъэ псы Iэрышэр,

Iэхъушэр хъупIэм пхудэмыху.

Ящоу си усэм сэ мэлымэ,

Си Iэщу дэсхум къагъэзэж.

Сыт бэлыхьлажьэ къыстехуами,

Си хэкуу дыщэр согъэпэж.

СфIэфIщ чыржыни, сипсри къабзэщ,

Уи мырамыси си босынщ.

Си хэкур псоми йоIэфIэкIри,

Дэни сыгъакIуэ – сынэсынщ.



48. «Ди хэку аргуэру къызогъазэ»

Ди хэку аргуэру къызогъазэ.

Слъэгъуамэ къуршхэр, гур хохъуэж.

Удзымэ IэфIхэм чэф сащIауэ

Ди унэ тIэкIум сокIуэлIэж.

Ныбжьэгъухэр ноби къысхуосакъыр,

Къызэдэуэни щагъэтыж.

Щхьэщытщ унащхьэм Iугъуэ мащIэ,

Пшэм лъэIэсамэ, къемыхыж.

Сахуэзэм цIыхум, согумащIэ,

СымыщIэ хэкур зэзгъэпщэн.

Дыдауэу гъащIэр сыт щIетхьэкIыр,

Зэпыдгъэуауэ дылъэщэн?

Дэ махуи жэщи демызэшу,

ДыпIащIэ – тхъытхъыу къыдожыхь.

Ди псэм нэхъ къищтэр дымыщIэжу,

Дигу иримыхьыр хыдокухь.

Дунейм къутэхукIэ утетыну

Уи гугъэм, уи щхьэр къогъэпцIэж.

ГъэлъапIэ жэщыр, махуэм хуэдэу,

Уи хэку дахащэр гъэлъэпIэж.

Адыгэ драмтеатрым и артистхэр къеджэу зы усэ усит1 егъэдэ1уэн.

49. ЕзыгъэкIуэкIым – Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэ иным къыдэкIуэу гурыщIэ къабзэр, лъагъуныгъэм и къарур, и зэфIэкIыр, абы цIыхум дамэ къызэрытригъакIэр, зэригъэгушхуэр, нэхъ дахэ, къабзэ, щэныфIэ зэрищIыр, и лъэкIыныгъэр зэриIэтыр и усэхэм къыщимыгъэлъэгъуауэ, тхыгъэ зыбжанэ тримыухуауэ зы усакIуи щыIэу къыщIэкIынукъым. КIыщокъуэ Алими абыхэм ящыщщ. КIыщокъуэм и усэхэм къыщыгъэлъэгъуа лирическэ лIыхъужьыр, сытым дежи, и лъагъуныгъэм хуэпэжщ, гуфIэгъуэмрэ насыпымрэ и бащэщ.

Лъагъуныгъэм теухуауэ КIыщокъуэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэд къоуэ, иужьклъагъуныгъэм теухуа усэхэм къоджэ.

50. «Лъагъуныгъэ»

Лъагъуныгъэр гъащIэ уасэщ,

Лъагъуныгъэм псэр дехьэх.

КъыпщIэуамэ – зыдэгъазэ,

Псы къиуауэ урехьэх.

Ущхьэхуиту упсэуамэ,

Лъагъуныгъэм гъэр уищIынщ,

И дакъикъэр уи нэ, уи псэу

Илъэс псоми япэпщIынщ.

Лъагъуныгъэр псы къиуащи,

Мывэ нэпкъи ныщIеуд.

Лъагъуныгъэм елъэпауэм,

ПситI зэпытыр зэпеуд.

51. «Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ»

Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ,

Къыщыкъуэк1ыр хэт ищ1эн.

Лъагъуныгъэр гъатхэ дыгъэщ,

Къыптемыпсэм - уп1ыщ1энщ.

Уи псэр щэхуу дахьэхамэ,

Гъатхэ мазэр къэунэхуащ,

Щ1ымахуэкум уэсыр къесмэ,

Уэ щыблэшэ къыптехуащ.

Жэщи махуи уи зэхуэдэу

Угуит1щхьит1у жейр мэк1уэд,

Къуалэбзухэм уахуэзамэ,

Дажыбо1э уэ уэрэд.

Псалъэ закъуэр уи нэ - уи псэу,

Зэ 1уплъэгъуэм ущ1охъуэпс.

Ф1ыуэ плъагъур гум къэк1амэ,

Уи гум уафэр къыщохъуэпск1.

Къуалэбзуми т1урыт1ыххэу

Шхыныр губгъуэм къыщащып,

Дэри ди псэр лъагъуныгъэм

Зы ищ1амэ, ди насыпт.



21. «Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт»

Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт,

Нэм сыщIэлъми сыщIумыхт.

Уэ дыгъуасэ сыпхуэзати,

СыноджэжкIэ зэхыумыхт.

СыткIэ уи гур къызэбгъауэ

Сэ къызэптрэ уэ нэмыплъ?

Гурылъ псалъэм сепцIыжакъым,

Е нэгъуэщIым сапымылъ.

Псалъэ дыджу къызжепIами –

Сэ шэ фIыцIэу сигу хегъэщI.

Япэм хуэдэу узгъуэтыжтэм,

Уизгъэсынут уэ си куэщI.

ПсэкIэ, сощIэр, сынеплъэкIми,

Уэ бжезмыIэ: къэгъэзэж.

Лъагъуныгъэр псым ихьамэ,

Мывэ хужьу къыхонэж.



53. «ЩIалэ нагъуэм удихьэхмэ»

ЩIалэ нагъуэм удихьэхмэ,

Уи гум илъ жомыIэ,

УзэгуакIуэм уимыцIыхумэ,

И цIэр куэдрэ жыIэ.

Узыпылъым уешхыдамэ,

И ныбжьэгъу щIы гъусэ.

Пагэу дахэм щIыхь хуумыщIмэ,

ЩIэхыу зегъэгусэ.

Пщащэм и гур къэпхьэхунум,

Куэдрэ уIумыщIэ,

Игу къыпхуилъыр зэбгъэщIэнум,

КъыбжиIар хуумыщIэ.

Куэдрэ хэдэм дахэ хуэщкъым,

Пагэм щохъу ар щхьэкIуэ,

Я нэхъ гуакIуэр дахэр аркъым –

Уэ къыхэпх нэхъ гуакIуэщ.

Адыгэ макъамэ дахэ хуэму къеуэу адэк1э езыгъэкIуэкIхэр къоджэ.

54. ЕзыгъэкIуэкIым – ЩIыхь зыхуэфащэ адыгэ усакIуэшхуэр лъэпкъ куэдым, цIыхушхуэ куэдым къызэрацIыхум, пщIэ къызэрыхуащIым, и тхыгъэхэм куэд зэрыщыгъуазэм, ахэр нэгъуэщI лъэпкъ куэдым зэраджым и щыхьэтщ КIыщокъуэм щхьэкIэ цIыхушхуэхэм жаIахэр:

55. КIыщокъуэ Алим игукIи и псэкIи адыгэлIщ, ауэ абы и къалэмыпэм къыщIэкI усэ сатырхэр къызыхэкIа лъэпкъым и шыфэлIыфэр къэгъэлъэгъуэным и къэухьым къыщызэтеувыIэркъым: абы и усэхэм гукъинэжу нэрылъагъу ящI обществэщIэр зыхуэдэ цIыхум и гъащIэр. И дунейр, ар емышыжу IуэхугъуэщIэхэм зэрыхущIэкъур, мурад инхэм зэрыщIэбэныр, абы и пщэдейр зэрызэIубзыр. Гринберг Иосиф.

56. КIыщокъуэм и романхэм къеджахэр дихьэхащ ар гъащIэм, цIыхугъэм ехьэлIа мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ Iуэхугъуэшхуэхэм тегушхуауэ зэрытепсэлъыхьым. ГъащIэм и пэжыр нехьэкI – къехьэкI хэмылъу къэгъэлъэгъуэным тхакIуэм зыщидзеиркъым. ЦIыхухэм хэкум хуаIэ лъагъуныгъэ инымкIэ, интернацианализмэм и къару лъэщымкIэ псыхьащ романхэр. Ломидзе Георгий.

57. КIыщокъуэр нэгъуэщIым хыумыгъэгъуэщэн усакIуэ телъыджэщ. Абы и творчествэм и фIыпIэ нэхъыщхьэу къэплъытэ хъунущ гупсысэ жан, акъыл куу зэрыхэлъыр, и темэр IупщIу зэрыубзыхуар…

КIыщокъуэ Алим тхакIуэщ икIи сэлэтщ, усакIуэщ икIи ухуакIуэщ….

Светлов Михаил.

58.КIыщокъуэ Алим гъуэзэджэу щыгъуазэщ къызыхэкIа лъэпкъым и гъащIэм. Абы и гуауэри, и гуфIэгъуэри псэкIэ зыхещIэ. ГъащIэм и къэхъукъащIэхэм ар сыт щыгъуи хуэнэбдзэгубдзаплъэщ.

Огнев Владимир.

59.КIыщокъуэм и творчествэм зэпымыууэ дызыщрихьэлIэ шум и образыр куууэ икIи гъунапкъэншэу зэрыщытыр къыдгурыIуэн хуейщ: ар зэщхьыр увыIэгъуэ зимыIэу кIэрахъуэ дунейрщ, ауэ щыхъукIи, нэр темыпыIэу гъуэгум тетщ а шур, ар зэрымыувыIэм хуэдэу. Езы усакIуэми абы и акъылымкIэ, и псэмкIэ къигъэщI лIыхъужьхэми увыIэгъуэ яIэкъым. Ахэр къэувыIэмэ, дунейр, гъащIэр псэншэу я пIэм къина пэлъытэщ.

Апхуэдэ гупсысэращ КIыщокъуэм и шум дызыхуишэр.

Алексеев Михаил.

60.Къэбэрдей усакIуэм и шагъдийр куэд щIащ Кавказ къуршыжьым къыщежьэу утыкушхуэ зэрихьэрэ. Абы и шы лъэ макъыр ди Хэкум адрыщIкIэ жыжьэу къыщоIу. А шагъдийм КIыщокъуэм и дамыгъэ телъщ.

Хузангай Педер.

61.Адыгэ усыгъэм игъащIэм хьэл – щэну, фащэу дамылъэгъуа фIыгъуэхэр къыщежьар КIыщокъуэ Алим и дежщ…

Iущыгъэр, Iэзагъэр, щIэныгъэр, лъэхъэнэм и гупсысэ пэрытхэр куууэ зыхэщIауэ ткIийуэ икIи къабзэу пхыгъэкIыныр – а Iуэхугъуэ уардэхэр дыпIэншэу зэхыхьэжауэ тхэкIэм къару лъэщ къыщрат лъэхъэнэм нэсащ КIыщокъуэм и зыужьыкIэр. Тхэн IэщIагъэр абы и дежкIэ гъащIэм и пкъыгъуэ щхьэхуэкъым, атIэ езы гъащIэрщ, а тIум зэгуэхыпIэ яIэкъым…

Алим бзаджагъэмрэ угъурсызыгъэмрэ щIэмычэу ебгъэрыкIуэ усакIуэхэм ящыщщ…

Сокъур Мусарбий.

62.КIыщокъуэ Алим и къалэмыпэм къыщIэкIащ нэр темыпыIэу зызыужь етIощIанэ лIэщIыгъуэ хьэлъэм и гупсысэ пашэхэмкIэ гъэнщIа, зи художественнэ къарур лъэпкъ, уеблэмэ къэрал гъунапкъэхэм щхьэдэхыфа, зэманым къигъэув упщIэхэм я нэхъ куум философскэ жэуап наIуэ зыщагъуэт тхыгъэ телъыджэ куэд.

Ди литературэм зэрызиужьа гъуэгуанэхэм щыгъуазэм дежкIэ нэрылъагъущ абы и тхыдэм КIыщокъуэ Алим и творчествэр лъэхъэнэ щхьэхуэу зэрыхэувэр. Апхуэдабзэу нэрылъагъущ Алим и усэмрэ и прозэмрэ адыгэ художественнэ гупсысэр фащэщIэкIэ зэраузэдар, абы и куупIэм, и уэрыпIэм, и гуащIапIэм унэзышэсыф къару а усэмрэ прозэмрэ зэрабгъэдэлъыр.

КIыщокъуэм и усыгъэхэм, и роман гъуэзэджэхэм яубзыхуащ зауэ нэужь илъэсхэм гъуэгуанэщIэ техьа къэбэрдей литературэм и хэкIыпIэ нэхъыщхьэмрэ и хабзэхэмрэ. Нобэрей ди литературэм и лъэпкъ фащэхэр, абы къыпэплъэ зыужьыныгъэм и гъэзапIэхэр гурыIуэгъуэ щыхъунур КIыщокъуэ Алим и творческэ гъуэгуанэр бджа нэужьщ, сыту жыпIэмэ ар зауэ нэужь илъэсхэм ди лъэпкъым и нэгу щIэкIа художественнэ зыужьыныгъэм и гъуэгуанэ нэхъыщхьэщ. Абы ипкъ иткIэ, гурыIуэгъуэщ, нобэрей ди литературэм и тхьэмадэ КIыщокъуэ Алим и творческэ гъуэгуанэр джыным мыхьэнэуэ иIэр.

Къэрмокъуэ Хьэмид.

63.ЕзыгъэкIуэкIым - И лэжьыгъэфI, лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIам, лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэ иным къыпэкIуэу КIыщокъуэм къэралым къыхуигъэфэщащ дамыгъэ зыбжанэ. 1964 гъэм Алим къыфIащащ Къэбэрдей – Балъкъэрым и цIыхубэ цIэ лъапIэр, 1989 гъэм Социалист лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр. КъинэмыщIу, КIыщокъуэ Алим РСФСР – м А.М. Горькэм и цIэкIэ щыIэ Къэрал саугъэтыр, КъБР – м и Къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщащ, щхьэ закъуэ жэрдэмкIэ ягъэува саугъэт зыбжанэми я лауреат хъуащ. Ар Къэбэрдей – Балъкъэрым, РСФСР – м, СССР – м я Совет нэхъыщхьэхэм я депутату зыбжанэрэ щытащ.

64.ЕзыгъэкIуэкIым – Зы ныбжькъым икIи ныбжьитIкъым Алим и усыгъэ жьгъырухэм, и роман купщIафIэхэм щIапIыкIар икIи щIапIыкIынур. Адыгэбзэм и IэфIыр зыхэзыщIэну хуей дэтхэнэми нэхъ игъэпажэ дыдэхэм ящыщщ абы и тхыгъэхэр, лъэпкъыр щыIэхукIи, шэч хэмылъу, ди литературэм и жьантIэм Алим и цIэр жьгъырууэ къыдэIукIынущ.

Пэжыр и гъуазэу, лIыгъэ хэлъу, гуащIафIэу дунейм тетащ, лъэпкъыр зэрыгушхуэн Iэужь дахэ куэд къыщIэнащи, цIыхухэм я гум зэи ихункъым КIыщокъуэ Алим и цIэр, псори дызэрыгушхуэ вагъуэу лъэпкъ щэнхабзэм и уэгум лъагэу итынщ.

Адыгэ макъамэ дахэ хуэму къеуэу адэк1э КIыщокъуэр езыр къоджэ и усэхэм.

65.Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ

Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ,

Дунейр збгынауэ фи мыгугъэ.

ЗылI къимыгъащIэ сэ згъэщIами,

Сыт щыгъуи гъащIэр си щIэщыгъуэщ.



ЩIыхуэ зытелъым хуэмытыжмэ,

ХэкIыпIэ куэдрэ ар мылъыхъуэу,

Зи щIыхуэ телъым и деж кIуэрти

Хуэув и хабзэт ар Iэщыхъуэу.



Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ,

ФемыпIэщIэкIыу фыкъыспэплъэ.

МылIэжыныгъэм стелъщ и щIыхуи,

Абы и пщIантIэм фыкъыдэплъэ



66. «Къэзгъэзэнущ сэ»

Псыежэхым къимыгъазэ,

Псыхъуэм дэтщи пхудэмыж.

Псым симыхьмэ, къэзгъэзэну

СщIащ уэрэдыр сэ лъэмыж.

ЩIым и гъуни сыщыщIэфлъхьэ,

Мывэ сынри сыту сщIын?

СыздыщIэлъыр хы адрыщIми,

Дыгъэмыхъуэ пхуэмыщIын.

Уэгум итщи щхьэуназэу,

Пшэ Iэрамэм уэшх къахьынщ.

Жьым симыхьу къэзгъэзэнщи,

Сэламышхуи къыфхуэсхьынщ.

Бзухэм гъатхэм къыдагъазэр,

Уаер къэсмэ, дэгызынщ.

Сэ жэщ вагъуэм сакъыхэту

Аркъэн хужьыр къывэздзынщ.

Къэзгъэзэнущ псыхьэлыгъуэу,

Къуэр си макъкIэ згъэпсэлъэнщ.

Гъатхэ жылэу сахъумауэ

ЩIы вагъэщIэм сыхалъхьэнщ.

Къыщызгъазэм уафэр бзыгъэу,

Уэшхи уэси зэщIэлъынщ.

СыхэбдзынкIэ Iэмалыншэу

Гъыбзэм псалъэу сыхэлъынщ.

КIыщокъуэм и псалъэхэр зыщIэлъ «Ладонь для птицы» уэрэдыр къеуэу езыгъэкIуэкIым пщыхьэщхьэр зэхуещIыж.

ЕзыгъэкIуэкIым – Хуит сыкъэфщI, КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 105 зэрырикъум теухуа, «ЛIы хахуэ лъэпкъым къыхэхъукIмэ, И напщIэ телъыр лъэпкъ дамыгъэщ» фIэщыгъэцIэр зиIэ литературнэ пщыхьэщхьэр абы и деж щыдухыну.


Получите в подарок сайт учителя

Предмет: Прочее

Категория: Уроки

Целевая аудитория: 10 класс

Скачать
Сценарий урока "К1ыщокъуэ Алим и творчествэр"

Автор: Уначева Ася Хасановна

Дата: 23.10.2019

Номер свидетельства: 523827


Получите в подарок сайт учителя

Видеоуроки для учителей

Курсы для учителей

ПОЛУЧИТЕ СВИДЕТЕЛЬСТВО МГНОВЕННО

Добавить свою работу

* Свидетельство о публикации выдается БЕСПЛАТНО, СРАЗУ же после добавления Вами Вашей работы на сайт

Удобный поиск материалов для учителей

Ваш личный кабинет
Проверка свидетельства