Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ
Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.
Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ. (Нало З.)
Мастер-классым и темэр:
«Псэм и пэ- напэ.»
Мастер-классым и мурадхэр:
1. напэ псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын;
2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ягурыгъа1уэк1эрэ еджак1уэхэм гъэсэныгъэ хэлъхьэн;
3. напэм и тезырым и хьэлъагъыр на1уэ къэщ1ын;
4. ц1ыху нэс, ц1ыху пэж, лэжьыгъэр зыгъэк1уатэ, Хэкур ф1ыуэ зылъагъу хъуным хуэгъэсэн, я гур дахагъэм пэжыгъэм, къабзагъэм, щ1эныгъэм къыхуэгъэушын.
- Псэ къабзэ
-Псы къабзэ
-Пэж къабзэ
- Напэ къабзэ
- Уафэ къабзэ
- Жьы къабзэ
-Тетрадь напэ
Урокым и эпиграфыр:
Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр,
Я фIэнэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр.
Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр,
Нэхъ къабзэу сыбжыр — адыгэ напэрщ.
Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,
Уэри уи напэ, сэри си напэ адыгэ напэрщ.
ЗэтрипIэжми тхьэшхуэм ди напIэр,
МылIэжыныпсэр адыгэ напэрщ.
Псалъэжьхэр
- Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
- Напэм ипэ псэр ихуэ.
- Псэр щэи напэ къэщэху.
- Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
- Напэм техуэр жьэм же1эр.
- Напэ зиIэм лIыгъэ хэлъщ.
- Напэ зимыIэм сыт епщIэфын!?
- Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ.
- ЛIэныгъэми лIыгъэ хэлъщ
- Е улIын, е улIэн
- Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
- Е пщIауэ фIым ущымыгугъ.
- ИкIута из хъужыркъым
- -Сэ си напэр , си ук1ытэр
- Уэстынкъым, сыл1ам!
- СУхуейм сыгъэпщыл1.
- С1ихыфыну сэ си напэр
- Дунейм теткъым зыл1.
- Напэншэу сыпсэу нэхърэ
- нэхъыф1щ сымыпсэум
- 1ых ухуейм , мылъкуу си1эр.
ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.
Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр
Нурыр къыщхьэщех,
ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу
ЛIым и хьэдэр дах.
Напэ къабзэм и къабзагъэр
Дыгъэ бзийм хыхьащ.
Анэ псоми я быдзышэм
Бынхэм хухалъхьащ.
Псалъэжьхэр
- Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
- Напэм ипэ псэр ихуэ.
- Псэр щэи напэ къэщэху.
- Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
- Напэм техуэр жьэм же1эр.
- Напэ зи1эм л1ыгъэ хэлъщ.
- Напэ зимы1эм сыт епщ1эфын!?
- Напэ зимы1эм дзажэпкъ и1эщ.
- Л1эныгъэми л1ыгъэ хэлъщ
- Е ул1ын, е ул1эн
- Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
- Е пщ1ауэ ф1ым ущымыгугъ.
- Ик1ута из хъужыркъым
Бзэм зегъэужьын:
Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху,
къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу.
Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу цIыху
Какие б ни грозили горести, И где бы ни ждала беда, Не поступайся только совестью , Ни днем, ни ночью, никогда!
Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, - жаIэ. Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей - Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу щызиIэм Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм. Елгъэр Кашиф .
Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус, Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей, Губжьк1э бдзы уи 1упсыр Къэнэжынщ уи дей. К1уащ Бет1ал.
« Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ
псом нэхърэ нэхъапэр,си щ1алэ.»
«…Напэр - лъапIэщ, Напэр сытми япэщ!...»
(Жылэтеж Сэлэдин)
«… Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри Пумылъыт уэ напэм. ЛIы хуэдэлIым псэри гури Къуитыфынущ япэ!...»
(Жылэтеж Сэлэдин )
Синквейн:
Напэ
къабзэщ,хужьщщ;
къоупщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ;
хеящ1э нэхъыщхьэщ;
Псэм ипэ- напэ.
Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди цIыху, ди адыгэ напэм.
Лъэпкъ напэр тезымыхын,
зи напэр темыкIын цIыху Тхьэм псори дищI!
Берычэт бесын!