--- Зэрыфлъагъущи, ц1ык1ухэ, Кавказым, ди Хэкум и щ1ыуэпс гъуэзэджэм тхак1уэ куэд тетхыхьащ, апхуэдэхэщ А.С. Пушкини, М.Ю.Лермонтови, нэгъуэщ1хэри. Ди жэнэт псэуп1эм димыхьэха къихьакъым ди щ1ып1эхэм.
Темэщ1эр егъэджын: хэзышэ псалъэ (картэм и слайд)
---Зэман гуэрым Каспий тенджызымрэТенджыз ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1 и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, и щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Бий куэд къехъуапсэрт, дихьэхт ди щ1ып1э дахэхэм. И хэкур, щ1ыналъэр ихъумэжын папщ1э, адыгэ лъэпкъыр гугъуехь куэдым пэщ1эувэн хуей къыхудэхуащ. Ц1ыху куэдым я щхьэр ягъэт1ылъащ лъэпкъым, хэкум папщ1э. Куэдыр гъэпц1агъэк1э ирагъэк1а хъуащ хамэ къэрал Тыркум. Илъэсищэк1э зэуэн къыхудэхуащ адыгэ лъэпкъым (1763-1864). Адыгэл1ым кавказыщ1ыр
Ирипагэу къек1уэк1ащ.
А лъэпкъ уардэм, а лъэпкъ хахуэм
И фэм гугъуехь куэд дэк1ащ. (Бжэдыгъу Дианэ)
Иджыпсту ди лъэпкъым къик1уа гъуэгуанэ гугъуехьхэм и теплъэгъуэхэр къыздыхэщыж «Черкесия» фильмым деплъынщ.
(«Черкесия» фильмыр)
(Урокым и темэ слайдыр)
Ди адыгэ тхак1уэхэм я 1эдакъэм тхыгъэ куэд къыщ1эк1ащ мы зауэ дыджым теухуауэ. Абыхэм ящыщщ дэ нобэ дызэджэну Пащ1э Бэчмырзэ и усэ «Ди щ1ып1эм папщ1э» жыхуи1эри.Ауэ усэм и пэ къихуэу зыщыдгъэгъуэзэнщ тхак1уэм и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ (тхак1уэм и сурэт слайдыр) (къегъэджэн тхак1уэм и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ теухуауэ тхылъым итым (чэзуурэ), къытегъэпсэлъыхьыжын).
(--- Нобэ Пащ1э Бэчмырзэ и ц1эр зэрехьэ Налшык дэт уэрамым. Къыздалъхуа къуажэм дэтщ абы и ц1эк1э зэ1уаха музейр. Абы къинэмыщ1ауи фэеплъ сыни хуагъэуващ (музейм, сыным и слайдхэр))