kopilkaurokov.ru - сайт для учителей

Создайте Ваш сайт учителя Курсы ПК и ППК Видеоуроки Олимпиады Вебинары для учителей

Мастер-класс "Псэм и пэ-напэ"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Мастер-класс для учащихся 11 класса. Целью являлось выяснить знания учащихся по данной теме.

Вы уже знаете о суперспособностях современного учителя?
Тратить минимум сил на подготовку и проведение уроков.
Быстро и объективно проверять знания учащихся.
Сделать изучение нового материала максимально понятным.
Избавить себя от подбора заданий и их проверки после уроков.
Наладить дисциплину на своих уроках.
Получить возможность работать творчески.

Просмотр содержимого документа
«Мастер-класс "Псэм и пэ-напэ"»


Къэбэрдей- Балъкъэр Республикэм Прохладнэ

муниципальнэ куейм хыхьэ Алътуд къуажэм дэт

муниципальнэ кIэзонэ щIэныгъэм и етIуанэ еджапIэ









Республикэм щекIуэкI

«Си бзэ, си псэ, си дуней»

зэпеуэм къриубыдэу екIуэкIа

мастер- класс










Зыгъэхьэзырар:

адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ

и егъэджакIуэ Нэгъуей Маринэт Iэуес и пхъурщ







2016-2017гъ.гъ.



1слайд Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэк1эщ, дуней тетык1эщ

Нало Заур


Фи махуэ ф1ыуэ ,ди хьэщ1э лъап1эхэ !

Фи махуэ ф1ыуэ ,ныбжьыщ1э ц1ык1ухэ! Фыкъыдогъэблагъэ

« Псэм и пэ- напэ» зыф1этща нобэрей ди мастер- классым




Егъэджак1уэм : Псоми зэрыфщ1эщи, Iэмал куэд щыIэщ адыгэ литературэм щыхуебгъаджэк1э къэбгъэсэбэп хъуну,еджак1уэхэм ядж тхыгъэр нэхъ телъыджэ , гунэс , щ1эщыгъуэ ящыпщ1ын щхьэк1э .Абыхэм ящыщ зыщ нобэ зи гугъу сщ1ыну сызыхуейр -концептуализацэк1э зэджэ 1эмалыр Мы 1эмалым дэтхэнэ зы егъэджак1уэми езым и бгъэдыхьэк1э и еплъык1э хуи1эжщ. Мыр сэ есхьэл1эну сыхуейт 2сл нобэрей ди темэм. . Нобэ дэ ди мурадщ мы темэр гусысэ нэхъыщхьэ зыхуэхъуа тхыгъэхэр къэтпщытэжыну,3 сл

адыгэхэм псом нэхърэ ягъэнэхъапэр, ар щ1агъэнэхъапэр дгъэбелджылыну . Ди хьэщ1э лъап1эхэ ! Фи пащхьэм илъщ тетрадь напэ, ручкэ плъыжьрэ ручкэ щ1ыхурэ щ1ыгъуу Япэ упщ1эм и жэуапу къэфлъытэр плъыжьымк1э къыхэвгъэщ , ет1уанэ упщ1эм и жэуапу къыфщыхъур щ1ыхумк1э къыхэвгъэщ .

Си лэжьыгъэм и къыщ1эдзап1эу сыхуейт зыфхуэзгъэзэну мыпхуэдэ упщ1эмк1э : къабзэ- жыхуэт1э плъыфэц1эр нэхъыбэ дыдэрэ зыдэщ1ыгъуу къэдгъэсэбэпыр сыт хуэдэ щы1эц1эхэра?


4 сл. Едж

- Псэ къабзэ

-Псы къабзэ

-Пэж къабзэ

- Напэ къабзэ

- Уафэ къабзэ

- Жьы къабзэ

- Тетрадь напэ къабзэ

Егъэджак1уэм Нэгъуэщ1 щапхъэ куэди къыпхуэхьынуи къыщ1эк1ынущ иджыри .Нт1э, махуэ къэс нэхъ дызрихьэл1э зы псалъэ зэпха къыхэтхынщ мыбыхэм

- (Тетрадь) напэ къабзэ – мыр дэтхэнэ зы егъэджак1уэми и1эщ, лэжьыгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэмк1э къигъэсэбэпу. Мыр напэ къабзэщ ,иджыри сыт хуэдэ?

- А-4

- хужьщ

- ф1ей мыхъуащ.-


- псынщ1эщ

- зэпэпл1имэщ

- къамыгъэсэбэпащ

Напэр ушк1умп1ын , мыр сыт хуэдэ –т1э ? Къабзэ?

- къабзэщ ,ауэ ушк1умп1ащ

- къагъэсэбэпащ

Егъэджак1уэм: Мы напэр зэрыщыта пхуэщ1ыжыну?

  • Едж.: Т1эк1у пхуэузэхужынущ, ауэ зэрыщыта дыдэ пхуэщ1ыжынукъым

Егъэджак1уэм: А щ1ык1эм тету куэд жып1эфынущ ,ауэ дауэ а 1эмалыр тхыгъэм етхьэл1а зэрыхъунур ? Уегупсысмэ ,дэ дджы тхыгъэ куэдым я мыхьэнэк1э концептуальнэк1э уеджэ хъунущ.

Ди нобэрей урокым эпиграф хуэтщ1а усэ сатырхэм зыхуэдгъэзэну сыхуейт: 5 сл.

Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъап1эр,

Я ф1энэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр,

Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъап1эр,

Нэхъ къабзэу сыбжыр – адыгэ напэрщ.


Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,

Уэри уи напэ, сэри си напэ, адыгэ напэрщ.

Зэтрип1эжми тхьэшхуэм ди нап1эр,

Адыгэ напэм хэлъщ мыл1эжыныпсэр.


Егъэдж. Нобэрей ди лэжьыгъэм ехьэл1а псалъэжьхэр доскам итщ, фи жэуапхэр абыхэмк1э вгъэбелджылы хъунущ.

Сыт хуэдэ напэ мы усэ сатырхэм зи гугъу ящ1ыр?


-Едж. Мы усэ сатырхэм зи гугъу ящ1ыр напэ хужь , напэ къабзэ зи1э ц1ыхухэрщ

- Егъэджак1уэм: Пэж дыдэщ, ц1ык1ухэ

«Напэ» - псалъэшхуэщ ар, куэд къызэщ1еубыдэ: пэжагъри ф1агъри; - ц1ыхухэм игъащ1эм къагъуэта хьэл-щэн гъуэзэджэ псори;. Ц1ыхум «Напэ и1эщ абы», - хужа1эмэ, ар ц1ыху нэсщ, абы нэхъыф1 къыпхуагъэфэщэну зыри ухуейкъым Къэдвгъэщ1эжыт, ц1ык1ухэ, сыт хуэдэ тхыгъэм къыхэщыжрэ мыпхуэдэ ц1ыху, хэт итха ар ?

-Едж. Нало Заур и балладэ «Ц1ыху напэ» зыф1ишам къумым иту дызрихьэл1э л1ырауэ къысщохъу сэ ар.

Егъэджак1уэм: Пэж дыдэу къэпщ1эжащ Къызжеф1эт сыт балладэк1э зэджэр?

-Едж. - Балладэр усэу тхащ. Абы усак1уэм и зэхэщ1эныгъэм нэмыщ1и гъащ1эм къыщыхъу, л1ыгъэк1э гъэнщ1а 1уэхугъуэр къегъэлъагъуэ. Балладэм и щапхъэщ Абыт1э Хъызыр «Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умрэ»; Нало Заур «Ц1ыху напэ»;

Егъэдж.К1эщ1у къэдвгъэ1уэтэжыт балладэр зытеухуар


-Едж. Мы балладэми къигъэлъагъуэр – напэм и лъап1агъырщ, абы уасэ зэримы1эращ. Мыбы къыхэщыж л1ыхъужь нэхъыщхьэм и напэр имытын щхьэк1э сыт хуэдэ бэлыхьри ишэчыну пэщ1оувэ. Л1ым и пэжагъымрэ и л1ыгъэмрэ къыщегъэлъагъуэ балладэм, уеблэмэ и псэр итмэ нэхъ къищтащ абы : 6 сл

-Сэ си напэр , си ук1ытэр

Уэстынкъым, сыл1ам!

С1ых ухуейм , мылъкуу си1эр.

Ухуейм сыгъэпщыл1.

С1ихыфыну сэ си напэр

Дунейм теткъым зыл1.

Ук1ытэншэу сыпсэу нэхърэ

нэхъыф1щ сымыпсэум



Егъэджак1уэм: Тэмэм дыдэу къэфщ1эжащ,

Иджыпсту къыджеф1а хьэл-щэн гъуэзэджэ, пэжагъ, ф1агъ псори зыхэлъу Нало Заур къилъытэ, напэм и лъап1агъыр, абы уасэ зэримы1эр зыдилъэгъуар хэту п1эрэ? Хэт мы балладэр зи фэеплъыр?

7 сл

Едж. Ар ди адыгэ литературэм и тхак1уэшхуэ Щоджэнц1ык1у Алийщ. Къыщалъхуа, щап1а Хэкум и телъхьэу, абы хуэпэжу, и напэр хужьу и гъащ1эр щ1итащ Хэкум и насыпым.


Егъэджак1уэм: Нало Заур и «Ц1ыху напэ» балладэр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ ц1ыхугъэм, ц1ыху напэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эм, ар пщэ е къэпщэху зэрымыхъунум. Мыбы хэта

л1ыхъужьыр и напэр къабзэу дунейм ехыжащ . абы щыхьэт техъуэ усэ сатырхэр къэдвгъэщ1эжыт

Едж. 8 сл. Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр

Нурыр къыщхьэщех,

Ц1ыхуу щы1эм ягъэлъап1эу,

Л1ым и хьэдэр дах.

Егъэджак1уэм: Ипэк1э жыт1ар къызэщ1эткъуэжмэ.( тетрадь напит1ыр гъэлъэгъуэн: хужьымрэ ушк1умп1амрэ) мы балладэм къыхэщыж л1ыхъужьыр зыхуэдгъадэр. зи гугъу тщ1а тетрадь напэхэм ящыщу дэтхэнэра?

Едж. Напэ къабзэу напэ хужьырщ ар зыхуэдэр

Егъэджак1уэм: Пэж дыдэу къызжеф1ащ, ц1ык1ухэ. Гъащ1эм и сыт хуэдэ къэхъугъэми епхьэл1э хъуну къулейщ ди адыгэ лъэпкъыр псалъэжь 1ущхэмк1э къызжеф1эт мы тхыгъэм епхьэл1э хъуну псалъэжьхэр

Едж. Псэм ипэ –напэ

  • Псэр щэи напэ къэщэху.

  • Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.

  • Напэ зи1эм л1ыгъэ хэлъщ.

Егъэджак1уэм: Мы иджыпсту къэтпщытэжа тхыгъэм едгъэпщэну сыхуейт иджыблагъэ дызэджа Елгъэр Кашиф.и «Щыуагъэ» романыр . Къэдвгъэщ1эжыт , ц1ык1ухэ, Сыт мы тхыгъэр зытепсэлъыхьыр ? хэт и образ мыбы къыхэщыжыр?

Едж: Напэм и гъэрэщым ихуа цIыхум и дунейр къыщыгъэлъэгъуащ  «Щыуагъэ» романым Щыуагъэм и гъэру псэу, и напэр и хеящIэу тезыр зытезылъхьэжа цIыхум (МыващIэ Хьэжбэтыр) и образырщ тхыгъэм увып1э нэхъыщхьэ щызыубыдри


Егъэджак1уэм: Сэри абык1э сыарэзыщ .Къыжыф1эт иджы сыт романым къыхэщыж л1ыхъужь нэхъыщхьэ МыващIэ Хьэжбэтыр напэм и гъэрэщым ису и гъащ1эр щ1ихьыр ?

Едж: Абы и щхьэусыгъуэр, сэ сызэреплъымк1э , Хьэжбатыр зауэ зэманым ищ1а щыуагъэр аращ. Ар сэ сыхуейт езым и псалъэхэмк1э къэс1уэтэжыну:

« Уи Хэкум зэгуэр уепц1ыжауэ щытмэ, ар къыпхуэгъуным ущыгугъынри, ул1а нэужь укъэхъужынк1э угугъэнри зыщ. Мы тхыгъэр уи Хэкум папщ1э узэблэжа псэр зэрымы1эф1ыжым , ар игъащ1э псок1э къызэрыпщ1эмык1уэнум и тхьэусыхафэщ .


Егъэджак1уэм: Пэжщ, а щыуагъэм и зэранк1э Хьэжбэтыр и гъащ1э псор зэтекъута мэхъу. Зы щыуагъэм адрейр къигъэщ1урэ мак1уэ л1ыхъужьым и гъащ1эр. Дауэ феплърэ, ц1ык1ухэ, хэк1ып1э гуэр и1эу п1эрэт мы 1уэхугъуэм?

Едж: Сэ сызэрегупсысысмк1э, « Е ул1ын, е ул1эн» жыхуи1э псалъэжьым тету л1ыгъэ зыхилъхьэрэ пэжыр жи1амэ, и щыуагъэм пэк1уэ тезырыр ихьынти, адэк1э и гъащ1эм нэхъ тыншу пищэжынт.

Егъэджак1уэм: Нэгъуэщ1 сыт хуэдэ хэк1ып1э и1эу къыфщыхъурэ?

Едж: Адыгэхэм жа1э: « Л1эныгъэми л1ыгъэ хэлъщ» Ц1ыхум зэ л1эгъуэщ щ1элъри абы напэ хужьк1э хуэк1уэфын хуейщ. Л1ыгъэ зыхилъхьэу л1эныгъэр къыхихыфамэ нэхъыф1т абы ,и гъащ1э псор гъэру «маф1эм ису» ихьа нэхърэ.

Егъэджак1уэм: Ари напэ зи1эм хуэфащэ хэк1ып1эщ , фыпсэу, ц1ык1ухэ.

Зауэ зэманыр икъук1э зэман хьэлъэу, гугъуу щытащ. Зи хэкур псэемыблэжу зыхъумахэм нэмыщ1к1э Хэкум епц1ыжа ц1ыху зэкъуэт1акъуэхэри щы1ащ Сытк1э къащхьэщык1рэ абыхэм Хьэжбатыр ? Мыр образ гурымыхьхэра хьэмэрэ гурыхьхэра зыхэдгъыхьэ хъунур?

Едж: Мыр упщ1э тынш дыдэу къысщыхъуркъым сэ,Езым и псалъэхэр къыщызгъэсэбэпыну сыхуейт си жэуапым: « Си гур Хэкумк1э щы1эт, ауэ си щыуагъэ къомыр сигу къэк1ыжа нэужь , а псом щхьэк1э схьын хуей тезырым сигъэшынэрт, тэмэму жып1эмэ.тезырыртэкъым сызыщышынэр, напэрт.Сыт хуэдизу зызгъэзэхуэжыну яужь симытми, сщ1эрт «шыгъу зышхар псы ефэжын зэрыхуейр».Сэ къызэрысф1эщ1ымк1э Хьэжбатыр и напэр ф1эк1уэдакъым мыпхуэдэ гупсысэхэр и гум щилък1э абы къыхэк1к1э образ гурымыхьхэми схухэгъыхьэнукъым. Ц1ыху напэншэр апхуэдизрэ зэныкъуэкъужу псэунтэкъым. Уеблэмэ сэ мыр сф1эгуэныхьи хъуащ .

Егъэджак1уэм: Зы лъэныкъуэк1э уэри узахуэщ, и гъащ1эр и закъуэу ихьащ абы , и бынхэр, къэзылъхуахэр илъагъуу, пэгъунэгъуу, ауэ закъригъэщ1эн ук1ытэу. Закъуэныгъэр- тхьэмыщк1агъэщ Хэхэс, факъырэ- а псалъэ гуауэхэмк1эт Хьэжбатыр къуажэдэсхэр къызэреджэр. Дауэ къывгуры1уэрэ фэ мы псалъэхэр: сыт хуэдэ ц1ыхухэра хэхэск1э зэджэр? Факъырэр сыт хуэдэ ц1ыху?

9 сл. Бзэм зегъэужьын ( егъэдж. захуэгъэзэн)

Едж. Слайд Хэхэс- нэгъуэщ1 щ1ып1э, хамэщ1 къик1ауэ псэу ц1ыху,

къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщ1 щыпсэу.

Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэ1ухуэмк1э псэу ц1ыху

Егъэджак1уэм: Хьэжбатыр сытк1эт зэрыфакъырэр? Дауэ ар абы зэрыхуэк1уар?

Едж. «Уи псэр гъэрып1эм итым уфакъырэ пэщмэнщ. Е пщ1ауэ ф1ым ущымыгугъ жыхуа1эрати,къысхуэгупсысыфу зытезубыдар мы си псэук1э хъуар аращ. Си псэр , си гур щыфакъырэк1э ,си фэри ирефакъырэ жыс1эри си пащ1э- жьак1эр зэщ1эзгъэк1ащ.

Егъэджак1уэм: Икъук1э хьэлъэу къыщ1эк1ащ напэм и тезырыр Мыващ1э

Хьэжбатыр и дежк1э.. Абы къыщ1эна тхыгъэри зыхуэгъэзар дэращ,. Езым къы1эщ1эщ1а щыуагъэм хуэдэ зыми имыщ1эн щхьэк1э , ц1ыху псоми ар дерс яхуэхъун папщ1э. Хьэжбатыр и образым пэджэж л1ыхъужь фрихьэл1ащ фэ мы гъэм урыс литературэмк1э. Ар М. Шолоховым и «Тэн хуэм» романым къыхэщыж Григорий Мелеховырщ, Къэдвгъэщ1эжыт ар сыт хуэдэ ц1ыхуми? Абык1э дэ нобэ дэ1эпыкъуэгъу къытхуэхъунущ урысыбзэмрэ литературэмрэ фыхуезыгъаджэ Балъкъэр Юлэ или Ю. Ард.

Юлэ 10 сл. Григорий Мелехов и образым увып1эшхуэ щеубыд романым. Абы и образым щхьэк1э гурыхьщ е гурымыхьщ жып1эну гугъущ. Ар ди пащхьэм къызэриувэр пэжым и лъыхъуак1уэущ. Куэд кърикъутэк1ащ Мелеховым ,лъы куэди игъэжащ,гъуэгуанэ хьэлъи зэпичащ .А гъуэгуанэм Григорий Мелеховыр к1ыф1ыгъэм хуишащ, абы ф1эк1уэдащ ф1эщхъуныгъэр, езыр хэтми, дунейм щ1ытетри къыгурымы1уэжу къэнащ. Ауэ апхуэдизу бэлыхь мыухыжым здыхэтми, абы щыгъупщэркъым и лъахэм, щалъхуа щ1ыналъэм хуи1э лъагъуныгъэр. Сэ сызэреплъымк1э, а зы закъуэращ , ауэ ар псом нэхърэ нэхъыщхьэщ, а ц1ыхум ф1агъыу хэлъыр.

Егъэджак1уэм: Упсэу Юлэ, Мыващ1э Хьэжбатыри Григорий Мелехови напэм и гъэрэщым ису я гъащ1эр яхьащ, аращ абыхэм я образхэр зэщхь зыщ1ри. Нобэ зи гугъу тщ1а 1эмалыр мы т1ум я образым етхьэл1эмэ .

( тетрадь напит1ыр гъэлъэгъуэн: хужьымрэ ушк1умп1амрэ) зэдгъэщхьынур сыт хуэдэ напэра?



Едж. Тетрадь напэ ушк1умп1аращ. Я 1эк1э я гъащ1эр якъутэжащ

«Ик1ута из хъужыркъым» жыхуа1эращи, мы напэри зэрыщыта хъужынукъым. Мы т1уми яхузэф1эк1акъым Я гъащ1эр напэ къабзэк1э къыщ1адзэжыну.( напэ хужьыр гъэлъэгъуэн)

Егъэджак1уэм: Арэзы сытохъуэ сэри уи псалъэхэм . Мы зи гугъу тщ1ы темэм куэдым урегъэгупсыс, уегъэп1ейтей.Напэм адыгэм дежк1э и1э мыхьэнэр, ар зи уасэр къызыхэщыж усэ сатырхэр е тхыгъэ нэхъ гукъинэж фщыхъуахэр къэфпщытэжамэ си гуапэт.

Едж..

слайд

Напэ зимы1эм дзажэпкъ и1эщ,-жа1э.

Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей –

Си лъэпкъ и пащхьэ напэ т1эк1у щызи1эм

Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм.

Едж. Слайд

Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус,
Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей,
Губжьк1э бдзы уи 1упсыр
Къэнэжынщ уи дей.




Едж сл. Сэ гукъинэж сщыхъуар изложенэу ттха «Псом нэхърэ нэхъапэр»

жыхуи1эрщ .Зи къуэ нэхъыжьыр зауэм хэк1уэдауэ гуауэм зэщ1и1ул1а адэм къэнэжа и къуэ закъуэри маф1эм хыхьэнут ит1ани иужьрей псалъэу и къуэм жри1ащ: «Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ псом нэхърэ нэхъапэр.,си щ1алэ.»


Едж: Напэр -лъап1эщ

Напэр сытми япэщ.

Едж: Напэр –адыгагъэщ, ц1ыхугъэщ, пэжыныгъэщ


Едж.: сл.

Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри
Пумылъыт уэ напэм.
ЛIы хуэдэлIым псэри гури
Къуитыфынущ япэ!

Егъэджак1уэм: Иджы ди хьэщ1эхэм я лэжьыгъэр нагъэсауэ къыщ1эк1ынщи сыхуейт ущие псалъэк1э ди еджак1уэхэм зыкъыхуагъэзэну Напэ я1эу, лъэпкъым хуэфащэу къыдэк1уэтеин щхьэк1э сыт хуэдэ хьэл щэнхэр яхэлъын хуей, дэтхэнэхэм зыщадзеин хуей?

Хьэщ1эхэм я псалъэ

Егъэдж. Иджы, ц1ык1ухэ, Ди хьэщ1эхэм я ущие псалъэхэри къэдгъэсэбэпурэ къызэщ1эдвгъэкъуэж нобэрей ди лэжьыгъэр. Сыт нобэрей мастер- классым темэ нэхъыщхьэ хуэхъуар?

Синквейн

Едж. Нобэрей мастер- классым темэ нэхъыщхьэ хуэхъуар Напэрщ

Егъэдж. Напэр сыт хуэдэу зэрыщытын хуейр?

Едж напэр къабзэщ,хужьщ;

Егъэдж. Сыт ищ1эр?

Едж. къоупщ1ыр,уеущий, уегъэук1ытэ;

Егъэдж. Гъэщ1эм сыт хуэдэ къалэн щигъэзащ1эр?

Едж.хеящ1э нэхъыщхьэщ;

Егъэдж.нобэрей ди псалъэжьхэм я зыхэзк1э к1эух едвгъэтыт

Едж. Псэм ипэ- напэ.


Егъэдж. Фыпсэу ц1ык1ухэ хъэрзынэу фыкъыздэлэжьащ. Нобэ къытхуеблэгъа ди хьэщ1эхэри, фэри си гуапэу фызогъэда1уэ «Адыгэ напэ» уэрэдым

Егъэдж.Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди ц1ыху, ди адыгэ напэм. Лъэпкъ напэр тезымыхын, зи напэр темык1ын ц1ыху тхьэм псори дищ1 Нобэ къытхуеблэгъа ди хьэщ1эхэм ину берычэт бесын вжыдо1э




















1.Напэ къабзэ уи1эн щхьэк1э сыт хуэдэ ц1ыхуу ущытын хуей?


2. Сыт хуэдэ хьэл-щэн мыхъумыщ1эхэр зыхэбнын хуей?


-Укъызыхэк1ар пщ1эжрэ уи лъэпкъым ухуэфащэу


-Нэхъыжьыр бгъэлъап1эрэ нэхъыщ1эм уеущиеу


-Пэжыр уи гъуазэу


-Ц1ыхугъэ , адыгагъэ пхэлъу


-Псэм ипэ- напэр ибгъэщу


-Хэкури ф1ыуэ плъагъухэри бгъэпэжыфу


-Ныбжьэгъугъэр плъытэфу


-Фыгъуэныр, уи гуащ1эк1э къыумылэжьа зэпхьэл1эныр


-Пц1ы упсыныр , л1ыгъэншагъэр


-Узыхущ1егъуэжын блэжьыныр


-Адэ- анэм я напэ техыныр


-Уи лъахэ умылъытэныр, уепц1ыжыныр


-Уи бзэ бгъэпудыныр, уи лъэпкъыр 1умпэм пщ1ыныр












Получите в подарок сайт учителя

Предмет: Прочее

Категория: Уроки

Целевая аудитория: 11 класс.
Урок соответствует ФГОС

Скачать
Мастер-класс "Псэм и пэ-напэ"

Автор: Нагоева Маринат Ауесовна

Дата: 07.04.2017

Номер свидетельства: 407596


Получите в подарок сайт учителя

Видеоуроки для учителей

Курсы для учителей

ПОЛУЧИТЕ СВИДЕТЕЛЬСТВО МГНОВЕННО

Добавить свою работу

* Свидетельство о публикации выдается БЕСПЛАТНО, СРАЗУ же после добавления Вами Вашей работы на сайт

Удобный поиск материалов для учителей

Ваш личный кабинет
Проверка свидетельства