Нобэ дэ Къущхьэ С. И рассказ «Анэ» жыхуи1эм дытепсэлъыхьынущ, анэмрэ бынымрэ я кум дэлъын хуей зэхущытык1эм, лъагъуныгъэм теухуауэ тщ1эхэм хэдгъэхъуэнущ.
Япэрауэ «Анэ» жыхуи1эпроизведенэр жанр и лъэныкъуэк1э сыт зэхиубыдэр?
Жэуап : жанр и лъэныкъуэк1э мы тхыгъэр рассказщ.
Рассказым и темэр къызжеф1эт.
Жэуап : мы рассказым и темэр анэмрэ бынымрэ захуа1эн хуей щытык1эрщ.
Анэ … Си Аэ… Узыпэсщ1ынур си нэхэра, хьэмэрэ си псэра? Хьэуэмащ1э1уэщ а т1ум языхэри. Нэхърипсэризэгъусэупхуэзгъэфащэмэ ,нэхъ сф1эзахуэщ.
БицуАнэтолэ и усэ «Мамэ»
БещтокъуэХьэбас и усэ «Анэ».
Анэмтеухуауэадыгэпсалъэжьхэр.
Анэмтеухуауэсабиихэм ящ1э сурэт.
Сочиненэанэмтеухуауэ.
Адэк1э къыпыдощэ.
Анэм и пщ1у, къэлэн щ1ыхуэу
Дапщэбынхэмкъатена
Къахэк1ауэ п1эрэ ц1ыхухэм
Ар нигъэсузыпшына!
НэгумэУмар
Мы дунейжьыр къызэригъэщ1рэ ди щ1ы напэм ц1ыху лъэпкъыу щызек1уам зызакъуэяхэтакъыманэм и псэм къыхэмык1арэ ,анэм псэк1э зэримыхьарэ. Анэрезыдыдэр гъащ1эм къыщ1ыхыхьауэ щ1эпсэур и быныращ. Аращанэм и быныр псэк1э щ1игъэхуабэр, щ1игъэгушхуэр, езым и щ1алэгъуэ – дахэгъуэр щ1эмыф1ыгъужу абы щхьэузыхь щ1ыхуищ1ыр. Езыанэми и псэрпызыгъэт и гугъэр а и быным и псэуныгъэращ, Абы зыгуэр къыщыщ1ым ,езыанэм и псэри дыхэк1ынущ, янэ ищынк1и хъунущ… Арагъэнщнобэркъыздэсыманэм ип1а бынхэмзызакъуи къыщ1ыхэмык1ар.
- «Мисмыр си анэмхуэфащэщ, абы къысхуищ1эм мыруасэу нэувыфынущ»жызы1эфа! Къахэк1ауи къахэк1ынуи си гугъэкъым.
Анэр сыт щыгъуианэщ, ауэ, дижагъуэзэрыхъунщи , щы1эщ бынзианэзымыгъэпэж, анэр зэхэзымыщ1ык1. А темэркъызыхэщтхыгъэусэседжащ сф1эгъэщ1эгъуэну НалоАхъмэдхъан и «Псыхьэнанэ» рассказым. Ик1и къызэрысщыхъуарстхыжащ.
Бышэ ц1ыхубз щ1алэу и щхьэгъусэрабрэджхэм я1эщ1эк1уадэри фызабэукъэнащ. Хьэзабыртелъу ип1а и щ1алит1ыр балигъщыхъудыдэмзауэркъохъей. Щ1алит1ри дзэмираджэ ,мыгувэуи Бышэ и къуэнэхъыжьырегъеиж. Нэхъыщ1эм зауэр иухыхузи хъыбар имыщ1ам и письмо сытми зэ къок1уэ. Ауэ ар унэм къэк1уэжыркъым . Абы унагъуэ зэрегъэпэщ.
Фызыжьымкуэдегъэвыр . Псы къихьар ирек1утыж хуабэхъуащи , Хьэутии игу ирихьынкъымефэн хуей хъум, жери , аргуэрутрегъэзэжрипсыхьэ мак1уэ. Хэплъэгъуэщ мы фызыжьым и 1уэхури. Жэщк1э «сыхэжеянурэХьэутиибжэмкуэдрэкъеуэнущ къэк1уэжмэ»,- же1эри зимыт1эщ1у зегъэук1уриижри гупсыпсэн щ1едзэ.
Анэ гумащ1эщ сэрииджыпстусызыфхутепсэлъыхьынур. Ар К1эщт Мухьэз и «Нанэ» рассказырщ. Зауэм хэк1уэда и къуэр къэк1уэжыну пэплъэанэрщ мы рассказырзытеухуар. Хуабжьэу сигу ирихьауэрассказыммыпхуэдэпычыгъуэхэтщ: «Шыпсыранэм ещхьу гулъыдмытэжурэ бынхэм дианэм я гургуауэмедмыгъэсу п1эрэ»? Гъащ1э 1эф1ыр къызэзыта си анэ. Къуалэбзухэр ушэузыхэзэзыгъэха си анэ. Си 1эпэр и1ыгъыурэ си япэ лъэбакъуэр сэзыгъэча си анэ…
Иджыпстузигугъу тщ1а рассказхэм сигу къагъэк1ыжащ мы псалъэжьыр : «Анэм и лъэгъуныгъэр псы ежэхымхуэдэщи ,быным и лъагъуныгъэр псы 1уфит1ым я зэхуакухуэдизщ». Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэжьыр?
Нобэзигугъу тщ1а «Анэ» рассказымхэтЗаур ц1ык1у и гъащ1эр дауэ фи нэгу къыщ1эвгъыхьэрэ? Илъэсипщ1 дэк1а нэужь ,Заурбалигъхъуанэужь зэхищ1ык1ыну п1эрэ абы и анэСалимэ?
Егъэджак1уэм:
Сэри къысщохъу Заур ц1ык1у и анэСалимэ зэхищ1ык1ыну. Анэм бынхэм ятригъэк1уадэ узыншагъэри, гъащ1эри, щ1алэгъуэ-дахэгъуэри трищ1ыхьыфыркъым бынхэм а псор зэхэщ1ык1ын-зэхэмыщ1ык1ыным. Ар дэнэкъэна и 1эплъэпкъым щыщгуэрхригъэхыфынущ, Анэр зэхащ1ык1ым и насыпщ, зэхамыщ1ык1ым и насыпыншагъэщи, Тхьэшхуэмпсори дищ1анэпсэр зэхэзыщ1ык1ын.