Предмет,щытык1э,бжыгъэ къимыгъэлъагъуэу,ауэ апхуэдэ псалъэхэм я п1эк1э къак1уэ.
Просмотр содержимого документа
«Ц1эпащ1э. Щхьэ ц1эпапщ1эхэр»
Ц1эпапщ1э.
Щхьэ ц1эпапщ1эхэр.
Ц1эпапщ1э
Ц1эпапщ1э
Предмет,щытык1э,бжыгъэ къимыгъэлъагъуэу ,ауэ апхуэдэ псалъэхэм я п1эк1э къак1уэ зи щхьэ хущыт псалъэ лъпкъыгъуэм ц1эпапщ1эк1э йоджэ.
- Щапхъэ: Псалъэжьхэр лъэпкъым и гупсэщ. Ахэр ижь-ижьыж лъандэрэ къыддогъуэгурык1уэщ1эблэр игъэ1ущу,балигъыр иущийуэ.
- Ахэр ц1эпапщ1эр псалъэжьхэр щы1эц1эм и п1эк1э къэк1уащ.
- Ц1эпапщ1эхэм къагъэлъагъуэ мыхьэнэм белджылыгъэ щагъуэтыр ахэр зи п1эк1э къэк1уа псалъэхэр щыщы1эм дежщ.
- УЭ (Мурат)спортым удихьэхрэ?
- Ц1эпапщ1эхэр псалъэухам пкъыгъуэ нэхъыщхьэуи пкъыгъуэ ет1уанэуи хоувэ.
Езыхэм къагъэлъагъуэ елъытауэ ц1эпапщ1эхэр л1эужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщок1 .
Щхьэ ц1эпапщ1эхэр: Сэ,уэ,дэ,фэ,ар,ахэр.
Зыгъэлъагъуэ ц1эпапщ1эхэр: мы,мо,а,апхуэдэ,мопхуэдэ,апхуэдиз,мопхуэдиз,мыпхуэдиз.
- Зэрыупщ1э ц1эпапщ1эхэр: хэт? cыт? дапщэ?дэтхэнэ ?сыт хуэдиз ?дарa? сыт хуэдэ ?сл1о? хэт ей? хэт и? сытым ей?
- Еигъэ ц1эпапщ1эхэр: сысей,ууей.ей,дыдей,фыфей,яй,зей,си,ди,уи.фи,и.,я,зи.
ж
Белджылыгъэ ц1эпапщ1эхэр псо,езы,хэти,сыти,дэтхэнэри,и щхьэк1э,хэт,ейри,сытымейри,щхьэж,сыт хуэдэхэри.
- Белджылыншагъэ ц1эпапщ1эхэр гуэр,зыгуэр.
- Мыхъуныгъэ ц1эпапщ1эхэр: зыри,зыгуэри.
- Относитетельнэ ц1эпапщ1эхэр: хэт,сыт,дэтхэнэ,дапщэ, сыт хуэдиз.
Щхьэ ц1эпапщ1эхэр
- Сэ,дэ,уэ,фэ,ар,ахэр щхьэ ц1эпапщ1эхэм къагъэлъагъуэ псалъэр жызы1э, зыжра1э зэпсэлъэгъуит1ым зи гугъу ящ1 щхьэхэр.
- Щхьэуэ щы щы1эщ:япэ щхьэ,ет1уанэ щхьэ,ещанэ щхьэ.
- 1.Япэ щхьэм и щхьэ ц1эпапщ1э сэ,дэ-хэм псалъэр жызы1эр къагъэлъагъуэ.
- 2.Ет1уанэ щхьэм и щхьэ ц1эпапщ1э уэ,фэ-хэм псалъэр зыжра1эр къагъэлъагъуэ.
- 3.Ещанэ щхьэм и щхьэ ц1эпащ1эхэщ ар,ахэр жыхуи1эр.Абыхэм зи гуъу ящ1 щхьэр къагъэлъагъуэ.
Щхьэ ц1эпапщ1эхэр псалъэуэхам подлежащэу,дополнэу,сказуемэу хоувэ: Дэ щ1ыуэпсыр хъуэмэным теухуа проектым долэжь. Фэ нэхъыщ1эхэм щапхъэ фтрахыу щытын хуейщ.Шахматымк1э зэхьэзэхуэм щытек1уар фэращ .
ЯПЭ ЩХЬЭ
Закъуэ бжыгъэ
И.п.
Куэд бжыгъэ
Сэ-
Э.п.
Сэ-
Дэ-
П.п
Дэ-
Сэ-рк1э
О.п
Сэ-рауэ
Дэ-р-к1э
Дэ-рауэ
ЕТ1УАНЭ ЩХЬЭ
Зэкъуэ бжыгъэ
И.п
Куэд бжыгъэ
Уэ-
Э.п
Уэ-
Фэ-
П.п
Фэ-
Уэ-р-к1э
О.п
Уэ-рауэ
Фэ-р-к1э
Фэ-рауэ
ЕЩ1АНЭ ЩХЬЭ
Закъуэ бжыгъэ
И.п
Куэд бжыгъэ
А-р
Э.п
А-бы
А-хэ-р
П.п
А-бы-хэ-м
А-бы-к1э
О.п
А-рауэ
А-бы-хэ-м-к1э
А-хэ-рауэ
… … гъуэгум … къежьапIэщ,
… … дамэщ, … … напщIэщ,
… сымыщIэу щытыгъатэм,
КIэщI дыдэнут … … гъащIэр.
… анэм … бзэу … нэм хуэсхь,
… къыптехуэр схуохъу удын.
Гъуэгу тетыныр … щызухк1э,
… 1эр с1ыгъыу сыухынщ.
(Усэр зытхар,зыщыщыр?)
Щхьэ
Предмет,щытык1э,бжыгъэ къамыгъэлъагъуэу
Зыгъэлъагъуэ
ЗЭРЫУПЩ1Э
Еигъэ
Сказуемэ
Подлежащэ
Дополненэ
Определенэ
Обстоятельствэ
Ц1ЭПАПЩ1Э
Л1эужьыгъуэхэр
Белджылыгъэ
Белджылыншагъэ
Хэт,сыт,хэт и,сытым и,дапщэ,дапщэщ,н.
Мыхъуныгъэ
Относительнэ
Унэ лэжьыгъэ.
Правилэхэр еджэн. Лэжьыгъэ 193 гъэзэщ1эн.
Дэгъэхуа хьэрфхэр дэфтхэж,зи я кум дамыгъэ дэт псалъэпкъхэр зэрытхын хуеим хуэдэу фтхы.1эпапщ1эхэр зэрыт бжыгъэр,падежыр тефтхэ.