Муниципальное казённое общеобразовательное учреждение
«Средняя общеобразовательная школа №30» г.о. Нальчик
Классщ1ыб лэжьыгъэ
«Анэ,уэ пхуэдэ теткъым дунейм!»
(месячник родных языков)
Анэпсэр- ар псынэщ, ар псысэщ, ар Псатхьэщ,
Ар тхьэхэм я тхьэжщ.
А тхьэр тщхьэщытыхукIэ тхьэгъусэу,
Дэ сытри тлъэкIын ди гугъэжщ.
IутIыж Борис
Учитель Пшихачева Р.Ц.
Нальчик, 2022 г.
1 в – Фи махуэ ф1ыуэ, нобэ ди зэхуэсым кърихьэл1а псоми! Гъатхэпэм и 14-р адыгэбзэм и махуэщ. "Бзэр тебзэщ, Хабзэр абы и щ1эбзэщ". Дыщывгъэпсалъэ ди бзэ дахэмк1э ди унагъуэхэм, уэрамхэм, дэтхэнэ 1уэху щ1ап1эми. Адыгэбзэк1э дывгъатхэ! Ди бзэмк1э дэтхэнэ зы адыгэ зэхыхьэри зэхэдвгъашэ! Адыгэбзэм дривгъэпсэу! Бзэр бзэху, лъэпкъри нэхъ лъэщ мэхъу! Адыгэбзэ - Адыгэпсэ!
2в Фыкъеблагъэ, зи бзэр псэм пэзыщ1у
Зи тхыдэжьыр зыгъэлъап1э псори,
Дэ ди гуапэщ ди анэбзэр, хабзэр,
Щ1ыхь ин хэлъу къыддэвгъэлъэп1эну.
1в. Фыкъеблагъэ, зи бзэр зыф1э1эф1хэр,
Ар сыт щыгъуи япэ изыгъэщхэр,
Бзэр лъэпкъ напэу къэзыбж псори,
Гуапэу ди зэ1ущ1эм фыкъеблагъэ!
Макъамэ къоуэ. Кабардино-Балкария. Уэрэд.
1в Ди нобэрей пшыхьыр зытеухуар ди анэ лъап1эхэрщ, анэм и 1энат1э мытыншри лэжьыгъэри зэдэзыхь ди егъэджак1уэ гуащ1аф1эхэрщ, нанэ 1умахуэхэрщ, ди ц1ыхубзхэрщ.
2вед .
Анэпсэр- ар псынэщ, ар псысэщ, ар Псатхьэщ,
Ар тхьэхэм я тхьэжщ.
А тхьэр тщхьэщытыхукIэ тхьэгъусэу,
Дэ сытри тлъэкIын ди гугъэжщ.
IутIыж Борис
1вед. Анэ, сыту псалъэшхуэ ар. Анэ псалъэр щыжып1эк1э гущ1эр егъэп1ейтей.
2вед. Анэр дунейм и дыгъэщ.
Анэр дунейм и мазэщ.
Анэр дунейм и жылэщ.
1 вед. Блок1 зэманыр, мак1уэр гъащ1эр. Ц1ыхум зехъуэж,1уэхугъуэ гуэрхэри гум щогъупщэж. Ауэ сыт хуэдэ зэмани,сыт хуэдэ лъэхъэник1 гум имыхуу, хуабэу, гуапэу, щабэу илъщ анэр.
2в. Анэхэм я гур махэщ, анэхэм я гур п1ащ1эщ. Ахэм я макъ унэм щ1эмытмэ, абы нэхърэ нэхъ 1ей сыт щы1э мы дунейм.
2вед. Девгъэда1уэт анэм и макъыр къызэрытщыхъум.
«Анэм и макъыр»
Анэм и макъыр щысхуэбзэрабзэк1э,
Къысф1ощ1 си Хэкур къэзгъуэтыжа.
Жызмы1эфыни анэдэлъхубзэк1э
Къысщохъур зыри къэмынэжа.
Анэм и макъыр щысхуэбзэрабзэк1э,
Бзухэм я усэр сф1ощ1 ефэгъуэк1.
Гъащ1э, зыгуэрк1э укъысхуэупсэмэ,
Анэм и макъым сыпомыгъэк1. .
Анэм и макъыр псэм дощ1эращ1э,
Анэм и псалъэм гур егъэин.
Анэм и макъым тынш ещ1 си гъащ1эр
Къару къысхелъхьэ, сещ1ыр нэхъ ин.
Багъ Данэ
Гъащ1эр ехь
И быным тегужьеик1ауэ:
Жьыр къепщамэ
Ф1ощ1 ирихьэжьэн.
Къытехъуам уэлбанэ,
Унэм ар щ1эк1ауэ,
Псыдзэм ихьын ф1эщ1у
Ныпежьэнщ.
Химыгъэхьэ жэщым,
Химыгъэхьэ щ1ы1эм-
Ф1ощ1ыр псоми
Зыгуэр къращ1эн…
Дыгъэ закъуэрщ анэм
Дзыхь зыхуищ1у щы1эр
А т1ум зэщхьщи аращ
Я хьэл-щэн.
Мэржэхъу Залинэ
Уэшх къожэхыр,уи нэм къыщ1э1эбэр
Умылъагъуу бжьыхьэ жэщыр к1ыф1щ.
Гъуэлъыжами къуажэ к1ыхьыр, щ1ыбым
Уэ удэтщи, пщыгъа т1эк1ури псыфщ.
Пщ1эркъым ноби уи къуэм къыщик1ухьыр:
«Хэмыхуауэ п1эрэ зы бэлыхь?»-
Пщ1ант1эм укъыдок1ри, п1ыгъыу бжыхьыр,
Жэщ къетк1ухым и нэм ущ1оплъыхь.
Ауэ зэк1э уэ упхоплъ жэщ к1ыф1ым,
Къуэм е1этыр гумэщ1ауэ бжьэ:
«Бын нэщ1эбжьэм зэи анэ гущ1эм
Щимыщ1ыну дыркъуэ!.» Магъыр бжэр
Джэрыджэ Арсен
Къуныжь Камилэ
1 вед. Анэ лъагъуныгъэм к1э имы1э, пэжыр жып1эм куэд 1ей ар хуэмей, илъагъу закъуэу щытмэ бынхэм я гуф1эгъуэ, къыхуащ1эну псори къыхуащ1ащ.
2 вед . «Анэр бынхэм сытк1э ящыгугърэ?»
Анэр быным сытк1э ящыгугърэ?
Жыс1энщ пэжи куэд 1ей ар хуэмей
Илъагъу закъуэу щытмэ бын гуф1эгъуэ,
Къыщохъу абы дуней ф1ыгъуэр ей.
Я нэщ1эбжьэ бынхэм имылъагъумэ
Плъыжь дэмыхъумэ псэк1э къигъэщ1ам
И жьы хъугъуэм ф1ыуэ т1эк1у къалъагъумэ
Къыхуащ1ыну псори къыхуащ1ащ.
Куэд хуей анэр?
И пхъум и 1эф1ыгъэ
Къуэ гулъытэ, 1эф1агъ т1эк1ущ зыхуейр.
Дунейм щехыж махуэм къуэм и л1ыгъэ,
Пхъум и гъыбзэ и нэпс – ар къудейщ.
Гъусэ Арианнэ
1вед. Гъащ1э щыхъук1э, 1эджэми дыхуозэ, 1эджи щыдолъагъу, щызэхыдох, псалъэ гуапи псалъэ жагъуи. Щы1эу п1эрэ адэ-анэр 1эф1у зымылъагъу е абыхэм я гум ежэл1эн псалъэ жагъуэ езыпжсыфын бын?!
2 вед. Хьэуэ, щы1эн хуейкъым апхуэдэ! Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс щ1ыжа1эри аращ. Демыгупсысу жыт1а псалъэ жагъуэр анэм и гум зэреуэр,ар абы зэрызэхищ1эр къыдегъащ1э мы усэм.
Псалъэ жагъуэ
Зэгуэрым семыгупсысу
Зы псалъэ къызжьэдэк1ат.
Ар мамэ и гущ1эм нэсри
И нэпсхэр къыщ1игъэк1ат.
К1иякъым мамэ.Схуэшхыдэу
Зы псалъи къызжимы1ат.
И 1элъэщ1 к1апэм щэху дыдэу
И нэпсхэр к1уэц1игъэпщк1уат.
А нап1эзып1эм си псалъэм
Сык1элъыпхъуэнут слъэк1ам,
Ауэ шэм хуэдэкъэ псалъэр-
Къимыгъэзэж п1эщ1эк1ам.
Сымыщ1эу сщ1энур, сыхэплъэу,
Сэ махуэ псор есхьэк1ат:
Мамэ и жагъуэ хъун псалъэ
Щхьэ си жьэм къыжьэдэк1а?
Сэ шыгъушыпсып1эм сыхэлъу
Жэщ к1ыхьыри езгъэк1уэк1ат:
Зи псэм щыщ хъуахуэ къысхэлъым
Сэ дауэ сегуэуэк1а!
Анэгухэм нэхърэ нэхъ п1ащ1э,
Нэхъ махэ умыгъуэтын,
Зы мыхьэнэншэу къыпф1эщ1ри
Яхуохъур ахэм удын.
Дахущывгъэт нэхъ гумащ1эу,
Анэхэм дахуэвгъэсакъ.
Сэ псалъэ жагъуэ жыс1ар зэ
Зезгъэ1этауэ си макъ-
Тенауэ,къупщхьэ къысф1эщ1у,
Иджыри ф1элъщ си тэмакъ.
Бицу Русланэ
1вед . Анэр сабийм и чэнджэщак1уэщ, гъащ1э гъуэгу пэжым и гъэлъэгъуак1уэщ.
Си псэм хуэдэу сэ си анэ,
Уэр нэхъыф1 дунейм темыт.
Псынэ дахэу уи псэр къабзэщ
Уи гур дыгъэу къысщхьэщытщ.
Щхьэфэм уи 1эр къыдыболъэ,
Къызжыбо1эр псалъэ 1эф1.
Тхьэм уи гъащ1эу къэбгъэщ1ынур
Насып защ1эу пхуиугъэпс.
Сэ сода1уэ уи чэнджэщым
Узохьэл1э си щэху куэд.
Гук1э жыс1эу махуи жэщи
Пхузоусыр сэ уэрэд.
Къуэгъуэтыж Ирадэ
Жа1эр мамэ и 1эм
Дыщэ къыпыщэщу
Абы зыгуэр щищ1эм
Соплъ зыщызмыгъэнщ1ыу.
Ар хэмыхьэм 1уэхум
Жа1эри хэмыщ1у
Щы1экъым зы закъуи
Ар зыпэмылъэщу.
Жа1эр мамэ и 1эм
Дыщэ къыпыщэщу
Абы ещ1эр псори
И къалэн къыф1эщ1у.
Щыскъым ар 1уэху хъуамэ Зэик1 епэщэщу Зэф1игъэщ1у ахэр
Езым ейм щымыщу.
Жа1эр мамэ и 1эм
Дыщэ къыпыщэщу,
Сак1элъоплъыр ахэм
Сэ защызмыгъэнщ1у.
Ауэ си ф1эщ хъуркъым,
Сэ абы зезгъапщэм,
Си 1э ц1ык1ухэр мамэ
И 1эхэм щымыщу.
Бицу Русиянэ
Анэм и куэщ1ым уилъым
Нэхъыф1 щымы1эу солъытэ,
Анэм и 1эр уи щхьэм къыдилъэм
У и гур хэхъуэу къыпщохъур.
Анэм къуит хуабэр
Дэни щылъыхъуэ бгъуэтынкъым а хуабэр,
Ухуейм дэпхуэдэуи жы1э
И псэр ш1итынущ хуей хъумэ
Анэм нэхъапэ щымы1э.
Хьэнцэ Альбинэ
Сэр папщ1э жеиншэу
Нэху куэдхэр уэ бгъэщт
Ц1э лейхэр бжыгъэншэу
Уахэдэу къысф1эпщт.
Уи макъыр сэ си псэт
Сигу хуабэ къысхуищ1т
Окопэм сыщисми
Зэхэсхыу къысф1эщ1т
Зауэшхуэм и гъуэгуу
Гъуэгу к1ыхьу сэ ск1уам
Слъэгъуакъым уи нэгум
Гуэк1уагъэк1э тек1уа
Уи нит1ым нэхъ гуапи
Слъэгъуакъым зым ей
Уи шхынхэм нэхъ 1эф1и
Ехакъым си джий
Уи 1ит1у си цейхэр
Зыдыжхэу щытам
Хуэдэ1э дунейм
Сэ сщ1эркъым тетау.
Уэрэд «Мама»
1 вед. Ц1ыхур гузэвэгъуэ хэхуэу 1эмалыншэ дыдэу къыщынэм деж, и гур япэ зыхуэжэр анэрщ… И псэм къилъыхъуэр аращ…
2 вед. Фэ гу лъывмытэжагъэнк1и мэхъу, ауэ 1уэхур и нэм щынэсым, фигухэр сэ къызэджащ. Фи псэхэм сыкъышащ …. Анэпсэхэр зэи л1эркъым. Ар бынхэм я гущ1эм щопсэу. Нэрымылъагъуу. Къатемыплъэкъук1ыу. Я ф1ым иригуф1эрэ я 1ейм иригумащ1эу….
Сыту пасэу жьы ухъуа уэ мамэ,
Сыту пасэу сэ балигъ сыхъуа
Жэщи махуи иджы 1э бдэслъами,
Схуэщ1ыжын сэ щ1алэ уи щхьэ тхъуар?
Сот1ысэх уи гъащ1эм сегупсысуи
Хъуам уи теплъэ къызетыр гухэщ1.
Зэрешам уэ апхуэдизу уи псэр
Си зэрану куэд хэлъу къысф1ощ1.
Дунейм теткъым хунэсауэ анэм
Хуищ1эжыну игу илъ псор зы бын
Ауэ мырщ сэ жыс1эр сигу ит1ани:
Си гулъытэр пасэу уэ пщ1ыгъуамэ,
Щ1эх мыпхуэдэу мамэ умыхъунт.
А гупсысэм сэ иджы сыкъес,
Сыкъес сыкъэсащи уи деж к1асэу
Уэ уи гъащ1эр уохь иджы хэлъ-хэсу
Сэри уи п1э лъапэм мис сытесщ.
Схупыщэну махуэ, сщ1амэ уи гъащ1эм
Уэ си гъащ1эр щхьэузыхь пхуэсщ1ынт
Махуэ къэс иджы сыныпхуоп1ащ1э
Си нэ къик1ыу уэ сынып1уплъэн.
К1уэк1уэ Иннэ
1 вед. Анэм теухуауэ зы тхыгъэ нэхъ мыхъуми зи 1эдакъэ къыщ1эмык1а
тхак1уэ щы1экъым жып1эми ущыуэну си гугьэкъым.
2 вед. Анэ псалъэр гъащ1эм и тыгъэ нэхъыф1хэм щыщу жып1э хъунущ, арауи къыщ1эк1ынщ мыпхуэдэ псалъэжьхэри хъыбархэри щ1ыщы1эр:
Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.
Анэ зимы1эм гу1эр и махуэщ.
Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.
Анэм и быным хуищ1эр ф1эмащ1эщ.
Анэм къуипэсыр гунэсщ
Анэм къуитыр 1эф1щ.
Быныр нэм и хъуахуэщ.
Анэм и щапхъэр пхъум и бзыпхъэщ.
Анэнэп1сыр уэсым нэхърэ нэхъ щ1ы1эщ.
Бзаджэр уи пэшэгъумэ, уи анэ мыгъуэ хъунщ.
Анэнэп1эсрэ гупк1э т1ысып1эрэ.
Сабийм адэ имы1эжмэ, зеиншэкъым, анэ имы1эжмэ, зеиншэщ.
Уэтхэ Адиссэ, Дисанэ
Киштыкова Песня
1 вед. Анэ. Сыт хуэдиз 1эф1агърэ гуапагърэ къуитрэ мы зы псалъэм,сыту мыхьэнэ куэд къик1рэ мыбы. "Анэр анэщ" жып1эмэ, абы псори къок1: укъызэрилъагъури зэрыплъагъужри, къыпхуи1э щытык1эри, хуи1эжри, зэрумыужэгъури укъызэримыужэгъури. Куэдрэ, куэдыщэрэ, уеблэмэ игъащ1эк1э зэрыбгъэпсэунури.
2 вед. Анэм и 1эф1щ япэ дыдэ зыхэпщ1эри, зи хуабэ къыплъысри,зи лъагъуныгъэ мык1уэщ1к1э зозыгъэгъэнщ1ри. Аращ псоми нэхърэ нэхъ насыпыф1э уищ1ыну хущ1экъури, игъащ1эк1э къомыфыгъуэну-къомыижынури, сыт хуэдиз ехъул1эныгъэ е къулеягъэ умыгъуэтами. Гъащ1э мыхъумыщ1эми, зэман бзаджэми а зырщ-анэрщ-зызымыхъуэжу къанэр. 1вед. Куэдрэ тхурепсэу ди анэхэр, ди япэ куэдрэ тхьэм анэхэр иригъэт, яхуэтщ1ыфу анэхэм дэ гулъытэ нэс. Ди насыпщ ди анэхэр тхуэпсэумэ. Ди насыпщ, ди анэхэр дунеягък1и ахърэтк1и къытхуэаразымэ.
– Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,
Ухэтми дэпым –
Уэ зэщIэувыIыкI.
Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,
Ажалу щытми къожьэр –
КъызэплъэкI.
Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,
Сэр ныкъуэкъихмэ сампIэм –
Ар илъхьэж.
Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,
Шэ бутIыпщам –
ЛъэщIыхьи къегъэгъэзэж…
МафIэс, къурш лъалъэ,
Дунейр зыхьыж псыдзэ…
– ЩымыIэ, сянэ, сэ сызыубыдын,
Щызэхэсхам къыбжьэдэкIауэ си цIэ.
Ар схулъэкIынщ сэ, Сэ – уэ сурибынщ!
Ауэ сыныщожал1эм щтэ1эщтаблэу,
Дапщэщи хуэдэу,
Къызже1э къудей:
«Сигу укъэк1ауэ арат т1эк1у, си щ1алэ…»-
Гуф1эгъуэм си гур хэтк1ухьынщ абдей.
Семыжьэ 1ей.
Ди тхьэшухэм ар имыухк1э
Къэхъуну яужь дыдэу сыщебджэж:
Ит1ани быдэу зызогъэ1ущыж:
Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ-
И пащхьэм псынщ1эу нэси, сыну щыж.
Бицу Анатолэ
Джэдгъэф Джамилия
Пшынэ макъамэ.
2 класс
Мамэ, папэ, нанэ, дадэ
Нанэ же1э сэ сринэу,
Дадэ же1э сэ срипсэу,
Мами папи къызэхъуапсэу
Нанэ и куэщ1 сисщ сэ.
Нанэ же1э сэ сы1эф1у,
Дадэ же1э сэ сыфоууэ,
Мами папи къэмыфэфу
Дадэ сэ 1эгу схуоуэ.
Мамэ, папэ, нанэ, дадэ,
Сэ фэ зыми сыфхэмыдэ-
Мамэ-мамэщ, папэ-папэщ.
Нанэ си нэщ, Дадэ си псэщ.
Нанэ жа1э си анэшхуэу,
Дадэ жа1э си адэшхуэу,
Ауэ мамэ нэхъ нэхъ ц1ык1ухэщ
Т1ури фэк1э сэ нэхъ сэщхьхэщ.
Нанэ жа1э си анэшхуэу,
Дадэ жа1э си адэшхуэу,
Ауэ папэ нэхъ нэхъ ц1ык1ухэщ.
Емызэшу сагъэджэгухэ.
Мамэ, уэри папэ схуже1эж,
Нанэ, уэри дадэ схуже1эж,
Псори ф1ыуэ фызэлъагъур.
Сэри псоми сыволъагъур.
Пэщты Сафия
Жылэтеж Сэлэдин
Гугъуэт Миленэ Къыз Миленэ
Нанэ сощ1 сурэту,
Пэгунит1 и1ыгъыу,
И 1элъэщ1ыр телъу
Куэбжэм къыщыспэплъэу.
Дыгъэр гуапэу къопсыр.
Удзхэр дахэу къок1.
Ахэм сагъэгуф1эу
Нанэ си гум къок1.
Сэ нэгъуэщ1 гуф1эгъуи
Къыспоплъэ гъэмахуэм:
Къуажэм сык1уэжынурэ
Нанэ сыщ1ыгъунущ!
Нанэ 1уэху хуэсщ1энущ!
Нанэ ба хуэсщ1ынущ!
Уэрэд «Нанэ»
1вед. Нобэ зыхэтха псалъэхэм дригъэгупсысыжащ, анэхэм къытхуащ1э
псори. Мы дунеишхуэм ф1ыгъуэу телъым нэхърэ нэхъыф1щ ди анэхэр.
2 вед. Быну щы1эм ягу сыкъипсэлъык1ыу
Анэ псоми хъуэхъу сэ фхузо1этыр Къахуэвгъэгъуу бынхэм я сэкъатыр
Насып лъагэм фи щхьэр фигъэ1эту.
Фытхуэпсэу къепсыхук1э щ1ылъэм дыгъэ.
1 вед. Анэ, анэ, анэ дыщэ
Быну щы1эр си щхьэм хузогъадэ
Фи щхьэц тхъуахэр хурегуф1э ф1ыгъуэм.
Бын гуф1эгъуэм напщ1эр дыхэлъэту.
Жьыщхьэ махуэу бынхэм фащхьэщыту.
Фытхуэпсэу къепсыхук1э щ1ылъэм дыгъэ.
2 вед. Нобэрей ди зэ1ущ1эр абдежым щызэхудощ1ыж.
1 вед .Узыншэу фыщытхэ!
Адыгэбзэр зыгъэдахэм ящыщщ хъуэрыбзэхэр. Хъуэрыбзэр зыгъаф1эр гушы1эрщ, ауанырщ. Хъуэрыбзэр зылъэмы1эсрэ зытемы1эбэрэ щы1этэкъым. Абы и бзэр дыджщ, ауэ шэрыуэщ, гухэгъэщ1щ, ауэ гушы1эщ.