.
Темэр: Рассказ «Гулъытэ» К1уант1э 1эзид
Мурад нэхъыщхьэхэр: Рассказыр зытеухуам щыгъуазэ щ1ын, авторым
апхуэдэ псалъащхьэ къыщ1игупсысам и щхьэусыгъуэр
жегъэ1эн.
Я гулъытэ, гукъэк1хэм зегъэужьын.
Рассказым къыщек1уэк1 1уэхугъуэм ехьэл1ауэ я 1уэху
еплъык1эр къыжа1эфу егъэсэн.
Рассказым къыхэщ сабийхэм я щытык1эхэм
характеристикэ иратыфын.
Гъэсэныгъэ, ц1ыхуф1агъ и лъэныкъуэк1э мыхьэнэ
нэхъыщхьэр рассказым къыхагъэщын.
УУД-хэм я къэлэн нэхъыщхьэхэр:
Личностнэ 1уэхугъуэхэр: Самооценкэ егъэщ1ын
Рассказым хэт сабийхэм я п1э я щхьэ ирагъувэк1эрэ
зэгъэпщэныгъэхэр ирагъэк1уэк1ын.
Регулятивнэ 1уэхугъуэхэр: Урокым и темэр зэхагъэувэфын, я лэжьэк1эм оценкэхэр
иратын, рефлексия.
Познавательнэ 1уэхугъуэхэр: Логическэ зэгъэпщэныгъэхэр.анализхэр. блок схемэхэр
егъэщ1ын.
Коммуникативнэ 1уэхугъуэхэр: жэуап тэмэмхэр ятыфу, адрейхэм едэ1уэфу, я гупсысэхэр
зэк1элъыхьауэ къа1уэтэфу гъэсэн.
Урокыр зэрек1уэк1ынур.
1.Организационный момент.
Гукъыдэж фи1эу фылэжьэну сынывохъуэхъу псоми. Нобэрей ди урокым щыдджынущ К1уант1э 1эзид и рассказ «Гулъытэ» жыхуи1эр.Рассказыр джын щ1эдмыдзэ щ1ык1э, фигу къэвгъэк1ыжи къызжеф1э, ц1ыхум и дуней тетык1эм ,хьэл-щэнхэм ехьэл1ауэ дызэджа тхыгъэхэм я ц1эр ,ахэр нэхъ зытеухуауэ щытыр. (Сабийхэм къырабжэк1) – «Л1ымрэ жыгымрэ» (таурыхъ), «Пц1ащхъуэ ц1ык1у»(таурыхъ), «Щ1алэм и насып»(хъыбар) н.къ.
К ъевбжэк1а тхыгъэхэр е хъыбарщ, е таурыхъщ, е рассказщ. Ахэр псори литературэм и жанырщ. Къыжыф1эт, рассказыр е хъыбархэм , е таурыхъхэм сытк1э къащхьэщык1рэ?
(сабийхэм жэуап ят)
- Рассказхэр ц1ыхухэм , абыхэм гъащ1эм щалэжь 1уэхугъуэхэм теухуауэ щытщ, абыхэм 1еймрэ ф1ымрэ гу лъыдагъатэ, куэдым драгъэгупсыс, пэжыгъэм, ц1ыхуф1агъэм дыхураджэ.
Къевбжэк1а тхыгъэхэм хэт ц1ыхухэм , мыбы ц1ыхугъэ хэлъщ, мыбы хьэл-щэн дахэ и1эщ,мыр ц1ыхуф1щ зыхужып1эфынухэм епхьэл1э хъуну щэнхэр, фи ст1олыщхьэм телъ карточкэхэм ит псалъэхэм фыкъеджи къыхэфх.
2. (Работа в парах) Зэгъусэу мэлажьэ. Хьэзыр хъуахэм зэгъусэу я 1эр я1эт.
Карточкэхэм ит псалъэхэр:
- Зэранщ1ак1уэ
- ц1ыхуф1
- гугъыдэж зи1э
- хахуэ
- фыгъуэнэд
-зыми щымышынэ.тегушхуэныгъэ зи1э
- пэжагъ зыбгъэдэлъ
- лэжьыгъэр зи 1эпэгъу
- пц1ы1уэпц1ышэ
-ерыщагъ зыхэлъ
- сыт хуэдэ 1уэхуми егугъу ц1ыху
- къэгубжьырей
- шы1эныгъэ зыхэлъ.
Сабийхэм къыхаха щэнхэр кърабжэк1, иужьк1э слайдк1э ойплъыжхэр.
3. Фегупсыси къыжыф1э, «ц1ыхугъэ» жыхуи1э псалъэм къик1ыр, абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр, апхуэдэ ц1ыхум бгъэдэлъын хуей щытык1эр. (сабийхэм я жэуапхэр къат, иужьк1э схемэ ящ1)
Ц1ыхугъэ (человечност ь)
псапэ (милосердие) гукъэк1(тёплое,доброе
(благотворение) человеческое
внимание)
гущ1эгъу (сочувствие) гулъытэ (нравственное внимание)
ф1ыщ1э (благодарность)
Дауэ феплърэ, фэ фщыщ дэтхэнэ зыми зыхужи1эжыфыну п1эрэ, ц1ыхугъэ хэлъу?
-Карточкэхэмк1э сывгъэлъагъу: - удзыфэ- сэ ц1ыхугъэ схэлъщ
- плъыжь- сэ иджыри ц1ыхугъэшхуэ схэлъкъым
- гъуэжь - сэ иджыри къызгуры1уэркъым ц1ыхугъэр
зищ1ысыр
4. Ет1уанэ карточкэм дролажьэ .
Къехыгъуэхэм ит псалъэхэм фоджэри зэхывогъэк1, дэтхэнэра гъащ1эм нэхъ увып1эшхуэ щызыгъуэтыр. Иужьк1э зыхэфлъхьэну фызыхуей щэнхэр щ1ывотхъэри гъурыгъуурэ фыкъоджэ.(работа в парах)
Ц1ыхугъэ Адыгагъэ
Хьэтыр Ц1ыхугъэ
Псапэ Нэмыс
Гущ1эгъу Л1ыгъэ
Гулъытэ Акъыл
Гукъэк1 Напэ
Ф1ыщ1э
Дауэ фегупсысрэ, ц1ыхугъэ зыхэлъымрэ зыхэмылъымрэ зэщхь? Сытк1э зэщхьэщык1рэ ахэр? (сабийхэм жэуап къат).
Жэуап къызэфтахэм ипкъ итк1э, ди урокым и мурад нэхъыщхьэр къыжыф1ыфыну п1эрэ?
Сытым дытепсэлъыхьыну нобэ?
Саб.- Сэ сызэригугъэмк1э, рассказыр къэдгъэсэбэпурэ ц1ыху хьэл-щэным , ц1ыхум и дуней тетык1эм, гулъытэ хэлъын хуейм дытепсэлъыхьынущ.
Егъ.- Дауэ фегупсысрэ, мыпхуэдэ псалъащхьэ щхьэ хуищ1а мыбы авторым? (саб.жэуап къат). Абзацхэр къызэрыщ1идзэм феплъ, доскам ит сурэтхэм феплъи къыжыф1э, сыту п1эрэ рассказыр зытеухуауэ щытынур?
Саб. – Сэ сызэригугъэмк1э……………………..(жэуапхэр жа1э)
-- Сэ сызэреплъымк1э ……………………..
-- Сэ къызэрысф1эщ1ымк1э ………………
5. Сабийхэр гъурыгъурэ йоджэхэр .
Еда1уэхэм упщ1эхэр еджэм ират ,зэджар къыгуры1уарэ къыгурымы1уарэ къращ1эну.
Егъэджак1уэм упщ1эхэр сабийхэм ярет, сабийхэм жэуапхэр къатыж.
– Фигу ирихьа рассказыр?
-- Фи гугъахэмрэ рассказыр зытеухуамрэ зэтехуа?
-- Мы сурэтыр темэм епхьэл1э хъуну? (слайдхэр егъэлъэгъун)
-- Сыт хуэдэ фрагмент абы къигъэлъагъуэр?
-- Сытым фи гур нэхъ дихьэха, сытхэр фигу ирихьа?
-- Сыт хуэдэ мурадк1э авторым Светэ и проблемэхэр ди пащхьэ къырилъхьа?
Сабийхэр анэм хуа1э лъагъуныгъэм, гулъытэм топсэлъыхьхэр.
-- Иджыри сытым гу лъыфта? (ныбжьэгъугъэм топсэлъыхьхэр, Светэ и 1уэхухэр зэрыдагъэпсынщ1ам и гугъу ящ1)
6. Рассказым еджа, тепсэлъыхьа иужьк1э блок – схемэ ящ1ыр.
Анэ
Сымаджэ температурэ и1эт
хъуащ
къэтэджыфыртэкъым
Светэ
Сусанэ
ныбжьэгъухэр
Азрэт,Лалу, Мэржан, Лъостэн, Натэ.
дохутыр, хущхъуэ
тхьэмахуэк1э дэ1эпыкъуащ унэ лэжьыгъэр къыхуахьурэ
ирагъэщ1ыжащ.
-Мы сабийхэмрэ я егъэджак1уэмрэ ц1ыхугъэ яхэлъу жып1э хъуну? Апхуэдэу фигугъэмэ фи тхьэмпэхэр къэвгъэсэбэпи фи жэуапхэр сывгъэлъагъу.
удзыфэ-нт1э хъунущ
плъыжь- хьэуэ хъунукъым
гъуэжь – къызгуры1уакъым
Мурад пщ1ар къохъул1эн папщ1э сыт пщ1эн хуейр?
- Уи псалъэ бгъэпэжыфу ущытын хуейщ.
- Сабийхэм ар къехъул1а? (жэуапхэр къат)
Итог.
Урокыр щыщ1идзэм мурад зыхуэдгъувыжар къывэхъул1ауэ фыбжырэ?
(жэуапхэр къат).
- Урокыр зэрек1уэк1ар фигу ирихьа? Ирихьауэ щытмэ фи тхьэмпэхэр
сывгъэлъагъу.
удзыфэ- сигу ирихьащ, сф1эф1у, сф1эгъэщ1эгъуэну сылэжьащ
гъуэжь – урокым къыщек1уэк1а псори сигу ирихьакъым
плъыжь – къызэхьэлъэк1ыу, къызгурымы1уэу сыщ1эсащ.
8.- Фыкъыдэк1ыурэ фи тхьэмпэхэр ди жыгым пыфщ1э .
(жыг сурэт доскам итщ)
Егъэджак1уэхэмрэ сабийхэмрэ йоплъыжхэр, урокыр зигу ирихьа, иримыхьа, къызэгуры1уа, къызэгурымы1уахэм.
Унэ лэжьыгъэ.
Рассказым ехьэл1ауэ сурэт щ1ын, мыпхуэдэ темэхэмк1э.
«Светэрэ и анэмрэ», «Зэныбжьэгъухэр», «Егъэджак1уэмрэ сабийхэмрэ»
Сэри урокым иужь дыдэу сызыхуейр нывжес1энщ .
Ст1олыщхьэм телъ конвертхэр къызэтефхи феджэ. (конвертым тхылъымп1э дэлъщ, абы тетхащ: « Уи япэк1э къэк1уэну псом уегупсысауэ, псапэрэ гуапэрэ блэжьу псэу, ц1ыхуф1у ущытыныр нэхъ тыншщ, ц1ыху 1ейуэ ущытын нэхърэ!».
Абдежым ди урокыр иухащ, узынщэу фыщытхэ!