Темэр: Тхьэгъэзит Зубер « Лъахэ уэрэд».
Мурадхэр: 1.Тхьэгъэзит Зубер и творчествэм щыгъуазэ щ1ын;
« Лъахэ уэрэд» усэр егъэджын.
2.Щалъхуа хэкур ф1ыуэ ялъагъуу щытыным еджак1уэ-
хэр хуэущиин; абы иригушхуэу,ар ягъэдахэу щытыным
хущ1эгъэкъун.
3.Хэкум теухуа псалъэжьхэр ягу къегъэгъэк1ыжын.
Къэгъэсэбэпыпхъэр: тхылъ, тетрадь, магнитофон, кассетэ,
сурэтхэр, ИКТ проектор.
Урокым и планыр:
I . Зыхуэзыгъэхьэзыр дакъикъэ:
Сэлам зэхын, гъэт1ысын, урокым и темэмрэ абы щалэжьынухэмрэ
щыгъуазэ щ1ын.
II . Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын ( Брат Хьэбас «Замир»)
Рассказым щыщ пычыгъуэ идогъэда1уэ, ар зыщыщыр къащ1э.
Брат Хьэбас и творчествэм к1эщ1у топсэлъыхь.
Рассказк1э зэджэр къыжа1э.
«Замир» рассказым щыщ едзыгъуэ гук1э къыжа1эж.
III . Темэщ1эм щыгъуазэ дощ1 ( Т. З. «Лъахэ уэрэд» )
Доскам щыф1эдза сурэтхэм гу лъыдогъатэ, абы къыщыгъэлъэгъуар ди Къэбэрдей дахэр зэрыарар жыдогъэ1э.
Хэкум теухуа уэрэд идогъэда1уэ,абык1э «Лъахэ уэрэд» усэм бгъэдыдошэ.
Тхьэгъэзит Зубер и творчествэм к1эщ1 дыдэу щыгъуазэ дощ1, усэм дакъыхуоджэ, зэпкърыдох.
Усэм хэт художественнэ – изобразительнэ 1эмалхэр (тропхэр) къыщыдогъэгъуэт.
IV. Урокыр егъэбыдыл1эжын:
Чэзууэрэ еджак1уэ зытхух усэм къыдогъаджэ.
Усак1уэ, макъамэтх, уэрэдус яц1ыхухэм я гугъу ящ1.
V. Урокыр къызэщ1экъуэжын:
Урокым и к 1 уэц 1 к 1 э щыгъуазэ зыхуэхъуар , ар зытхар къыжа 1 э .
Хэкум теухуа усэ зытха тхак 1 уэ яц 1 ыхужхэр кърабжэк 1.
Дызытепсэлъыхьа 1 уэхугъуэхэм епхьэл 1 э хъуну псалъэжьхэркъыжа 1 э
VI. Оценкэ догъэув, унэ лэжьыгъэ ядот .
Урокым и ек 1 уэк 1 ык 1 эр :
I
Егъ .: Фи махуэ ф 1 ыуэ !
Едж .: Фи махуэ ф 1 ыуэ !
Егъ .: Фыт 1 ыс , урокым фызыхуеину псори тэмэму къэвгъэхьэзыр . Мы урокым нобэ унэ лэжьыгъэр къэтпщытэжынущ , Тхьэгъэзит Зубер и усэ « Лъахэм уэрэд »- м щыгъуазэ зыхуэтщ 1 ынущ . Хэкум ехьэл 1 а псалъэжьхэр дигу къэдгъэк 1 ыжынущ . Иджыпсту зэхэфхыну пычыгъуэр зыщыщыр сыт ? Хэт ар зытхар ? ( Зы еджак 1 уэм гук 1 э зэригъэщ 1 эн хуея 1 ыхьэр къыже 1 эж , псори йода 1 уэ ).
II
Едж.: Мы дызэдэ1уа пычыгъуэр Брат Хьэбас и «Замир» рассказым щыщщ.
Егъ.: Брат Хьэбас теухуауэ сыт фщ1эр?
Едж.: Ар Къэрэшей-Шэрджэсы и Хьэбэз районым хыхьэ Малэ Зеленчук
Къуажэм 1934 гъэм къыщалъхуащ. 1953 гъэм Черкесск дэт педучилищер къиухащ, 1957 гъэм къыщыщ1эдзауэ «Ленин нур» газетым щолажьэ. Абы итха рассказхэм ящыщщ «Замир» зыф1ищари.
Егъ.: Сыт а рассказыр зытеухуар?
Едж.: Брат Хьэбас и «Замир» рассказыр теухуащ зауэм ц1ыхум насыпыншагъэ къызэрыхуихьым, ер зи лъэужь зауэр къэмыхъун папщ1э, мамырыгъэр гъэбыдэн зэрыхуейм.
Егъ.: Упсэу, тэмэмщ. Иджы, ц1ык1ухэ, къыжыф1эт, сыт рассказк1э зэджэр? Литературэм и сыт хуэдэ жанр зыхыхьэр ар?
Едж.: Рассказыр прозаическэ тхыгъэ л1эужьыгъуэхэм ящыщ зыщ, художественнэ тхыгъэхэм нэхъ ц1ык1ухэм ящыщщ, абы литературнэ л1ыхъужь куэд хэт хабзэкъым. Ар эпическэ-прозаическэ жанрым хохьэ. Рассказым и щапхъэщ Брат Хьэбас и «Замир»-р, Щоджэнц1ык1у Алий и «Хьэжыгъэ пут закъуэ»-р.
Егъ.: Хъарзынэу жэуап къывот. Иджы а рассказым щыщ пычыгъуэ
гук1э зэрызэвгъэщ1ар къэтщ1энщ. Хэт гук1э къызжи1эн? Жы1эт, Беллэ.
Едж.: (рассказым и 1ыхьэ гук1э зэрагъэщ1ар къыжа1э).
Егъ.: Фыпсэу, тэмэму унэ лэжьыгъэр вгъэзэщ1ащ. Мы зи гугъу тщ1ы рассказыр Хэкум нэхъ лъап1э зэрыщымы1эм, ар хъумэн зэрыхуейм теухуащ. Хэкур бийм щыхъумэным папщ1э зи псэ щымысхьахэм яхуейт къэк1уэну щ1эблэр мамыру псэуну. А зауэшхуэ ек1уэк1ам ди лъэпкъым, адыгэхэм щыщ куэд хэтахэщ, куэдми я псэр хуитыныгъэм щ1атащ. Фэ фщ1эуэ п1эрэ ди адыгэ л1ыхъужьхэм я ц1эхэр?
Едж.: Дощ1э. Къардэн Къубатий, Къардэн Бубэ…
Егъ.: Хъарзынэщ. Мис мы сурэтхэми къыщыгъэлъэгъуащ ахэр. Дэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ахэр щ1эзэуа, зыщ1эбэна 1уэхур. Сыт щыгъуи мамырыгъэм дырителъхьэу, ди щ1ыналъэм дригушхуэу, едгъэф1ак1уэу, фэ щ1эблэм Хэкум и дахагъэр евгъэф1ак1уэу щытын хуейщ. Уи лъахэр бгъэлъэп1эныр, бгъэлъэгэныр, абы уригушхуэныр щхьэпэщ. Иджыпсту зы уэрэд гуэр федэ1уэну сыхуейщи, щэхуу фыт1ысыт. (уэрэдыр къоуэ).
Егъ.: Сыт зи гугъу ищ1ыр мы уэрэдым?
Едж.: Хэкум, ар зэрыдахэм, зэрылъэщым ирогушхуэ, езыри къэфэну, гуф1эну къыхуреджэ.
Едж.: Мы уэрэдыр жызы1эри, зытхари ирогушхуэ адыгэ Хэкум. Фыщыгъуазэу п1эрэ а уэрэдыр жызы1эм, ар зытхам?Адыгэ уэрэджы1ак1уэхэм щыщу хэт сымэ фц1ыхур?Макъамэтххэри фц1ыхурэ?
Едж. : Уэрэджы1ак1уэ: Тут Заур, Пщыгъуэш Юрэ, Нэхущ Чэрим, Сэкъур Ольгэ, Кърым Иринэ, Зеуш Ауес, Мэремыкъуэ Хъусен…
Макъамэтххэр: Согуэ Данил, Думэн Мурадин, Ли Аслъэн, Мами
Аслъэн…
III
Егъ.: Пэж дыдэщ. Нобэ дэ щыгъуазэ зызыхуэтщ1ыну усэр зытхари и Хэкум ирогушхуэ. Ар Тхьэгъэзит зуберщ. И усэ дызэджэнур «Лъахэ уэрэд» зыф1ищарщ. Зубер Тэрч къалъэ къыщалъхуащ. Школыр къиуха нэужь ди КъБКъУ-м щеджащ. Пасэу тхэн щ1идзащ. И тхыгъэхэр гъащ1эм куууэ епхат, ц1ыху куэдым я гум нэсу щытти ц1эры1уэ хъуащ. И тхыгъэф1хэм ящыщщ «Лъахэ уэрэд» усэр.
(Усэм дакъыхуоджэ).
Егъ.: Нет1э уэрэдк1э зэхэфхащ лъахэм, адыгэ хэкум зэрыригушхуэр.
Иджы къызжеф1эт, хэт сымэт «щалъхуа щ1ыналъэм хуэусэн» мурадыр куэд щ1ауэ зи гум илъыр?
Едж.: Усак1уэм, макъамэтхым, уэрэджы1ак1уэм.
Егъ.: Сыт усак1уэм ищ1ар, и хэкур игъэбжьыф1эн, игъэлъэп1эн папщ1э?
Едж.: Усак1уэм усэ итхащ, а и усэм къыщигъэлъэгъуащ хэкум и теплъэ дахэр.
Егъ.: Хэт къеджэн абы теухуауэ усэм хэт едзыгъуэм?
Едж.: Хилъхьащ усак1уэм а и усэм
Гъуэгу махуэлыншэм къихь насыпыр,
Щхьэмыж бэгъуахэм я 1ущащэр,
Зауэл1ым зауэм щищ1эф л1ыгъэр,
Маипэ розэм и дахагъэр,
Уафэгум ит бгъэм и уардагъыр.
Егъ.: Тэмэмщ. Къызжеф1эт, сыт «гъуэгу махуэлыншэм» къик1ыр?
Едж.: Зы махуэ дэмык1ыу гъуэгу тет жыхуи1эщ, емызэш, щхьэх зымыщ1эщ.
Егъ. : «Маипэ розэм» сыту п1эрэ къригъэк1ыр усак1уэм?
Едж. : Гъатхэ пасэм и дахагъэр жыхуи1эщ, гъатхэм дунейм псэщ1э
къызэрыхыхьэр арщ.
Егъ.: Сыт макъамэтхым теухуауэ жи1эр усак1уэм? Едж.: Игу илът куэд щ1ауи макъамэтхым
Щалъхуа щ1ыналъэм хуэусэн –
Лъэк1ащ гум хыхьэ макъамэф1к1э
Ар лъахэм бзэншэу хуи1уэтэн.
Егъ.: Макъамэтхыр хэт?
Едж. : Макъамэтхыр композиторщ.
Егъ. : Сыт-т1э уэрэджы1ак1уэм ищ1ар, и хэкур игъэлъэп1эн папщ1э?
Едж. : Илът уэрэджы1эм игу куэд щ1ауэ
Щалъхуа щ1ыналъэм хуэхъуэпсэн –
Лъэк1ащ гурыхь щыхъуа уэрэдыр
И лъэпкъым макък1э яхихьэн.
Щигъэзэщ1ащ ар бэм я пащхьэм
Уэрэджы1ак1уэм жьгъыру макък1э,
Хыхьати я гум, а уэрэдыр
Хъуащ ц1ык1уми инми я1урылъ.
Егъ.: Сыт «жьгъыру макъ» жи1эм къик1ыр?
Едж. : Макъ дахэ, ин, гуак1уэ, псоми ягу ирихь.
Егъ. : Ц1ык1ухэ, усэм ик1э сатырит1ым феплъыт:
… Щым я гурылъыр бэм иратри,
А тыгъэр хъуащ лъэпкъ псо гурылъ!
«Псо» жи1эу щхьэ итха? Щхьэ «псэу» жи1эу имытхарэ?
Едж.: Псо – зэу1у, зэгъусэ, куэд жи1эу аращ.
Псэу – «живи» жихуи1эщ.
Егъ. : Художественно-изобразительнэ 1эмалхэм щыщ гуэрхэр хэту п1эрэ?
Едж. : Хэтщ. Къэгъэпсэуныгъэ:
«Лъэк1ащ и лъахэм епсэлъэн», «Щхьэмыж бэгъуахэм я 1ущащэр».
Егъ.: Тэмэмщ. Къыжыф1эт, сыт «Лъахэ уэрэд» усэмк1э усак1уэм жи1эну зыхуеяр?
Едж. : (егъ. дэ1эпыкъуурэ) Усак1уэми, уэрэджы1ак1уэми, макъамэтхми ягъэлъэп1ащ я хэкум и къулеягъыр, и дахагъыр, и гурылъ къабзэр. Абык1э усак1уэм къигъэлъэгъуащ а щым ещхьыркъабзэу дэтхэнэ зы ц1ыхуми щалъхуа и хэкум хуи1э лъагъуныгъэ абрагъуэр. Ар ек1уу къыщыгъэлъэгъуащ усэм и к1эух сатырит1ым. Нэрылъагъущ апхуэдэ мурадыр ц1ыхухэм я насыпым зэрыпыщ1ар.
(Усэм чэзуурэ къыдогъаджэ)
Егъ.: Хэкум теухуа усэ зытхар Зубер и закъуэ, хьэмэрэ нэгъуэщ1 тхак1уэхэми ятхауэ п1эрэ? Хэт и усэхэм фыщыгъуазэ?
Едж. : К1ыщокъуэ Алим «Адыгэ хэку», Бещтокъуэ Хьэбас «Адэжь щ1ыналъэ»…
Егъ. : Пэж дыдэщ. К1ыщокъуэм и усэм макъамэ щ1алъхьэжауэ щы1эщ. Иджы, ц1ык1ухэ, фэ лъахэм щхьэк1э жыф1эну фызыхуейр схуэфтх сочиненэ-миниатюрэу.
(Еджак1уэхэм к1эщ1у Хэкум хуа1э гурылъхэр ятх. Къоджэж).
Егъ.: Тэмэмщ, хуви1э лъагъуныгъэр зыхуэдэри къэтщ1ащ. Псалъэжь зыт1ущ къыжыф1эфыну п1эрэ, ди нобэрей урокым ехьэл1ауэ?
Едж. : «Бланэ щалъху мэк1уэж», «Уи анэр гъэгуф1и уи хэкур гъэдахэ», «Хэкуншэ насыпыншэ»…
Егъ.: Фыпсэу, тэмэмщ. Иджы, ц1ык1ухэ, нобэрей урокым зи гугъу тщ1ахэр къэтпщытэжынщ. Сытым щыгъуазэ дыхуэхъуа? Щ1эуэ сыт къэфщ1а?
Едж. : Тхьэгъэзит Зубет и усэ «Лъахэ уэрэдым» щыгъуазэ дыхуэхъуащ, Хэкум теухуа уэрэд дедэ1уащ, сочиненэ-миниатюрэ ттхащ.
Егъ. : Хъарзынэу длэжьахэр къыжыф1эжащ. Урокым фызэрыхэлэжьыхьа елъытауэ оценкэ фхуэзгъэувынщ. Унэ лэжьыгъэуи фызот а усэм гъэхуауэ фэджэну, дыщыпсэу щ1ыналъэм, Хэкум ехьэл1а сурэт фщ1ыну. Аращи, ц1ык1ухэ, ди урокым иухащ. Узыншэу фыщытхэ!
7