Темэр : К1уащ Бет1ал и «Нэху» поэмэм и гупсысэ нэхъыщхьэр,
поэмэм и сюжетыр.
Мурадхэр : К1уащ Бет1ал и «Нэху» поэмэм и гупсысэ нэхъыщхьэм,
поэмэм и сюжетым еджак1уэхэр щыгъэгъуэзэн; адыгэ
лъэпкъым и блэк1ар, къик1уа гъуэгуанэр зыхуэдэр еджа-
к1уэхэм егъэщ1эн; я Хэкум ф1ылъагъуныгъэ хуа1эу,
ц1ыхугъэ яхэлъу, ц1ыху пэжхэу еджак1уэхэр гъэсэн.
Урокым и эпиграфыр: «К1уащ Бет1ал. Зи шы тесык1э зи1эж
усак1уэ».
Урокым къыщызгъэсэбэпар : ди Хэкум, Къэбэрдейм и теплъэ дахэ-
хэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр.
Урокым и ек1уэк1ык1ар:
I . Урокым и щ1эдзап1эр.
Егъэджак1уэм и псалъэ:
- Фи махуэ ф1ыуэ! Фыт1ыс. Нобэ адыгэ литературэ урокым дгъэзэщ1эну ди мурадщ К1уащ Бет1ал и усэхэр къэтпщытэжу «Нэху» поэмэм и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ поэмэм и сюжетымрэ щыгъуазэ зытщ1ыну.
II . Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.
К1уащ Бет1ал и усэхэр къэпщытэжын. Зы еджак1уэ «Уэр мыхъуам сыбгъэ дамэншэт » усэм гъэхуауэ къегъэджэн.
«Сыт сызыщышынэр?» усэ гук1э зэрагъэщ1ар зы еджак1уэм гук1э жегъэ1эжын.
Егъэджак1уэм и упщ1э:
- Мы усит1ыр зы зыщ1ыр сыт?
Еджак1уэм и жэуап:
- Мы усит1ыр зытеухуар Хэкурщ, усак1уэм и Хэкум хуи1э лъагъуныгъэр, абы хуищ1 пщ1эр зыхуэдизыр къыщыгъэлъэгъуауэ аращ.
Усак1уэм и лъахэр зыхилъхьэ щы1экъым. Ар зимы1эр е абы лъагъуныгъэ хузимы1эр, хуэгущ1ы1эр, хуэмыпэжыр ц1ыху нэскъым, насыпыншэщ. Уи Хэкум хуэмыфащэ еппэсыныр, уепц1ыжыныр напэтехыу къыщохъу усак1уэм. Уи Хэкум къулыкъу пэж хуэпщ1эныр, псэемыблэжу абы хуэлэжьэныр дэтхэнэ зы ц1ыхуми и къалэн нэхъыщхьэу къелъытэ усак1уэм. Апхуэдэ ц1ыхухэращ Хэкум и ц1ыху пэжу къалъытэр.
Егъэджак1уэм и псалъэ :
- Хэкум теухуауэ псалъэжь куэд зэдгъэщ1ащ дэ. Дигу къэдывгъэгъэк1ыжыт ахэр:
Еджак1уэхэм:
«Хэкуншэ насыпыншэ»
«Хэку зимы1эм гу1эр и махуэщ»
«Бланэ щалъху йок1уэл1эж(мэк1уэж)»
«Хэкум емык1ур къылъысмэ,
Псэр умылъытэу къыщыж»(«Уэсят» Пащ1э Бэчмырзэ)
Егъэджак1уэм и псалъэ :
- Зыщалъхуа и Хэкум и дахагъэм куэду тетхыхьа усак1уэм и усэхэм зи гугъу ищ1а. ди нэгу къыщ1игъэувэж дахагъэр мы сурэтхэм щыдолъагъу. Хэт тхутепсэлъыхьын сурэтхэм?
Едж . – Сурэтхэм щыдолъагъу ди адыгэ щ1ыналъэм и щ1ып1э дахэхэр, адыгэ фащэм и дахагъэр, адыгэ тхыпхъэщ1ыпхъэхэр, адыгэшыр, абы и дахагъыр. А дахагъэ псори К1уащ Бет1ал Хэкум теухуауэ иуса тхыгъэхэм щыдолъагъу:
- «Индыл » усэм зы еджак1уэ гъэхуауэ къегъэджэн.
Егъэдж.: - Сыт мы усэр зытеухуар? Сыт мы усэм усак1уэм къыщигъэлъэгъуэжар?
Едж. :- К1уащ Бет1ал лъагъуныгъэшхуэ хуи1ащ Урысейм. Псом хуэмыдэу Индылым(Волга) гулъытэ егъэлея хуищ1ырт усак1уэм. Ар 1уэху пыухык1ахэм епхагъэнщ – Хэку зауэшхуэм и зэманым а псышхуэм и 1уфэм езыр зэрыщызэуами, зауэл1хэм а псышхуэр сэбэп зэрахуэхъуами, зи лъахэм и щхьэхуитыныгъэр зыхъумэжхэм я сатырым а псышхуэр сэлэту зэрыхэувами, адэжь щ1ыналъэм и символ(дамыгъэ) зауае илъэсхэм ар зэрыхуэхъуами. Псышхуэу дунейм тет мпоми ирегъапщэри абыхэм яхузэф1эмык1а, яхуэмылэжьа и Хэкум и пащхьэм Индыл щищ1эфауэ къегъэлъагъуэ усак1уэм.
Ажалым къы1эщ1иха и Хэкум Индыл мамыр лэжьыгъэм и зэманми хузэф1эк1 псори абы хуещ1э. Ар къэралыр зыхуей хьэпшып, гъавэ, гъэсыныпхъэхэр, пхъэхэк1хэр щызэрашэ гъуэгущ. Абы и 1уфэм завод, фабрикэ ц1эры1уэхэр 1утщ, ахэм сэбэпынагъ куэд ц1ыхум къыхуахь, ар(Индыл) ц1ыхухэм я зыгъэпсэхуп1э хьэлэмэтщ, я нэгу зыщрагъэужь щ1ып1э дахэщ.
Егъ.: - «Индыл» усэм къыщывгъуэти фыкъытхуеджэт тхылъымк1э к1эух рифмэ нэхъ нъэщ1эгъуэнхэм.
Едж. – рифмэ:
Щхьэм къит1эсуэ щытыгъакъым
Нобэ ф1эк1,Индыл,
Уи инагъыр, си гугъакъым
Ухъууэ псым я пыл!
Хьэуэ, теткъым дуней иным
Уэзгъэщхьынуэ зыпс:
Зэи уик1ынкъым ди пэгуным
Уардэу Индылыпс!...
Егъ.:- Мы усэ дыдэм къыщывгъуэтыт зэгъэпщэныгъэм и щапхъэ.
Едж.:- «Псым я пыл»
«Домбей пщэцуэ 1уфэ мэзыр»…
Егъ.: - «Уэрэдыр фадэм къыхэк1къым» усэм зы еджак1уэ къегъэджэн, усэр зэпкърыхын.
Едж. : -зэпкърех
Пасэрей къэбэрдей псалъэжьым «Уэрэдыр фадэм къыхок1» зэрыщыжи1эр усак1уэм ф1этэмэмкъым. Уэрэдыр къэзыгъэщ1ыр, абы и къежьап1эр, и хэк1ып1э нэхъыщхьэр гъащ1эрщ, лэжьыгъэрщ, ц1ыху псэук1эрщ.
«Сф1эф1къым, хуейми ирепсэу» усэм зы еджак1уэ егъэджэн.
Егъ.:- Ц1ыхум и сыт хуэдэ хьэл-щэн мыхъумыщ1э мы усэм къыхэщыр?
Едж. : - Ц1ыхум и хьэл-щэн мыхъумыщ1эу мы усэм къыхэщыжыр щхьэхуещагъэр, фыгъуэижагъэр, ц1ыху гущ1эгъуншэхэр, ц1ыхугъэншагъэр, мылъку щхьэк1э зи напэ тезыхыжыфыну ц1ыхухэр.
Егъ. : - Усак1уэр ц1ыху мыхъумыщ1эхэм дауэ яхущыт?
Едж. : - Ц1ыху гущ1эгъуншэхэр, шхьэхуещэхэр, напэншэхэр усак1уэм ц1ыхуу къилъытэркъым, апхуэдэ ц1ыхухэм ар йогие, заригъэц1ыхужыным, гъуэгу пхэнж зытетым къытришу гъуэгу захуэм тригъэувэным яужь итщ.
Егъ. : - Ц1ыху нэсым сыт хуэдэ и хьэл усак1уэм игъэлъап1эр?
Едж. : - Ф1ыр, пэжыгъэр, захуагъэр, къабзагъэр усак1уэм егъэлъап1э, и Хэкум, и лъэпкъым гугъу зыхуезыгъэхьыр, и пщ1энт1эпс емыблэжу хуэлажьэр ц1ыху нэсым, пэжым и образщ.
-Ц1ыху нэсым хэлъын хуей хьэлхэм, апхуэдэ ц1ыхуу къэплъытэ хъунур еджак1уэхэм къазэрыщыхъум тегъэпсэлъыхьын.
К1уащ Бет1ал и усэхэм теухуауэ егъэджак1уэм и къызэщ1эзыкъуэж псалъэ:
Егъ.:- К1уащ Бет1ал и усэхэр адыгэ усыгъэм и хэлъхьэныгъэ гъуэзэджэщ, абы лъэпкъ усэ гъэпсык1эм зэхъуэк1ыныгъэ хилъхьащ, усэбзэм зыужьыныгъэ иритащ, адыгэ рифмэр иригъэф1эк1уащ, инверсиер 1эк1уэлъак1уэу къигъэсэбэпащ.
(инверсиек1э зэджэр еджак1уэхэм ягу къэгъэк1ыжын: псалъэухам хэт псалъэхэр бзэм и хабзэм темыту щызэк1элъахьырщ, щызэк1элъык1уэрщ.)
Адыгэ 1уэры1уатэмрэ урыс литературэмрэ зэрагъэпэща я ехъул1эныгъэхэр 1эзагъышхуэ хэлъу, творческэу К1уащым къегъэсэбэп, абыхэм зрегъэужь, ахэр япэк1э егъэк1уатэ.
«Зи шы тесык1э зи1эж усак1уэ» ди урокым и эпиграфыр а псом я щыхьэтщ. К1уащым езым и шы тесык1э, езым и тхэк1э, и усэк1э ди адыгэ усыгъэм къыщигъэнащ.
III . Темэщ1эр етын.
Егъ.:- Адэк1э К1уащ Бет1ал и творчествэм, и лирикэм къыпищэу дэ нэ1уасэ нобэ зыхуэтщ1ынущ аюы и поэмэхэм.
1950 гъэм К1уащ Б. и «Джонит1» поэмэр къыдок1ыр(пасэм америкэм щы1а лъэпкъ зэхэгъэжырщ ар зытеухуар). «Лъахэм и пщащэ», «Шу жэрхэм я хэкум и гуащэ» - мы поэмэхэр итхыну Бет1ал и мурадащ, пасэу дунейм зэрехыжам и зэранк1э ахэр усак1уэм и к1эм хунэгъэсакъым. 1954-1955 гъэхэм К1уащым и «Нэху» поэмэр пычыгъуэ – пычыгъуэу дунейм къытохьэр. Тхыгъэр усак1уэм и к1эм хунэмыгъэсами, гупсысэ нэхъыщхьэ абы щ1илъхьар на1уэу поэмэм къэ1уэта щыхъуащ. Ар щхьэхуитыныгъэншагъэ япэм телъар, бэлыхь мыухыж зыхэтар къызэринэк1ыу адыгэ ц1ыхубзыр зэхъуэк1ыныгъэ хэкум щек1уэк1ым и ф1ыгъэк1э гъуэгущ1э зэрытеуварщ, и зэхэщ1ык1ым, и 1уэху еплъык1эм зэрызихъуэжарщ, зэреф1эк1уарщ.
Поэмэм и сюжетыр нэхъ зытегъэщ1ар Нэху и гъащ1эм и къек1уэк1ык1арщ, гъащ1эжьым абы кърих леймрэ иужьк1э абы и псэук1эм игъуэт зэхъуэк1ыныгъэмрэщ.
Тхыгъэр 1ыхьищу зэпыудащ, ахэм ящыщ дэтхэнэ зыми фызабэм и гъащ1эм къыщыхъуа зы 1уэхугъуэ ин щ1элъщ.
I 1ыхьэр нэхъ зытетхыхьыр, зытепсэлъыхьыр Нэху и щхьэгъусэр зэрагъэт1ысырщ, лажьэ зимы1э л1ыр к1уэдып1э хуэхъуа Сыбырым зэрагъэк1уарщ.
II 1ыхьэр зытеухуар ц1ыхубз насыпыншэм и щхьэгъусэм и щыхьэк1уэ письмор къызэры1эрыхьэрщ, зэман 1эджэк1э абы къеджэфын зэримыгъуэтарщ, абы итыр зэримыщ1эм ар бэлыхь мыухыж зэрыхигъэтырщ. (Мыбдеж щыжы1эпхъэщ, къыщыгъэсэбэпыпхъэщ тхыдэм щыщ зы 1уэхугъуэ: адыгэ лъэпкъыр к1ыф1ыгъэ зыхагъэтар, щ1эныгъэншэу зэман куэдк1э а лъэпкъыр зэрагъэпсэуар.)
III 1ыхьэм революцэм иужьк1э Нэхуи, и къуажэми ягъуэта зэхъуэк1ыныгъэрщ къыщы1уэтэжар.
Поэмэм и композицэр къек1уу зэгъэпэщащ: поэмэм и 1ыхьэхэм яку зэпыщ1эныгъэ быдэ дэлъщ, 1уэху ек1уэк1ым емыпха, къемызэгъ лей лъэпкъ хэткъым. К1уащым и художественнэ 1эзагъым и щыхьэтщ:
- образ гъэщ1эгъуэнхэр (Нэху, Хьэмид, лирическэ л1ыхъужьыр,…)
-зэгъэпщэныгъэхэр (хьэджэфэжьуэ укъуеяуэ, щ1ыр щ1эжу щылъщ,…)
-инверсиер зыубгъуауэ къегъэсэбэп, и усэбзэм ар хабзэ быдэ хуещ1:
Щ1ыр нэщ1ыжкъым хуэдэу япэм,-
Бэв хуэ1этыр илъщ.
-пейзажнэ лирикэр 1эк1уэлъак1уэу усак1уэм къегъэсэбэп. Поэмэм и щ1эдзап1эм деж революцэм ипэк1э ц1ыхухэм я1а гъащ1э хьэлъэр усак1уэм къегъэлъэгъуэж ц1ыхухэм ятелъ хьэзабым, абы ягъэв гугъуехьым зыдищ1 хуэдэщ дунейми: ят1эщ, къуажэр гъуабжэщ, банэк1э зэщ1эк1ащ, щ1ыр мэгу1э, дыгъэри къепэзэзэхыу аращ.
Ауэ адыгэ лъэпкъым, адыгэ ц1ыхубзым и нэм нэху щилъагъужым и деж (революцэ нэужьым), дунейми зэхъуэк1ыныгъэхьэлэмэтхэр егъуэт:
Дыгъэ нурым гуэлхэр къегъэпск1,
Щ1ыр япэм хуэдэу нэщ1ыжкъым –
Бэв хуэ1этыр илъщ.
Ц1ыхухэр гъавэк1и, щ1ык1и, 1эщк1и бей хъуахэщ. Ц1ыхухэм я гъащ1эм ф1ы и лъэныкъуэк1э зихъуэжащ, дунейри нэщхъыф1эщ.
Поэмэм къыщыгъэсэбэпа псалъэ гуры1уэгъуейхэм я мыхьэнэ еджак1уэхэм ягурыгъэ1уэн:
Хьэджафэжь – щак1уэхьэ лъэпкъ (борзая).
Ят1агъуэ – ят1э гъуэжь, адыгэхэм я псэуалъэхэм къыщагъэсэбэпу
щыта ят1эщ.
Кхъахэ – жьы дыдэ хъуа.
Саур ф1ыц1э – лъахъстэн (сафьян)л1эужьыгъуэ.
Тэрэз – тэмэм, пэж дыдэ.
Джэрпэджэж – эхо.
Дэхуэха – тхьэмыщк1э, къулейсыз, ц1ыху щыуа.
Бзыгъэ – махуэ уэф1, пшэ уафэм щытемылъым деж.
К1уащ Бет1ал пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ игъэлъэп1ащ, абы и псалъэр зэик1 бгъунлъакъым, лъэпкъ лъагъуныгъэри аращ абы и тхыгъэхэми, и творчествэми къыщ1ахьыр.
!Нэху» поэмэм и темэк1и, и сюжетк1и ещхьу 10-нэ классым яджа тхыгъэр еджак1уэхэм ягу къэгъэк1ыжын: Уэхъутэ Абдулыхь «Хужьэ и къуэладжэ» поэмэр.
IV . Яджар зэрыгъэубыдын.
- «Нэху» поэмэм еджак1уэхэр егъэджэн;
- зэманыжьымрэ ди лъэхъэнэмрэ адыгэ лъэпкъым и ц1ыхухэм, и ц1ыхубзхэм я гъащ1эм игъуэта зэхъуэк1ыныгъэм, зыужьыныгъэм еджак1уэхэр тегъэпсэлъыхьыжын.
V . Унэ лэжьыгъэр етын:
«Нэху» поэмэм еджэн, поэмэм къыщыгъэсэбэпа к1эух рифмэ гъэщ1эгъуэнхэм, зэгъэпщэныгъэм, инверсием я щапхъэ къыхэтхык1ын.
VI . Урокым хэлэжьыхьахэм оценкэ яхуэгъэувын, къыхэжанык1ахэм ящытхъун.
VII . Урокым к1эух етын.
7