kopilkaurokov.ru - сайт для учителей

Создайте Ваш сайт учителя Курсы ПК и ППК Видеоуроки Олимпиады Вебинары для учителей

Общественно-политический деятель Кабарды Идар Темрюк.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Общественно-политический деятель Кабарды Идар Темрюк.

Вы уже знаете о суперспособностях современного учителя?
Тратить минимум сил на подготовку и проведение уроков.
Быстро и объективно проверять знания учащихся.
Сделать изучение нового материала максимально понятным.
Избавить себя от подбора заданий и их проверки после уроков.
Наладить дисциплину на своих уроках.
Получить возможность работать творчески.

Просмотр содержимого документа
«Общественно-политический деятель Кабарды Идар Темрюк.»

Нэгумэ шорэ и тхыгъэ « Идар темрыкъуэ и хъыбар» - жыхуи1эм теухуа

Нэгумэ шорэ и тхыгъэ « Идар темрыкъуэ и хъыбар» - жыхуи1эм теухуа

Идар Темрыкъуэ и хъыбар

Идар Темрыкъуэ и хъыбар

  • Адыгэ тхыдэм увып1эшхуэ щеубыд Къэбэрдейм и общественно-политическэ лэжьак1уэ ц1эры1уэ Идар Темрыкъуэ. Абы 1уэхугъуэ пыухык1ахэр илэжьащ феодалхэм т1эк1у-т1эк1уу гуэшауэ я1эщ1элъ адыгэщ1хэр зэгуэгъэхьэжыным, Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ гъунэгъу зэхуэхъуным ик1и ХVI л1эщ1ыгъуэм икухэм военно-политическэ союз зэращ1ыл1эным хуэунэт1ауэ.
  • Идар Темрыкъуэ и л1эужьыр жыжьэ къыщожьэ – япэ адыгэпщ ц1эры1уэ Инал и къуэрылъхум и къуэм и къуэжщ. Жьэры1уатэ хъыбархэмрэ езым теухуэ уэрэдхэмрэ бэм и фейдэ зыхэлъхэм и телъхьэ ц1ыху 1ущу, зауэл1 хахуэу ар къыхощыж .
Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ (1502-1571гъгъ.).

Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ (1502-1571гъгъ.).

1550 гъэхэм къыщыщ1эдзауэ Темрыкъуэ Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щытащ. Абы тэмэму къилъытащ дунейм къэрал к1уэц1ми 1уэхур зэрыщыгугъур ик1и къыгуры1уащ Урысейм хуэдэ ныбжьэгъу уимы1ауэ адыгэщ1хэр зэрыпхузэгуэмыгъэхьэжынур, тырку-кърымыдзэхэмрэ дагъыстан шамхалымрэ уазэрыпэщ1эмытыфынур. Темрыкъуэ теухуэ уэрэдхэм ящыщ зым щыже1э: «Къэбэрдейм ди зэхэзек1уэу, Арысейр къытхуэзыхутэр».  1557 гъэм, Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ военнэ-политическэ союз зэрызэращ1ыл1эххэу, Идар Темрыкъуэ иужь йохьэ адыгэщ1хэр зэгуэгъэхьэжыным. Темрыкъуэ Москварэ урыс пащтыхьыгъуэмрэ яхуи1э пыщ1эныгъэхэр нэхъри, быдащ ипхъу Гуащэней Иван Грознэм иша иужь (1561 гъэ).
  • 1550 гъэхэм къыщыщ1эдзауэ Темрыкъуэ Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щытащ. Абы тэмэму къилъытащ дунейм къэрал к1уэц1ми 1уэхур зэрыщыгугъур ик1и къыгуры1уащ Урысейм хуэдэ ныбжьэгъу уимы1ауэ адыгэщ1хэр зэрыпхузэгуэмыгъэхьэжынур, тырку-кърымыдзэхэмрэ дагъыстан шамхалымрэ уазэрыпэщ1эмытыфынур. Темрыкъуэ теухуэ уэрэдхэм ящыщ зым щыже1э: «Къэбэрдейм ди зэхэзек1уэу, Арысейр къытхуэзыхутэр».
  • 1557 гъэм, Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ военнэ-политическэ союз зэрызэращ1ыл1эххэу, Идар Темрыкъуэ иужь йохьэ адыгэщ1хэр зэгуэгъэхьэжыным. Темрыкъуэ Москварэ урыс пащтыхьыгъуэмрэ яхуи1э пыщ1эныгъэхэр нэхъри, быдащ ипхъу Гуащэней Иван Грознэм иша иужь (1561 гъэ).
Урыс пащтыхь гуащэ, Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Мария – 1544-1569 гъгъ.).

Урыс пащтыхь гуащэ, Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Мария – 1544-1569 гъгъ.).

Урыс-адыгэ зэпыщ1эныгъэхэм зэрызаужьыр яф1эф1тэкъым тырку сулът1анми кърым хъанми. Абыхэм я унафэк1э Темрыкъуэрэ абы и телъхьэхэмрэ я бийуэ нахуэу къэуващ Къетыкъуэ Пщыапщокъуэрэ дагъыстан шамхалымрэ. Темрыкъуэрэ урысыдзэхэмрэ зэщ1ыгъуу ирагъэк1уэк1ащ зек1уэ зыбжанэ ик1и Пщыапщокъуэ Балъкърэ Бахъсэнрэ щы1эщ1элъ щ1ып1эхэр къазэуауэ щытащ.  Идар Темрыкъуэ, дагъыстан шамхалыр и ныкъуэкъуэгъу щхьэк1э, ныбжьэгъугъэ зэпыщ1эныгъэхэр Грузием хуи1эт. Апхуэдэу Кърым хъанымрэ абы и гуэгъу Нэгъуей Орда ц1ык1умрэ щезауэк1э, щ1эгъэкъуэн къищ1ырт Нэгъуей Орда иным и пщыхэр.
  • Урыс-адыгэ зэпыщ1эныгъэхэм зэрызаужьыр яф1эф1тэкъым тырку сулът1анми кърым хъанми. Абыхэм я унафэк1э Темрыкъуэрэ абы и телъхьэхэмрэ я бийуэ нахуэу къэуващ Къетыкъуэ Пщыапщокъуэрэ дагъыстан шамхалымрэ. Темрыкъуэрэ урысыдзэхэмрэ зэщ1ыгъуу ирагъэк1уэк1ащ зек1уэ зыбжанэ ик1и Пщыапщокъуэ Балъкърэ Бахъсэнрэ щы1эщ1элъ щ1ып1эхэр къазэуауэ щытащ.
  • Идар Темрыкъуэ, дагъыстан шамхалыр и ныкъуэкъуэгъу щхьэк1э, ныбжьэгъугъэ зэпыщ1эныгъэхэр Грузием хуи1эт. Апхуэдэу Кърым хъанымрэ абы и гуэгъу Нэгъуей Орда ц1ык1умрэ щезауэк1э, щ1эгъэкъуэн къищ1ырт Нэгъуей Орда иным и пщыхэр.
Ипхъу нэхъыжьит1ыр – Алтынчачрэ Малхурубрэ нэгъуеипщхэу Бекбулатрэ Тинехматрэ я щхьэгъусэт. Иужьк1э Бекбулатрэ Алтынчачрэ я къуэ Саин – Булатым, чыристэн диныр къищта иужь Симеон Бекбулатович хъуам, «Россие псом и пщышхуэ» ц1эр п1алъэк1э къыф1ащауэ щытащ.  1560 гъэхэм Темрыкъуэ и жэрдэмк1э Тэрч и 1уфэм урыс быдап1эхэр щаухуащ. Абы Урысейм пыщ1эныгъэ хуа1эным и телъхьэу Къэбэрдейм щы1эхэм я 1уэхур игъэбыдэрт, к1элъыплъырт Кърымым къик1ыу Закавказьем к1уэ кавказ-ищхъэрэ гъуэгу нэхъыщхьэм Астрахань ящихъумэрт Тыркумрэ Кърымымрэ я дзэхэр къытеуэнк1э зэрыхъунум, сэбэп хуэхъурт урыс-грузин зэпыщ1эныгъэхэм зегъэужьыным.
  • Ипхъу нэхъыжьит1ыр – Алтынчачрэ Малхурубрэ нэгъуеипщхэу Бекбулатрэ Тинехматрэ я щхьэгъусэт. Иужьк1э Бекбулатрэ Алтынчачрэ я къуэ Саин – Булатым, чыристэн диныр къищта иужь Симеон Бекбулатович хъуам, «Россие псом и пщышхуэ» ц1эр п1алъэк1э къыф1ащауэ щытащ.
  • 1560 гъэхэм Темрыкъуэ и жэрдэмк1э Тэрч и 1уфэм урыс быдап1эхэр щаухуащ. Абы Урысейм пыщ1эныгъэ хуа1эным и телъхьэу Къэбэрдейм щы1эхэм я 1уэхур игъэбыдэрт, к1элъыплъырт Кърымым къик1ыу Закавказьем к1уэ кавказ-ищхъэрэ гъуэгу нэхъыщхьэм Астрахань ящихъумэрт Тыркумрэ Кърымымрэ я дзэхэр къытеуэнк1э зэрыхъунум, сэбэп хуэхъурт урыс-грузин зэпыщ1эныгъэхэм зегъэужьыным.
Идар Темрыкъуэ иригъэк1эк1 къэрал к1уэц1, къэрал щ1ыб политикэм и ф1ыщ1эк1э Къэбэрдейр нэхъ зэкъуэуващ, Кавказым щи1э пщ1эм хэхъуащ.  1570 гъэм Темрыкъуэ зи пашэ адыгэдзэхэр кърым хъан Адиль-Гирей зытеуа абазэхэм ядэ1эпыкъуну к1ащ. Зэхэуэхэм я нэхъ гуащ1э дыдэм. Ахъупс и деж щек1уэк1ам, Темрыкъуэ къыщау1ащ, и къуит1ри –Мамсрыкъуэрэ Биберыкъуэрэ – гъэр щащ1ащ. А зауэр лъабжьэ хуэхъуащ XIX л1эщ1ыгъуэм и пэщ1эдзэхэм Нэгумэ Шорэ итхыжауэ щыта адыгэ уэрэдыжьым. 1571 гъэм къытехуа у1эгъэхэм Темрыкъуэ ил1ык1ащ. Уэрэдыжьым къыхощыж ар лъэпкъым и дежк1э гуауэшхуэу зэрыщытар: «Хахуэуэ ди пщыщхуэ палъэр, зэдилъмэ л1ыхъужьу щэджащэр ди1эжкъым».
  • Идар Темрыкъуэ иригъэк1эк1 къэрал к1уэц1, къэрал щ1ыб политикэм и ф1ыщ1эк1э Къэбэрдейр нэхъ зэкъуэуващ, Кавказым щи1э пщ1эм хэхъуащ.
  • 1570 гъэм Темрыкъуэ зи пашэ адыгэдзэхэр кърым хъан Адиль-Гирей зытеуа абазэхэм ядэ1эпыкъуну к1ащ. Зэхэуэхэм я нэхъ гуащ1э дыдэм. Ахъупс и деж щек1уэк1ам, Темрыкъуэ къыщау1ащ, и къуит1ри –Мамсрыкъуэрэ Биберыкъуэрэ – гъэр щащ1ащ. А зауэр лъабжьэ хуэхъуащ XIX л1эщ1ыгъуэм и пэщ1эдзэхэм Нэгумэ Шорэ итхыжауэ щыта адыгэ уэрэдыжьым. 1571 гъэм къытехуа у1эгъэхэм Темрыкъуэ ил1ык1ащ. Уэрэдыжьым къыхощыж ар лъэпкъым и дежк1э гуауэшхуэу зэрыщытар: «Хахуэуэ ди пщыщхуэ палъэр, зэдилъмэ л1ыхъужьу щэджащэр ди1эжкъым».


Получите в подарок сайт учителя

Предмет: Литература

Категория: Презентации

Целевая аудитория: 9 класс.
Урок соответствует ФГОС

Скачать
Общественно-политический деятель Кабарды Идар Темрюк.

Автор: Капашарова Фрося Цацуевна

Дата: 17.12.2016

Номер свидетельства: 370559


Получите в подарок сайт учителя

Видеоуроки для учителей

Курсы для учителей

ПОЛУЧИТЕ СВИДЕТЕЛЬСТВО МГНОВЕННО

Добавить свою работу

* Свидетельство о публикации выдается БЕСПЛАТНО, СРАЗУ же после добавления Вами Вашей работы на сайт

Удобный поиск материалов для учителей

Ваш личный кабинет
Проверка свидетельства