kopilkaurokov.ru - сайт для учителей

Создайте Ваш сайт учителя Курсы ПК и ППК Видеоуроки Олимпиады Вебинары для учителей

Методические разработки по творчеству Л.М. Губжокова

Нажмите, чтобы узнать подробности

Материал можно использовать на уроках кабардинского языка и  литературы. Материал актуален, и интересен. В содержании описывается его известная стихотворения "Кабардинская коновязь". В стихотворении говорится о Великой Отечественной войне. О 115 кавалерииской девизии.

Вы уже знаете о суперспособностях современного учителя?
Тратить минимум сил на подготовку и проведение уроков.
Быстро и объективно проверять знания учащихся.
Сделать изучение нового материала максимально понятным.
Избавить себя от подбора заданий и их проверки после уроков.
Наладить дисциплину на своих уроках.
Получить возможность работать творчески.

Просмотр содержимого документа
«Методические разработки по творчеству Л.М. Губжокова»

Гъубжокъуэ Лиуан «Адыгэ шы ф1эдзап1э» 1937-1988

Гъубжокъуэ Лиуан

«Адыгэ шы ф1эдзап1э»

1937-1988

Мастер-классым и темэр: Гъубжокъуэ Лиуан «Адыгэ шы ф1эдзап1э» 8-класс Адыгэбзэмрэ литературэмк1э егъэджак1уэ Къудей З.А.

Мастер-классым и темэр: Гъубжокъуэ Лиуан «Адыгэ шы ф1эдзап1э»

8-класс

Адыгэбзэмрэ литературэмк1э егъэджак1уэ Къудей З.А.

Мурадыр: 1.Усэм гъэхуауэ къегъэджэн, зэпкърыхын. 2.Я къеджэк1эм, я зэхэщ1ык1ым зегъужьын, пасэрей хабзэхэм щыгъузэ щ1ын. 3.Адыгэ хабзэм щ1эп1ык1ын, лъэпкъым хуэпэжу гъэсэн.

Мурадыр:

1.Усэм гъэхуауэ къегъэджэн, зэпкърыхын.

2.Я къеджэк1эм, я зэхэщ1ык1ым зегъужьын, пасэрей хабзэхэм щыгъузэ щ1ын.

3.Адыгэ хабзэм щ1эп1ык1ын, лъэпкъым хуэпэжу гъэсэн.

Гъубжокъуэ Лиуан Адыгэ шы ф1эдзап1э Адыгэ пщ1ант1эм шы ф1эдзап1эр Дэтщ уи гугъэнуи щхьэгъэрыт, И 1эпэр уафэм щ1иупщ1ауэ Дыгъэпсыр псоми пф1ощ1 ярит. Ешауэ блэк1мэ гъуэгурык1уэр, Кърегъэблагъэ – 1умп1э1ыгъщ. Нэщхъейуэ къак1уэмэ щыхьэк1уэр, Ар сын гъэжащи, гуауэр щ1ыгъущ. Зауэ махуаеу – щыгъупщакъым – Адыгэш 1умп1эу и1ыгъар; Къызэранэк1ыу шы лъэ макъыр, Шууейхэр гъуэгу щытехьэгъар. Тенауэ и нэр йоплъ Шыхулъагъуэм – Къыф1ощ1 бын къэтхэр кърик1уэж… Псыпыхухэм я шы соку хелъагъуэ, Арщхьэк1э ахэр щхьэгъэпц1эжщ. Мы пщ1ант1эм бийр шым къыщепсыхыу Ф шы ф1эдзап1эр 1умп1э1ыгъ Яхуэмыхъунырщ, псэм щымысхьу, Щ1ащ1ар шууейхэм щ1ыр п1эщхьагъ. Хьэщ1эщ 1ухам и гъуэгугъэлъагъуэу, Имыщ1у хьэщ1э зэхэгъэж, Адыгэ хабзэм и хъумак1уэущ Ар щ1ыхасари – егъэпэж.

Гъубжокъуэ Лиуан

Адыгэ шы ф1эдзап1э

Адыгэ пщ1ант1эм шы ф1эдзап1эр

Дэтщ уи гугъэнуи щхьэгъэрыт,

И 1эпэр уафэм щ1иупщ1ауэ

Дыгъэпсыр псоми пф1ощ1 ярит.

Ешауэ блэк1мэ гъуэгурык1уэр,

Кърегъэблагъэ – 1умп1э1ыгъщ.

Нэщхъейуэ къак1уэмэ щыхьэк1уэр,

Ар сын гъэжащи, гуауэр щ1ыгъущ.

Зауэ махуаеу – щыгъупщакъым –

Адыгэш 1умп1эу и1ыгъар;

Къызэранэк1ыу шы лъэ макъыр,

Шууейхэр гъуэгу щытехьэгъар.

Тенауэ и нэр йоплъ Шыхулъагъуэм –

Къыф1ощ1 бын къэтхэр кърик1уэж…

Псыпыхухэм я шы соку хелъагъуэ,

Арщхьэк1э ахэр щхьэгъэпц1эжщ.

Мы пщ1ант1эм бийр шым къыщепсыхыу

Ф шы ф1эдзап1эр 1умп1э1ыгъ

Яхуэмыхъунырщ, псэм щымысхьу,

Щ1ащ1ар шууейхэм щ1ыр п1эщхьагъ.

Хьэщ1эщ 1ухам и гъуэгугъэлъагъуэу,

Имыщ1у хьэщ1э зэхэгъэж,

Адыгэ хабзэм и хъумак1уэущ

Ар щ1ыхасари – егъэпэж.

Усэм хэтщ мыпхуэдэ псалъэхэр, абыхэм къарык1ыр дауэ къывгуры1уэрэ. Щхьэгъэрыт- 1умп1э – 1умп1э1ыгъ - Махуае - Шыхулъагъуэ- Псыпыху -

Усэм хэтщ мыпхуэдэ псалъэхэр, абыхэм къарык1ыр дауэ къывгуры1уэрэ.

Щхьэгъэрыт-

1умп1э

1умп1э1ыгъ -

Махуае -

Шыхулъагъуэ-

Псыпыху -

Усэм хэтщ мыпхуэдэ псалъэхэр, абыхэм къарык1ыр дауэ къывгуры1уэрэ. Щхьэгъэрыт -ефэ-ешхэу зэхэсгупым я щхьэщыту я фадэп1астэ 1уэху зезыгъак1уэ ц1ыху. 1умп1э – шым здыхуей лъэныкъуэмк1э ирагъэгъазэу шхуэм пыщ1а к1апсэ. 1умп1э1ыгъ -шы 1умп1эр зы1ыгъ. Махуае -нэщхъеягъуэ, гузэвэгъуэ къыщыхъу махуэ. Шыхулъагъуэ -жэщым уафэгум лъагъуэм хуэдэу щыплъагъу вагъуэбэ куэд зэхэт. Псыпыху -толъкъуным къыдрик1ей псы.

Усэм хэтщ мыпхуэдэ псалъэхэр, абыхэм къарык1ыр дауэ къывгуры1уэрэ.

Щхьэгъэрыт -ефэ-ешхэу зэхэсгупым я щхьэщыту я фадэп1астэ 1уэху зезыгъак1уэ ц1ыху.

1умп1э – шым здыхуей лъэныкъуэмк1э ирагъэгъазэу шхуэм пыщ1а к1апсэ.

1умп1э1ыгъ -шы 1умп1эр зы1ыгъ.

Махуае -нэщхъеягъуэ, гузэвэгъуэ къыщыхъу махуэ.

Шыхулъагъуэ -жэщым уафэгум лъагъуэм хуэдэу щыплъагъу вагъуэбэ куэд зэхэт.

Псыпыху -толъкъуным къыдрик1ей псы.

115 –нэ Къэбэрдей - Балъкъэр шуудзэм хэтахэм я сурэт

115 –нэ Къэбэрдей - Балъкъэр шуудзэм хэтахэм я сурэт

115 –нэ Къэбэрдей - Балъкъэр шуудзэм хэтахэм я фэеплъ сынщ

115 –нэ Къэбэрдей - Балъкъэр шуудзэм хэтахэм я фэеплъ сынщ

115 –нэ Къэбэрдей - Балъкъэр шуудзэм хэтахэм я къуэшыкхъэ

115 –нэ Къэбэрдей - Балъкъэр шуудзэм хэтахэм я къуэшыкхъэ

Ди къуажэгъу Щамырзэ Тимошэ шыр

Ди къуажэгъу

Щамырзэ Тимошэ шыр

Унэ лэжьыгъэ.  Усэр гук1э зэгъэщ1эн.  Адыгэхэм зэрахуэу щыта шы лъэпкъхэм тепсэлъыхьын.

Унэ лэжьыгъэ.

Усэр гук1э зэгъэщ1эн.

Адыгэхэм зэрахуэу щыта шы

лъэпкъхэм тепсэлъыхьын.

Ди урокым кърихьэлIа псоми берычэт бесын вжыдоIэ, фи зэман вгъэкIуэду зыкъызревгъэхьэлIам папщIэ.  Узыншэу фыщытхэ!

Ди урокым кърихьэлIа псоми берычэт бесын вжыдоIэ, фи зэман вгъэкIуэду зыкъызревгъэхьэлIам папщIэ. Узыншэу фыщытхэ!


Получите в подарок сайт учителя

Предмет: Литература

Категория: Презентации

Целевая аудитория: 8 класс.
Урок соответствует ФГОС

Скачать
Методические разработки по творчеству Л.М. Губжокова

Автор: Кудаева Заира Анатольевна

Дата: 06.03.2016

Номер свидетельства: 302669


Получите в подарок сайт учителя

Видеоуроки для учителей

Курсы для учителей

ПОЛУЧИТЕ СВИДЕТЕЛЬСТВО МГНОВЕННО

Добавить свою работу

* Свидетельство о публикации выдается БЕСПЛАТНО, СРАЗУ же после добавления Вами Вашей работы на сайт

Удобный поиск материалов для учителей

Ваш личный кабинет
Проверка свидетельства