Урокым елэжьарЖырыкъ И. Д., 31-нэ еджап1эм адыгэбзэмрэ литературэмрэ и егъэджак1уэщ.
Проектнэ лэжьыгъэ.
7-нэ классым щезгъэк1уэк1а урок.
Темэр: К1ыщокъуэ Алим «Уэздыгъей».
Мурадхэр:
К1ыщокъуэ Алим и усэ «Уэздыгъейм» щыгъуазэ щ1ын;
природэм хуэсакъыу, яхъумэу, ф1ыуэ ялъагъуу щытыным хуэущиин;
къалэ паркым, Хьэтэжьыкъуэ хадэм, ит жыг л1эужьыгъуэхэр зрагъэц1ыхуным къыхуэгъэушын.
Мы урокым щек1уэк1ыр адыгэбзэм нэмыщ1а литературэми, биологиеми, географиеми, информатикэми, рисованиеми епхауэ проэктлэ жьыгъэу согъэхьэзыр. 7-нэ классым и календарнэ-тематическэпланыр щысщ1ым щыгъуэ ди щ1ыналъэм къыщык1 жыг ф1эщыгъэц1эхэр къызыхэщ тхыгъэ зы-т1у хэзгъэхьащ. (Щоджэнц1ык1у А. «Кхъужьей щ1агъым», К1ыщокъуэ А. «Уэздыгъей», «Борэн» усэхэр). Ар а тхыгъэхэр зэпхыжауэ лэжьыгъэ еджак1уэхэм етын папщ1эщ.
Урокым и планыр
I .Урокым хэзышэ дакъикъэ.
Сэлам зэхын, гъэт1ыс1н, урокым и мурадхэм щыгъуазэ щ1ын.
II . Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын (К1ыщокъуэ Алим «Борэн»)
(презентацэу уэс куу зытелъ щ1ып1эхэр, уэсукхъуэ къыщрихьэк1хэр иту къэдгъэлъагъуэурэ)
Усэм щыщ едзыгъуэ еджак1уэхэм дакъыхуоджэ.Зэпыдогъэури упщ1э ядот:
- Сыт хуэдэ усэм щыщ пычыгъуэ иджыпсту зэхэфхар?
- Хэт ар зытхар?
- Сыт усэм зи гугъу ищ1ыр?
- Сыт хуэдэ художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэр къигъэсэбэпа усак1уэм? (зэгъэпщэныгъэ, къэгъэпсэуныгъэ)
2. Усэм еджак1уэ зыбжанэ къыдогъаджэ.
3. Усэм и зы едзыгъуэм нэхъ гулъытэ худощ1:
…Жьыбгъэ, жьыбгъэ, жьыбгъэ гуащ1э,
Щхьэ ныщхьэбэ уета?
Бжей жыг лъэщхэр хыбогъащ1э, бгы бгъуэнщ1агъхэри пкудащ…
- Мы усэ едзыгъуэм сыт хуэдэ жыгым и гугъу щищ1рэ? (бжей)
- Урысыбзэк1э сыт а жыгым зэреджэр? (бук)
- Ар къыщык1ыр дэнэу п1эрэ? (мэзым)
III . Темэщ1эм щыгъуазэ дощ1. К1ыщокъуэ Алим «Уэздыгъей»
(усэр зэрыт напэк1уэц1ыр къызэ1уах, и ф1эщыгъэц1эм йоджэ)
Еджак1уэхэм къызэджэр нэхъ зэхащ1эн, природэ дыкъэзыухъуреихьым и дахагъэр усак1уэм и усэ сатырхэмк1э я нэгу къыщ1ыхьэн папщ1э ,усэм дыкъеджэн ипэ упщ1эхэр ядот:
(упщ1эхэр презентацэу слайдымк1э къыдогъэлъагъуэ)
Сыт фи нэгу къыщ1эвгъэхьар усэм и ф1эщыгъэц1эм феджа нэужь? Дауэ феплърэ, сыт мы усэр зытеухуар?
Щ1ымахуэ мэзым фыщы1эну къыфхуихуат зэ? Дауэ къыфщыхъуа? Сыт хуэдэ гупсысэхэм фа1ыгът абы щыгъуэ?
Еджак1уэхэм я гупсысэ зыбжанэм дедэ1уа нэужь яжыдо1э:
- Дэ ди пащхьэм илъщ усак1уэм и усэр. Девгъэплъыт, ц1ык1ухэ, тхак1уэр мэзым и теплъэм зыхуиша гупсысэмрэ ар абы зэрилъагъумрэ и усэ сатырхэм къызэрыхигъэщам.
Усэм дыкъыщеджам и деж, природэм и теплъэр тхак1уэм дахэу къызэригъэлъэгъуэфа художественннэ-изобразительнэ 1эмалхэр къыхыдогъэгъуатэ. А лэжьыгъэр ящ1ын папщ1э еджак1уэхэр гупит1у догуэш (урокым ипэ гуп-гупу лэжьэфын хуэдэу дгъэт1ысауэ щытщ). Япэ гупым усэм къэгъэпсэуныгъэу(олицетворениеу) хэтыр къагъуэт, ет1уанэ гупым зэгъэпщэныгъэу (сравнениеу) хэтыр. Гуп къэс езым гуппашэ хахыжри абы жэуапыр къет.
(егъэджак1уэм къыхигъуэтахэр презентацэу къегъэлъагъуэ)
Къэгъэпсэуныгъэ:
Нэпкъ лъагэм тету мэщыгъуэр
Егъэш дыкъауэ и дамэр
Жыг 1эджэм хэту мэгуф1э
Ят1агъуэ нэпкъым ар гуэту
Жыгей 1эпл1ак1уэр мэхъущ1э
Бжей къуэлэн щхьэгуэр къогубжьыр
Зыдохуэпэфыр гъэмахуэм
Уэздыгъей лъагэм зегъэщхъри Мыр ныжре1э жыг ипщэм
Зэгъэпщэныгъэ:
Жыр таж хужьыбзэр щхьэрыгъыу
Шы сокум хуэдэу къудамэр
Лъей къуацэ ф1элъу и лъакъуэм
Бащлъыкъыу хужьыр уэс пхъашэу
Пц1анабзэщ псори гу нэщ1у
И щ1ак1уэ щхъуант1эр уолъагъур
Ди щыгъын щхъуант1эр щ1эк1уэдыр
Щ1алафэ мэзыр щызмыгъащ1эу
Гуп къэс езыхэм къыхагъуэтамрэ егъэджак1уэм еймрэ зрагъапщэ, зыхущыщ1э1амэ къыхагъуэтэж.
(Мыбдежым метапредметнэ лэжьыгъэ хыдолъагъуэ: само осознанное умение совместно работать, осознанное использование речевой структуры – жэуапырз ытыр гупым лидер жыхуа1эу хахырщ)
Къык1элъык1уэу словарнэ лэжьыгъэ идогъэк1уэк1.
Жыр – сталь, гъущ1 л1эужьыгъуэщ.
Таж – шлем, пасэрей зауэл1хэмя жыр пы1э.
Бжей – бук восточный, жыгбыдэлъэпкъщ.
Лъейкъуацэ – ноговица, лъэдиймрэ лъэгуажьэмрэ щ1игъанэу лъэгупс ф1эк1 лъапэ зыпымыт щыгъын л1эужьыгъуэ.
Мыбдежым мыпхуэдэ лэжьыгъэ еп тхънущ: фэ нэхъ фигу ирихь жыгхэм зэгъэпщэныгъэ, къэгъэпсэуныгъэ къыхуэфхь...
Природэр хъумэн папщ1э щ1эн хуейр, абы зэрыхущытын хуейр жыдогъы1э.(личностнэщ)
IV . Урокыр къызэщ1экъуэжын:
Синквейн. (Кейс – студи – технологиещ1эхэм щыщщ)
1. Уэздыгъей
2. Плъыфэц1эу т1у
3. Глаголу щы
4. Псалъипл1 хъууэ жы1эгъуэ, псалъэуха.
5. Мыхьэнэк1э и гъунэгъу (смысловой синоним)зыпсалъэ.
1.Уэздыгъей.
2.Щхъуант1э, дахэ.
3.Хъумэн, гъэщ1эрэщ1эн,хэсэн.
4. Природэрзыгъэдахэжыг л1эужьыгъуэщ.
5.Жыг.
V . Унэ лэжьыгъэу епт хъунущ (щхьэж игу ирихьыр къыхихыу)
Усэм сурэт хуэщ1ын, усэр зэгъэщ1эн;
Къэбэрдей-Балъкъэрым ит жыг л1эужьыгъуэхэм теухуауэ тхылъ ц1ык1у щ1ын;
Хьэтэжьыкъуэ хадэм ит жыг л1эужьыгъуэхэр къэхутэн…
Мы урокым ипэ къихуэу экскурс паркым ук1уэ хъунущ е а лэжьыгъэр ф1экъабылу къыхэзых еджак1уэм исследовательскэ 1уэхугъуэ иригъэк1уэк1 хъунущ (биолог, географ, информатикхэр зыдэгъэлэжьэн).
VI . Оценкэ яхудогъэув.
Мы урокым, зэрыфлъагъущи, гъэзэщ1а щохъу предметнэ, личностнэ, метапредметнэ 1уэху бгъэдыхьэк1эхэр.
4