Анэдэлъхубзэр пэщIэдзэ классхэм зэрыщаджым къалэн куэд къызэфIигъэ-кIын хуейщ.
Пасэу къыщIэдзауэ еджакIуэхэм ябгъэдэлъхьэн хуейщ IуэрыIуатэм щыщ телъыджэхэу зэман куэдкIэрэ псыхьа хъуахэм яхэлъ Iущыгъэ мыкIуэдыжхэр. Псом хуэмыдэу гулъытэшхуэ яхуэфащэщ псысэхэмрэ таурыхъхэмрэ. Абыхэм Iейр фIым щытекIуэркъым, цIыхум фIагъыу хэлъын хуейхэр даIыгъ зэпытщ, а фIагъхэр зыхэлъыр сыт щыгъуи ягъэпажэ, Iеягъ зыбгъэдэлъхэм йобэн, токIуэ. Езыхэр бзэфIкIэ, цIыхум куууэ пкърыхьэ IэмалхэмкIэ къэIуэтащ
Художественнэ литературэм щыщ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм еджакIуэхэр къыщрагъаджэкIэ, егъэджакIуэхэм я нэIэ трагъэтын хуейщ а тхыгъэхэм къаIуатэ гупсысэ нэхъыщхьэхэр цIыкIухэм ауэ сытми къагурыIэн къудейм къыщымынэу, куууэ зыхрагъэщIэным, зыхэщIэгъуэу икIи гъэхуауэ къеджэныгъэм и бгъэдыхьэкIэ нэхъыфI дыдэхэр къагъэсэбэпу къахуеджэурэ. ЦIыхухэм ябгъэдэлъыпхъэу щытыкIэфIхэм, хьэл-щэн дахэхэм тепсэлъыхь тхыгъэхэр яригъэджкIэрэ, еджакIуэм психологие и лъэныкъуэкIэ цIыкIухэм яхипщэн хуейщ обществэм хэтыну иджырей цIыху пэрытым бгъэдэлъын хуей щытыкIэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу щыт моральнэ къабзагъэмрэ духовнэ къулеягъэмрэ.
Апхуэдэ тхыгъэхэм къеджэныгъэр сыт щыгъуи епхауэ щытын хуейщ тхылъхэм къаIуатэхэр езы еджакIуэхэм я нэгу щIэкIыным, езыхэр лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыщекIуэкI щIыпIэхэм яшэным, къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр зыгъэзащIэ цIыху пэрытхэм яIугъэщIэным, езым еджа-кIуэхэм яхузэфIэкIын лэжьыгъэхэр ягъэзащIэу абыхэм тепсэлъыхьыжыным.
Природэм, абы и къэхъукъащIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуа тхыгъэхэр яджынри езы природэм хыхьэным, кIэлъыплъыныгъэхэм, гъэунэхуныгъэхэм нэхъ епхауэ щытынырщ нэхъ къезэгъыр. ЕджакIуэхэр Iэмал зэриIэкIэ щыгъуэзэн хуейщ цIыхухэм природэм и хъугъуэфIыгъуэхэр къызэрагъэсэбэпхэм, езыхэр зьщыпсэу щIыпIэм щыIэ щапхъэхэр я нэгу щIэкIыныгъэм ипкъ иткIэ. Дунейм и къэхъукъащIэхэм, илъэсым и зэман лъэхъэнэхэм тепсэлъыхь тхыгъэхэм къеджэныгъэр езым хуэфащэ кIэлъыплъыны-гъэхэм ирапхыурэ, егъэджакIуэр еджакIуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун хуейщ абыхэм материалистическэ дуней еплъыкIэ ягъуэтынымкIэ.
ЕджакIуэхэр сыт хуэдэ тхыгъэхэм къеджэу щытми, а къеджэныгъэм къыдэкIуэу Iэмал имыIэу ягъэзэщIэн хуейщ бзэм зиужьыным хуэунэтIа лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр.