ХЭЗЫГЪЭГЪУАЗЭ
Аддэ пасэ зэман жыжьэм лъандэрэ адыгэм бзэр фIыуэ щIэным, ар шэрыуэу икIи IэкIуэлъакIуэу къэгъэсэбэпыным гулъытэ щхьэхуэрэ пщIэ лейрэ хуащIурэ къогъуэгурыкIуэ. Адыгэбзэм, адыгэ лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, и лъэпкъыгъэр ехъумэ, лъэпкъым и тхыдэмрэ и гъащIэ гъуэгумрэ абы и бзэм и пкъым хэпщауэ къогъуэ-гурыукIуэ, лъэпкъым и гурыгъу-гурыщIэхэри и IуэхущIафэ нэхъыщхьэхэри лъэпкъыбзэм ехъумэ.
Адыгэбзэр ди еджапIэхэм щегъэджыныр егъэфIэкIуэныр, абы зыужьыныгъэ тэмэм игъуэтыныр къыщыщIидзэр курыт еджапIэхэм и пэщIэдзэ классхэрщ
Еджэныгъэмрэ класс къэс щхьэхуэ-щхьэхуэу лъыс сыхьэт бжыгъэр.
Классыр
Еджэгъуэ илъэсым и к1уэц1ым къриубыдэу зэреджэну тхьэмахуэ бжыгъэр
Тхьэмахуэм хуэзэ еджэгъуэ сыхьэт бжыгъэр
Еджэгъуэ илъэсым и к1уэц1к1э анэдэлъхубзэр джыным хухэха сыхьэт бжыгъэр
Псори
Грамматикэм
Еджэным
псори
Грам-кэм
Еджэным
1
33
5
3
2
165
99
66
2-нэ
34
4
2
2
136
68
68
3-нэ
34
4
2
2
136
68
68
4-нэ
34
4
2
2
136
68
68
Анэдэлъхубзэр пэщIэдзэ классхэм зэрыщаджым къалэн куэд къызэфIигъэ-кIын хуейщ.
Пасэу къыщIэдзауэ еджакIуэхэм ябгъэдэлъхьэн хуейщ IуэрыIуатэм щыщ телъыджэхэу зэман куэдкIэрэ псыхьа хъуахэм яхэлъ Iущыгъэ мыкIуэдыжхэр. Псом хуэмыдэу гулъытэшхуэ яхуэфащэщ псысэхэмрэ таурыхъхэмрэ. Абыхэм Iейр фIым щытекIуэркъым, цIыхум фIагъыу хэлъын хуейхэр даIыгъ зэпытщ, а фIагъхэр зыхэлъыр сыт щыгъуи ягъэпажэ, Iеягъ зыбгъэдэлъхэм йобэн, токIуэ. Езыхэр бзэфIкIэ, цIыхум куууэ пкърыхьэ IэмалхэмкIэ къэIуэтащ
Художественнэ литературэм щыщ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм еджакIуэхэр къыщрагъаджэкIэ, егъэджакIуэхэм я нэIэ трагъэтын хуейщ а тхыгъэхэм къаIуатэ гупсысэ нэхъыщхьэхэр цIыкIухэм ауэ сытми къагурыIэн къудейм къыщымынэу, куууэ зыхрагъэщIэным, зыхэщIэгъуэу икIи гъэхуауэ къеджэныгъэм и бгъэдыхьэкIэ нэхъыфI дыдэхэр къагъэсэбэпу къахуеджэурэ. ЦIыхухэм ябгъэдэлъыпхъэу щытыкIэфIхэм, хьэл-щэн дахэхэм тепсэлъыхь тхыгъэхэр яригъэджкIэрэ, еджакIуэм психологие и лъэныкъуэкIэ цIыкIухэм яхипщэн хуейщ обществэм хэтыну иджырей цIыху пэрытым бгъэдэлъын хуей щытыкIэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу щыт моральнэ къабзагъэмрэ духовнэ къулеягъэмрэ.
Апхуэдэ тхыгъэхэм къеджэныгъэр сыт щыгъуи епхауэ щытын хуейщ тхылъхэм къаIуатэхэр езы еджакIуэхэм я нэгу щIэкIыным, езыхэр лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыщекIуэкI щIыпIэхэм яшэным, къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр зыгъэзащIэ цIыху пэрытхэм яIугъэщIэным, езым еджа-кIуэхэм яхузэфIэкIын лэжьыгъэхэр ягъэзащIэу абыхэм тепсэлъыхьыжыным.
Природэм, абы и къэхъукъащIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуа тхыгъэхэр яджынри езы природэм хыхьэным, кIэлъыплъыныгъэхэм, гъэунэхуныгъэхэм нэхъ епхауэ щытынырщ нэхъ къезэгъыр. ЕджакIуэхэр Iэмал зэриIэкIэ щыгъуэзэн хуейщ цIыхухэм природэм и хъугъуэфIыгъуэхэр къызэрагъэсэбэпхэм, езыхэр зьщыпсэу щIыпIэм щыIэ щапхъэхэр я нэгу щIэкIыныгъэм ипкъ иткIэ. Дунейм и къэхъукъащIэхэм, илъэсым и зэман лъэхъэнэхэм тепсэлъыхь тхыгъэхэм къеджэныгъэр езым хуэфащэ кIэлъыплъыны-гъэхэм ирапхыурэ, егъэджакIуэр еджакIуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун хуейщ абыхэм материалистическэ дуней еплъыкIэ ягъуэтынымкIэ.
ЕджакIуэхэр сыт хуэдэ тхыгъэхэм къеджэу щытми, а къеджэныгъэм къыдэкIуэу Iэмал имыIэу ягъэзэщIэн хуейщ бзэм зиужьыным хуэунэтIа лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
ТхэкIэ тэмэмым щелэжькIи, грамматикэмкIэ материалыр щаджым дежи, еджакIуэхэм хъыбар кIэщIу зэхалъхъэхэм, зэхалъхьэу ятххэм хуэ-диз зэхалъхьэн икIи ятхын хуейщ ахэр тхылъ къеджэныгъэм епхау. Ап-хуэдэу зэхалъхьа тхыбзэхэр щытын хуейщ еджакIуэхэр къызэджахэми, абыхэм я нэгу щIэкIахэми теухуауэ.
ЕджакIуэхэм езыхэм я нэгу щIэкIа зыгуэрым е къызэджахэм теухуауэ рассказ щызэхалъхьэкIэ (жьэрыIуатэми тхыгъэми) е зыгуэр къыщаIуэтэжкIэ, псалъэхэр тэмэму, зыщыхуей щIыпIэм деж ирихьэлIэу къагъэ-сэбэпыфу есэн хуейщ.
Тхылъ къеджэныгъэм къыдэкIуэу еджакIуэхэм гукIэ зрагъэщIэн хуейщ прозэм щыщ пычыгъуэхэр, усэхэр.
ЕджакIуэхэр егъэсэн хуейщ къадэмыIэпыкъуIауэ, езыр-езыру тхылъыр къагъэсэбэпыфу.
«Грамматикэр, тхэкIэ тэмэмыр, бзэм зегъэужьыныр» псалъащ-хьэхэм щIэту программэм хэт материалыр щаджкIэ, еджакIуэхэм ягъуэ-тынущ бзэм теухуауэ щIэныгъэ.
Программэр зэрызэхэлъри еджакIуэхэм тхэкIэ тэмэмым пэщIэдзэ классхэм фIыуэ щыхэгъуэзэным теухуауэщ..
Программэм къегъэув еджакIуэхэм пэщIэдзэ класс псоми макъхэмрэ хьэрфхэмрэ ятеухуа лэжьыгъэхэр щагъэзэщIэн хуейуэ.
«Псалъэр», « Псалъэ-ухар», «КъэIуэтэныгъэ зэпха» зи псалъащхьэу мы программэм къыщыгъэлъэгъуа материалхэми. ЕджакIуэр практикэм ипкъ иткIэ псалъэхэр бзэм къызэрыщагъэсэбэпым, зэратхым, псалъэухар зэраухуэм, ар щатхкIэ, къагъэсэбэп нагъыщэхэм, къэIуэтэныгъэ зэпхахэм, абы и планым елэжьурэ бзэр жьэрыIуатэкIи тхыгъэкIи тэмэму къагъэсэбэпыфыным хуэкIуэн хуейщ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щагъэзащIэм деж, гулъытэ хэIэтыкIа хуащIын хуейщ бзэр (псом хуэмыдэу тхыгъэкIэ) къагъэсэбэпыным теухуа есэныгъэ быдэхэр еджакIуэхэм егъэгъуэтыным. Къалэну къэувыр еджакIуэхэр бзэм щыгъэгъуэзэныр аркъудейкъым, атIэ Iэмал имыIэу ар гъащIэм щыхуей зэрыхъукIэ шэрыуэу къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн хуейуэ аращ.
Грамматическэ материалу дэтхэнэ зы классми хухэхар егъэджыным къалэн нэхъыщхьэу тIу къызэфIигъэкIын хуейщ. Япэрауэ , еджакIуэхэр бзэ щIэныгъэм хишэн хуейщ, бзэм бгъэдэлъ щытыкIэ пыухыкIахэр, абы хэлъ хабзэхэр яригъэщIэн хуейщ, логическэкIэ тэмэму гупсысэ хъуным хуиунэтIынри Iэмал имыIэу абы къыдэкIуэу. ЕтIуанэрауэ , бзэм хэлъ хабзэхэм япкъ иткIэ гъэува пэжырытхэм и хабзэхэр ягуригъаIуэкIэрэ, тхэкIэ тэмэмыр яригъэщIэн хуейщ.
Анэдэлъэхубзэ урокхэм ягъэзащIэ лэжьыгъэхэр – ахэр къеджэны-гъэм епхауи е тхэным ехьэлIауи щрырети – еджакIуэхэм ар зэрагъэзащIэр пэщIэдзэ классхэр къаухын къудеймкIэ мыхъуу, еджэныгъэр адэкIэ ягъэIэпхъуэным хуэзыунэтIу щытын хуейщ.
КЬАБЗЭУ ТХЭНЫГЪЭ.
(Урок щхьэхуэ хухахыркъым)
Дэтхэнэ зы тхыгъэ лIэужьыгъуэми къыдэкIуэу пэщIэдзэ классиплIми щыгъэзэщIэн хуейщ еджакIуэхэр къабзэу, дахэу, кьихыгъуафIэу икIи Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэIуэу тхэф хъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр.
ХъэтIыр тхыгъуафIэу, къихыгъуафIэу, уеплъынкIи дахэу щытын папщIэ, тэмэму тхын хуейщ; а) хьэрфхэр ; б) псалъэхэр (абы хэувэ хьэрфхэм я зэпхыкIэмрэ зэпэщIэхыныгъэхэмрэ тэмэму даIыгъыу); в) псалъэухахэр (абы хыхьэ псалъэхэм я зэпэщIэхыныгъэхэр тэмэму даIыгъыу). Къабзэу тхэныгъэмкIэ ягъэзэщIэну лэжьыгъэхэм я къызэкIэлъыкIуэкIэнур дэтхэнэ классми езым и программэм къыщы-гъэлъэгъуащ, ахэр щагъэзэщIэну нэхъ къыщезэгъыр урокхэм деж езы егъэджакIуэр зэреплъкIэ игъэувыну хуитщ.
Программэхэм я ухуэкIэмрэ я зэхэлъыкIэмрэ.
Япэ классым ейр.
КъеджэкIэрэ тхэкIэрэ (грамотэр) егъэщIэныр, еджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыныр.
Япэ гъэ еджэгъуэм и кIэм деж еджакIуэхэм ящIэн хуей Iуэхугъуэхэмрэ яхузэфIэкIыпхъэ хуэIухуэщIэхэмрэ.
II , III , IV классхэм яйр.
I . Къеджэнымрэ бзэм зегъэужьынымрэ.
Къызэджэнур зытеухуа Iуэхугъуэхэр.
ГукIэ зрагъэщIапхъэ тхыгъэхэмрэ пычыгъуэхэмрэ.
КъеджэнымкIэ ягъуэтын хуей есэныгъэхэр.
Тхыгъэхэм иралэжьыну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр.
Зэджэ тхылъым ехьэлIауэ зэрыгъуэзэну Iуэхугъуэхэр.
Мыкласс еджэныгъэр къызэрызэгъэпэщыпхъэмрэ зэрыухуапхъэмрэ.
Зэджэнум къыхиубыдэхэр (зэджэнур зытеухуахэр).
Сабий тхылъым ехьэлIа Iуэхугъуэхэу ящIапхъэхэр.
II Фонетикэр, грамматикэр, тхэкIэ тэмэмыр, еджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр.
Макъхэмрэ хьэрфхэмрэ щыгъэгъуэзэн.
Псалъэр зищIысыр егъэщIэн.
Псалъэухар егъэцIыхун.
КъэIуэтэныгъэ зэпхам щыгъэгъуэзэн.
Къабзэу тхэныгъэм хуегъэсэн.
Зи тхыкIэ тэмэмыр мы классым хабзэхэмкIэ къыщамыхутэф псалъэхэу гъэ еджэгъуэм и кIёуэцIкIэ зрагъэщIэн хуейхэр.
Гъэ еджэгъуэм и кIэм деж еджакIуэхэм ящIэн хуейхэмрэ яхузэфIэкIыпхъэхэмрэ.
Программэхэм къызэщIаубыдэ Iуэхугъуэхэр.
Адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмкIэ пэщIэдзэ классхэм (I-4-нэхэм) я программэхэр мы щIыкIэм хуэдэу зэхэлъщ: I) къеджэкIэрэ тхэкIэрэ (грамотэ) егъэщIэныр, еджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыныр; 2) къеджэнымрэ еджакIуэ-хэм я бзэм зегъэужьынымрэ (классым щIэсыуи мыкласс еджэныгъэуи къызэджэнухэри къызэщIиубыдэу); 3) фонетикэр, грамматикэр, пэжырытхэр, еджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыныр.
Адыгэбзэр шэрыуэу къагъэсэбэпынымкIэ еджакIуэхэм щIэныгъэ тэмэмрэ есэныгъэ пыухыкIахэмрэ зэрагъэгъуэтым къыдэкIуэу, пэщIэдзэ классхэм я анэбзэр зэрыщаджым мы къэкIуэну Iуэхугъуэшхуэхэр къызэфIигъэкIын хуейуэ къагъэув:
а) еджакIуэхэм цIыхугъэ яхэлъу, езыхэр гущIэгъулыуэ, хабзэр зэхащIы-кIыу, абы пщIэ хуащIыу, дахагъымрэ хьэл-щэныфIымрэ зыхащIэу, икIи зэхащIыкIыу (къагурIуэу) гъэсэныр, къэгъэхъуныр;
б) сабийхэр къэзыхъуреихь дунейм, зыхэпсэухь гъащIэм, цIыхум, дунейм и къэхъукъащIэм ехьэлIауэ яIэ зэхэщIыкIхэм хэгъэхъуэныр, абыхэм нэхъри зегъэужьыныр;
в) еджакIуэхэм дежкIэ щIэуэ щыт лэжьыгъэр – еджэныгъэр – къагъэ-къэрууфу, урокым хухэха зэманыр тэмэму, купщIыфэу къагъэсэбэпу егъэсэныр;
г) еджакIуэхэм езыр-езыру ягъэзащIэ лэжьыгъэхэм зэрыпэлъэщын бгъэдыхьэкIэхэр, Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ егъэщIэныр икIи абыхэм япыщIа нэгъуэщI хуэIухуэщIэхэм егъэсэныр;
д) щIэныгъэм и хэкIыпIэу щыт еджэныгъэмрэ тхылъ еджэнымрэ нэхъри еджакIуэхэр дегъэхьэхыныр, яфIэгъэщIэгъуэн щIыныр, ахэр гъащIэм хуэ-нэхъуеиншэу къэгъэхъуныр.
Адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ пэщIэдзэ классхэм зэрыщрагъэджым къызэщIиубыдэ хуэIухуэщIэхэмрэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ къызэфIагъэкIын хуейщ программэхэм къагъэувым хуэдиз щIэныгъэрэ есэныгъэрэ еджакIуэ-хэм ягъуэтыныр, абыхэм хьэл-щэн дахэ зэхалъхьэныр.
Еджак I уэхэм къеджэк I эрэ тхэк I эрэ (грамотэ) егъэщ I эныр, я бзэм зегъэужьыныр.
КъеджэкIэкIэрэ тхэкIэрэ щрагъащIэ урокхэр дэIэпыкъуэгъу хъууэ щытын хуейщ еджакIуэхэм сыт и лъэныкъуэкIи заужьынымкIэ, ныбжьэгъугъэм, лэжьыгъэм хуэгъэсэнымкIэ, еджэныр яфIэфI щIынымкIэ.
Къеджэныгъэмрэ еджакIуэхэм я бзэм зегъэужьынымрэ.
Къеджэныгъэм къызэщIеубыдэ классым къызыщеджэри классым щаджым нэмыщI, къызэджэри (мыкласс еджэныгъэкIэ дызэджэри). Апхуэдэ лэжьыгъэр щекIуэкI Iыхьэщ, пэщIэдзэ классхэм я 2-4 –нэ классхэм.
«Къеджэныгъэмрэ бзэм зегъэужьынымрэ» жиIэу мы программэм хыхьэ Iыхьэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ «КъеджэкIэрэ тхэкIэрэ егъэщIэн» Iыхьэм икIи еджакIуэхэм я япэ тхылъым – «Азбукэм» - щрилажьэм адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмкIэ ягъуэта щIэныгъэмрэ есэныгъэмрэ тещIыхьауэ (къыхэлъытауэ) зэхэлъхьащ.
ЕтIуанэ-еплIанэ классхэм къеджэныгъэмкIэ а программэм хыхьащ мыпхуэдэ разделхэр: 1. Къызэджэну тхыгъэхэр зытеухуауэ щытыпхъэхэмрэ гукIэ зэрагъэщIэн хуей тхыгъэхэмрэ. 2. КъеджэнымкIэ еджакIуэхэм яхузэфIэкIын хуейхэмрэ, тхыгъэм (текстым), къэIуэтэныгъэ зэпхам елэжьынымрэ. 3. Классым щаджыну тхыгъэхэмрэ мыкласс еджэныгъэм хухахахэмрэ.
Къызэджэну тхыгъэхэр зытеухуар. Классым къызыщеджэну тхыгъэхэм я лъабжьэу щытщ гъэсэныгъэм, дахагъэм, цIыхугъэ лъагэм, цIыхухэм я зэхущытыкIэфIым, гуащIэдэкI хьэлэлым, дунейм и къэхъукъащIэхэм, щIылъэм и щытыкIэ зэхуэмыдэхэм, гъэм и зэман зэмылIэужьыгъуэхэм теухуахэр.
Сабий IуэрыIуатэм, художественнэ литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэм ящыщхэр программэхэм зэрыхыхьам къызэфIигъэкIынущ еджакIуэхэм щIэныгъэ пыухыкIа зэрагъуэтым къыдэкIуэу гу къабзэ, псэ хьэлэл зиIэ, зэхуа-гъэмрэ пэжыгъэмрэ хуэпсэу, дыкъэзыухъуреихь дунейм дызыщрихьэлIэ дахагъэр зыхэзыщIэ цIыху щхьэпэ гъэсэныр, зыхэпсэухь зэманым екIу цIыху къэгъэхъуныр. ЕджакIуэхэм я бзэм, адыгэ хабзэм, хьэл-щэн дахэм, цIыхугъэ лъагэм икIи къинэмыщI Iуэхугъуэхэми хуэзыущий тхыгъэхэр къеджэну хухах.
Дызэрыщыгъуазэщи, къеджэныгъэ урокхэр щхьэхуэу хэхауэ ирагъэ-кIуэкIыну щыщIадзэр етIуанэ классырщ.
ЕтIуанэ классым къыщеджэнущ адыгэ лъэпкъымрэ абы и Хэкумрэ хухэха тхыгъэхэр. Ахэр адыгэ IуэрыIуатэми, сабий литературэми къыхахащ. Гъэм и зэманхэм, дунейм и къэхъукъащIэхэм, гъащIэм щекIуэкI хуэIухуэщIэхэм, цIыхухэм яку зэхуилъ щытыкIэфIхэм, зэныбжьэгъуныгъэ пэжым, къуэ-шыгъэ нэсым, лэжьыгъэ хьэлэлым цIыхум къыхуихь фIыгъуэр, къинэмыщI хуэIухуэщIэхэри еджакIуэхэм псэкIэ зыхезыгъащIэ тхыгъэхэми программэхэм яхуэфащэ увыпIэ щаубыд.
Ещанэ классым къеджэныгъэмкIэ и программэм еджакIуэхэр тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыгъуазэ ещI. Апхуэдэхэщ усэхэр, уэрэдхэр, къуажэхьхэр, псалъэжьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, нэщэнэхэр, рассказхэр, тхыгъэ нэхъ инхэм щыщ пычыгъуэхэр. Ахэр псори я бзэрэ зытепсэлъыхь Iуэхугъуэ и лъэныкъуэкIэ еджакIуэхэм ягъуэта щIэныгъэм, есэныгъэм елъытауэ я ныбжьым къезэгъыу къыхахащ. Ещанэ классым къызэджэ тхыгъэхэм я инагъым зы мащIэкIэ хуохъуэ, я бжыгъэр нэхъыбэ мэхъу, сыту жыпIэмэ сабийхэр зы илъэскIэ нэхъыжь хъуащи.
ЕплIанэ классым и программэм нэххъыбэу хыхьэр гъэсэныгъэ-ущииныгъэ зыхэлъ художественнэ тхыгъэхэмрэ еджакIуэхэр къэзыухъуреихь дунейм щызыгъэгъуазэ щIэныгъэм нэхъ епха тхыгъэхэмрэщ.
ЕтIуанэ-еплIанэ классхэм урокым хухэха зэманым и нэхъыбапIэр (дакъикъэ 30-35-рэ) тхыгъэм къеджэнымрэ абы елэжьынымрэ хухах.
Мыкласс къеджэныгъэр. ПэщIэдзэ классхэм щаджым нэмыщI, къе-джэныгъэр сабийхэр адыгэбзэм хуегъэджэнымкIэ Iэмал имыIэу зыхуей Iуэху-гъуэхэм ящыщ зыуэ къэлъытапхъэщ. Мыкласс къеджэныгъэм и мурад нэхъыщхьэр еджакIуэхэр сабий литературэм нэхъыфIу щыгъэгъуэзэнырщ, тхылъ къеджэныр фIыуэ егъэлъэгъунырщ, езыр-езыру художественнэ тхы-гъэхэм къеджэу егъэсэнырщ, абы дегъэхьэхынырщ, щIэныгъэфI егъэгъуэтынырщ.
КъеджэныгъэмкIэ еджакIуэхэм яхузэфIэкIыпхъэмрэ ягъуэтын хуей есэныгъэхэмрэ.
Тхыгъэмрэ жьэрыIуатэ къэхутэныгъэ зэпхамрэ елэжьыныр.
ПэщIэдзэ классхэм къеджэныгъэмкIэ еджакIуэхэм щыдрагъэкIуэкI лэжьыгъэм мы Iуэхугъуэхэр къызэфIигъэкIын хуейщ: жьакIуэу псалъэнымкIэ тхылъымрэ тхыгъэ щхьэхуэхэмрэ елэжьынымкIэ есэныгъэ тэмэмхэр егъэ-гъуэтыныр; къэIуэтэныгъэ зэпхамкIэ яIэ хъуа (ягъуэта) зэфIэкIхэм зегъэу-жьыныр, хэпщIыкIыу абыхэм хэгъэхъуэныр.
ЕтIуанэ-еплIанэ классхэм къеджэныгъэмкIэ урок къэс щегъэфIэкIуэн хуейщ тэмэму (пэжу), ирижэу зэхэщIыкIыгъуэу, къагурыIуэу къеджэнымкIэ еджакIуэхэм яIэ хъуа зэфIэкIымрэ есэныгъэмрэ.
Фонетикэр, грамматикэр, тхэкIэ тэмэмыр, бзэм зегъэужьыныр.
Фонетикэм, грамматикэм, тхэкIэ тэмэмым, бзэм зегъэужьыным пэщIэдзэ классхэм зэрыщыхурагъаджэр класс нэхъыщхьэхэм адыгэбзэмкIэ щаджынухэм и щIэдзапIэущ икIи зэпыщIауэщ. ПэщIэдзэ классхэм адыгэбзэкIэ щаджхэм щыщ куэдым бзэм и лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэр къызэщIаубыдэ. ЕджакIуэхэр щыгъуазэ мэхъу псалъэр зэрызэхэт макъхэм, псалъэр пычыгъуэкIэ, зэрызэхэт мыхьэнэ зиIэ IыхьэкIэ зэхэгъэкIыным, къанэ щIагъуэ щымыIэу псалъэ лъэпкъыгъуэ псоми, абыхэм я грамматическэ формэ нэхъыщхьэхэм, псалъэуха къызэрыкIуэ дыдэхэм, псалъэухам и пкъыгъуэхэм пэжырытхэм и хабзэхэм щыщ зыбжанэм. Программэм апхуэдэу къегъэув еджакIуэхэр псалъэм и лексическэ мы-хьэнэм, псалъэм мыхьэнэ куэд иIэнкIэ зэрыхъум, синонимхэм, антонимхэм практическэу щыгъэгъуэзэн хуейуэ.
Адыгэбзэр пэщIэдзэу джыным и раздел нэхъыщхьэ дыдэхэм щыщщ: «Макъхэмрэ хьэрфхэмрэ» , «Псалъэр» , «Псалъэухар» , «КъэIуэтэныгъэ зэпхар» .
Макъхэмрэ хьэрфхэмрэ . Мы разделымкIэ щIэныгъэрэ есэныгъэ нэхъыщхьэрэ еджакIуэхэм щагъуэтыр езанэ, етIуанэ классхэрщ.
ЕджакIуэхэр нэIуасэ хуохъу макъхэмрэ хьэрфхэмрэ, абыхэм я зэхущытыкIэм, макъзешэхэмрэ макъ дэкIуашэхэмрэ, пычыгъуэм, ударенэм, ударенэр зытелъ, зытемылъ макъзешэхэм, макъ дэкIуашэ дэгухэмрэ жьгъыжьгъхэмрэ, нэрылъагъу схемэхэм тещIыхьауэ псалъэр зэрызэхэт макъ, хьэрфхэмкIэ зэпкърахыу ирагъасэ.
Ещанэ, еплIанэ классхэм мы IуэхугъуэхэмкIэ ящIэн хуейхэмрэ яIэ есэныгъэхэмрэ йофIакIуэ, псалъэр зэрызэхэт макърэ хьэрфрэ елъытауэ зэпкърыхынымкIэ ягъуэта щIэныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ хохъуэ, йофIакIуэ, заузэщI. А лэжьыгъэр, псом япэрауэ, хуэунэтIауэ щытыпхъэщ щыуагъэншэу къытратхыкIыфу, диктант ятхыфу, ятхар къапщытэжыфу егъэсэным, пэжырытхэмкIэ яIэ щIэныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ егъэфIэкIуэным хэгъэхъуэ-ным.
Япэ классым и кIэм, етIуанэм и пэщIэдзэм, цIыкIухэр нэIуасэ хуохъу зи къэпсэлъыкIэмрэ тхыкIэмрэ зэтемыхуэу зэрыщытым пыщIа хабзэхэр адыгэбзэ пэжырытхэм зэрыхэтым. Абы къыхэкIыу икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ абыхэм я тхыкIэм хухэха лэжьыгъэ нэхъыбэ егъэкIуэкIыным, къэпсэлъыкIэмрэ тхыкIэмрэ зэрегъэгъэпщэным (мажьэшхуэ — мажьэ, бажэкIэ — бажэм и кIэ, махуэ хуабэ — махуэ, фIанэшхуэ – фIанэ)
Псалъэр . Псалъэм и лексическэ мыхьэнэми грамматическэ мыхьэнэми цIыкIухэр щыгъэгъуэзэн хуейуэ программэм къегъэув. ПэщIэдзэ классхэм зэрыщеджэ илъэсиплIым и кIуэцIкIэ гулъытэ хэха хуэщIыпхъэщ псалъэм егъэлэжьыным (словарнэ лэжьыгъэм). Абы ехьэлIа лэжьыгъэхэр практическэу ирагъэкIуэкI, грамматикэмрэ пэжырытхэмрэ щаджым къыдэкIуэу. Псалъэм и мыхьэнэм теоретическэу пэщIэдзэ классхэм щыгъуазэ щащIыркъым. КъеджэныгъэмкIэ, грамматикэмкIэ, бзэм зегъэужьынымкIэ, пэжырытхэмкIэ урокхэм щыкIэлъагъэплъ псалъэхэм, предмет, щытыкIэ, лэжьыгъэ, нэгъуэщIхэри къагъэлъэгъуэнкIэ зэрыхъум, псалъэхэм мыхьэнэ куэд яIэнкIэ зэрыхъум, мыхьэнэ зэпэщIэуэ зиIэ псалъэхэр бзэм зэрыхэтым. Езым я гупсысэхэр къыщаIуатэкIэ, нэхъ псалъэ шэрыуэ-хэр, зытепсэлъыхьыр нэхъ Iэрыхуэу къэзыIуатэ псалъэхэр къыхахыфу ирагъасэ, ардыдэмкIи зи мыхьэнэр ящIэ псалъэ бжыгъэм хагъахъуэ, я бзэм зрагъэужь.
ЕтIуанэ классым цIыкIухэр нэIуасэ шащI псалъэм и зэхэтыкIэм (лъабжьэм, кIэухым, префиксым, суффиксым) теyxva гурыIуэныгъэ къызэрыгуэкIхэм.
Ещанэ классым псалъэр зэрызэхэтыр (лъабжьэр, кIэухыр, псалъэр зэхъуэкIа зэрыхъу, псалъэ къызэрыхъу префиксыр, псалъэр зэхъуэкIа зэрыхъу, псалъэ къызэрыхъу суффиксыр) зэрыщыту ядж, икIи щагъэгъуазэ псалъэм и къэхъукIэ нэхъыщхьэхэм.
Псалъэм и зэхэтыкIэр щаджым къыдэкIуэу ирагъащIэ макъ дэкIуашэ дэту, жьгъыжьгъхэм, макъзешэ а, э -хэм я тхыкIэм ехьэлIа хабзэ нэхъ тыншхэр. ЦIыкIухэр ирагъасэ псалъэпкъым а, э щатхым и хабзэхэр къапщытэфу (мажьэшхуэ — мажьэ, бажэ шыр — бажэ (шыр).
ПэщIэдзэ классхэм псалъэ лъэпкъыгъуэхэр щадж: щыIэцIэхэр , плъыфэцIэхэр , глаголхэр , послелогхэр , щхьэ цIэпапщIэхэр . ЕджакIуэ-хэм ахэр зэхагъэкIыфу ирагъасэ къызэщIэзыубыдэу яIэ мыхьэнэхэмкIэ, жэуап зыхуэхъу упщIэхэмкIэ, зэрызахъуэжымкIэ (склоненэмрэ спряженэмкIэ).
Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр джыным етIуанэ классым щыхуагъэхьэзыру щIадзэ, х э т? с ы т? сыт х у э д э? с ы т и щ I э р э? нэ-гъуэщI упщIэхэми жэуап хуэхъу псалъэхэм нэIуасэ щыхуащIкIэ. Псалъэ лъэпкъыгъуэхэм я фIэщыгъэцIэхэр (зэреджэр) щыхагъэхьэр ещанэ классырщ.
Щхьэ цIэпапщIэхэм (1, 2, 3 щхьэхэм закъуэ бжыгъэуи куэд бжыгъэуи) цIыкIухэр практическэу щагъэгъуазэу аращ: ахэр бзэм къызэрыщагъэсэбэпым, зэрызахъуэжым елъытауэ.
Послелогхэр етIуанэ классым къыщыщIэдзауэ хагъэхьэ. Союзхэм и гугъу щыхуащIыр «Псалъэуха» Iыхьэр класс къэс щаджым къыдэкIуэущ.
ЕплIанэ классым щыIэцIэхэм я склоненэм теухуа Iуэхугъуэхэр щыхагъэхьэ. ЕджакIуэхэр ирагъасэ щыIэцIэхэр падежкIэ, бжыгъэкIэ зэрахъуэкIыфу, склоненэ щIыкIитIми тету, щыIэцIэр зэрыт падежыр жэуап зыхуэхъу упщIэхэмкIэ зэхагъэкIыфу.
ПлъыфэцIэр щаджкIэ, абы падежрэ бжыгъэкIэ зэрызихъуэж щIыкIэм щагъэгъуазэ (плъыфэцIэр щыIэцIэм и пэ итуи и ужь итуи къыщыкIуэм и щапхъэхэмкIэ).
ПэщIэдзэ классхэм щеджэхэм глаголым щхьэрэ бжыгъэкIэ зэрыза-хъуэжыр ирагъащIэ.
Глагол зыгъэзэжхэм еджакIуэхэр практическэу щагъэгъуазэ (етхьэщI — зетхьэщI, елъэщI — зелъэщI).
Псалъэухар. ПэщIэдзэ классхэм щеджэхэр щагъэгъуазэ: 1. псалъэуха лIэужьыгъуэхэм: зэраIуатэ, зэрыупщIэ, хуэзыгъэуш (къэIуэтэныгъэм и мурадым елъытауэ), хэ IэтыкIа (псалъэр жызыIэр къэIуэтэныгъэм зэрыхущыт елъытауэ) псалъэухахэмкIэ; 2. псалъэухам и пкъыгъуэхэм; 3. псалъэ-ухам хэт псалъэхэм я зэпхыкIэхэм; 4. псалъэ зэпхахэм (псалъитIу къакIуэхэм). А гурыIуэныгъэхэр илъэсиплIым и кIуэцIкIэ зэкIэлъыкIуэкIэ хэхам тету ирагъэдж.
Япэ классым цIыкIухэм ирагъащIэ бзэм, тхыгъэм псалъэухахэр къыхагъэщхьэхукIыфу, къыщеджэкIи къыщапсэлъкIи псалъэухам и кIэм макъым зыщрагъэIэту е щагъэлъахъшэу, ятхыфу (япэ щIыкIэ, зэпкъраха нэужь) псалъэухам и щIэдзапIэм хьэрфышхуэкIэ, и кIэм точкэ ягъэувыфу.
ЕтIуанэ классым еджакIуэхэр нэIуасэ хуащI псалъэухам и кIэм, точкэм нэмыщI, зэрыупщIэ, хэIэтыкIа нагъыщэхэр зэрагъэувым, зыхуей псалъэр макъкIэ къыхагъэщыфыным хурагъаджэ, псалъэухам и кIэм щыт нагъыщэм елъытауэ къэпсэлъыкIэм зэрызрагъэхъуэжым щагъэгъуазэ.
Ещанэ классым псалъэуха лIэужьыгъуэхэмкIэ гурыIуэныгъэ ират: зэраIуатэ, зэрыупщIэ, хуэзыгъэуш (къэIуэтэныгъэм и мурадым елъытауэ), хэIэтыкIа (псалъэр жызыIэр къэIуэтэныгъэм зэрыхущыт елъытауэ) псалъэ-ухахэмкIэ. Ахэр я бзэм (щыпсалъэкIи щытхэкIи) къыщагъэсэбэпыфу (хуей щыхъум) ирагъасэ.
ЕплIанэ классым еджакIуэхэм къащIэ пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъу зыхэт псалъэухахэм я къэкIуэкIэр. Пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэр запятойкIэ зэпэщIахыфу ирагъасэ.
Псалъэухам и пкъыгъуэхэм еджакIэхэр щыгъуазэ хъууэ щIадзэ етIуанэ классым. Къеджэныгъэ урокхэми грамматикэмкIэ урокхэми ахэр щрагъасэ зыгуэр зыхужаIэу е хужаIэу псалъэухахэм къыщыкIуа псалъэхэр къыхагъэщхьэхукIыфу. ЦIыкIухэм етIуанэ классым щызэрагъащIэ «подлежащэ», «сказуемэ» псалъэхэр, ещанэ классым къыщащIэ, подлежащэмрэ сказуемэмрэ нэмыщI, псалъэухам пкъыгъуэ етIуанэхэри хэтынкIэ зэрыхъум (ауэ ахэр зэригуэш лIэужьыгъуэхэр хэмыту). Апхуэдэу ещанэ классым хагъэхьэ псалъэ зэпхамкIэ гурыIуэныгъэ, «псальэ зэпха» терминри къагъэсэбэп.
Сннтаксисым ехьэлIа Iуэхугъуэхэри псалъэ лъэпкъыгъуэхэри шадж-кIэ, зэпымыууэ егъэкIуэкIын хуейщ псалъэухам хэт псалъэхэр зэпха зэрыхъум, псалъэ зэпхахэр къыхагъэщхьэхукIыным, езыхэм зэхалъхьэным теухуа лэжьыгъэхэр.
Зы классым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъ зэхэлъ щыхъуурэ макIуэ синтаксичсскэ зэпкърыхыныгъэр. Езыр-езыру псалъэухахэр щызэхалъхьэкIэ, еджакIуэхэм абы хащIыхь лэжьыгъэхэм хэхъуэ зэпытщ, псом хуэмыдэу ахэр щатхкIэ.
Фонетикэмрэ грамматикэмкIэ еджакIуэхэм ягъуэт щIэныгъэхэр пэжырытхэм и хабзэхэр егъэщIэнымкIэ, есэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ лъабжьэ нэхъыщхьэу мэув. Пэжырытхэм хуегъэджэным хохьэ орфографиемкIэ псалъалъэр къыщагъэсэбэп хъу лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыныр, псом хуэмыдэу зи тхыкIэр къатехьэлъэ псалъэ щрихьэлIэкIэ.
КъэIуэтэныгъэ зэпхар. ПэщIэдзэ классхэм нэхъыщхьэу щекIуэкI лэжьыгъэхэм ящыщщ бзэм зегъэужьыныр..
ЦIыкIухэм я бзэм зегъэужьыным щыщIадзэ къеджэкIэрэ тхэкIэрэ (грамотэ) щрагъащIэ япэ урокхэм щегъэжьауэ, ар щрагъэкIуэкI къыщеджэми грамматикэмрэ пэжырытхэмрэ щызэрагъащIэми.
Еджэгъуэ четвертым къриубыдэу еджакIуэхэм я бзэм зегъэужьынымкIэ егъэджакIуэм илэжьынухэр щиубзыхукIэ, сочиненэ, изложенэ яригъэтхынухэм я бжыгъэм и мызакъуэу фонетикэм, грамматикэм, пэжырытхэм щыхуригъаджэм ахэр сыт хуэдэ щIыкIэкIэ хэгъэхьапхъэми игъэбелджылыну и къалэнщ. Абы щыгъуэми Iуэхум къыхэлъытэн хуейщ тхыбзэмкIэ яIэ зэфIэкIхэр къызыхэкIыпхъэхэр жьабзэм зегъэужьыным тещIыхьауэ зэрыщытыр. ЖьэрыIуатэу лэжьыгъэхэр щагъэзащIэкIэ егъэджакIуэм игу зыхуэ-мызэгъахэр зэрегъэзэхуэж, я къэIуэтэкIэкIи тэмэму (щыуагъэ хэмыту) ятхынымкIи нэхъ гу зылъытапхъэхэр яжреIэ.
Класс
Илъэсым и к1уэц1к1э псалъэщ1эу еджак1уэхэм егъэщ1апхъэр1
I
(мыбдеж класс къэс хуэгъэува бжыгъэр итхэжын)
II
III
IY
Егъэджак1уэм класс къэс ( мыбдеж дэпщ1ыгъу хъуну псалъэ бжыгъэр итхэжын) 50-60 е нэхъыбэ?) ________________псалъэ бжыгъэ дищ1ыгъуну хуитщ мы къэгъэлъэгъуа псалъэ бжыгъэхэм.
Къызэрапщытэ диктанхэмрэ зэрагъасэ изложенэхэмрэ, сочиненэхэмрэ зэрыхъун хуей псалъэ бжыгъэхэр:
Тхыгъэ лэжьыгъэ л1эужьыгъуэхэр
I класс
II класс
III класс
IY класс
диктант
изложенэ
сочиненэ
5-10
-
-
20-25
20-25
20-30
30-35
45-50
45-50
50-60
60-70
70-80
Ет1уанэ - епл1анэ классхэм къыщызэрагъэпэщ классщ1ыб еджэныгъэхэр (тхьэмахуипл1 къэс зы урок)
Зы урокым яджыну тхыгъэхэм напэк1уэц1 бжыгъэк1э я инагъыр мыхэм нэхърэ мынэхъыбэу щытын хуейщ:
I класс
II класс
III класс
IY класс
0,5-0,7
1- 1,5
2-3
3-5
Илъэс къэс я еджэк1эм зы дакъикъэм къриубыдэу и псынщ1агъымрэ абы папщ1э гъэувыпхъэ оценкэхэмрэ къызэрахутэ щ1ык1эр мыпхуэдэущ.
II
класс
Япэ илъэс ныкъуэ
«5-к1э»
«4-к1э»
«3-к1э»
Пычыгъуэк1э укъуэдияуэ- псалъэ 25, къызэджар къыгуро1уэ.
Псалъэ 20, щыуагъэу 1-2 хищ1ыхьмэ, къызэджар къыгуро1уэ.
Псалъэ 20, щыуагъэу 3-4 хищ1ыхьмэ, зэджам хищ1ык1мэ.
Ет1уанэ илъэс ныкъуэ
Псалъэ псок1э – псалъэ 45, къызэджар къыгуро1уэ
Псалъэу 40, щыуагъэу 1-2, зэджар зытепсэлъыхьыр къыгуро1уэ.
Псалъэу 40, щыуагъэу 3-4 хищ1ыхьмэ, зэджар зытепсэлъыхьыр къыгуро1уэ.
III
класс
Япэ илъэс ныкъуэ
«5-к1э»
«4-к1э»
«3-к1э»
Псалъэ псок1э – псалъэ 50, къызэджар къыгуро1уэ
Псалъэ 45, щыуагъэу 1-3 хищ1ыхьмэ, зэджар зытепсэлъыхьыр къыгуро1уэ.
Псалъэу 45, щыуагъэу 4-6 хищ1ыхьмэ, зэджар зытепсэлъыхьыр къыгуро1уэ.45
Ет1уанэ илъэс ныкъуэ
Псалъэ псок1э – псалъэ 60, къызэджар къыгуро1уэ
Псалъэ 55, щыуагъэу 1-3 хищ1ыхьмэ, зэджар зытепсэлъыхьыр къыгуро1уэ.
Псалъэ 55, щыуагъэу 4-6 хищ1ыхьмэ, зэджар зытепсэлъыхьыр къыгуро1уэ.
IY
класс
Япэ илъэс ныкъуэ
«5-к1э»
«4-к1э»
«3-к1э»
Псалъэ псок1э – псалъэ 70, къызэджар къыгуро1уэ
Псалъэ 65, щыуагъэу 1-3 хищ1ыхьмэ, зэджар зытепсэлъыхьыр къыгуро1уэ.
Псалъэ 65, щыуагъэу 4-6 хищ1ыхьмэ, зэджар зытепсэлъыхьыр къыгуро1уэ.
Ет1уанэ илъэс ныкъуэ
Псалъэ псок1э – псалъэ 80, къызэджар къыгуро1уэ
Псалъэ 75, щыуагъэу 1-3 хищ1ыхьмэ, зэджар зытепсэлъыхьыр къыгуро1уэ.
Псалъэ 75, щыуагъэу 4-6 хищ1ыхьмэ, зэджар зытепсэлъыхьыр къыгуро1уэ.
ТхэкIэм хуегъэджэныр. Апхуэдэ лэжьыгъэм и къалэнщ цIыкIухэм къалэмыр ягъэшэрыуэфу, хьэрфхэмрэ ахэр зэрызэхэт Iыхьэхэмрэ зэпыщIа зэрыхъухэмрэ я нэхэм къаубыдыфу егъэсэныр, псалъэхэр, псалъэухахэр, текстхэр ятхыфыным хуэшэныр. ТхэкIэм цIыкIур зэрыхурагъаджэм къызэфIигъэкIын хуейщ абы зэхих макъыр хьэрфкIэ къэгъэлъэгъуэныр, хьэрфхэр, псалъэхэр, псалъэухахэр тэмэму, дахэу ятхыфу, тхыгъэми къытратхыкIыфу егъэсэныр.
Хьэрфхэр тэмэму тхыным хуезыгъасэ лэжьыгъэм щхьэхуэу зэман хухах, псом хуэмыдэу езанэ, етIуанэ классхэм. Апхуэдэ лэжьыгъэ ещанэ, еплIанэ классхэми щегъэкIуэкIьпн хуейщ. Мы классхэм нэхъыбэу зэлэжьыпхъэр хьэрф зэгуэтхэрщ.
Программэр.
Япэ класс.
КъеджэкIэрэ тхэкIэрэ (грамотэ) егъэщIэнымрэ еджакIуэхэм
я бзэм зегъэужьынымрэ.
(Гъэ еджэгъуэм сыхьэти 140-рэ хухах).
КъеджэкIэрэ тхэкIэрэ егъэщIэныр лъэхъэнищу зэхэтщ – щыхуагъэхьэзыр, азбукэр щадж (мыр Iыхьэ нэхъыщхьэщ), азбукэ нэужь еджэныгъэу.
КъеджэкIэрэ тхэкIэрэ (грамотэ) егъэщIэныр зэпыщIэныгъэ зиIэ Iуэху-гъуитIу зэхэтщ (пэщIэдзэу къеджэкIэрэ тхэкIэрэ егъэщIэн). ЕджакIуэхэм я бзэм зегъэужьынымкIэ лэжьыгъэ гуэрхэр щрагъэкIуэкIкIэ, къеджэкIэрэ тхэкIэрэ егъэщIэнымкIэ яIэ хъуа зэфIэкIымрэ ягъуэта есэныгъэмрэ зэрагъэубыд макъым (бзэм и макъхэр ирагъащIэкIэрэ), псалъэм (словарнэ лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIкIэрэ), псалъэухам къэIуэтэныгъэ щхьэхуэм тещIыхьауэ. Мыхэр узыблэкI мыхъун Iуэхугъуэхэщ. Мы лъэхъэнэм егъэджэкIэм и Iэмал нэхъыщхьэр псалъэр зэрызэхэт макъхэмкIэ зэпкъырыхынырщ, макъхэр псалъэу зэхэ-гъэувэнырщ, яIэ хъуа есэныгъэм зегъэужьынырщ.
ЕджэкIэмрэ тхэкIэмрэ щыхуагъэхьэзыр лъэхъэнэ (сыхь. 18) 2
Бзэм теухуа (жьэбзэми тхыбзэми) къызэрыгуэкI гурыIуэныгъэ еджа-кIуэхэм егъэгъуэтын.
Псалъэмрэ псалъэухамрэ. Дамыгъэ итхъахэр къагъэсэбэпаурэ бзэр псалъэухахэу, псалъэухахэр псалъэу, псалъэхэр пычыгъуэ-пычыгъуэу зэпаудыфу хуэм-хуэмурэ еджакIуэхэр егъэсэн.
Пычыгъуэр, ударенэр. Псалъэр пычыгъуэкIэрэ зэпыгъэщхукIын (зэпыудын), псалъэм ударенэр тегъэувэн (ударенэр макъкIэ къыхэгъэщхьэхукIын, ударенэр зытелъ пычыгъуэр нэхъ хэкъузауэ къэпсэлъаурэ), псалъэухам иIэ щытыкIэр, псалъэр зэрызэхэт пычыгъуэ бжыгъэр еджакIуэхэм къахутэфу егъэсэн хуейщ.
Макъхэмрэ хьэрфхэмрэ. Адыгэбзэм и макъэхэм щыгъэгъуэзэн, щызэхэпхкIи къыщупсэлъкIи макъзешэхэмрэ макъдэкIуашэхэмрэ (дэгухэмрэ жьгъыжьгъхэмрэ) зэхэгъэкIыфу егъэсэн: макъыр къыщапсэлъкIэ жьэ кIуэ-цIым хьэуар хуиту къыжьэдэкIрэ абы зыгуэр пэщIэуэрэ, макъзешэхэм пычыгъуэ къагъэхъуу зэрыщытыр егъэщIэн.
Псалъэм макъ щхьэхуэхэр къыхэгъэщхьэхукIын (макъзешэ, макъ дэкIуашэ), псалъэр зэрызэхэт пычыгъуэхэмрэ макъхэмрэ яхузэпкъырыхын (псалъэм хэт макъхэм я бжыгъэр, ахэр зэрызэкIэлъыхьар, яIэ щытыкIэхэр IупщI щIын, ударенэр зытелъ пычыгъуэр къыхэгъэщхьэхукIын, псалъэм и къэпсэлъыкIэмрэ и тхыкIэмрэ зэхуэхьын, ар зэрызэхэт пычыгъуэхэмрэ макъхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа схемэм иригъуазэурэ).
Макъ ягъэлъэгъуар хэту псалъэ гуэрхэр къэгупсысын, псалъэм и къэпсэлъыкIэмрэ (абы и IукIэмрэ) ар зэрызэхэт макъхэм хуащIа схемэмрэ зэрызэхуэкIуэр гъэбелджылын.
Щ х ь э х у э у г у з ы л ъ ы т а п х ъ э. ЕгъэджакIуэр хуэсакъыпхъэщ макъ дэкIуашэхэм я IукIэмрэ (л, щ, х) ахэр зэрыгъэлъэгъуа хьэрфхэм зэре-джэмрэ (лы, щы, хы) зэхагъэкIыфыным, абы папщIэ еджакIуэхэм макъ дэкIуашэр къыщапсэлъым ы макъзешэр къыздрамыгъэубыду ирагъасэ. Макъ дэкIуашэм и IукIэу зэгъэсэн хуейр ар (макъыр) псалъэм и кIэм щызэхэпхым деж иIэ хъу IукIэрщ: мэл, жэщ, пхъэх . Мыбдежым псалъэм и кIэм къыщыкIуа л, щ, х макъхэр лы, щы, хы -уэ къыупсэлъыныр зэрымытэмэмыр еджакIуэхэм ягурыгъэIуапхъэщ.
Азбукэр щрагъэдж лъэхъэнэ
I . КъеджэкIэ егъэщIэныр
Макъзешэхэмрэ дэкIуашэхэмрэ, хьэрф зешэхэмрэ дэкIуашэхэмрэ .
Адыгэбзэм макъыу хэт псори егъэщIэн, нэгъуэщIым къипсэлъа макъыр и IукIэкIэ еджакIуэхэм къацIыхуфу, езыхэми а макъыр къапсэлъыфу егъэсэн.
Дэпхуэдэ зы макъми и зэрыб хьэрфри и Iэрытх хьэрфри егъэщIэн, макъыр зэхебгъэхмэ, абы и хьэрфыр къагъэлъэгъуэфын, хьэрфыр ебгъэ-лъагъумэ, абы хуэкIуэ (къикI) макъыр ягъэIуфу щытын хуейщ.
Хьэрфзешэхэм тещIыхьауэ пычыгъуэхэр зэпащIэу (зэпагъэувэу) къе-джэн, хьэрф яджахэр зыхэт пычыгъуэхэм къеджэфу егъэсэн.
Хьэрф къыхэбзыкIахэр къагъэсэбэпурэ, пычыгъуэхэр псалъэхэр зэхалъ-хьэн (япэщыкIэ ахэр зэрызэхэт макъхэмрэ хьэрфхэмрэ зэпкъырыхауэ, абыхэм дахэ-дахэу къеджэн).
Къызэджэр къагурыIуэу, къеджэкIэ тэмэм яIэу, укъуэдияуэ пычыгъуэ-пычыгъуэрэкIэ макъ ягъэIуу псалъэ щхьэхуэхэм, псалъэуха мыинхэм, зытепсэлъыхьыр еджакIуэхэм къемыхьэлъэкI тхыгъэ кIэщIхэм къеджэн, хьэрфхэр тэмэму икIи зэрыхуэфэщэнкIэ псынщIэу къацIыхуным тещIыхьауэ, псалъэм къызэреджэнум хуэзыунэтI Iэмалхэр (япэ щIыкIэ пычыгъуэкIэрэ зыпыуда, абы иужькIэ пыгъуэхэр къызыхэмыгъэщахэри хыхьэу), ударенэр зытелъ пычыгъуэр (ар и дамыгъэмкIэ къыщыгъэлъэгъуар) къыхагъэщу.
Псалъэ щхьэхуэхэми псалъэуха мыинхэми къеджэкIэрэ, гъэ еджэгъуэм и кIуэцIкIэ цIыкIухэм я къеджэкIэм зиузэщI зэпыту кIуэурэ пычыгъуэкIэрэ зыпагъэууэ къеджэныгъэм къыщегъэжьауэ зэпамыгъэууэ къеджэ хъунум хуэ-кIуэн хуейщ. Мыр зыхуэсакъыпхъэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ.
Псысэхэм ящыщ Iыхьэ щхьэхуэхэм, усэ тынш дыдэм, сабий уэрэдхэм хэт псалъэхэм хуэдэхэр гукIэ зрагъэщIэн, ахэр япэ щIыкIэ егъэджакIуэм кIэлъыжаIэурэ тэмэму къапсэлъу зрагъасэу. Мы лэжьыгъэр тэмэму къызэгъэпэщыным мыхьэнэ иIэщ.
А щIыкIэм тету зрагъащIапхъэхэм ящыщщ «Адыгэ алфавит» жиIэу Багъ Н.А. итхам хыхьэ усэ цIыкIухэр. Игъуэщ мы усэ цIыкIухэр къагъэсэбэпурэ адыгэ алфавитыр цIыкIухэ зребгъэгъэщIэну. Усэхэм къыщеджэкIэ псалъэухам и кIэм, псалъэ зэлъэпкъэгъухэр зэпэщIэзых тхыгъэм зыщрихьэлIэ нагъыщэхэм тещIыхьауэ къытеувыIэгъуэ ящIу егъэсапхъэщ. КъеджэкIэм и хабзэхэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын хуейщ. Япэ гъэ еджэгъуэм и кIэм псалъэ 20 (тIощI) хуэдиз зы дакъикъэм еджакIуэр къеджэфмэ, игъуэу къыщIэкIынщ.
II . ТхэкIэ егъэщIэныр.
ЕджакIуэхэр тэмэму зэфIэсу егъэсэн хуейщ. Ахэр щытхэкIэ зэрызэфIэсын хуей щIыкIэр егъэсапхъэщ: тетрадыр тэмэму (тIэкIу хуэIушэу) партэм тралъхьэфу, щытхэкIэ е сурэт щащIкIэ къэрэндащыр е къалэмыр тэмэму зэраIыгъын хуей щIыкIэр егъэщIапхъэщ ипэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ.
Хьэрфхэм я лъэгагъын хуейр, абыхэм я зэхуакур (зэрызэпэщIэхар зыхуэдизыр) нэкIэ ягъэбелджылыфыным хуэзыгъасэ, Iэбэлагъым, Iэпэхэм зезыгъэужь лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIын: хъурей цIыкIу къегъэтхъыхьын, итхъахэмкIэ зэпыщIэн, тхыпхъэщIыпхъэ гуэрхэр егъэщIын, я IэщIыр егъэшытIэн.
Хьэрфышхуэ, хьэрф цIыкIу псоми я тхыкIэм щыгъуазэ щIын, ахэр зэрызэпащIэ щIыкIэхэр егъэщIэн. Макъхэр къызэрагъэлъагъуэ Iэрытх хьэрфхэр егъэцIыхун. ЗэпыщIауэ, зэпIэзэрыту хьэрфхэр ятхыу, ахэр псалъэм щызэпыгъэувэфыным, сатырым хьэрфхэр тэмэму датхэфу, псалъэхэм щызэкIэ-лъатхыфу егъэсэн.
Псалъэхэмрэ псалъэухахэмрэ тхын, ахэр зэрызэхэт макърэ пычыгъуэкIэ егъэджакIуэм зэпъкриха нэужь, иужькIэ езыр-езыру (егъэджакIуэм зэпкъыримыхыу) егъэтхын.
ЕджакIуэхэм псалъэхэмрэ псалъэухахэмрэ къытрегъэтхыкIын (япэщIыкIэ Iэрытхым, иужькIэ зэрыбу тедзам). КъатратхыкIартэмэмрэ мытэмэмрэ къэпщытэжын, къызытратхыкIам ирагъэпщэжурэ, пычыгъуэкIэрэ къеджэурэ, псалъэ къытратхыкIахэм пэжырытхэмкIэ щыуагъэ хэтрэ хэмытрэ зэпалъытэурэ.
Зи тхыкIэмрэ къэпсэлъыкIэмрэ зэщхьэщымыкI псалъэхэр хэту диктант цIыкIу егъэтхын, апхуэдэ псалъэу зыплIытху хуэдиз зыхэт псалъэухахэр егъэтхын.
Псалъэухахэр тэмэму ятхыфу егъэсэн (ипэ ит псалъэр хьэрфышхуэкIэ къегъэжьауэ, икIэм точкэ гъэувауэ). ЦIэхэмрэ псэущхьэхэм фIащ цIэхэмрэ хьэрфышхуэкIэ къегъэжьауэ зэратхымкIэ гурыIуэныгъэ етын, есэныгъэ егъэ-гъуэтын. Зи къэпсэлъыкIэмрэ тхыкIэмрэ зытемыхуэ псалъэ зэрыщыIэм еджа-кIуэхэм гу лъытапхъэщ (ударенэр зытемылъу къакIуэ э -р а -уэ зэратхым и щапхъэхэр – махуэшхуэ, макъ дэкIуашэ пI , тI -хэр п , т -уэ щтх зэрыщыIэм и щапхъэ – пкъынэ, ткIуаткIуэ, ы -р къопсэлъми, у -м и ужькIэ зэрамытхым и щапхъэ – унэ, ужьэ ).
III . Жьабзэм зегъэужьыныр.
Адыгэбзэм и макъэр тэмэму къагъэсэбэпыфу егъэсэн. ЕджакIуэхэр щыпсалъэми нэгъуэщIхэм щедаIуэми зэхах бзэм абыхэм гулъытэ нэс хуащIу егъэсэн, макъ къэзыгъэлъагъуэ органхэм зегъэужьыным хущIэкъун. Псалъэ-кIэмкIэ яIэ есэныгъэмрэ зэфIэкIхэмрэ егъэфIакIуэ зэпыту щыгъэтын: мыпIащIэу, зэпIэзэрыту псалъэным хуегъэсэн, щапсалъэкIэ хьэуар тэмэму жьэдашэным, ику ит макъкIэ (мыкIийуэ икIи мыщэхуу) псалъэу, хуей щыхъум, макъым зрагъэIэту е ягъэлъахъшэу егъэсэн. Псалъэ псори къэпсэлъынымкIэ ягъуэта есэныгъэмрэ, яIэ хъуа зэфIэкIымрэ нэхъри егъэфIэ-кIуэн, псом хуэмыдэу ахэр зэрызэхэт макъ, пычыгъуэхэр, къэпсэлъыкIэм (орфоэпием) и хабзэхэм къезэгъыу, абы тещIыхьауэ ударенэр тэмэму псалъэм трагъэувэу. Адыгэбзэм и макъ псори тэмэму, щыуагъэншэу къэпсэлъын, псом хуэмыдэу макъхэр зэрыIу щIыкIэр зэхэгъэщхьэхукIыфын, макъ нэхъ зэщхьхэр зыхамыгъэгъуащэу къапсэлъу егъэсэн: псалъэм хэт макъ къэс щхьэхуэу къегъэпсэлъын, псынщIэрыпсалъэхэм къыщегъэпсэлъын (шыбжииплI, псыплъыжьыбзэ, н.).
ЕджакIуэ щхьэхуэхэм я бзэм дагъуэ зэриIэм къыхэкIыу, мытэмэму къапсэлъ макъхэр гъэзэкIуэжыным хуэсакъ зэпыту щытын.
Псалъэм зэрелэжьыпхъэр. ЕджакIуэхэм ящIэ псалъэ бжыгъэр гъэбелджылын, абы хэгъэхъуэн икIи ахэр жыджэру къагъэсэбэпу егъэсэн. Псалъэхэр IэкIуэлъакIуэу къэсэбэпын – предметхэм, IуэхущIафэхэм зэреджэр – абыхэм къагъэлъагъуэ мыхьэнэр къыжаIэфын. Предметхэм я щытыкIэхэм тещIыхьауэ ахэр зэрызэгухьэ е зэрызэщхьэщыкIыр убзыхун, къызэщIэзыубыдэ мыхьэнэ зиIэхэмрэ (п.п. щыгъын: джанэ, гъуэншэдж, бостей. IэлъэщI, пыIэ, вакъэ, н.) апхуэдэу щымытхэмрэ (п.п., сэ,уадэ, Iэдэ, лэныстэ, джыдэ, бел, н.) къагъэсэбэпыфу егъэсэн. Зыхуей гупсысэхэр нэхъыфIу къэзыIуатэ псалъэхэр псынщIэу къагъуэтыфу икIи ар тхыбзэми хабзэми къызэрезэгъым хуэдэу адрей псалъэхэм ирапхыфу егъэсэн. Псалъэм мыхьэнэ зэхуэмыдэ иIэнкIэ зэрыхъум, зи къэпсэлъыкIэкIэ зэщхь псалъэхэм мыхьэнэ зэхуэмыдэ (омоним) яIэу къызэрыкIуэр, синонимхэр, антонимхэр щапхъэ тыншхэм щызэхацIыхукIыу икIи къагурыIуэу егъэсэн (ауэ а терминхэр къамыгъэсэбэпу) художественнэ тхыгъэ нэхъыфIхэмкIэ щIэращIэ (образнэ) псалъэкIэм хуегъэ-джэн.
Литературэбзэм темыхуэу щIыпIэ псалъэкIэхэм (диалектхэм) хуэдэу дызыщрихьэлIэ Iуэхугъуэхэр еджакIухэм я бзэм зэрыхэгъэкIыным ерыщу икIи зэпыугъуэ имыIэу елэжьыпхъэщ.
Псалъэухахэмрэ къэIуэтэныгъэ зэпхахэмрэ егъэлэжьыныр.
ЕджапIэм къыщIэмытIысхьэ щIыкIэ еджакIуэхэм бзэмкIэ (псалъэ-кIэмкIэ) ягъуэта есэныгъэхэр егъэфIэкIуэн, абыхэм зегъэужьын. ЕджакIуэм игъэува упщIэм егупсысауэ абы и жэуапыр гупсэхуу етын, жэуап щаткIэ псалъэуха лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэр къагъэсэбэпыфу егъэсэн.
Зыри дамыутIыпщыкIыу, зэбламыгъэувыкIыу, зэрыщытым хуэдэу, зэ жаIам къытрамыгъэзэжу псысэ е хъыбар кIэщI гуэр къегъэIуэтэжын (егъэ-джакIуэм игъэув упщIэхэм теухуауэ).
Псалъэуха е тхыгъэ къызэджахэм теухуа егъэджакIуэм и упщIэхэм жэуап тэмэм иратыфу егъэсэн.
Къызэджа зы Iуэхугъуэ гуэрым ехьэлIа псалъэ зыбжанэ къагъэсэбэпурэ, жьэрыIуатэу зыгуэрым и сурэт къещIын. Зыщыгъуазэ гуэрыр затепсэлъыхьым пыщэн, езымкъагупсыса гуэрхэр хэту. ЕджакIуэр къызэджа тхыгъэр зытепсэлъыхьым ещхьу езым и гъащIэм зыщрихьэлIа гуэр, егъэджа-кIуэм ярита сюжетым ипкъ иткIэ, гупсэхуу къаIуатэжыфу егъэсэн.
Сабийхэм я ныбжьым хуэкIуэу къуажэхьхэм убгъуауэ тепсэлъыхьын, усэ цIыкIу, псынщIэрыпсалъэ, псалъэжь, къебжэкI гуэрхэр гукIэ зрегъэгъэ-щIэн, ахэр зытеухуар къаIуатэжыфу, хуэфэщэн къэпсэлъыкIэкIэ макъ зэ-хъуэкI ящIыфу егъэсэн.
Зы сурэт гуэрым е сурэт зытIущым япкъ иткIэ псалъэуха зыбжанэ зэхегъэлъхьэн, зы Iуэхугъуэ гуэркIэ (темэкIэ) къызэщIэубыда хъууэ е хъыбар кIэщI цIыкIу зэхегъэлъхьэн.
Адрей сабийхэм къат жэуапым набдзэгубдзаплъэу, гуапэу хущыту (ауан, щIэнакIэ сты хуэдэхэр Iуэхум хэмылъу) щIэдэIуу еджакIуэхэр егъэсэн, абыхэм есэныгъэфIрэ щIэныгъэфIрэ егъэгъуэтын.
Япэ гъэ еджэгъуэм и кIэм деж еджакIуэхэм адыгэбзэмкIэ
ящIэн хуейхэмрэ яхузэфIэкIыпхъэхэмрэ.
Я щ I э н х у е й х э р:
Определенэ ирамыту адыгэбзэм щызэхацIыхукIыфу щытыпхъэ Iуэху-гъуэ нэхъыщхьэхэр: псалъэуха, псалъэ, пычыгъуэ, пычыгъуэм и къэхъукIэр, бзэм и макъхэр, макъзешэ, макъ дэкIуашэ, хьэрф, Iэрытх, зэрыб, хьэрфышхуэ, хьэрф цIыкIу, точкэ, упщIэ нагъыщэ. Абыхэм я цIэ къипIуэмэ, я гугъу пщIымэ: зищIысыр къагурыIуэу, еджэныгъэм хэту щрихьэлIэкIэ, езыхэми абыхэм я цIэ къраIуэфу щытын хуейщ.
Я х у з э ф I э к I ы п х ъ э х э р:
ЕджакIуэхэм я япэ тхылъым – Азбукэм – ит художественнэ тхыгъэхэм (е зи гугъагъкIэ абыхэм хуэдэ нэгъуэщ гуэрхэм) уакъыхуеджэмэ, а зыхахыр псалъэухаурэ зыхаубзыхукIыу щытын хуейщ.
Азбукэм ит тхыгъэхэм узыщрихьэлIэ хьэрф псоми къеджэфу икIи къытратхыкIыфу щытын, нагъыщэхэр къагъэсэбэпынри хыхьэу.
Зи къэпсэлъыкIэрэ зи тхыкIэкIэ зытехуэ псалъэ зи мыхьэнэр къагурыIуэхэр, апхуэдэ псалъэхэу зэхэт псалъэуха тынш дыдэхэр ятхыфу щытын хуейщ (псалъэ 20-25 –м нэс).
Псалъэхэр пычыгъуэурэ, макъурэ зэпкъырахыфын. Псалъэ тыншхэр (азбукэм зыщрихьэлIэхэм хуэдэхэр) щатхкIэ, сатырым имыхуэ псалъэ Iыхьэр къыкIэлъыкIуэ сатырым яхьыфын хуейщ, абы икIэм точкэ, упщIэ нагъыщэ ягъэувыпхъэу зэрыщытыр ящIэн хуейщ.
Псалъэухахэр щатхкIэ, хьэрфхэм я лъагагъ-лъэхъшагъэм хуэсакъыу, ахэр захуэу ятхыфу щытын хуейщ.
ИкIэмкIэ къыкIэлъыкIуэну темэхэм ехьэлIауэ адрей псалъэ ящIэм къыдэкIуэу игъуэщ мы псалъэхэр къагъэсэбэпыну:
ФIымрэ Iеймрэ къэзыгъэлъагъуэхэр : анэфI – анэ мыхъумыщIэ, адэфI – адэ мыхъумыщIэ, быныфI – бын мыхъумыщIэ, выфI – вы Iей, еджакIуэфI – еджакIуэ Iей, лэжьакIуэфI – лэжьакIуэ Iей, дэрбзэрыфI – дэрбзэр Iей, пщафIэфI – пщафIэ Iей, нысэфI – нысэ Iей, малъхъэфI – малъхъэ Iей, пхъащIэфI – пхъащIэ мыхъумыщIэ, пщыпхъуфI – пщыпхъу мыхъумыщIэ, жэмыфI – жэм мыхъумыщIэ, шыфI – шы мыхъумыщIэ, цIыхуфI – цIыху Iей, н.
Плъыфэ къэзыгъэлъагъуэхэр : плъыжь, фIыцIэ, хужь, гъуэжь, гъуэплъ, цIыплъ, удзыфэ, щхъуантIэ, къащхъуэ, джэху, щхъуэ, щIыху, тхьэмбылыфэ, морэ, морафэ, дыщафэ, сырыху, гъуэ, джэдгыныфэ, къазшырыфэ, купраузыфэ, гъуабжэ, къэбыфэ, плъыжь-фIыцIафэ, кхъужьыфэ, гупраузыфэ, джэмыдэ, брул, пцIэгъуэплъ, къарэ, пщIэгъуалэ, н.
Инагъ-цIыкIуагъ къызэрыкIхэр: ин, цIыкIу, нэхъ ин, нэхъ цIыкIу, гъумыщIэ – нэхъ гъумыщIэ, пIащэ-нэхъ пIащэ, жьгъей – нэхъ жьгъей, щэ-джащэ – нэхъ щэджащэ, уардэ – нэхъ уардэ, абрагъуэ – нэхъ абрагъуэ, цIыкIунитIэ – нэхъ цIыкIунитIэ, гъум – нэхъ гъум, псыгъуэ – нэхъ псыгъуэ, лъагэ – нэхъ лъагэ, лъахъшэ – нэхъ лъахъшэ, бгъуэ – нэхъ бгъуэ, бгъузэ – нэхъ бгъузэ, бгъуфIэ – нэхъ бгъуфIэ, кIыхь – нэхъ кIыхь, кIэщI – нэхъ кIэщI, Iув – нэхъ Iув, пIащэ – нэхъ пIащэ, лъэIужьей – нэхъ лъэIужьей.
Зэман, зэманкIэ зэлъытыныгъэ къэзыгъэлъагъуэхэр: асыхьэту, занщIэу, напIэзыпIэм, и чэзум деж, пIалъэ къыхимыгъэкIыу, нобэ, пщэдей, дыгъуасэ, пщэдеймыщкIэ, вэсмахуэ, нышэдибэ, пщыхьэщхьэ, ныжэбэ, жэщыбгым, нэхущым, жэщ ныкъуэм, къулъшыкъум, къулъшыкъушхуэм, ичындым, шэджагъуэ, шэджагъуэ нэужь, жасым, зы жэщ – зы махуэ, махуэ, жэщ (зы жэщ), тхьэмахуэ, мазэ илъэс, илъэс ныкъуэ, зыкъом, зыкъом дэкIым, зыкъом щIауэ, зыкъомыфI дэкIауэ, куэд дэмыкIыу, куэд мыщIэу, куэд дыдэ дэмыкIыу, куэд мыщIэу, куэд дыдэ дэмыкIыу, япэщIыкIэ, ипэ къихуэу, ипэкIэ, нэхъапэ, иужь, иужькIэ, итIанэ, ипэкIэ, абы лъандэрэ, нобэ, нобэ лъандэрэ, нышэдибэ лъандэрэ, нетIэ, тIэкIу дэкIмэ, н.
ЗдэкIуэ, здэщыIэ лъэныкъуэр къэзыгъэлъагъуэхэр: адэкIэ, мыдэкIэ, адэ-мыдэкIэ, хуэзанщIэу, ипэкIэ, ищIыбкIэ, игупэкIэ, ибгъукIэ, бгъунжу, бгъукIэ (бгъукIэ макIуэ), ижь, сэмэгу, ижьырабгъу, сэмэгурабгъу, занщIэу, ищхьэкIэ, ищIагъкIэ, илъащIэкIэ, ищIыIукIэ, бгъурыту, къехыу, дэкIуейуэ.
Гукъыдэж иIэныгъэр къызэрыкIхэр: гуфIэу, гуфIэр и нэгум кърихыу, гуфIэгъуэм зэщIиIэтауэ, гуфIэгъуэр и махуэу, Дуней гуфIэгъуэр иIэу, и пащIэкIэ щIэгуфIыкIыу, нэщхъыфIэу, нэжэгужэу, пыгуфIыкIыу, дунейр тIэу пкIэгъуэ хуримыкъуу, и гурыфI къикIауэ, и гуапэ хъуауэ, къыпыгуфIыкIыу, нэфIэгуфIэу, гуфIэгъуэм зэщIищтауэ, и гуапэ хъуауэ, пкIатэлъатэу, къакъэ-пщIыпщIу, и дзэлыфэ итIауэ, н.
Гукъыдэжыншагъэр къызэрыкIхэр: гукъыдэж имыIэу, и цIэр емызэгъыжу, и нэщхъыр зэхэукIауэ, и напIэр хуэмыIэту, и нэщхъыр зэхэлъу, нэщхъейуэ, зэхэуфауэ, и нэгур хуэмыIэту, и щхьэ и жагъуэу, и щхьэр хуэ-мыIэту, щхьэжагъуэу, къэгубжьауэ, къытехьауэ, зигъэгусауэ, гукъанэ ищIу, нэщхъыцэу, и щхьэр къыфIэхуауэ, и пэр къыпылэлу (къыпылэлауэ), н.
Бжыгъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къэзыгъэлъагъуэхэр: зы, тIу, щы …езанэ, етIуанэ, ещанэ…
Нэхъыбэ, нэхъ мащIэ, хуэдиз, хуэдизкъым, хуэдзщ, зым нэхърэ тIур нэхъыбэщ. ТIум нэхърэ зыр нэхъ мащIэщ. Зымрэ тIумрэ зэхуэдизкъым. ТIум нэхърэ щыр нэхъыбэщ. Щым нэхърэ тIур нэхъ мащIэщ. ДыщыбжэкIэ япэ дыдэу зы жыдоIэ, абы къыкIэлъыкIуэу тIу жыдоIэ. ТIур нэхъыбэщ зым нэхърэ. ТIу жытIа нэужь щы жыдоIэ, абы къыкIэлъыкIуэу плIы жытIэнущ. А бжы-гъитIым дэтхэнэр нэхъыбэ? ПлIыр нэхъыбэщ щым нэхърэ. ПлIыр зым нэхъри тIум нэхъри щым нэхъри нэхъыбэщ. Щыр дапщэм нэхърэ нэхъыбэ? Щыр зым нэхърэ нэхъыбэщ. Зыр щым нэхърэ нэхъ мащIэщ. ТIури щым нэхърэ нэхъ мащIэщ. АдэкIи апхуэдэурэ ящI хъунущ пщIым нэс. Нэхъыбэ зыщIыфыни еджакIуэхэм къахэкIынущ.
Бынунагъуэм, благъэмрэ Iыхьлыхэмрэ теухуахэр: бынунагъуэ, нанэ, дадэ, мамэ, папэ, адэ, адэшхуэ, анэ,анэшхуэ, бын, къуэ, пхъу, шыпхъу, пщыпхъу, пщыкъуэ, дэлъху, зэдэлъхузэшпхъ, зэанэзэкъуэ, зэанэзэпхъу, сабий, балигъ, лIы, фыз, лIыжь, фызыжь, нысэ, нысащIэ, гуащэ, тхьэмадэ, унэгуащэ, Iэуа, дзадзу, сабий цIынэ, сабий зекIуагъащIэ, сабий псалъэгъащIэ, малъхъэ къуэрылъху, пхъурылъху, пщыпхъу, пщыкъуэ, н.
Адэ, адэ къуэш, адэ къуэшым и къуэ, адэкъуэшым ипхъу, анэ, анэш, анэ шыпхъу, анэшыпхъум и къуэ (ипхъу), адэкъуэшым и щхьэгъусэ, анэшыпхъум и щхьэгъусэ, щыкъу, щыкъу анэ, щыкъу адэ, щыкъу хъыджэбз, щыкъу щIалэ, анэшым и благъэ, унэкъуэщ, унэкъуэщым и благъэ, пщыпхъу, пщыкъуэ, къуэрылъху, пхъурылъху, н.
Хэкум, хэкур хъумэным теухуахэр: Адэ щIыналъэ, Адэ хэку, Хэку, къыщалъхуа щIыпIэ, Хэку-анэ, Хэкур хъумэн, Хэкур зэрахъумэ, Хэкум и хъумакIуэхэр, сакъын, лIыхъужьыгъэ зыхэлъ, дзэ, зауэлI, гъэса, Iэщэ, мамырыгъэ, зауэ, мамыр, бий, тIасхъэщIэх, фащэ, Iэщэфащэ, дзыхьщIыгъуэджэ, шынагъуэ, гъунапкъэ, быдэ, жан, хьэ гъэса, къалэ, къуажэ, хы, тенджыз, кхъухь, кхъуафэжьей, къулыкъу щIэн, ягъэлъапIэ, гъэпэжын, хуэпэжын, те-уэн, къытеуэн, текIуэн, текIуэныгъэ, ТекIуэныгъэм и махуэ, хуитыныгъэ, щхьэхуит (Хэку щхьэхуит), нып (Хэку нып), къалэ нэхъыщхьэ, Къалэ лIы-хъужь, жылэ, къуажэ, жылагъуэ, гъэр, хэкуэгъу, Адэ хэкужь, Адэжь щIыналъэ, Адэжь лъахэ, н.
ПсэупIэ унэм, абы и пкъыгъуэхэм теухуахэр: бжэ, щхьэгъубжэ, блын, блынджабэ, унащхьэ, унэ лъэгу, пкIэунэ, бжэкъуагъ, жыхафэгу, жьантIэ бжэщхьэIу, дурэш, плIанэпэ, щхьэгъубжащхьэ, бжэблыпкъ, уэнжакъ, дэкIуеипIэ, бгыкъу, пкIэунэ, щхьэгъубжэ абдж, бжэкъу, хьэку, жьэгу, лъэхъш, пэш, хьэщIэщ, щхьэгъубжэ блыпкъ, щхьэгъубжэ рамэ, щхьэгъубжэ Iупэ, щхьэгъубжэ блыпкъ, н.
УнэлъащIэ хьэпшыпхэр къэзыгъэлъагъуэхэр : алэрыбгъу, гъуэлъыпIэ, гъуджэ, шэнт, шэнтжьей, пхъуантэ, сырэ, сырэ зэтет, стIол, стIолтепхъуэ, щхьэгъубжэIупхъуэ, бжэIупхъуэ, Iэнэ, зэрыдэ мэшынэ, сыхьэт, блын сыхьэт, сыхьэт къеуэ, уэздыгъэ, тхылъ телъэхьэпIэ, н.
ТепIэнщIэлъынхэм теухуахэр: щхьэнтэ, уэншэку, щащыху, пIэипхъуэ, шхыIэн, шхыIэнтебзэ, щхьэнтэщIэбзэ, пIэипхъуэ, пIэр Iухын, пIэр щIыжын, щхьэнтэр утхыпщIын, дыгъэ егъэун, къэгъэбырыбын, щхьэнтэр пIэм игъэсын, щхьэнтэтелъыр щIэх-щIэхыурэ хъуэжын, н.
Унагъуэ хуэIухуэщIэхэм теухуахэр: Унэр зэлъыIухын, пхъэнкIэн, унэ лъэгур лъэсын, лъэщIын, телъэщIыкIын, утхыпщIын, сабэ хегъэхун, мафIэ щIын, мафIэ зэщIэгъэстын, пщафIэн, шхын гъэхьэзырын, Iэнэ къэщтэн, Iэнэ Iухыжын, хьэкъущыкъу тхьэщIыжын, лъэщIыжын, гъэгъущыжын, щыгъыныр гъэкъэбзэн, дыжын, ету тедзэн, щIыIу идэжын, жьыщIэн, тхьэщIэн, лъэсэн, пхъэнкIэн, зэщIэкъуэн, Iэнэм шхын къытелъхьэн, IуэхутхьэбзащIэ, Iэпыдзлъэпыдз, сабий гъэбияун, н.
ПщэфIапIэм, хьэпшыпхэм теухуахэр: пщэфIапIэ, хьэку, Iэнэ, шыуан, шыуан щхьэтепIэ, бэлагъ, фалъэ, шынакъ, шыгун, лэгъуп, дзасэ, гуахъуэ, сэ, кхъузанэ, тепщэч, хупхъэ, щхьэтепIэ, фошыгъулъэ, шыгъулъэ, лошкэ, бжэмышх, тебэ, пэрыIэмбэ, пхъэмпэ, напэIэлъэщI (пщэфIапIэм къыщагъэсэбэп), шынкъжьей, чынчыл, (чым-чыр), шейщIэт, кхъуэщын, гуэгуэн, хьэкъущыкъу дэгъэувапIэ, сырэ, сырэ зэтет, стIол, шэнт, шэнтжьей, джыдэ цIыкIу, н.
Шхыныгъуэхэм, Iыхьэхэм теухуахэр: щIакхъуэ, мэжаджэ, лэкъум, тхъурыжь, джэдыкIэрыпщ, дэлэн, хьэлывэ, псыхьэлывэ, пIастэ, хьэнтхъупс, лэпс, джэршыпс, джэршлыбжьэ, джэдыл, джэдлыбжьэ, мырамысэ, кхъуейжьапхъэ, жэмыкуэ, лыцIыкIулыбжьэ, шэ, шатэ, шатэ щIэгъэпщтхьа, шатэ пхъампэ, шэ щIэгъэпщтхьа, шху, тхъу, кхъуей, кхъуей плъыжь, кхъуей хьэл, кхъуей лъалъэ, лы, малыл, былымыл, джэдыл, къазыл, гуэгушыл, бабыщыл, лы гъэва, лы гъэжьа, щхьэщIэлъэныкъуэ, тхыIупщIэ, блатхьэ, IэфракIэ, шхужь, жэрумэ, тхьэмщIыгъуныбэ, ныбапхъэ, тхьэмщIыгъу, кIапэ, джэдыл гъэва, гуэгушыл гъэва, джэд лэпс, гуэгуш лэпс, куэ, дамэ, бгъэлэгубэ, къандес, куэпкъ, блыпкъ, нэгэгъу, тхьэмщIыгъу, шыпс, дзажэналъэ, хьэлыуэ, зэкIэрыс, джэдыкIэ гъэва, джэдыкIэ гъэжьа, джэдыкIэ нэкъиж, кIэртIоф гъэва, кIэртIоф гъэжьа, лэпс тепхъэ, къэбыстэ лэпс, тхъурымбей, хъыршын, фо, шей, къэлмыкъ шей, фошыгъу шей, шей къарэ, къэб, къэб гъэва, къэб гъэжьа, къэб шыпс, джэдыкIэ жьапхъэ, н.
Iэнэ пэрысыкIэм, тIысыпIэхэм теухуахэр : Iэнащхьэ, IэнэкIэ, жьантIэ, ижьырабгъу, ижьырабгъу тIысыпIэ, сэмэгурабгъу, сэмэгурабгъу тIысыпIэ, нэхъыжь тIысыпIэ, Iэнэм зэрыпэрысынур: нэхъыщIэм и пщэкIэ, нэхъыжьым икIэкIэ, зэпэщысу тIысын, хьэщIэм бгъэдэсын, хьэщIэ тIысыпIэ, нэхъыжь тIысыпIэ, нэхъыщIэ тIысыпIэ, «Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс», жьэнтIакIуэ («ЛIы мыхъунур жьэнтIакIуэщ») жаIэ, н.
ШхэкIэм епхахэр : шхэн, шхэкIэ, шхэрей, едзэкъэн, хэIэбэн, зэIурыун, еIэбын, тIэкIу хэIэбэн, зыгъэнщIын, мэжэлIэн, ирикъун, иримыкъун, зыIурыбзэен, зыIурыдзэн, Iупэр зэтепIэн, гъэныщкIун, жьэгъуэшхэн, зэжьэдэдзэн, зэIурыпхъуэн, зэIурылъэфэн, егъэхын, и бгъэм тенэн, и хьэлэлщ, хьэрэм пхухъу, уи мыхьэрэммэ, едзакъэ, напэмытхьэщIу пшхыр хьэрэмщ, ныбаблэ, нэпсей, ныбэрицIэ, н.
Хьэл-щэн къэзыгъэлъагъуэхэр : зэпIэзэрыт, жыIэдаIуэ, Iэдэб, Iэсэ, укIытэх, щэныфIэ, зэтет, сабыр, хьэлэл, цIыху щабэ, жан, жыджэр, бэшэч, тэмакъкIыхь, гуапэ, хахуэ лIыхъужь, гушхуэ, нашхуэгушхуэ, цIыху пэж, тэмакъкIэщI, пхъашэ, ябгэ, гурбиян, Iэл, Iэрымыубыд, гурымыкъ, кIуэцIырикъэ, кIуэцIгуанэ, удэфа, жыIэмыдаIуэ, щыкIа, хьэлыншэ, щэныншэ, емыкIухь, къузгъун, щхьэцпэщтэ, нэпсей, зыгъэгусэрей, жыджэр, жыIэдаIуэ, жыIэмыдаIуэ дыдэ, хьэлыншэ дыдэ, нэпсей дыдэ, гурымыкъ дыдэ, н.
Узыншагъэр хъумэным теухуахэр : уз, узыфэ, сымаджэ, сакъын, зыхуэсакъын, щIыIэ хыхьэн, псчэн, къепсын, щIыIэ уз ефыкIын, хуабэ уз ефыкIын, уз зэрыцIалэ, узкIэ зэрыцIэлэ, укъицIэлэн, фIей, къабзэ, къэбзагъэм узыншагъэ къешэ, хущхъуэ, мастэ, мастэ хэIун (зыхугъэIун), хущхъуэр мастэкIэ хэлъхьэн, уIэгъэпх, лъы къикIын, лъы къэгъэувыIэн, теуда. теудыгъэ, уфIыцIа, къитхъа, зэрыуа, уза, е екIуэн, еIэзэн, зэгъэIэзэн, хъужын, нэхъыфI хъун, къыщIидзын (нэхъыфI хъун), сэпсауэ хъужын, нэхъ хьэлъэ хъун, узыр кIэрыхун, н.
Iэпкълъэпкъым зегъэужьыным ехьэлIахэр : быдэ, бэшэч, дзыхэ, лалэ, махэ, лъэщ, бланэ, шэщIын, зышэщIын, еIэн, зызэрегъэчын, егъэсэн, зе-гъэсэн, жэн, къэжэн, къызэдэжэн, лъэн, елъэн, дэлъеин, пкIэн, епкIэн, есын, есыкIэ, зэпрысыкIын, псым зыщIэгъэмбырыуэн, Iэтын, къэIэтын, пщын (щIэпщхьэн, ирипщэн, дэпщеин, зэпрыпщын, щхьэпрыпщын, щхьэдэпщыхын), екъун, укъуэдиин, кIуэн, псынщIэу кIуэн, хуэму кIуэн,щIэпхъуэн, пкIэн, дзын (топыр), къэубыдын (топыр къэубыдын), дэдзеин, къедзыхын, н.
Зыхуэпэн, зытхьэщIыным теухуахэр : зыхуэпэн, зыщытIэгъэн, зыкъи-хын, щытIэгъэн, лъытIэгъэн, зылъытIэгъэн, зыщыкъуэн, щыхын, зыщыхын, зыщыдзын, зыпхъэхын, зыщхьэрытIэгъэн, зытIэщIын, телъхьэн, зытелъэхьэн, зыщхьэрыхын, зылъыхын, пхэн, тIэтэн, лъэпс пхэн (тIэтэн), щIыIу пхэн (тIэтэн), зыдэлъхьэн, зыдэхын, зыIэрытIэгъэн, зыIэрыхын, зыщIэпхэн, зыщIэтIэтыкIын, Iэгъуапэр иун, лъапэр иун, н.
ЦIыху, псэущхьэ Iэпкълъэпкъым ехьэлIахэр : щхьэ, нэ, пэ, жьэ, пэнцIыв, дзэ, Iупэ, бзэгу, дзэл, тхьэкIумэ, жьэпкъ, жьэпкъыпэ, пщэ, пщэдыкъ, натIэ, набдзэ, напэ, нэкIу, нэбжьыц, щхьэц, нэжьгъуц, пкъы, бгъэ, блэгъу, Iэблэ, IэфракIэ, Iэдий, Iэбэлагъ, Iэпэ, Iэпхъуамбэ, Iэпхъамбэшхуэ, Iэпхъуэмбапщэ, IэпхъуамбэжьакIэ, Iэпкъынэ, Iэдакъэ, Iэгу, IэщI, бгы, шхужь, куэ, лъапэ, лъэпхъуамбэ, лъэпхъуамбэшхуэ, лъэпхъуамбэжьакIэ, лъэгудыгъуэ, лъэдакъэ, лъэгуажьэ, лъэгуажьэ тес, лъэдий, лъэкIэн, лъакъуэ, лъапэрыкIуэ, тэмакъ, къурмэкъей, тхьэмбыл, тхьэмщIыгъу, лъатэ, лъэсыгъуэ, ныбэ, гу, фэ, щIыфэ, Iэбжьнэ, лъэбжьанэ, бжьакъуэ, лъэдий, блыпкъ, куэпкъ, фIалъэ лъакъуэ, кIэбдз, кIэбдз лъакъуэ, шхуэл, тхьэкIумэ, дзапэфIанэ, н.
Щыгъыныгъуэхэм теухуахэр : бостей, IэлъэщI, пыIэ, джанэ-гъуэн-шэдж, джэдыгу, щIакIуэ, бащлъыкъ, гуэлмэдын, щхьэфIэпхыкI, цыхъар, щхьэфIэпхыкI пIащIэ, кIэпхын, джанэ щIыIутелъ, джанэ щIагъщIэлъ, гъуэншэдж, гъуэншэдж щIыIутелъ, гъуэншэдж щIагъщIэлъ, цыджанэ, кIагуэ, цей, къэптал, Iэлъэ, пщэдэлъ, фащэ, щIыIу зэфIэдзэ, бгырыпх, щIыIу, бгырыпх, вакъэ, шырыкъу, лъей, къэтыр, лъэпс, лъэгу, лъапэ, лъэдакъэ (вакъэ лъэгу, шырыкъу лъэдакъэ, вакъэ лъапэ, шырыкъу лъапэ), лъэгурыдз, вакъэзэщIэдэ, шырыкъу лъапщэ, кIэлош, лъэпэд, н.
Псэуалъэхэмрэ, пщIантIэхэмрэ теухуахэр : бэкхъ, бо, бжэIупэ, бжэ, гуэщ, унэ, хьэщIэщ, джэдэщ, шкIэщ, щхьэгъубжэ, куэбжэ, куэбжэшхуэ, куэбжэ цIыкIу, бжыхь, пщIантIэ, пщIантIэку, ду, Iуэ, гуэн, хьэщпакъ, мэ-къуэщ, шэщ, щхьэдэхыпIэ, пырхъуэ, дэкIуеипIэ, пхъэлъантхъуэ, чэт, набжэ, щхьэдэхыгъуэ, н.
Уэрамым, гъуэнгум теухуахэр : уэрам, уэрамыщхьэ, уэрамыку, уэрам нэхъыщхьэ, уэрамыбгъуэ, уэрам бгъузэ, лъэс лъагъуэ, гу, машинэ щызекIуэ, зекIуапIэ, ирикIуэн, зэпрыкIын, зэпрыкIыпIэ, гъуэгу, гъуэгу гъунэ, зэпыупщIын, хабзэ (уэрамым, гъуэгум зэрырикIуэнум и хабзэ), гъуэгу зэхэкIыпIэ, гъуэгущхьэ, гъуэгу напщIэ, гъуэгу кIапэ, н.
Ныбжьэгъугъэм теухуахэр : ныбжьэгъу, зэныбжьэгъу, гъэныбжьэгъун, пэжагъ, гъэпэжын, пэжу хущытын, къыдэщIын, къыщхьэщыжын, къызэдэщIын, дэIэпыкъун, зэрыщIэн, зэгъусэн, зэгурыIуэн, тегъэун, и зэш тегъэун, зэштегъэу, мыгъэзэшын, зэрымыгъэзэшын, зэдэджэгун, зэхьэзэхуэн, зэдэшхэн, зэдэлэжьэн, зэбэнын, зэдэжэн, зэпеуэн, зэрыгъэпэжын, н.
ДжэгукIэхэм теухуахэр : гъуэрыгъуапщкIуэ, хьэримолэ, топ джэгу, цIэмпIырэ, зэбэн, зэдэжэ, зэдэпкIэ, Iэпщэрыбанэ, нэщыпхэ, къащIэ, хейрэ мысэрэ, зэфIэхь, кIэн джэгу, адэ къынэ-мыдэ къынэ, гуащэ, гуащэ унэ, гуащэ пэш, гуащэ хьэпшып, гуащэ хьэщIэ, гуащэ хуапэ, гуащэ гъашхэ, гуащэ зекIуэ, (зегъакIуэ), н.
Къэбзагъэм епхахэр : къабзэ, къабзэлъабзэ, гъэкъэбзэн, къабзэу, зыгъэ-къэбзэн, тхьэщIын, зытхьэщIын, лъэщIын, зылъэщIын, гъущэу лъэщIын, зылъэщIын, дзэр, Iэр, напэр, щIыфэр лъэщIын, зыгъэпскIын, хьэмам, гъуджэ, сабын, дыху сабын, сабын жьыщIэгъуэ, дзэлъэщI, напэIэлъэщI, балътоку, пэрылъэщI балътоку, къэгъэкъуэлъэн, щхьэтепIэ тепIэн, псы гъэва, къэгъэ-къуэлъауэ гъэупщIыIужа псы, лъэсын, телъэщIыхьын, хьэуа, хьэуа къабзэкIэ бэуэн, жьы щIегъэхун, (унэм, пэшым, щыгъыным жьы щIегъэхун), жьыщIэн, ету тедэн, псы дэгъэжэхын, гупрауз щIэгъэжын, жьыщIыгъэр гъэвэжын, жьыщIыгъэм псы щIэгъэжыжын, дэгъэжэхын, утхыпщIын, гъэгъущын, жьыщIыгъэ зэхэлъхьэн, ету тедзэн, дыху теутхэн, н.
Гъавэ, къэкIыгъэхэм къыхах ерыскъыпхъэхэм теухуахэр : гуэдз, хьэ, хьэпцIий, нартыху, кIэртIоф, щхьэмыж, гъашэ, бзий, лъэдий, къэтIын, вэн, тесэн, къэхын, къыдэчын, Iуэн, гъэлъэлъэн, щIэгъэпщын, ужьгъын, гун, хьэжыгъэ, хьэжын, нартыху хьэжыгъэ, гуэдз хьэжыгъэ, хугу, ухуэнщIын, кIыщтэн, Iухыжын, зехьэн, гъэжьэн, гъэлыбжьэн, н.
Хадэ лэжьыгъэхэм, хадэхэкIхэм теухуахэр : балыджэ, бжьын, бжьын бла, блэн (бжьыныр), бжьыныху, нащэ, жэгундэ, кIэртIоф, гъэтIысхьэн, къуэнтхъурей, хьэсэ, сатыр, кусэ, хэсэн, пщIэн, гъэщэбэн, зэкъуэчын, къичын, къэтIыжын, (кIэртIофыр), къыщIэхыжын, блэн (бжьыныхур), Iэрамэ, тхьэмпэ, лъабжьэ, лъэдий, кIыгу, жылэ, жылапхъэ, гъэгъа, гъэгъэн, къабыстэ, пхъы, помидор, фонащэ, хъарбыз, хъэуан, н.
Жыг хадэмрэ абы щалэжьэхэмрэ теухуахэр: жыг, дэ, дэшхуей, мыIэрысэ, мыIэрысей, кхъужь, кхъужьIэрысэ, кхъужьей, пхъэгулъ, пхъэгулъей, къыпцIэ, къыпцIей, балий, балией, мэракIуэ, мэракIуей, мамкъут, санэ (хужь, плъыжь, фIыцIэ), мы, мей, гъэгъа, пылъэлъыжа, къэтIэпIа, пщIащэ, тхьэмпэ, хъуа, хъун, тIыгъуэн, фын, къэтIыхьын, (жыгыр), щIэтIыкIын, ухъуэнщIын, къыпычын, къэщыпын, гъэсын, (тхьэмпэхэр), гын зэхэщIэн, гын теутхэн, (жыгым), мыIэрысэ мыхъу, пхъэгулъ мыхъу, жыг гъуа, пхъэщхьэмыщхьэ хъуа, кхъужьIэрысэ хъуа, тIыгъуа, н.
КъэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэм теухуахэр : аму, андэгурэ, къамыл, къазудз, дзэхуудз, тхьэмпищ, тхьэкIумэкIыхьудз, шыудз, фарий тхьэмпэ, яжьащ-хъуэ, хъунгъалIэ, шкIэплъ, джэдгъалIэ, тхьэрыкъуэф, шэгъэфIэIу, хьэкъырш, шыпсыранэ, бажэкIэ, къазудз, тхьэгъэгурым, лъэнтхъуий, къэрэкъурэ шей, яжьащхъуэ, хьэцыбанэ, хьэмкIутIей, н.
Жыг лIэужьыгъуэхэм теухуахэр : бжей, бзииху, балией, дей, дэшхуей, дыкъуэнагъ, дзэл, жыгей, зей, блашэ, кIей, тхуей, пхъэхуей, псей, уэздыгъей, пхъэгулъей, шэдыгъуей, екIэпцIэ, къэрабэ, мыщэхупщей, щиху, мей, кхъужьей, къущхьэмышхей, кхъужьIэрысей, мыIэрысей, къыпцIей, мэрэ-кIуей, къэзмакъ банэ, шэфталей, хуэрэджей, н.
Унэ псэущхьэхэм, псэущхьэ Iэлхэм ехьэлIахэр : ажэ, аслъэн, бажэ, дыгъужь, джэду, джэду шыр, дыгъужь шыр, мыщэ, мыщэ шыр, жэм, шкIэ, танэ, жэмыщIэ, шы, шыщIэ, къунан, ныбгъэф, хыв, хывышкIэ, хыв гуу, мэл, гъэлъэхъу, щынэ, тIы, бжэн, чыцI, дэджэхъу, шыд, шыд шыщIэ, хьэ, хьэпшыр, джэду, джэду шыр, хьэ самыр, хьэ джафэ, хьэ пщIэу, щакIуэхьэ уашхэ, тхьэкIумэкIыхь, елэн, елэныхъу, номин, къаплъэн, мыщэ, н.
Джэдкъазхэм, къуалэбзухэм теухуахэр : адакъэ, адэкъэпщ, адакъэщIэ, адэжынэ, бжэндэхъу, бабыщ, бабыщ анэ, бабыщыхъу, бабыщ шыр, бгъэ, бгъэ шыр, бзу, бзу анэ, бзуухъу, вынд, гуэгуш, гуэгушыхъу, гуэгуш анэ, гуэгуш шыр, джэд, джэд къурт, джэджьей, джэдыщIэ, жыгуIу, жьынду, къаз, къаз шыр, къаз анэ, къазыхъу, къанжэ, къуаргъ, тхьэрыкъуэ, хьэрхьуп, шунэф, пцIащхъуэ, къэшыргъэ, бзу хьэгуагуэ, кIуркIунау, псыхэуэ, н.
Гъатхэ зэманыр къызыхэщхэр : гъатхэ, гъатхэпэ, гъатхэку, гъатхэкIэ, гъатхэ махуэ (жэщ), гъатхэ пщэдджыжь (пщыхьэщхьэ), гъатхэ псыхьэлыгъуэ (уэтIпсытI), ткIун (уэсыр, мылыр), уэшх, уэшх къешхын, къэтIэпIын (жыгхэр), къыхэжын (удзхэр), щхъуантIэ хъун (хъупIэхэр, мэзхэр, жыг хадэхэр), абгъуэ ящIын, уэрэд жаIэн, вакIуэ дэкIын, вэн, сэн, хадэ ящIэн, джэгун, нажэгужэу щытын, джэдкъазхэмрэ къуалэбзухэмрэ шыр кърашын, жыг лъабжьэхэр къатIыхьын, щIэцэлыкIын, жыг хэсэн, н.
Гъэмахуэ зэманыр къызыхэщхэр : дыгъэ, дыгъэвэх, дыгъэ хуабэ, ды-гъэпс, дыгъэ гуащIэ, уафэ гъуагъуэ, уафэ хъуэпскI, уафэ гъуагъуэ уэшх, щыблэ мауэ, хадапщIэ, мэкъуауэ, кIэртIоф щIэтхъуэн, хьэ, гуэдз, Iухыжы-гъуэ, Iухыжын, псыхъуэ, гуэл, зыгъэпскIакIуэ, пшахъуэ, лъапцIэ, дыгъэм зе-гъэун (зегъэжьэн), тенджызым кIуэн, зыщыгъэпскIын, зыщыгъэпсэхун, н.
Бжьыхьэ зэманым ехьэлIахэр : бжьыхьэ, бжьыхьэпэ, бжьыхьэку, бжьыхьэкIэ, бжьыхьэ махуэ (жэщ), жэп къехын, уэлбанэ, пшагъуэ, уэсэпс, щIыIэтыIэ, уэлбанэрилэ, къру, къуалэбзухэр лъэтэжын, хуабэ щIыпIэм лъэтэжын, гъавэ Iухыжыгъуэ, хьэцэпэцэхэр Iухыжын, нартыхур къехьэлIэжын, Iэщхэр гъэмахуэ хъупIэм кърахужын, еджакIуэхэм гъэ еджэгъуэм щIадзэжын, бжьыхьэ жэщыр щэрэ минщ, н.
ЩIымахуэ зэман къэзыгъэлъагъуэхэр : щIымахуэ махуэ (жэщ), щIымахуэпэ, щIымахуэку, щIымахуэкIэ, щIыIэ, уэс, уае, мыл, Iумыл, сытхъу, сыхъэ, уэс IэшкIэ, уэскурий, лъэрыжэ, Iэжьэ, лъэрыжэ къежэхын, Iэжьэ цIыкIу, жьапщэ, борэн, щтын, пIыщIэн, кIэзызын, кIэкуакуэн, чын, чын гъэджэрэзын, чын гъэвуун, кIэн (джэгун), илъэсыщIэ Уэс Дадэ, хуабэу зыхуэ-пэн, илъэсыщIэ, Iэжьэежэх джэгун, илъэсыщIэ елкэ гъэщIэрэщIэн, н.
Щапхъэхэм, пщалъэхэм теухуахэр : лъэбакъуэ, Iэдакъэбжьэ, залэ, тIуалэ, щалъэ, плIалэ, тхуалэ, IэфракIэ (IэфракIэбжьэ), арщын, бжьиз, шэтфэр, Iэбжьыгу, Iэбжьыгу зэгуэт, кIэдахъуэ, пэгун, гуэгуэн, матэ, матэ щхьэгуэ, фалъэ, шынакъ, шынакъжьей, тепщэч, лэгъуп, шыуан, кIэструл, крушкэ, стэчан, шыуан цIыкIу, шыгун, шыгун цIыкIу, н.
Iэмэпсымэхэм ехьэлIахэр : бру, бел, бдзы, джыдэ, Iэдэ, уадэ, Iэдэ-IуантIэ, упщIапхъэ, пхыуд, дыд, сэ, пхъэх, пхъэпс, й, пэрыIэбэ, хьэнцэ, хьэмфIанэ, пхъэIэпэ, гъущI пхъэIэпэ, шэмэдж, гухъуэ, сыдж, гъущIгуахъуэ, пхъэгуахъуэ, мастэ, мастэпэбдз, лэныстэ, Iэпхъуалъэ, Iэдакъэсэ, Iэдэ, Iэдэ-шхуэ, н.
ЛэжьапIэ, IуэхущIапIэ къэзыгъэлъагъуэхэр: мэкъумэш, лэжьапIэр-губгъуэр, хадэ щIапIэр, жыг хадэр, мэз, зэвод, фабрикэ, щыгъын щадхэр, лъытIэгъэн щащIхэр, шхын щащIхэр, унэлъащIэ щащIхэр, унэ хьэпшып щащIхэр, Iэмэпсымэ щащIхэр, ухуэныгъэхэр, сатур, сату щIапIэхэр, Iуэху-щIапIэхэр, унафэ щащIхэр, н.
МахуэцIэхэм, тхьэмахуэ зэхуакум теухуахэр : блыщхьэ (блыщхьэ махуэ), гъубж (гъубж махуэ), бэрэжьей (бэрэжьей махуэ), махуэку (махуэку махуэ), мэрем (мэрем махуэ), щэбэт (щэбэт махуэ), тхьэмахуэ (тхьэмахуэ махуэ), лэжьэгъуэ махуэ, зыгъэпсэхугъуэ махуэ – махуэцIэхэщ.
Махуэшхуэхэр къэзыгъэлъагъуэхэр : Май махуэшхуэ, ТекIуэныгъэм и махуэ. Сабийхэм я махуэ. ЦIыхубзхэм я махуэшхуэ, ИлъэсыщIэ махуэшхуэ, егъэджакIуэхэм я махуэ, дохутырхэм я махуэ, мэкъумэшыщIэхэм я махуэ, щIэныгъэм и лэжьакIуэхэм я махуэ, зауэлIхэм я махуэ, н.
IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм теухуахэр : егъэджакIуэ, дохутыр, гъэсакIуэ (ущиякIуэ), дэрбзэр, мэкъумэшыщIэ, пхъащIэ, гъукIэ, Iэхъуэ, жэмыш, мэлыхъуэ, шыхъуэ, щIакхъуэгъажьэ, шырыкъущIэ, гъуэплъащIэ, сурэттех, пщафIэ, фащIэ, хадэгъэкI, бжьахъуэ, тыкуэнтет, жьакIэупс, пощтзехьэ, лэгъупэжь, джэдыхъуэ, мафIэгузехуэ, кхъухьлъатэзехуэ, н.
Iэпслъэпсым ехьэлIахэр : аркъэн, бгъэрыщIэ, джэрыщIэ, кIапсэ, кIапсэшхуэ, кIапсэ кIэщI, кIапсэ цIыкIу, кIапсэ гъум, кIапсэ псыгъуэ, дамэпс, дамакIуэ, вытIощыщIэ, шхуэ, шхуэмылакIэ, нахъутэ, нахъутэ кIапэ, пастромкIэ, лъэрыгъ, лъэрыгъыпс, лъахъэ, щэлъахъэ, шыныбэпх, уанэгупс, уанэгущхьэнтэ, уанэгурыпс, уанэ, адыгэ уанэ, н.
ЕтIуанэ класс.
Къеджэнымрэ бзэм зегъэужьынымрэ.
(сыхь. 136)
Адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ егъэджыным тхьэмахуэ зэхуакум сыхьэти 4 хухах.
Абы щыщу сыхьэти 2 къеджэныгъэм, сыхьэти 2-р грамматикэм хуагъазэ (лъагъэс)
Класс къеджэныгъэр
(сыхь. 68)
Классым щаджыну художественнэ тхыгъэхэр нэхъ
зытеухуауэ щытынур.
Адыгэ лъэпкъыр, ди щIыналъэр зыгъэлъапIэ, ахэр фIыуэ езыгъэ-лъагъу художественнэ тхыгъэхэр : усэхэр (уэрэдхэр), хъыбархэр (щы нэхърэ мынэхъыбэу, тхылъым пэублэ хуэхъуу).
ЦIыхубэ IуэрыIуатэр . Адыгэ IуэрыIуатэм щыщ лIэужьыгъуэхэр: къуажэхьхэр, нэщэнэхэр, псалъэжьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, псысэхэр, сабий уэрэдхэр, хъыбархэр, усэхэр (уэрэдхэр). НэгъуэщI лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм ящыщ пкъыгъуэхэм щыгъуазэн класс еджэныгъэми мыкласс еджэныгъэ урокхэми.
Гъэмахуэр дигу къыдогъэкIыж . Гъэмахуэ зэманым дунейм и теп-лъэм, цIыхухэм гъэмахуэм ягъэзащIэ лэжьыгъэхэмрэ я псэукIэмрэ къызыхэщ тхыгъэхэм щыщхэм цIыкIухэр щыгъуазэ щIын. ЕджакIуэхэм я зыгъэпсэху-гъуэ гъэмахуэ зэманым балигъхэм хуащI (ират) дэIэпыкъуныгъэ, абыхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр зэрагъакIуэм теухуа тхыгъэхэм ящыщхэм еджакIуэ-хэр щыгъэгъуэзэн.
Ди ныбжьэгъуфI псэущхьэхэр . Унэ псэущхьэхэмрэ псэущхьэ Iэлхэмрэ ятеухуа хъыбархэм, усэхэм, псысэхэм, псалъэжьхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын. ЦIыхухэм псэущхьэхэм хуаIэ щытыкIэфIхэр къызыхэщ тхыгъэхэм сабийхэр щыгъуазэ щIын, ахэр гупсэхуу урокхэм щегъэджан.
Бжьыхьэр къихьащ . Бжьыхьэм и зэман зэмылIэужьыгъуэхэм (бжьыхьэпэм, бжьхьэкум, бжьыхьэкIэм, бжьыхьэ махуэм, бжьыхьэ жэщым) теухуа тхыгъэхэр. Бжьыхьэм псэущхьэхэм я гъащIэр. Бжьыхьэ лэжьыгъэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр. ЦIыхухэм я бжьыхьэ IуэхущIафэхэр. ЦIыхухэм бжьыхьэм хуаIэ щытыкIэр. Бжьыхьэм дунейм и щытыкIэхэм теухуа дунеяплъэ (экскурсия) зытIущ сабийхэм ядегъэкIуэкIын.
Къалэмрэ къуажэмрэ зыпыщIащ . Къалэмрэ къуажэмрэ цIыхухэм щаIэ гъащIэр (псэукIэр) къызыхэщ (къэзыгъэлъагъуэ) тхыгъэхэр: усэхэр (уэрэдхэр), рассказхэр, хъыбархэр, таурыхъхэр, псысэсэхэр.
Къалэмрэ къуажэмрэ щекIуэкI лэжьыгъэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр. Заводхэм, фабрикэхэм, ухуэныгъэ хуэIухуэщIэхэм, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм, губгъуэм, Iэщ фермэм щекIуэкI лэжьыгъэхэр, абыхэм цIыхухэм хуаIэ щытыкIэхэр къызыхэщ художественнэ тхыгъэхэр.
Къалэмрэ къуажэмрэ яIэ зэпыщIэныгнъэхэр къыщыгъэлъэгъуа усэхэмрэ рассказхэмрэ урокхэм щегъэджын.
Дапщэщи щапхъэу щыт . ЦIыхухэм я хьэл-щэн дахэм, я зэхущытыкIэфIым, цIыхугъэ лъагэм, зэныбжьэгъугъэ пэжым, къуэшыгъэ насып икIи нэгъуэщI хьэл-щэныфIхэми теухуа тхыгъэхэр. ЕджакIуэхэм я гъащIэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ, я зэныбжьэгъугъэмрэ я зэхущытыкIэфIхэмрэ къызыхэщ тхыгъэхэр. ЦIыхур зыхуэгущабэу, зыр адрейм хуэсакъыу щытыным, абыхэм якум хабзэрэ намысрэ дэлъыным теухуа тхыгъэхэм ящыщхэм сабийхэр щыгъуазэ щIын.
ЩIымахуэр къэсащ . ЩIымахуэ зэманым бэлигъхэмрэ сабийхэмрэ я гъащIэр, я IуэхущIафэ нэхъыщхьэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр. ЩIымахуэм мэзым, губгъуэм, псыежэххэм, гъуэгухэм яIэ щытыкIэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр. Балигъхэм щIымахуэм ягъэзащIэ лэжьыгъэхэм, сабийхэм дунейм хуаIэ щытыкIэм теухуа усэхэмрэ рассказхэмрэ классым щегъэджан.
Псэущхьэхэм, хьэпщхупщхэм я щIымахуэ гъащIэр къызыхэщ тхыгъэхэр. ЩIымахуэм дунейм и щытыкIэм теухуа дунеяплъэ зытIущ къызэгъэпэщын икIи егъэкIуэкIын.
ЛэжьыгъэфIхэмкIэ хэкур догъэлъапIэ . IуэхущIафэ зэмылIэужьыгъуэхэм, IэщIагъэ щхьэхуэхэм, цIыху псоми я сэбэпынагъ зыхэлъ лэжьыгъэ гуэр блэжьыныр зэрыгурыфIыгъуэм, зэрынасыпым, лэжьыгъэм цIыху гъащIэм щиIэ мыхьэнэр къызыхэщ тхыгъэхэр.
Лэжьыгъэм теухуа псалъэжьхэм, нэщээнэхэм, псалъэ хъуэрхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъэгъуазэн.
Хэкум и хъумакIуэхэр. Ди къэралыдзэр къызэрыхъуамрэ, граждан зауэр зэрекIуэкIамрэ ятеухуа тхыгъэхэр. Хэку зауэшхуэм ди зауэлIхэм щызэрахьэ лIыхъужьыгъэмрэ къэзэуа текIуэныгъэмрэ къызыхэщ тхыгъэхэр. Иджырей зэманым ди салэтхэмрэ, абыхэм я унафэщIхэмрэ я гъащIэр, я IуэхущIафэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэ зэмылIэужьгъуэхэр.
Хэкум теухуа адыгэ псалъэжь зыбгъупщI цIыкIухэм егъэщIэн.
ЦIыхубзхэм я Дунейпсо махуэшхуэр . Ди цIыхубзхэр (анэхэм, анэшхуэхэм, шыпхъухэм, адэ-анэ шыпхъухэм, н.) яхуэфащэ щытыкIэфIым, щытыкIэ дахэм, абыхэм яхуэсакъыным теухуа тхыгъэхэр. Бзылъхугъэхэм пщIэрэ гулъытэ нэсрэ яхуэщIыныр къызыхэщ усэхэмрэ рассказхэмрэ. Иджырей цIыхубзхэм я пщэм къэлэнышхуэ къызэрыдэхуэр. Унагъуэми лэжьапIэ Iэнатэми щагъэзащIэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын. Анэм теухуа псалъэжь зышыплI еджакIуэхэм къегъэщIэжын (къыжегъэIэн).
Гъатхэр дунейм и щIэращIэгъэщ . Гъатхэм псэущхьэхэмрэ нэкъыгъэхэмрэ я щытыкIэр. Гъатхэ лэжьыгъэхэм балигъхэм я IуэхущIафэхэм,сабийхэм я гъатхэ джэгукIэхэм икIи къинэмыщI Iуэхугъуэ щхьэхуэхэми теухуа усэхэмрэ рассказхэмрэ гъэхуауэ икIи зыхэщIэгъуэу егъэджын. Гъатхэм теухуа псалъэжьхэмрэ нэщэнэхэмрэ ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щы-гъуазэ щIын.
Гъатхэм дунейм и щытыкIэм теухуа дунеяплъэу тIу-щы хуэдиз къызэгъэпэщын икIи егъэкIуэкIын.
Мамырыгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ дарителъхьэщ. ЦIыху щхьэхуэ-хэмрэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэмрэ яку зэныбжьэгъугъэ быдэрэ къуэшыгъэ пэжрэ дэлъын, дунейр мамыру щытыну, цIыху гъащIэр ефIакIуэ зэпыту екIуэкIыну къыхуезыджэ тхыгъэ щхьэхуэхэр зэпкъырегъэхын, ахэр гупсэхуу икIи кууэ урокхэм щегъэджэн.
Зэныбжьэгъугъэм, къуэшыгъэм, мамырыгъэм теухуа адыгэ псэлъэжь зыбгъупщI хуэдизым еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
ТекIуэныгъэм и махуэ. Хэку зауэшхуэм и зэманым ди сэлэтхэм зауэ IэнатIэм, гуащIэрыпсэухэм лэжьыгъэм щагъэзэщIа Iуэхугъуэхэм теухуа тхыгъэхэр. ТекIуэныгъэм и махуэм цIыхухэм езыхэр фашист зэрыпхъуакIуэ-хэм къыIэщIэзыха ди зауэлIхэм хуащI фIыщIэм теухуа тхыгъэ щхьэхуэхэм еджакIуэхэр щыгъуазэ яхуэщIын.
ЛIыхъужьыгъэм теухуа адыгэ псэлъэжьхэм ящыщ зыбжанэ еджакIуэ-хэм егъэщIэн, ахэр зыхегъэщIэн.
Хэкур хъумэныр – къэлэн лъапIэщ . ЦIыхухэр зыхалъхуа, зыхапIыкIа гъащIэм хуэфащэу щытыным къыхуезыджэ усэхэмрэ рассказхэмрэ егъэ-джын, ахэр урокхэм щызэпкърегъэхын.
Адэжь щIыналъэм и теплъэм, ди къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я щытыкIэр, ди цIыху гуащIафIэхэм, псэхьэлэлхэм я IуэхущIафэ щхьэпэхэм теухуа тхы-гъэхэм щыгъуазэ щIын.
Дунейм и къэхъукъащIэхэм теухуа ди псалъэжьхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн. ЩIыпIэ гъунэгъу гуэ-рым теухуа дунеяплъитI хуэдиз къызэгъэпэщын икIи егъэкIуэкIын.
Классым щаджыну художественнэ тхыгъэхэм хыхьапъэу
нэхъ зыхуагъэфэщахэр
Щ х ь э х у э у г у з ы л ъ ы т а п х ъ э. Мы къыкIэлъыкIуэну тхыгъэхэм мыбдежым щаIэ зэкIэлъыкIуэкIэр анэдэлъхубзэ тхылъми щаIэн хуейуэ къэувыркъым, атIэ ахэр нэхъ къыщезэгъ щIыпIэхэм деж (зэхэтыпхъэ темэхэм деж) хэгуэшыпхъэщ.
Анэдэлъхубзэ тхылъым хыхьэпхъэу къэтлъыта тхыгъэхэм я авторхэр адыгэ алфавитым тещIыхьауэ зэкIэлъытхьащ тхылъ зытххэм (зэхэзылъхьэхэм) я лэжьыгъэр нэхъ тынш къищIын, зыкъомкIэ къигъэпсынщIэн папщIэ, ауэ мы тхыгъэхэр нэрыуфIынцI щхьэрыуэу анэдэлъхубзэ тхылъым ибгъэувэ хъунукъым. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми езыми увыпIэ къыхуэгъуэтын хуейщ.
Адыгэ IуэрыIуатэм щыщхэр: псалъэжьхэр, къуажэхьхэр. Зы зимыIэм выжьитI иIэт. Адыгэ нэщэнэхэр. Гуэдз хьэдзэ. Бажэмрэ кхъуэщынымрэ. Чэнджэщ. Бажэмрэ кърумрэ. Тхьэрыкъуэмрэ ХъумпIэцIэджымрэ. Бажэмрэ Уашхэмрэ.
Адыгэ сабий литературэм щыщ тхыгъэхэр :
А б ы т I э В. Къ. Си бажэ. ЩIымахуэ.
А б ы т I э Хъ. Е. Бажэ шыр (усэ)
А ф Iэ унэ Л. А. Адыгэбзэ. Япэ уэс. Ди Iэуар. Си нэ-си псэщ.
Г ъ у б ж М. М. Налшык паркым. Iущ цIыкIу. Пщэджыжьыр къуажэм. ЩIэблэм и псалъэ.ЦIыху гурыщIэ (Тхыгъэхэр).
Г ъ у б ж о к ъ у э Л. М. Гуэгушхэм «загъэгусащ». Шэрэдж къыщы-хъуар. Къуажэ бжьаIуэм. ЗэныбжьэгъуитI.
Д ж э д г ъ э ф Б. М. Си Къэбэрдей-Бэлъкъэр. Къепс, дыгъэ. Дыгъэ-мазэ. ПцIащхъуэ (усэхэр).
Д ж о н у а А. А. Си Абхазие. Къуршыпс цIыкIу.
Е л г ъ э р К. М. Си ныбжьэгъу (усэ)
Ж а н ы м Б. У. Бжьыхьэр къихьащ. Бажэ цIыкIу. Къуалэбзу пшыналъэ. Май махуэшхуэ (усэхэр).
Ж у р т Б. Къу. Ажэгъуэмэхьэ мэзым.
К I э щ т М. Хъу. Шырэ. Гъатхэ губгъуэм. Жыгхэр мэIущащэ (усэхэр)
К I у а н т I э I. ТI Джэджьейм и Iэмалыр. Лъапэху (тхыгъэхэр)
К ъ а г ъ ы р м э с Б. Хь. Си Лъахэ. Кхъужьей. Лэгъупыкъу. (усэхэр)
К ъ а р д э н Б. М. ЗыплъыхьакIуэ. Ныбжьэгъу пэж. ЩIымахуэ зэманыр. Сыт фандырэ цIыкIур къыщIэчар? Уэсыр – джэдыгущ. Си мамэ дахэ. Гъатхэ зэманыр. Гъатхэр къихьащ (тхыгъэхэр).
К ъ э р м о к ъ у э Хь. Гъу. Гуэдз хьэдзэ. Чэнджэщ. Бажэмрэ и шырымрэ. Хьэмрэ Мыщэмрэ (тхыгъэхэр).
К ъ э ж э р П. Хь. IэщIагъэлI. ГурыфIыгъуэ. Дзыуэ-дзыуэ, Iэпэ дзыуэ (усэхэр).
К ъ э ж э р Хь. Хь. Лъагъуэрэ гъуэгурэ (тхыгъэр).
К ъ э з а н Ф. З. Си мамэ дыщэ.
Н а л о З. М. Нанэ и псэ, дадэ и бзэ. Бжьыхьэр бейщ. Сыту уеджэну? Лъэрыжэежэх. Лиуан и бдзэжьей ещэкIэр (тхыгъэхэр)
Н э г у м э У. А. Си Хэку лъапIэ (усэр).
Н э х у щ М. Дж. Хэку вагъуэ (усэр)
С о н э А. Къ. Ди бэракъыр (усэр)
У э р э з е й А ф л и к. Ди еджапIэр (усэр)
Х ь э н ф э н А. М. ЩIэлэгъуалэм я унэм. КъэхутакIуэ цIыкIу (усэхэр)
Ш о р э. Хь. М. КIущэ. Гъунэгъу дадэ (усэхэр)
Ш и н к у б э Б. В. Ди Хэкум дыщисыжам (пычыгъуэ).
Щ о д ж э н ц I ы к I у А. Хь. Ди нартыхур. КIущэ нагъуэ. ЩIымахуэм. (усэхэр)
Щ о д ж э н ц I ы к I у Н. Хь. Бжьыхьэ бэв (усэр)
Щ о д ж э н ц I ы к I у I. У. ИлъэсыщIэ. Хэкум и щIэблэ (усэхэр)
Щ о м а х у э А.Къ. Гъатхэ, къытхуеблагъэ. МыIэрысэ. «Си Iуэху хэлъкъым» (тхыгъэхэр)
I у т I ы ж Б. Къу. Къэб. Гъэрэ щIырэ (усэхэр).
М ы б ы и г у л ъ ы т а п х ъ э щ. Мыбдежым къыщыдгъэлъэгъуа художественнэ тхыгъэхэм къадэкIуэу анэдэлъхубзэ тхылъыр зэхэзылъхьэм абы хигъэхьэ хъунущ школ программэм зи цIэ къыщимыIуахэм ящыщ усэхэмрэ хъыбар кIэщI цIыкIухэмрэ, ауэ хигъэхьэр художественнэ и лъэныкъуэкIэ нэхъыфIу щытын хуейщ, хигъэкI тхыгъэм е тхыгъэхэм нэхърэ. Апхуэдэу щыт пэтми зэхъуэкIыныгъэ хуэIухуэщIэхэм зыдемыгъэхьэхами, нэхъыфIу къыщIэкIынщ.
Iэмалыншэу щыткъым мыбдежым къыщыгъэлъэгъуа художественнэ тхыгъэ псори «Анэдэлъхубзэ» тхылъым хамыгъэхьэну. Къыхахыну тхыгъэхэр школ программэм хухих сыхьэт бжыгъэм (87-м) тещIыхьауэ щытын хуейщ. Тхылъым лей имытым нэхъыфIщ.
Гук I э зрагъэщ I эну зыхуагъэфэща тхыгъэхэмрэ пычыгъуэхэмрэ
Щ х ь э х у э у г у з ы л ъ ы т а п х ъ э . Мы къыкIэлъыкIуэну тхыгъэхэмрэ пычыгъуэхэмрэ нэхърэ нэхъыфIу е нэхъ хуэкIуэу къилъытэ гуэрхэр нэгъуэщIкIэ зэрихъуэкI хъунущ «Анэдэлъхубзэ» тхылъыр зэхэзылъхьэм. Ауэ художественнэ и лъэныкъуэкIэ а зэрахъуэкI тхыгъэхэм нэхърэ нэхъыфIу щытын хуейщ абы къыхих тхыгъэр е тхыгъэхэр.
I уэры I уатэр . Зы зимыIэм выжьитI иIэт (япэ сатыр 18-р)
А б ы т I э В. Къ. Си бажэ усэм и япэ едзыгъуищыр.
А ф I э у н э Л.А. Адыгэбзэ. Япэ уэс (усэхэр).
Г ъ у б ж М. М. Iущ цIыкIу (усэм и япэ едзыгъуиплIыр)
Ж а н ы м Б.I. Бжьыхьэр къихьащ (усэр).
Н а л о З. М. Нанэ и псэ, дадэ и бзэ. (усэр).
К I э щ т М. Хъу. Гъатхэ губгъуэм. Жыгхэр мэIущащэ (усэхэр)
К ъ а г ъ ы р м э с Б. Хь. Кхъужьей. Лэгъупыкъу. (усэхэр)
К ъ э з а н Ф. З. Си мамэ дыщэ. (усэр)
Ш о р э. Хь. М. КIущэ. (усэр)
Щ о д ж э н ц I ы к I у А. I. КIущэ нагъуэ. ЩIымахуэм. (усэхэр)
Щ о д ж э н ц I ы к I у I. У. ИлъэсыщIэ. (усэр)
I у т I ы ж Б. Къу. Къэб. (усэр).
М ы б ы и г у л ъ ы т а п х ъ э щ. ГукIэ зрыгъэщIапхъэ тхыгъэхэмрэ пычыгъуэхэмрэ мыбдежым зэрызэкIэлъыхьам хуэдэу зэкIэлъыкIуэу зрагъэ-щIэн хуейуэ къэувыркъым, атIэ ахэр щадж зэманым хуэзэу (ирихьэлIэу) гукIэ зрагъэщIэн хуейуэ аращ. Псалъэм папщIэ, мы къэдгъэлъэгъуахэм ящыщу япэ гукIэ зрагъэщIапхъэр мы анэдэлъхубзэ тхылъым пэищ хуащIа усэхэрщ, сыту жыпIэмэ аращ япэ яджынури. Щадж зэман елъытакIэ мы усэм кIэлъыкIуэнущ гукIэ зрагъэщIапхъэ адрей усэхэмрэ тхыгъэ щхьэхуэхэм щыщ пычыгъуэхэмрэ.
КъеджэнымкIэ ягъуэтын хуей есэныгъэхэр.
Г ъ э е д ж э г ъ у э м и я п э и л ъ э с н ы к ъ у э м . Къызэджэ художественнэ тхыгъэхэр къагурыIуэу (зэхащIыкIыу), хуабжьагъ-псынщIагъыр тэмэму, хуагъэув мардэр ягъэзащIэу, псалъэхэр зэрыпсэууэ пычыгъуэкIэрэ кърахыу къеджэфу егъэсапхъэщ.
Зыщымыгъуазэ (ямынэIуасэ) тхыгъэхэм къызэреджэ хуабжьагъ-псынщIагъыр зы дакъикъэм псалъэ 32-35 хуэдиз хъун хуейщ.
Г ъ э е д ж э г ъ у э м и е т I у а н э и л ъ э с н ы к ъ у э м . Къызэ-джэ тхыгъэхэр эхащIыкIыу (къагурыIуэу), хуэбжьагъ-псынщIагъыр тэмэму, хуагъэув мардэр яхуэгъэзащIэу, псалъэхэрзэрыпсэууэ, псалъэ нэхъ гугъухэр пычыгъуэкIэрэ къраху къеджэфын.
Зыщымыгъуазэ тхыгъэхэм къызэреджэ хуабжьагъ-псынщIагъыр зы дакъикъэм псалъэ 40-45-рэ хъун хуейщ.
КъеджэкIэрэ тхэкIэрэ (грамотэ) ирагъэщIэным къыдэкIуэу къеджэнымкIи псэлъэнымкIи еджакIуэхэм яIэ хъуа (ягъуэта) есэныгъэ зегъэ-ужьыпхъэщ. Рассказ кIэщI тыншхэм пычыгъуэкIэрэ къегъэджэн, псалъэ псохэр зэрыщыту (зэрыпсэууэ) къегъэджэфыным хуэм-хэмурэ хуэшэн, къызэджэ псалъэхэр дамыгъэхуу, абыхэм зэхъуэкIыныгъэ (зыхъуэжыныгъэ) ирамыгъэ-гъуэту, псалъэухам щымыщ къыхамыгъыхьэу. Рассказ мыин тыншым езыр-езыру макъ ямыгъэIуу, къеджэн, егъэджакIуэм яхуигъэува упщIэхэм жэуап иратын хуейуэ къалэну къапэщыту. Рассказыр, абы щыщ Iыхьэр хэт е сытым тепсэлъыхьми, и Iуэху зэрихуэми къыжаIэфу щытын хуейщ.
Къызэджэр къагурыIуэу, къеджэкIэр тэмэму, гъэхуарэ зэхэщIэгъуэу, псалъэ псэухэр, зэрыщыту (зэрыпсэууэ) кърахыурэ къеджэн, псалъэ гугъу (къеджэгъуей) щрихьэлIэкIэ, абыхэм а лэжьыгъэр иращIылIэурэ. Псалъэхэм я ударенэм иригъуазэу къеджэфын. Псалъэухам хэлъ мыхьэнэ нэхъыщхьэр зэпха (зыхэлъ) псалъэр ударенэкIэ къыхагъэщыфын. Е егъэджакIуэр къызэ-джэхэми абы къажриIэхэми гупсэхуу едэIуэфу егъэсапхъэщ.
Хьэрф зэгуэтхэр пычыгъуэм, псалъэм хэту къеджэныгъэм къытрагъэзэжын. Пычыгъуэхэм я таблицэм хьэрф зэгуэт къызэхэхуэу хэтхэмрэ хьэрф зэгуэмыт къыхэбзыкIахэмрэ ирилэжьэфын, ахэр абыкIэ (хьэрф къыхэбзыкIакIэ) ятхыу, къеджэжу.
Хьэрф зэгуэткIэ ятх макъ гуэр егъэджакIуэм къахигъэлъагъуэрэ еджа-кIуэхэр а макъыр зыхэт псалъэ нэхъыбэ къагупсысынымкIэ зохьэзохуэ. Апхуэдэу къагупсыса псалъэхэр зэрыб хьэрф къыхэбзыкIахэмкIэ ятх.
Псалъэмрэ псалъэухахэмрэ теухуауэ ягъуэта гурыIуэныгъэхэм нэхъри зегъэужьын. Псалъэуха лIэужьыгъуитIым зэраIуатэмрэ зэрыупщIэмрэ я къэпсэлъыкIэр (интонацэр) зэхащIыкIын, апхуэдэ псалъэуха лIэужьыгъуэхэр куэдрэ зэхахыным, езыхэми жыIэным ипкъ иткIэ.
Кърагъэлъагъу предметым е абы и сурэтым бгъэдэлъ е бгъэдэлъынкIэ хъуну щытыкIэхэр, IуэхущIафэхэр кърабжэкIыурэ зэпеуэн икIи нэгъуэщI хуэIухуэщIэхэр ягъэзэщIэн.
Сюжет тынш зиIэ сурэтхэм теухуауэ кърат упщIэхэм жэуап тэмэм ирату тепсэлъыхьын. Абыхэм хуэдэ сурэтхэм щалъагъу Iуэхугъэхэм япкъ иткIэ езы еджакIуэхэм упщIэ гуэрхэр ягъэувыфын. Абыхэм жэуап тэмэм ирату егъэсэн.
Уэрэдым и псалъэхэр, усэр, псысэр, хъыбарым щыщ пычыгъуэхэр, къуажэхь, псалъэжь зыбжанэ гукIэ зрагъэщIэфын. АпхIээдэу гукIэ зрагъа-щIэхэм щыщ нэхъ яфIэфI дыдэхэм гъэхуауэ икIи зэхэщIэгъуэу къеджэн. Псоми зэрыклассу я нэгу щIэкIахэм, я гъащIэм къыщыхъуахэм теухуауэ зэкIэлъыкIуэкIэ пыухыкIа гуэрым тету къыхуагъэув упщIэхэм жэуап ирату «джэгуфын».
Псалъэухам и кIэм щыт нэгъыщэм елъытауэ интонацэ ирату, къызэлъе-бжэкIыныгъэм и теувыIэгъуэ мащIэхэр (зэпятойкIэ къагъэлъагъуэхэр) даIыгъу (къыхалъытэу) къджэфын.
ЕджакIуэр зыщымыгъуазэ (ямынэIуасэ) тхыгъэхэм къызэреджэ хуэбжьагъ-псынщIагъэ зы дакъикъэм псалъэ 40-45-р хуэдиз хъун хуейщ. Апхуэ-дэмэ, Iуэхур тэмэму къэплъытэ хъунущ.
Тхыгъэм нэхъыщхьэу иралэжьынухэр.
Тхыгъэм къиIуатэм хуагъэува упщIэхэм жэуап иратыфын, тхыгъэм теухуауэ жьэрыIуатэу езыхэм къыжаIэм щыхьэт техъуэ псалъэхэр езы текстым къыхуагъуэтыжыфын, тхыгъэр къазэрыщыхъур къыжаIэфын (абы и мыхьэнэр къагъэлъагъуэу). ЖьэрыIуатэу къэIуэтэныгъэ тхыгъэ зэрыIыгъхэр.
Къызэджа тхыгъэм къикIыр къаIуэтэжыфын, сурэтурэ зэхэлъу ящI планри, тхыгъэм дэщIыгъу планри, егъэджакIуэм и упщIэхэри къагъэсэбэпурэ.
ЖьэрыIуатэу тхыгъэм сурэт хуэщIыфын. Сюжет IупщI зиIэ тхыгъэ мыиныр зэпкъырыхауэ, зэрытхам иIэ зэкIэлъыкIуэкIэм тету, псалъэхэр къытрагъэзэжурэ жамыIэу къаIуэтэжыфын. Тхылъым ит тхыгъэм хуащIа сурэтым къикIыр зэпкъырыхыфын, абы мыхьэнэкIэ къепхауэ тхыгъэм хэт псалъэухахэр къыхахыфын. Тхыгъэр Iыхьэурэ зэпыудыфын, Iыхьэхэм псэлъащхьэ, къызэджам къиIуатэ гупсысэ нэхъыщхьэр къыхахыфын (егъэджакIуэр къадэIэпыкъуурэ). Художественнэ тхыгъэ купщIафIэм тхакIуэм къыщигъэсэбэп псалъэхэм гулъытэ хуащIу егъэсэн.
Художественнэ тхыгъэм езым бгъдэлъ щытыкIэ щхьэхуэу ар нэгъуэщIхэм къазэрыщхьэщыкIхэм: эпитетхэм, метафорэхэм, зэгъэпщэныгъэхэм, къэгъэпсэуныгъэхэм кIэлъыплъын (мы езы терминхэр хэмыту) абыхэм кууэ темыпсэлъыхьауэ.
МыхьэнэкIэ зэпэгъунэгъу псалъэхэр зэралъытыфын. Псалъэм къэIуэтэныгъэм щиIэ мыхьэнэр, псалъэм мыхьэнэ зэмылIэужьыгъуэ иIэнкIэ зэрыхъум и щапхъэ нэхъ тынш дыдэхэмкIэрэ гу лъегъэтэн: къэхъукъащIэ гуэрхэм, дунейм и теплъэхэм, гъэм и зэманхэм, цIыхухэм я хьэл-щэнхэм щыхьэт техъуа псалъэхэр тхыгъэм къыхагъуэтэфын икIи абы ипкъ иткIэ ахэр псалъэкIэ сурэт ящIурэ уи нэгу къыщIагъэхьэфын.
Литературэм и лIэужьыгъуэхэр – усэхэр, рассказхэр, псысэхэр, таурыхъхэр – зэдеплъкIэ (практикэм ипкъ иткIэ) зэхацIыхукIыфу егъэсэн.
ЖьэрыIуатэбзэм ехьэлIа щытыкIэ нэхъыщхьэхэр.
Хуабжьагъ-псынщIагъ (темп), псалъэхэр зэрыIум и инагъ, щIэжьыуэ иIэныгъэ, лъэгагъ-лъэхъшагъ (макъым зегъэIэтыныгъэ, ар гъэлъахъшэныгъэ) жыхуаIэхэр къэгъэсэбэпурэ, псалъэхэр тэмэму мардэм иту къапсэлъыфу егъэ-сэн.
Зэджэ тхылъым ехьэлIауэ зэрыгъуэзэнухэр . Псалъащхьэхэм (нэхъыбэрэ узыщрихьэлIэр тхылъым (и кIэм дежщ) щыгъэгъуэзэн, абы езыхэр зыхуей тхыгъэм и фIэщIыгъэцIэри ар зэрыт напэкIуэцIри къагъуэтыфу щытын: зэджэ тхылъым епха упщIэхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ къагъэсэбэпыфын (егъэджакIуэр е еджакIуэ нэхъыжьхэр къадэIэпыкъуурэ).
Классым щаджым нэмыщI, къызэджапхъэу нэхъ зыхуагъэфэща художественнэ тхыгъэхэр.
ЕтIуанэ класс(сыхь. 18)
(Мыкласс еджэныгъэ урокхэр тхьэмахуитI къэс зэ ирагъэкIуэкI).
Щ х ь э х у э у г у з ы л ъ ы т а п х ъ э. Мы къыкIэлъыкIуэну тхыгъэхэм мыбдежым щаIэ зэкIэлъыкIуэкIэр мыкласс еджэныгъэмкIэ тхылъми щаIэн хуейуэ къэувыркъым, атIэ ахэр нэхъ къыщезэгъ щIыпIэхэм (темэхэм) хуэ-шапхъэщ. Мы тхылъым хыхьэпхъэу къэтлъыта тхыгъэхэм я авторхэм я унэцIэхэр адыгэ алфавитым тещIыхьауэ зэкIэлъытхьащ тхылъ зытххэм (зэхэзылъхьэхэм) я лэжьыгъэр нэхъ тынш къищIын, зыкомкIэ къигъэпсынщIэн папщIэ, ауэ мы тхыгъэхэр нэрыуфIыцIщхьэрыуэу тхылъым ибгъэувэ хъунукъым. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми езым и увыпIэр егъэгъуэтын хуейщ. Армырамэ, ар тхылъ щхьэпэ хъунукъым.
Адыгэ IуэрыIуатэм щыщхэр . Аслъэнымрэ Дызгъуэмрэ. Дыгъужьымрэ Щынэ цIыкIумрэ. Дыгъужьымрэ Бажэмрэ. ПкIауэмрэ ХъумпIэцIэджымрэ. ЛIыжь цIыкIумрэ Дыгъужьымрэ. Нэгей и къуэ Лъапщагъуэ (таурыхъухэр).
Адыгэ сабий литературэм щыщхэр.
А б ы т I э В. Къ. Бэрэбэнауэ. Мамэ (усэхэр).
А х ъ м э т М. Хь. Гъатхэ. КIущэ лIыхъужь (тхыгъэхэр).
А ф I э у н э Л. А. КIущэрэ Мыщэрэ. Тузик. Бжьыхьэ. Си ажэ. Япэу мылым Хьэту тохьэ. ЩIымахуэ дыгъэ. Си къакъий. Щынэ цIыкIу. ПцIащ-хъуэ. Бжэндэхъу. Дэрбзэр цIыкIу. Гъэмахуэ. Губгъуэ (усэхэр).
А щ ы ж Б. О. Бжьыхьэ (усэр).
Б а л ъ к ъ э р Ф. Гъу. Зэхэзехуэ. ЩIалэ цIыкIум и хьэпшыр (усэхэр).
Б а л ъ к ъ ы з Б. А. Гуэгушыхъу. Жьынду. ЖыгуIу. Нанэ и щIакхъуэ. Сабиигъуэр. Си къуажэгъухэр. Си Хэку. Си лъахэ. Щынэ. Дыгъэ цIыкIу (усэхэр)
Б е щ т о к ъ у э Ф. Къ. Бжьыхьэ (усэр).
В ы н д ы ж ь М. Н. Лъабэдий. Пшынэ цIыкIу. Нанэ. Мыщэ лъэбыцэжь. Ди сабий садым. Хьэндрабгъуэ. Си хьэ цIыкIу (усэхэр).
Г ъ у б ж М. М. Дамэншэу мэлъатэ. Дыщэ бзу. Дыкъуэнагъ. Ар фэ къафщIи, сэ вжесIэнщ. КIэрыгъэху. Уеджэм дэгущ. Жейнэд. Псы уэр (усэхэр).
Г ъ у б ж о к ъ у э Л. М. Шэрджэс псыхъуэм. Шыдыр сыт щIэпэхур? Шэрэдж къыщыхъуар. Къуажэ бжьаIуэм. ЗэныбжьэгъуитI (тхыгъэхэр).
Г ъ у э щ о к ъ у э Хъу. Хь. Гъуэгу махуэ ныбжьыщIэ (усэр).
Д ж э д г ъ э ф Б. М. КIыгуугу. ШэпIэпIу. Хьэмыщэжь. ИлъэсыщIэм. Ислъэмей (усэхэр).
Д ж э р ы д ж э А. Хь. КъебжэкI цIыкIу. Сэ си нанэр къуажэм дэсщ. Си дэлъху цIыкIур (усэхэр).
Д у д а р Хь. М. Хьэм и унэ (тхыгъэр).
Е л г ъ э р К. М. Унэ нэху. Си ныбжьэгъу (усэхэр).
Ж ы л э т э ж С. Хь. ЩIымахуэ пщэдджыжь. Уэс. Си нанэ дыщэ. Си нанэрэ дадэрэ. Гъатхэпэ. Гъатхэ. Маджэ ди нэкъырэр. Мамэ дэрэ. Нанэ согъэгуфIэ (усэхэр).
И у а н Б. Хь. Уи анэбзэр гъафIэ. ШкIащIэ. Залинэ. Си джэду Марицэ (усэхэр).
К I э м ы р г у е й Т. Ж. Дыгъэр – дыщэ пыIэщ. Гъатхэ дыгъэ. Уэс кIэкъинэ. (усэхэр).
К I э щ т М. Хъу. БэрэтIинагъуэ. Ди кIущэ (усэхэр)
К ъ а р д э н Б. М. Гъатхэ. Гъэмахуэм мэзым (тхыгъэхэр).
Къаныкъуэ З.С. КIущэ. Шынэкъэрабгъэ (усэхэр).
К ъ э ж э р П. Хь. Гъатхэ пщэдджыжь. ИлъэсыщIэ уэс. Дзыуэ-дзыуэ, Iэпэ дзыуэ (усэхэр).
К ъ э р м о к ъ у э Хь. Гъу. Хэт къуаншэр? Уд фызыжьымрэ щIалэ цIыкIумрэ. Бажэмрэ и Щыхьымрэ. Бжьахъуэ (тхыгъэхэр).
К ъ э ж э р Хь. Хь. Лъагъуэрэ гъуэгурэ (хъыбарыр).
К ъ у э щ I ы с о к ъ у э Н. М. Чыш (усэр).
Н а л о З. М. Адакъэ. Адакъэ къэрабгъэ. Аслъыжан и щхьэхыкIэр. Гуащэнэ и кIей баринэр. Гуэгушыхъу. Дыгъужьым «сызэришхар». Елдар укIытэх. Зы къазыхъу, зы адакъэжь, зы щIалэжь цIыкIу. Мамышэ и машинэр. Мыщэ шыр лъэбыцэ. Мазэ удз. Уэшх. ФIыцIэ цIыкIу къыщыщIар (тхыгъэхэр).
Н э г у м э У. А. БжьыхьэкIэ. Си лъахэ. Си Хэку. Адэ лъапсэ. Гъэмахуэ уэшх. Мэкъуауэгъуэ. Зауэм хэтахэр. Iэгъуапэ нэщI (усэхэр).
Т а у Н. Хъу. Жьынду. КIэпхъ. Мэшбэв (усэхэр).
Т х ь э г ъ э з и т З. М. БжьыхьэкIэ (усэхрэ).
Т х ь э з э п л ъ Хь .М. Жаннэ. Жаннэ жеIэ (усэхэр).
Т х ь э м о к ъ у э Б. Гъу. Аслъэныжьымрэ Къуаргъыжьымрэ. ДжэбрэIил цIыкIу. Алихъханрэ мыIэрысеймрэ. Хьэблэ нанэ. Хьэбасрэ Исмелрэ. Мыщэ. Мыщэрэ кIущэрэ. Хьэрун дадэрэ ТIалэ цIыкIурэ (тхыгъэхэр).
Х е т а г у р о в К. Л. Бжьыхьэ (усэр).
Х ь э н ф э н А. М. Физкультурэм къызищIар. Гъэмахуэ махуэ. Ди дадэ шыгунгъэжщ. Зэкъуэшхэр. Мусэрэ Лъэбыхурэ. МыдаIуэ. ЩIымахуэ пцIыупс. Шэрыб. Сашэрэ сэрэ. Шур щIигъанэу. Пшэхэм я деж. ХьэщIапIэ. Япэ уэс (тхыгъэхэр).
Х ь э т у П. М. ЩIымахуэ (усэр).
Х ь э х С. Хь. Бжьыхьэку. БжьыхьэкIэ гупсысэхэр. Хэт сурэтыр зэплъыр? Мамэ сегъэжей. Дыгъэр, жьыбгъэр, сэ. Гъэмахуэ жэщ. Бзумрэ ныбгъуэмрэ. Щыхьым и жыг (тхыгъэхэр).
Ц I а г ъ у э Н. А. Хьэндыркъуакъуэ. Цыжьбанэ лIыхъужь (тхыгъэхэр).
Ш о р э Х ь. М. Тхылъым и лъэIу (усэр).
Щ о д ж э н Х ь. Хь. Зауэ дамыгъэ. Гъатхэ. Гъатхэ нэщэнэ (усэхэр)
Щ о д ж э н Л. С. Гъатхэ уэшх. Хьэсэн (усэхэр).
Щ о д ж э н ц I ы к I у Н. Хь. Зэныбжьэгъухэр (усэр)
Щ о м а х у э А. Къ. Бжьыхьэ. Гъатхэм и къежьапIэ. Лъэтеувэ. ТIопI-тIопI, хььэфэ топ. Сэсыкранзехуэщ. Уэрам нэхъыщхьэ. ПсыIэрышэм и псалъэ (усэхэр).
I у т I ы ж Б.Къу. Ажэ. Гъэмахуэ уэшх. Уэшх (усэхэр).
М ы б ы и г у л ъ ы т а п х ъ э щ. Мыбдежым къыщыгъэлъэгъуа усэхэмрэ хъыбар кIэщIхэмрэ къадэкIуэу тхылъыр зэхэзылъхьэм абы хигъыхьэ хъунущ школ программэм зи цIэ къыщимыIуахэм ящыщ тхыгъэ щхьэхуэхэр, ауэ а тхыгъэхэм я къыхэхыным хуабжьу хуэсакъын хуейщ. Художественнэ и лъэныкъуэкIэ ахэр тхыгъэфIу икIи сабийхэм я ныбжьым къезэгъыу щытын хуейщ.
Мыкласс къеджэныгъэм теухуауэ щIапхъэхэр. (сыхь 18)
Зэджэнум къыхиубыдэхэр . Сабийхэмрэ балигъыпIэм имыувахэмрэ папщIэ ятха тхылъхэр, ахэр художественнэми е щIэныгъэ хуэIухуэщIэм теухуауэ щытми, инагъкIэ напэкIуэцIий-тIощI хуэдиз хъуу щытыпхъэщ.
Усэхэр, хъыбархэр, таурыхъхэр, псысэхэр икIи къинэмыщI тхыгъэхэм я инагъкIэ напэкIуэцIитI-тху хуэдиз хъууэ щытыпхъэщ. Тхыгъэхэм я инагъыр сабийм яIэ хъуа гъэсэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ тещIыхьауэ щытын хуейщ.
ЕджакIуэхэр къызэджэнухэр нэхъ зытеухуа Iуэхугъуэхэр (темэхэр): Адэжь щIыналъэр, Хэкур, лъахэр, гъэм и зэманхэр, псэущхьэхэмрэ къэкIы-гъэхэмрэ, унэ псэущхьэхэмрэ псэущхьэ Iэлхэмрэ, лIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ, хабзэ-нэмысымрэ хьэл-щэн дахэхэмрэ, щIэблэм я гъащIэмрэ я псэукIэмрэ, гъащIэм къыщыхъу хуэIухуэщIэхэмрэ къэхъукъащIэ гъэщIэгъуэнхэмрэ икIи абыхэм япыщIа къинэмыщI Iуэхугъуэхэм.
Сабий тхылъхэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр (зыщыгъуэзэн, ящIэфын, зэсэн хуейхэр). Тхылъым и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр: жинтыр, абы кIэлъыкIуэ напэкIуэцIыр, тхыцIэр, форзэцыр, напэкIуэцIхэр, псалъащхьэр зищIысыр зэхагъэкIыфын.
Зы тхылъым иригъуэзэныр : И фIэщыгъэцIэмрэ и иллюстрацэхэмкIэ тхылъым итынур хуагъэфэщэфын (япэ илъэс ныкъуэм), сытым теухуа фызэджар? – упщIэм жэуап иратыфын.
Тхылъ зыбжанэм иригъуэзэныр: ахэр зытеухуа Iуэхугъуэхэр (темэхэр къахутэфын, тхылъыр щытыкIэу жыхуаIэхэмкIэ къыхахыфын. Къызэ-джэр егъэджакIуэм и упщIэхэмкIэ къыжаIэжыфыным теухуа есэныгъэм зе-гъэужьын, зэджам зыщрихьтэлIа къэхъукъащIэхэмрэ тхыгъэм цIыху хэтхэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ къекIу-къемыкIу, къезэгъ-къемызэгъ и лъэныкъуэкIэ зыхуэдэр яубзыхуфын. Япэ илъэс ныкъуэм тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм (выставкэм), плакат щхьэхуэхэм щыгъэгъуэзэн. ЕтIуанэ илъэс ныкъуэм каталог карточкэ нэхъ тынш дыдэхэм щыгъуазэ щIын.
Зэджа тхъыцлъхэмрэ ахэр зи IэдакъэщIэкIхэмрэ ящIэн хуейщ. Езыр-езыру тхылъ еджэн и лъэныкъуэкIэ ягъуэт есэныгъэхэр егъэбыдылIэн. Литературэм теухуа джэгукIэ тыншхэм щыгъуэзэн. Къызэджа тхыгъэхэм къыхаха (ягу нэхъ ирихьа) Iыхьэр инсценировкэ ящIыфын, абы хэт цIыху щхьэхуэхэм я ролыр ягъэзэщIэфын.
Фонетикэр, грамматикэр, тхэкIэ тэмэмыр, бзэм зегъэужьыныр.
(сыхь. 68)
Тхьэмахуэ зэхуакум адыгэбзэм сыхьэти 4 хухах. Абы щыщу 2-р грамматикэм, 2-р къеджэныгъэм ират.
Макъхэмрэ хьэрфхэмрэ (сыхь. 35).
Макъхэмрэ хьэрфхэмрэI . Бзэр псалъэухахэурэ, псалъэухахэр пса-лъэурэ, псалъэхэр пычыгъуэхэу, пычыгъуэхэр макъыу зэпкърыхыныр еджакIуэхэм зэрахузэфIэкIым адэкIэ зегъэужьын. Макъзешэхэмрэ макъ дэкIуашэхэмрэ зэхэгъэкIынымкIэ яIэ зэфIэкIхэмрэ есэныгъэхэмрэ егъэ-фIэкIуэн.
Хьэрфыр зыхухэха макъым нэмыщI, нэгъуэщI макъ къигъэлъагъуэу къыщыкIуэр зэхэцIыхукIыфын икIи къеджэфын: псалъэм и къежьапIэм деж щызэхэпх макъзешэ э -р хьэрфзешэ а -кIэ къызэрагъэлъагъуэр (адыгэ, адакъэ, адрей), п, т , хьэрфхэмкIэ пI,тI макъ дэкIуашэхэр къагъэлъэ-гъуэнкIэ зэрыхъур (пкъынэ, ткIуат кIуэ).
ХьэрфкIэ къэмыгъэлъэгъуа макъхэр тхыгъэм къыхагъуэтэфу икIи къеджэфу егъэсэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIын: у -, й -хэм я ужькIэ ы къыщапсэлъыр, ауэ ямытхыныр (унэ, гъуджэ, гущэ, итхьэ-щIащ, ин, игъуэ).
Макъ къимыгъэлъагъуэу хьэрф щатхым и къэкIуэкIэм нэIуасэ хуэ-щIын, хьэрфым макъ къыщимыгъэлъагъуэм деж, хьэрфым къемыджэу егъэсэн: (жыгыуIу, екIуэкIыу, епщэкIыу, ежэкIыу, ефIэкIыу).
Макъзешэ у -мрэ макъ дэкIуашэ у -мрэ зэхэгъэкIынымкIэ яIэ есэны-гъэхэр егъэфIэкIуэн.
Хьэрф э -р, урысыбзэм щиIэ мыхьэнэр иIэу, адыгэбзэми къыщагъэсэбэпынкIэ зэрыхъум щыгъэгъуэзэн. Ар къызыщагъэсэбэп псалъэхэм къе-джэфын икIи ахэр ятхыфын (экскурс, экскаватор, этаж, элеватор, н.).
Пычыгъуэ йэ зэхахыу е ятхынкIэ зэрыхъум щыгъэгъуэзэн. Ар тхы-гъэм къыщагъэсэбэпын (еджэн, ерыщ, ежьу, н.).
Хьэрф ё -р, урысыбзэ алфавитым щиIэ мыхьэнэр зэриIэу, адыгэбзэм къызэрыщагъэсэбэпыр ящIэн (ёлкэ, шофёр, пулемёт, вертолёт, самолет). 3
Пычыгъуэ йы-р зэхахыу и ятхынкIэ зэрыхъум щыгъэгъуэзэн. Абы теухуауэ ящIэхэр тхыгъэм къыщагъэсэбэпыфын (ин, ищхъэрэ, ислъэмей, иухын, иубэн, н.).
Хьэрф ю , я -хэр, урысыбзэм щаIэ мыхьэнэр яIэжу, адыгэбзэм къызэрыщагъэсэбэпыр ящIэн (Юрэ, яс лъэ, н.).
Зэгуэгъу хъу мэкъ дэкIуашэ дэгухэмрэ жьгъыжьгъхэмрэ зэхацIыхукIыфын (п — б , ф — в , т — д , н.).
Хьэрф зэгуэткIэ къэгъэлъэгъуа макъхэр, ахэр зыхэт пычыгъуэхэр, псалъэхэр ятхыным теухуа есэныгъэхэм зрагъэужьын. Псалъэхэр, псалъэухахэр, тхыгъэ кIэщIхэр Iэрытхми зэрыбми къытратхыкIын.
Зэрыбми Iэрытхми къытратхыкIыныгъэм къыдэкIуэу гу лъытэн: тхэн къыщрагъажьэм деж, япэрей хьэрфыр тхылъымпIэ напэм и сэмэгурабгъу гъунэм пэIэщIэу зэрагъэувым икIи ар хьэрфышхуэу зэратхым. Апхуэдэу езыхэми ящIэфу егъэсэн.
Псалъэухар тхын щаухам деж, абы и кIэм нагъыщэ гуэр зэрагъэувым гу лъатэн. Апхуэдэм деж ягъэув нагъыщэр а ятхым и къэпсэлъыкIэм (и интонацэм) епхауэ зэрыщытыр ящIэн.
Хьэрф зэгуэткIэ къагъэлъагъуэ макъ зыхэт псалъэхэр япэщIыкIэ тэмэму (а хьэрф зэгуэтри зэрыхэтым хуэдэу) тхауэ кърагъэлъагъу, пычыгъуэрэ хьэрфхэу хэтхэм теухуауэ зэпккърахыу кърагъаджэу, итIанэ хьэрф зэгуэтхэр дэгъэхуауэ ахэр езыхэм хагъэувэн хуейуэ доскам къыхуратхэ псалъэхэр къытратхыкIыфын. Aпхуэдэу хьэрф зэгуэтхэр зыхущыщIэ псалъэ зыхэт псалъэухахэр къытратхыкIыфын.
Зи къэпсэлъыкIэмрэ зи тхыкIэмрэ зэтехуэ псалъэхэр, апхуэдэ пса-лъэу зэхэт псалъэухахэр диктанту (къызэрыжраIэм ипкъ иткIэ) ятхыфын.
Зи къэпсэлъыкIэмрэ зи тхыкIэмрэ зэтемыхуэ псалъэхэм кIэлъы-гъэплъын.
Апхуэдэхэм (нэхъ тынш дыдэхэм) я тхыкIэр къапщытэфын, зыщIыпIэ деж тхауэ зэритым иралъытуи, езы псалъэухар зэрызэхэт пычыгъуэхэмрэ макърэкIэ зэпкърахыури.
Хьэрфышхуэр псалъэухам, цIыхуцIэхэм, псэущхьэм фIащ цIэхэм я къыщIэдзапIэхэм ятхыфын.
Пычыгъуэр. Псалъэр пычыгъуэкIэрэ зэпыудыныр. Псалъэр щатхкIэ, сатырым щимыхуэм деж, абы щыщ Iыхьэхэр къыкIэлъыкIуэ сатырым зэрырахьэкIым и хабзэм щыщ нэхъ къызэрыгуэкIхэр ящIэн, хьэрф зэгуэт зыхэт псалъэхэм я ехьэкIыкIэм кIэлъыгъэплъын, шытхэкIэ къагъэсэбэпыфу егъэсэн, у зыхэт хьэрф зэгуэтхэм щыщ дэтхэнэ зы макъзешэ ы къызыкIэлъыкIуэр и закъуэу сатырым къибнэ зэрыхъур егъэщIэн (кхъу-за-нэ, ку-мы-лэ).
Ударенэр. Псалъэм ударенэ зытехуэу хэт пычыгъуэр къыхагъэбел-джылыкIыфын. Пычыгъуэм ударенэр зэрытеIэпхъукIым къыхэкIкIэ, а пычыгъуэм хэт макъыр а -ми э -ми щызэхамыщIыкIым деж, е а -м и пIэкIэ э зэхахыу щыщытым деж, ятхынур зищIысыр къахутэфын, кызэрапщытэ псалъэ къыхуагъуэту (апхуэдэу ящIыныр мыгугъуу щыщытым деж) (бажафэ — бажэ, фалъэшхуэ – фалъэ, щIалэфI – щIалэ, щакIуэфI – щакIуэ, н).
Алфавитыр. Алфавитым и мыхьэнэр. Хьэрфхэм зэреджэмрэ абыхэм къагъэлъагъуэ макъхэм я IукIэмрэ зэхащIыхукIыфын. Алфавитыр. Алфавитым хьэрфхэм щаIэ къызэкIэлъыкIуэкIэр ящIэн. Кърат псалъэхэр алфавиткIэ къызэкIэлъыкIуэу ятхыфын. Къыхуагъэлъагъуэ тхыгъэм хэт псалъэхэр алфавиткIэ къызэкIэлъыхьауэ къыхатхыкIыфын. Тхылъым ит псалъа-лъэм ирилэжьэфу егъэсэн, псалъэ иратхэр, алфавитым иригъуазэурэ, псалъалъэм зэрыщызэкIэлъыхьам хуэдэу, зэхэтхыкIыфын (псалъэм и япэ хьэрфым тещIыхьауэ).
Псалъэ (сыхь. 20).
Хьэрфышхуэхэр щатхым теухуауэ зрагъэщIахэм зрагъэужьын (хагъэ-хъуэн). Къалэхэм, къуажэхэм, псыхэм я цIэхэр хьэрфышхуэкIэ къра-гъажьэу зэратхыр ящIэн. Ар я тхыгъэхэм къыщагъэсэбэпыфын.
Хэт? Сыт? Сыт хуэдэ? Сыт ищIэрэ? Сыт ищIа? Сыт ищIэнур? Сыт ящIэну? Сыт ящIэрэ? упщIэхэм жэуап яхуэхъу псалъэхэм щыгъэгъуэзэн. Апхуэдэ упщIэхэр езы еджакIуэхэми ягъэувыфын.
Предметхэм, лэжьыгъэхэм, щытыкIэхэм я фIэщыгъэцIэхэр зэхагъэ-кIыфын.
Предметхэм я цIэхэр гуп-гупурэ ягуэшыфын (зэрыджэгу хьэпшыпхэм я цIэ, еджэныгъэм епха хьэпшыпхэм я цIэ, къэкIыгъэхэм я цIэ, псэущхьэхэм я цIэ, н.). Ахэр къызэщIэзыубыдэ псалъэхэр къыхуагъуэтыфын (псалъэм папщIэ, джанэ, гъуэншэдж, цей, щIакIуэ, бостей, кIагуэ, къэптал, джэдыгу — щы гъыгъуэхэщ)
Предметхэм я цIэхэр (къащыщIхэр) къызэрыкI псалъэхэр гуп-гупурэ ягуэшыфын, ахэр зыгъэзащIэ (къызыщыщI) предмет елъытакIэ (цIыхухэм, псэущхьэхэм, хьэпшыпхэм, дунейм и къэхъукъащIэхэм, н.).
Зи мыхьэнэкIэ зэпэгъунэгъу псалъэхэм щыгъэгъуэзэн (щапхъэ зэралъагъум ипкъ иткIэ).
Зи мыхьэнэкIэ зэпэщIэуэ псалъэхэм щыгъэгъуэзэн.
Нэхъыбэрэ дызрихьэлIэ послелогхэр егъэцIыхун (нэс, деж, щхьэкIэ, н.) Послелогхэр зи гъусэ псалъэхэм пыхауэ зэратхым гу лъегъэтэн.
Псалъэ лъабжьэм щыгъэгъуэзэн. Псалъэ зэлъабжьэгъухэм теухуауэ гурыIуэныгъэ егъэгъуэтын. Апхуэдэ псалъэхзм зэдайуэ хэт Iыхьэхэм гу лъатэн. Псалъэ зыбжанэм апхуэдэу зэдыхэт Iыхьэхэр къыхагъэбелджылыкIыфу есэн. Апхуэдэ Iыхьэхэр зэщхьу щатхым гу лъегъэтэн (мажьэ — мажьэшхуэ — мажьэ фIыцIэ).
Псалъэухар (сыхь. 15).
Бзэр псалъэухаурэ зэпкърыхын (гуэшын), а псалъэухахэм къыхагъуэ-тыкIын ахэр зытепсэлъыхьыр, а зытепсэлъыхьым хужаIэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр (иужькIэ подлежащэ, сказуемэ жыхуаIэнухэр). Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр. Псалъэухам хэт псалъэхэм яку дэлъ зэпхыныгъэр къахутэфын, упщIэ хуагъэувыным ипкъ иткIэ. Псалъэухахэр я мыхьэнэкIэ зэрызэщхьэщыкIым кIэлъыгъэплъын. Псалъэухам и кIэм точкэ, упщIэ, хэIэтыкIа нагъыщэ ягъэувыфу егъэсэн. Псалъэухахэр я къэпсэлъыкIэкIэ зэрызэщхьыр, зэрызэщхьэщыкIыр зэхагъэкIыфу егъэсэн.
Дэтхэнэ зы псалъэухари хьэрфышхуэкIэ кърагъэжьэным теухуауэ яIэ есэныгъэм зрагъэужьын. Псалъэуха зэхалъхьэфын икIи ятхыфын.
КъэIуэтэныгъэ зэпха .
Бзэм гъащIэм мыхьэнэуэ щиIэр. ЖьэрыIуатэбзэмрэ (жьабзэмрэ) тхыгъэбзэмрэ яIэ зэщхьэщыкIыныгъэм кIэлъыгъэплъын.
Тхыгъэр . Тхыгъэм къыщыIуэтам тегъэщIапIэ хуэхъу псалъэхэр къыхэгъэщхьэхукIыфын. Тхыгъэ зэпыщIамрэ зы темэкIэ зэмыпха псалъэухахэмрэ зэгъэпщэн.
Тхыгъэм къиIуатэр (темэр) гъэбелджылын. Тхыгъэм хыхьэ Iыхьэхэр къыхэгъэбелджылыкIыфын. Тхыгъэ мыинми абы и Iыхьэхэми псалъащхьэ хуэщIын.
ТемэкIэ зэпыщIа упщIэхэм, егъэджакIуэм и унафэм щIэту, жьэрыIуатэуи тхыгъэкIи жэуап иратыфын. Сюжет зиIэ сурэтхэм теухуауэ псалъэуха зэхалъхьэфын. Зы темэкIэ зэпхауэ щыт псалъэуха зыбжанэ зэхалъхьэфын, егъэджакIуэм и унафэм щIэту. УпщIэхэр е пункт зытIущ хъууэ кърат планыр къагъэсэбэпурэ, егъэджакIуэм и унафэм щIэту, тхыгъэ мыиныр (кьызэрыкIуэ дыдэр) изложенэу къаIуэтэжыфын.
Зэхалъхьэфын икIи егъэджакIуэм и унафэм щIэту ятхыфын езы еджакIуэхэр зэрыджэгухэм, зэрылажьэм, я нэгу зэрызрагъэужьым теухуа хъыбархэр.
Къабзэу тхэныгъэ.
Щхьэхуэу гу зылъытапхъэ. Анэдэлъхубзэр егъэджыным къыхыхьэу къабзэу тхэныгъэмкIэ урок хэха щыIэнукъым. Ауэ а тхэкIэр зыхуэ-дэнур абы куэдкIэ елъытауэ ззрыщытым къыхэкIкIэ, ар Iуэхум къыхэлъытэн хуейщ, тхыгъэ лэжьыгъэ щагъэзащIэхэм деж дакъикъэ зытIущ лъагъэсу.
Iэм, Iэпхъуамбэхэм, нэрыгъуазэм зрагъэужьын.
Хьэрфхэр зэратхымкIэ ахэр зэрызэрапх щIыкIэм теухуауэ ящIэфхэр ирагъэфIэкIуэн, мы къэкIуэнум хуэдэу къызэкIэлъыхьауэ елэжьу, хьэрф цIыкIухэр: I) и, ш, г, п, т, й, н, р, у; 2) л, м, ц, щ, ь, ы ; 3) о, а, ю, ф, д, б, я; 4) с, е, ё, I , ч, в ; 5) э, х, ж, з, к . Хьэрфышхуэхэр: I) И, Ш, Ц, Щ, Ч, Л, М, А ; 2) О, С, 3, X , Е, Я ; 3) У, I , H , К, Ю, Р, В ; 4) Г, П, Т, Д, Б .
Iэр къытрамыхыу хьэрфхэр зэрызэпащIэм егъэлэжьын (ит, щи, ди, си).
Зи тхык Iэ тэмэмыр етIуанэ классым хабзэхэмк Iэ иджыри къыщамыхутэф псалъэхэу гъэ еджэгъуэм и кIуэцIкIэ зрагъэщ Iэн хуейхэр:
Партэ, къэрэндащ, бэлъто, Налшык, Москва, Къэ бэрдей, фошыгъу, маф I э, куэбжэ, щхьэгъубжэ, Iэ хъуамбэ, лъэпхъуамбэ, тхылъымпIэ, жэщ, къанжэ, къуаргъ, нартыху, портрет, трактор, шкIэ , Iуащхьэ, щиху, тхьэмпэ, макъ, папцIэ, лъапцIэ, шэнт, чырбыш, хьэпшып, хъарбыз, кIэлындор, пыпхъуэ, унэцIэ, фIыуэ, къамыл, къру, Iэбжьанэ, яъэбжьанэ, пцIащхъуэ, шын дырхъуо, пкъо, нэщIэпкIэ, лъытIэгъэн, къундэпсо.
ЕтIуанэ гъэ еджэгъуэм и кIэм деж еджакIуэхэм
ящIэн хуейхэмрэ яхузэфIэкIыпхъэхэмрэ.
Я щ I э н хуейхэр:
Адыгэбзэ алфавитым хэт хьэрфхэр, макъзешэхэмрэ макъ дэкIуашэхэмрэ ящытыкIэхэр; ударенэр зытет макъымрэ зытемытымрэ, макъ дэкIуашэ дэгухэмрэ жьгъыжьгъхэмрэ, псалъэм и ехьэкIыкIэр. ПсалъэухакIэ зэджэр (зищIысыр жаIэн, определенэ иратыну хэмыту); зэраIуатэ, зэрыупщIэ псалъэухахэр (зэрызэхахым ипкъ иткIэ ар зищIысыр ящIэу).
Псалъэм и къежьапIэм деж макъ э -р хьэрф а -кIэ къызэрагъэлъагъуэр (зэратхыр).
Ударенэр зищIысыр (ударенэр зытет пычыгъуэ, зытемыт пычыгъуэ).
Псалъэм къыщыкIуэ макъыр хьэрфкIэ къыщамыгъэлъагъуэр.
Псалъэхэм езыхэр жэуап зыхуэхъу упщIэ яIэу зэрыщыт. X э т? сыт? сыт и щ I э р э? упщIэхэм жэуап яхуэхъу псалъэхэр.
Псалъэ зэлъэпкъэгъукIэ зэджэр.
ЯхузэфIэкIыпхъэхэр:
ХъэтI тэмэмкIэ псалъэхэр, псалъэухахэр, псалъэ 40— 45-рэ хъу тхыгъэхэр тхыфын, хьэрф дамыгъэхуу, лей дамытхэу, езы хьэрфхэр дахэу, зэрыщытын хуейм хуэдэу, тхауэ.
Псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпыудын, ударенэр зытелъ пычыгъуэр къыхэгъэбелджылыкIын, сатырым имыхуэ псалъэхэр пычыгъуэкIэрэ ехьэкIын;
хьэрфышхуэкIэ къегъэжьауэ тхын: цIэхэр, унэцIэхэр, къуажэхэм, къалэхэм я фIэщыгъэцIэхэр, псэущхьэхэм зэреджэхэр;
уы, йы, йэ пычыгъуэхэр хьэрфзешэ ы, э ящIымыгъуу тхын ( у жьэ, у балъэ, къэ у быдын, и тын, и гъуэ, е Iусэ, етI у анэ);
ударенэр зытемыт макъзешэ э къигъэлъагъуэу хьэрфзешэ а щатхым и щапхъэхэр псалъэр и пэщIэдзэ теплъэр (псалъалъэм зэритым хуэдэу) иIэу къэхьын икIи ар дыдэмкIэ абыхэм я тхыкIэрэ къэпсэлъыкIэкIэ зэхагъэкIын (къ а мэшхуэ — къ а мэ, м а стэ папцIэ — м а с тэ);
послелогхэр зи гъусэ псалъэм къыпыхауэ тхын;
псалъэр зэрызэхэт макъкIэ зэпкърыхын: псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпыудын, ударенэр зытет пычыгъуэр гъэбелджылын, псалъэм макъхэмрэ хьэрфхэмрэ зэрыщызэкIэлъыхьар гъэбелджылын, псалъэр зэрызэхэт макъхэмрэ хьэрфхэмрэ бжыгъэкIэ зэрызэхуэхъур къэгъэлъэгъуэн (ин, псы дыгъужь, мэракIуэ, щ I эхыу);
псалъэр жэуап зыхуэхъу упщIэр тэмэму хуэгъэувын, абыкIэ къэщIэн предмет, щытыкIэ, лэжьыгъэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр;
хэт? упщIэм жэуап хуэхъу псалъэхэмрэ сыт? упщIэм хуэхъухэмрэ зэхэгъэкIын;
псалъэухам хэт псалъэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр гъэбелджылын, псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр (подлежащэмрэ сказуемэмрэ) къыхэгъэкIын;
псалъэухар хьэрфышхуэкIэ къегъэжьауэ тхын; и кIэм точкэ, зэрыупщIэ, хэIэтыкIа нагъыщэхэр гъэувын;
псалъэ тыншу зэхэт тхыгъэ мыиныр диктанту ятхын, гъэ еджэгъуэм и кIэм псалъэ 30—40-м нагъэсу;
темэкIэ зэпха упщIэхэу хуагъэувхэм тхыгъэкIэ жэуап иратын, апхуэдэ жэуапхэр псалъэуха къызэрыкIуэ тынш зытхухыу зэхэт тхыгъэ зэпха хъууэ;
къызэджа тхыгъэ мыиныр (псалъэ 50—60), егъэджакIуэм игъэува планым тету, жьэрыIуатэу е тхыгъэкIэ къэIуэтэн (изложенэм и лIэужьыгъуэ нэхъ тынш дыдэ).
ЕЩАНЭ КЛАСС.
КЪЕДЖЭНЫМРЭ БЗЭМ ЗЕГЪЭУЖЬЫНЫМРЭ.
(сыхь. 140-рэ)
Адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ егъэджыным тхьэмахуэ зэхуакум сыхьэт 4 хухах.
Абы щыщу сыхьэти 2-р адыгэбзэм, сыхьэти 2-р
анэдэлъхубзэм хуагъазэ.
Класс еджэныгъэр.
(сыхь. 70-р)
Классым щаджыну художественнэ тхыгъэхэр
нэхъ зытеухуауэ щытынур.
Адыгэ лъэпкъыр, ди щIыналъэр зыгъэлъапIэ, фIыуэ езыгъэлъагъу художественнэ тхыгъэхэр: усэхэр (уэрэдхэр), рассказхэр, хъыбархэр (тIу нэхърэ мынэхъыбэу), ахэр «Анэдэлъхубзэ» тхылъым пэублэ (пэищ) хуэхъуу.
ЦIыхубэ IуэрыIуатэр. Адыгэ IуэрыIуатэм и лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэм ящыщ пкъыгъуэхэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн: псалъэжьхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм, псынщIэрыпсалъэхэм, псысэхэм, хъыбархэм, таурыхъхэм, псалъэ хъуэрхэм, уэрэдхэм.
НэгъуэщI лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм щыщ лIэужьыгъуэхэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын, ахэр гупсэхуу урокым щегъэджын.
Гъэмахуэр дигу къыдогъэкIыж. Гъэмахуэм дунейм и теплъэм, цIыхухэм гъэмахуэм ягъэзащIэ лэжьыгъэхэмрэ я псэукIэмрэ теухуа тхыгъэхэм щыгъэгъуэзэн. ЕджакIуэхэм я зыгъэпсэхугъуэ гъэмахуэ зэманым балигъхэм хуащI дэIэпыкъуныгъэм, абыхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр зрагъакIуэм теухуа тхыгъэхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
Бжьыхьэр къихьащ. Бжьыхьэм и зэман зэмылIэужьыгъуэхэм (бжьыхьэпэм, бжьыхьэкум, бжьыхьэкIэм) теухуа тхыгъэхэр. ЦIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ бжьыхьэм я гъащIэм теухуа тхыгъэхэр. Бжьыхьэ лэжьыгъэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр. Бжьыхьэм цIыхухэр зэрыхущыт щIыкIэр. Бжьыхьэм теухуа адыгэ псалъэжьхэмрэ нэщэнэхэмрэ ящыщ зыбжанэм сабийхэр щыгъуазэ щIын.
Бжьыхьэм дунейм игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа дунеяплъэ (экскурсие) лIэужьыгъуэхэр егъэкIуэкIын.
Ди ныбжьэгъуфI псэущхьэхэр. Унэ псэущхьэхэмрэ псэущхьэ Iэлхэмрэ ятеухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэм, псысэхэм, усэхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм, псынщIэрыпсалъэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн, ахэр гупсэхуу урокхэм щызэпкърегъэхын. ЦIыхухэм унэ псэущхьэхэм хуаIэ щытыкIэр къызыхэщ тхыгъэхэм щыгъэгъуэзэн. Псэущхьэ Iэлхэм я гъащIэмрэ я псэукIэмрэ еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
Къалэмрэ къуажэмрэ. Къалэмрэ къуажэмрэ цIыхухэм щаIэ гъащIэм теухуа тхыгъэхэм (усэхэм, уэрэдхэм, хъыбархэм, рассказхэм) щыгъуазэ щIын, ахэр гупсэхуу урокым щегъэджын.
Къалэмрэ къуажэмрэ щагъэзащIэ лэжьыгъэхэм теухуа тхыгъэхэр. Заводхэм, фабрикэхэм, ухуэныгъэ хуэIухуэщIэхэм, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм щекIуэкI лэжьыгъэхэр. Къуажэ губгъуэм, Iэщ фермэм, джэд фермэм икIи къинэмыщI IэнатIэхэм теухуа Iуэхугъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр урокхэм щызэпкърегъэхын.
Къалэмрэ къуажэмрэ яIэ зэпыщIэныгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн, ахэр гупсэхуу зэпкърегъэхын икIи егъэджын.
Дапщэщи щапхъэу щыт. ЦIыхухэм я хьэл-щэн дахэм, зэныбжьэгъугъэ нэсым икIи нэгъуэщI хьэл-щэныфIхэми теухуа тхыгъэхэр. ЕджакIуэ цIыкIухэм я гъащIэмрэ я IуэхущIафэмрэ, я зэныбжьэгъуэмрэ я зэхущытыкIэфIхэмрэ къызыхэщ тхыгъэхэр. ЦIыхухэр зэхуэсакъыу, зэхуэгущабэу, зыр адрейм хуэсакъыу икIи дэIэпыкъуэгъу хуэхъуу щытыным, абыхэм я зэхуакум хабзэрэ нэмысрэ дэлъыным теухуа тхыгъэхэм щыщхэр урокым щегъэджын.
ЩIымахуэр къэсащ. ЩIымахуэ зэманым мэзым, губгъуэм, псыежэххэм, жыгхэм яIэ щытыкIэм теухуа тхыгъэхэр. ЩIымахуэм балигъхэмрэ балигъыпIэ имыувахэмрэ я гъащIэр, я IуэхущIафэ нэхъыщхьэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэр егъэджын. Балигъхэм щIымахуэм ягъэзащIэ лэжьыгъэхэм, цIыкIухэм я IуэхущIафэхэм теухуа тхыгъэхэм щыгъэгъуэзэн. Псэущхьэхэм, хьэпщхупщхэм, къэкIыгъэхэм щIымахуэр зэрырахым теухуа тхыгъэхэр гупсэхуу урокхэм щегъэджын.
ЩIымахуэм теухуа пcaлъэжьxэм къyaжэxьхэм, нэщэнэхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
ЩIымахуэм дунейм и щытыкIэм теухуа дунеяплъэ (экскурсие) зыбжанэ егъэкIуэкIын.
Хэкум и хъумакIуэхэр. Ди Къэралыдзэм, Граждан зауэм, Хэку зауэшхуэм теухуа тхыгъэхэр. Граждан зауэмрэ Хэку зауэшхуэмрэ ди зауэлIхэм щызэрахьа лIыхъужьыгъэмрэ къахьа текIуэныгъэмрэ къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын, ахэр урокым гупсэхуу икIи куууэ щызэпкърегъэхын.
Иджырей зэманым дзэм къулыкъу щызыщIэхэм я IуэхущIафэхэр къызыхэщ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр егъэджын, ахэр гупсэхуу икIи куууэ зэпкърегъэхын.
Хэкур фIыуэ лъагъуным, ар сакъыу хъумэным теуxya псалъэжьхэм ящыщ зыбжанэ еджакIуэхэм егьэщIэн.
ЛэжьыгъэфIкIэ Хэкур догъэлъапIэ. ЦIыхухэм я лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, IэщIагъэ щхьэхуэхэм, цIыху псоми я фейдэ зыхэлъ лэжьыгъэ гуэр блэжьыныр зэрыгуфIэгьуэм, зэрынасыпым теухуа тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ зыбжанэхэм еджакIуэхэр.
Лэжьыгъэм теухуа адыгэ псалъэжьхэмрэ нэщэнэхэмрэ ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн.
ЦIыхубзхэм я Дунейпсо махуэшхуэ. ЦIыхубзхэм яхуэфащэ щытыкIэфIым, щытыкIэ дахэм, абыхэм яхуэсакъыным теухуа тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. ЦIыхубзхэм пщIэрэ гулъытэ нэсрэ яхуэщIыным теухуа усэхэмрэ рассказхэмрэ. ЦIыхубзхэм унагъуэми лэжьыгъэ IэнатIэми щагъэзащIэ хуэIухуэщIэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыгъэгъуэзэн. Анэхэм ятеухуа адыгэ псалъэжьхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
Гъатхэр дунейм и щIэрэщIэгъуэщ. Гъатхэм псэущхьэхэмрэ накъыгъэхэмрэ, гъатхэ лэжьыгъэхэм, балигъхэм я IуэхущIафэхэм, сабийхэм я гъатхэ джэгукIэхэм икIи къинэмыщI Iуэхугъуэ щхьэхуэхэми тепсэлъыхь тхыгъэхэр куууэ егъэджын.
Гъатхэм теухуа адыгэ псалъэжьхэм, нэщэнэхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
Гъатхэм дунейм и щытыкIэм теухуа дунеяплъэу (экскурсиеу) тIу хуэдиз егъэкIуэкIын.
Зэныбжьэгъугъэмрэ мамырыгъэмрэ дарителъхьэщ. ЦIыху щхьэхуэхэмрэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэмрэ яку зэныбжьэгъугъэ быдэрэ къуэшыгъэ нэсрэ дэлъыну, дунейр мамыру щытыну, цIыху гъащIэр ефIакIуэ зэпыту екIуэкIыну къыхуезыджэ тхыгъэ щхьэхуэхэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн, ахэр гупсэхуу икIи куууэ егъэджын.
Зэныбжьэгъугъэм, къуэшыгъэм, мамырыгъэм, теухуа адыгэ псалъэжьхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
ТекIуэныгъэм и махуэ. Хэку зауэшхуэм и зэманым ди зауэлIхэм зауэ IэнатIэм, гуащIэрыпсэухэм лэжьыгъэм щагъэзэщIа Iуэхугъуэхэм, ТекIуэныгъэм и махуэм, цIыхухэм езыхэр фашист зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIэзыха ди зауэлIхэм хуащI пщIэмрэ фIыщIэмрэ тхыгъэ щхьэхуэхэм еджакIуэхэр щыгъуазэ яхуэщIын.
ЛIыхъужьыгъэм теухуа адыгэ псалъэжьхэм ящыщ зыбгъупщI хуэдизым сабийхэр щыгъэгъуэзэн.
Дунейр зыхъумэм хэкури ехъумэ. ЦIыхухэр зыхалъхуа дунейм хуэфащэу щытыным къыхуезыджэ усэхэмрэ хъыбархэмрэ егъэджын, ахэр гупсэхуу икIи куууэ зэпкърегъэхын.
Адэжь щIыналъэм и теплъэм, ди къуажэхэмрэ къалэхэмрэ я щытыкIэм, ди цIыху псэ хьэлэлхэм, цIыху гуащIафIэхэм я лэжьыгъэ щхьэпэм теухуа тхыгъэхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
Дунейм и къэхъукъащIэхэм теухуа псалъэжьхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн.
ЩIыпIэ гъунэгъу гуэрым теухуа дунеяплъэу (экскурсиеу) тIу хуэдиз егъэкIуэкIын.
Классым щаджыну художественнэ тхыгъэхэм хыхьэпхъэу
нэхъ зыхуагъэфащэхэр.
Щхьэхуэу гу з ылъытапхъэхэр. Мы икIэмкIэ къыкIэлъыкIуэну тхыгъэхэм (IуэрыIуатэм щыщ лIэужьыгъуэхэр, усэхэр, рассказхэр) мыбы дежым щаIэ къызэкIэлъыкIуэкIэр зэреджэ тхылъми щаIэн хуейуэ къэувыркъым, атIэ ахэр нэхъ къыщезэгъ щIыпIэхэм (темэхэм) хэгуэшапхъэщ, дэтхэнэ зыми езым и увыпIэ егъэгъуэтыпхъэщ.
Анэдэлъхубзэ тхылъым хыхьэпхъэу къэтлъыта тхыгъэхэм я спискэр адыгэ алфавитым ипкъ иткIэ зэкIэлъыхьащ, ахэр зи IэдакъэщIэкIхэм я унэцIэхэр зэрызэкIэлъыкIуапхъэм хуэдэу.
Адыгэ IуэрыIуатэм щыщхэр. Псалъэжьхэр. Къуажэхьхэр. Нэщэнэхэр. ПсынщIэрыпсалъэхэр. ШыкъумцIий. Цыжьбанэмрэ Щыхьымрэ (псысэхэр тIууэ зэпыудауэ). Насып (таурыхъыр IыхьитIу гуэшауэ). Уи мыIуэху зепхуэмэ (Нарт хъыбарыр). Хьэрэмыжьрэ Хьэлэлыжьрэ (таурыхъыр Iыхьищу гуэшауэ). Зэныбжьэгъухэр (адыгэ псысэр). Хъуэжэ псоми гунэс защищIащ (таурыхъыр IыхьитIу зэпыудауэ). Абрэджхэр. Щхьэхынэмрэ Дыгъужьымрэ (хъыбархэр IыхьитIу гуэшауэ).
Адыгэ сабий литературэм щыщ тхыгъэхэр.
Ацкъан Р. Хь. Пшэхэр (усэр).
АфIэунэ Л. А. Гъэмахуэ (усэр).
Балэ Хь. Т. Мэшыкъуэ. Къуажэжьым. Тенджыз фIыцIэ (усэхэр).
Балъкъыз Б. А. Жьынду. Дыгъэ цIыкIу. Си жыг цIыкIу (усэхэр).
Бэрэтарэ Хь. Я. Нанэ. Сэ сыхъуапсэркъым (усэхэр).
Бекъул Т. М. Бжьэ цIыкIумрэ хъыджэбзымрэ. Гуащэнэ (тхыгъэхэр).
Бейрэмыкъуэ I. Бынэ-щхьэхынэ (усэр).
Бещтокъуэ Хь. Къ. Бзэм и макъ. Уэзырмэс и иужьрей ежьэр (тхыгъэхэр).
Бицу А. М. Си анэдэлъхубзэ. Сурэт. Лъахэр я фэеплъщ (усэхэр).
Брай А. Хь. Лъакъуэху (рассказым щыщ пычыгъуэ).
Гамзатов Р. Г. Зэхэпха уэгуанэбзум и макъыр? (усэр).
Гъэунэ Б. Хь. Мэкъушэж (рассказым щыщ пычыгъуэ, хэлэжьыхьыжауэ).
Гъубжокъуэ Л. М. Бжьыхьэ. ПцIащхъуэ. ЯмыцIыху щIалэ цIыкIу. (тхыгъэхэр егъэфIэкIуауэ).
Джэдгъэф Б. М. Мазэм ит мэлыхъуэ. Си Хэку (усэр).
Джэрыджэ А. Хь. Мыгъуэлъыжу хэт къэнар? (усэр).
Дудар Хь. М. Щхьэщытхъу. Щыхь куцIрэ фо цIынэрэ (хъыбархэр гъэкIэщIауэ икIи егъэфIэкIуауэ).
Дыгъужь Къу. Б. Псыжь. ЩакIуэ цIыкIу (усэхэр).
Елгъэр К. М. ИлъэсыщIэ. ТекIуэныгъэм и махуэ. Тыгъэ лъапIэ (усэхэр).
Жанэ Къ. Хь. Куэд щIащ зауэр зэриухрэ (усэр).
Журт Б. Къу. Гуэлым (хъыбарыр).
Иуан Б. Хь. Гъатхэ уафэгъуагъуэ. Нэщэнэ хьэлэмэтхэр. ЩIымахуэр мэзым. Iуащхьэмахуэ (усэхэр).
Кулиев К. Ш. ИлъэсыщIэ усэ (усэр).
КIэмыргуей Т. Ж. МэкъупIэм. Лэжьыгъэ урок. Иджырей еджакIуэхэр. Си дэшхуей (усэхэр).
КIуантIэ А. ТI. Дерс. Фэеплъ (рассказхэр).
КIыщокъуэ А. П. Жей, си щIалэ. Маринкэ и мыIэрысэ (усэхэр).
Къагъырмэс Б. Хь. ЗауэлIым и псылъэ. Сабий уэрэд (усэхэр).
Къаныкъуей З. С. Жыджэр. ЖыIэдаIуэ. Мэзым (усэхэр).
Къэзэнокъуэ Ж. Iуэху блэжьынырщ лIыгъэр. Къэзэнокъуэм и жэуап тыкIэр. Зэман къакIуэм декIур лIыфIщ (хъыбархэр).
Къэрмокъуэ Хь. Гъу. Абрэджхэр. Адакъэмрэ Бажэмрэ (хъыбархэр)
КхъуэIуфэ Хь. Хь. Лётчик хахуэ (повестым щыщ пычыгъуэ).
КъумпIыл Къ. М. Губгъуэ. Къуалэбзухэр (тхыгъэхэр).
Къуныжь Хь. М. Март мазэ (хъыбарыр).
Макитов С. И. Анэдэлъхубзэ (усэр).
Мэзыхьэ Б. Б. Дыщэ кIанэ (тхыгъэр гъэкIэщIауэ).
Нало З. М. Мэзым хэгъуэща дыгъэ (усэр).
Налшык М. Хь. АдыгэщI. Быцэ. Гъэм и зэману… Iуащхьэмахуэ (усэхэр).
ТIажь П. М. Хъарбыз хъуа (хъыбарыр).
Тхьэгъэзит З. М. ЩIыр мэлажьэ (усэр).
Тхьэмокъуэ Б. Гъу. Бзу. Ахьмэд цIыкIу и щэхур (тхыгъэхэр).
ХьэдэгъэлI А. М. Гу. Си гуращIэ (усэхэр).
Хьэкъун И. Хь. Гъатхэ махуэм гъэ егъашхэ. Бжьыхьэ (усэхэр).
Хьэнфэн А. М. Аслъэн, дыгъэр, жейр. Мэз хъыбар. Си уэгу къащхъуэ, си щIылъэ жэнэт (усэхэр).
Хьэту П. М. ЩIымахуэ. Iэхъуэ цIыкIу (усэхэр).
Хьэх С. Хь. Бжьыхьэм. Къалэм къикIа щIалэ цIыкIу. Псыдзэ. Iущ цIыкIу (тхыгъэхэр). Си лъахэ (усэр).
ШэджэхьэщIэ Хь. ТI. ЩIымахуэ (усэр).
Шорэ А. М. Дэджэхъу. Мамырыгъэм и плъыр. Папэ и жыг (усэхэр).
Шыбзыхъуэ М. Хь. Анэ бгъафэ. Гузэвэгъуэ. КIэху. Мэзым – кхъужьыхьэ. Япэ Iуэхутхьэбзэ (тхыгъэхэр гъэкIэщIауэ икIи егъэфIэкIуауэ)
ЩоджэнцIыкIу Н. Хъ. Балиейхэр мэгъагъэ (усэр).
ЩоджэнцIыкIу I. У. Алий цIыкIу. Гуэдз Iухыжыгъуэм (хэлэжьыхьауэ). Дэрбзэр фабрикэм. Махуэгъэпс и деж (тхыгъэхэр).
Щоджэн Л. С. Ди бзэр. КIэпхъ (усэхэр).
Щомахуэ А. Къ. Лъагъуныгъэ. Шы лъакъуэху (усэхэр).
IутIыж Б. Къу. Гъэмахуэ уэшх. Сэтэней (усэхэр).
Мыбыи гу лъытапхъэщ. Мыбдежым къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэм (усэхэмрэ хъыбар кIэщIхэмрэ) къадэкIуэу «Анэдэлъхубзэ» тхылъыр зэхэзылъхьэм абы хигъэхьэ хъунущ школ программэм зи цIэ къыщимыIуахэм ящыщ тхыгъэ щхьэхуэхэр, ауэ а тхыгъэхэм я къыхэхыным икъусыкъужкIэ яхуэсакъын хуейщ. Художественнэ и лъэныкъуэкIэ ахэр тхыгъэфIу, езыхэр сабийхэм я ныбжьымрэ я зэфIэкIымрэ хуэкIуэу щытын хуейщ.
ИщхьэмкIэ къыщыгъэлъэгъуа художественнэ тхыгъэ псори Iэмал имыIэу «Анэдэлъхубзэ» тхылъым хыхьэн хуейуэ къэувыркъым, атIэ абы хыхьэну тхыгъэхэм я бжыгъэр школ программэм хухих сыхьэт бжыгъэм (70-м) тещIыхьауэ щытыпхъэщ. Тхылъым лей лъэпкъ итын хуейкъым.
ГукIэ зэрагъэщIэну нэхъ зыхуагъэфащэ тхыгъэхэр.
Щхьэхуэу гу зылъытапхъэ. Мы къыкIэлъыкIуэ тхыгъэхэм нэхърэ нэхъыфI е нэхъ хуэкIуэу къилъытэ гуэрхэр нэгъуэщIкIэ зэрихъуэкI хъунущ анэдэлъхубзэ тхылъыр зэхэзылъхьэм. Ауэ а зэрихъуэкI тхыгъэм нэхърэ художественнэ и лъэныкъуэкIи къиIуатэ Iуэхугъуэ елъытакIи нэхъыфIу щытын хуейщ абы къыхихахэр. Хуейуэ къилъытэмэ, гукIэ зрагъэщIэну тхыгъэхэм я бжыгъэр егъэджакIуэм нэхъыбэ ищI хъунущ икIи абы сэбэпынагъэ фIэкIа зэраныгъэ лъэпкъ къишэнукъым.
Ацкъан Р. Хь. Пшэхэр (усэр).
АфIэунэ Л. А. Гъэмахуэ (усэр).
Елгъэр К. М. ИлъэсыщIэ (усэр).
КIыщокъуэ А. П. Маринкэ и мыIэрысэ (усэр).
Къагъырмэс Б. Хь. ЗауэлIым и усэ. Сабий уэрэд (усэхэр).
ЩоджэнцIыкIу А. I. Гъатхэ (япэ едзыгъуиплIыр) Къуажэхьхэр. Май (усэхэр).
ЩоджэнцIыкIу Н. Хь. Балиейхэр мэгъагъэ (усэр).
Щомахуэ А. Къ. Космонавт. Шы лъакъуэху (усэхэр).
Хьэкъун И. Хь. Гъатхэ махуэм гъэ егъашхэ (усэр).
Хьэх С. Хь. Си лъахэ (усэр).
IутIыж Б. Къу. Сэтэней (усэр).
Мы Iуэхугъуэми гу лъытапхъэщ. ГукIэ зрагъэщIэн хуей тхыгъэхэр мыбдежым зэрызэкIэлъыхьам хуэдэу зрагъэщIапхъэу къэуврыкъым, атIэ ахэр щадж пIалъэм ирихьэлIэу гукIэ зрагъэщIэн хуейуэ аращ. Псалъэм папщIэ, мыбдежым къэдгъэлъэгъуа тхыгъэхэм ящыщу япэ гукIэ зрагъэщIапхъэр АфIэунэ Лиуан и усэ «Гъэмахуэ» жыхуиIэр аращ, стыу жыпIэмэ ар япэу яджынущи. Ауэ адрей тхыгъэхэм я зэкIэлъыхьыкIэм урагъуазэмэ (абы утетмэ), дауи, щыуагъэ къишэнущ.
КъеджэнымкIэ ягъуэтын хуей есэныгъэхэр.
Гъэ еджэгъуэм и япэ илъэс ныкъуэм. ЕджакIуэхэр къызэджэ тхыгъэхэр къагурыIуэу, зыхащIэу икIи зэхащIыкIыу, гъэхуауэ икIи зыхэщIэгъуэу, псалъэхэр зэрыпсэууэ (фIыуэ зыщымыгъуазэ псалъэхэр пычыгъуэкIэрэ) кърахыу къеджэфын. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэу тхыгъэхэм хэт псалъэхэр къыхагъэщу, псалъэухахэм я зэхуакум, тхыгъэхэм щыщ Iыхьэ нэхъ пIащэхэм (псалъэуха зыбжанэ) якуми теувыIэгъуэ щащIу къеджэфу егъэсэн, ар зэхегъэщIыкIын икIи псэкIэ зыхегъэщIэн.
Зыщымыгъуазэ (зыкIи ямынэIуасэ) тхыгъэхэм къызэреджэ хуабжьагъыр зы дадикъэм псалъэ 62-68 хуэдиз хъууэ щытыпхъэщ.
Гъэ еджэгъуэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм. ЕджакIуэр къызэджэ художественнэ тхыгъэр (е абы щыщ пычыгъуэ) зэхащIыкIыу (къагурыIуэу), зыхащIэу икIи ягъэIурыщIэу, гъэхуауэ икIи зыхэщIэгъуэу, псалъэхэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, зэрыпсэууэ кърахыу къеджэфу егъэсэн. Тхыгъэ къызэджэм къикIым хуэфащэ макъ IукIэ (интонацэ) пыухыкIа игъэIын: хуабжьагъ-псынщIагъыр (темпыр), логикэм елъыта хэкъузэныгъэ, макъым зегъэIэтын, гъэлъэхъшэныр къыхуагъуэтыфу егъэсэн. КъеджэкIэм и хабзэ псоми щыгъуазэ щIын. Зыщымыгъуазэ тхыгъэм къызэреджэ хуабжьагъыр зы дакъикъэм псалъэ 68-78 хуэдиз хъууэ щытын хуейщ.
Тхыгъэм иралэжьынухэр . КъэIуэтэныгъэ зэпхам щыгъэгъуэзэн. Художественнэ тхыгъэм къиIуатэ Iуэхугъуэхэр гъэгъуэзэн. Художественнэ тхыгъэм къиIуатэ Iуэхугъуэхэр зэрызэкIэлъыкIуэр, ахэр зэрызэпыщIамрэ зэрызэхущытымрэ къахутэфын икIи зэхащIыкIын, тхыгъэм теухуа упщIэхэм ират жэуапхэр зэрыпэжым щыхьэт техъуэ Iыхьэ къыхэубыдыкIыурэ, къеджэфын. Тхыгъэр езыр-езырурэ Iыхьэ-Iыхьэу ягуэшыфын икIи апхуэдэ Iыхьэхэм нэхъыщхьэу къиIуатэр къахутэфын. Тхыгъэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къахутэфын, япэщIыкIэ, егъэджакIуэр къадэIэпыкъуурэ, иужькIэ езы еджакIуэхэм я закъуэ къарукIэ. егъэджакIуэр къадэIэпыкъуурэ къызэджар къызэраIуэтэжын план ягъэувыфын (зэхалъхьэфын) икIи а планым тету гъэкIэщIауэ къызэджар къаIуэтэжыфын (гъэкIэщIынымкIэ егъэджакIуэр къадэIэпыкъупхъэщ). Нэхъ иужькIэ еджакIуэхэр есэн хуейщ езыхэм езыр-езыру апхуэдэ планхэр зэхалъхьэу.
Къызэджа тхыгъэм псалъэкIэ сурэт хуащIыфу егъэсэн хуейщ, еджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыным егъэджакIуэр хуэсакъ зэпыту щытыпхъэщ.
Къызэджар убгъуауи хэчыхьауи къаIуэтэжыфын, псалъэкIэ сурэт ящIынымрэ иллюстрацэмрэ къагъэсэбэпурэ.
Езыхэр зыхэт еджакIуэ гупым и гъащIэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ теухуауэ хъыбар кIэщI цIыкIухэр зэхалъхьэфын. Хъыбарыр щызэхалъхьэкIи къыщаIуэтэжкIи зы мыхьэнэ къызэрыкI псалъэхэр (синонимхэр), псалъэ зэпха шэрыуэхэр къагъэсэбэпыфын, къыжаIэну зыхуейхэм яхуэфащэ псалъэухахэр зэхалъхьэфын, ахэр езыхэм къезэгъ интонацэкIэ къыжаIуэрэ.
Тхыгъэм хэт цIыхухэ, абыхэм IуэхущIафэ я псэукIэхэр, я Дуней тетыкIэр, дунейм и къэхъукъащIэр зыхуэдэр къигъэлъэгъуэн папщIэ тхакIуэм е усакIуэм тхыгъэм (усэм е рассказым) къыщигъэсэбэпа псалъэ щхьэхуэхэр, псалъэ шэрыуэхэр езыхэм тхыгъэм къыхагъуэтэфу егъэсэн.
Тхыгъэм къыхэщ цIыхухэм ялэжьыр, абыхэм ящытыкIэхэр къызыхэкI щхьэусыгъуэхэр, я зэхэщIыкIымрэ я гупсысэхэмрэ, я гурыгъу-гурыщIэхэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ зыхащIыкIын, зэралъытыфын, егъэджакIуэм и чэнджэщрэ и дэIэпыкъуныгъэр Iуэхум хэлъу.
Художественнэ тхыгъэр зэрытха бзэм иIэ щытыкIэм гулъытэ хэIэтыкIа хуащIу щытын, псалъэ шэрыуэхэр тхыгъэм къыхагъуэтэфын. ЕджакIуэхэм я жьэрыIуатэбзэр мычэу егъэфIэкIуэн, псалъэ псори литературэбзэм къызэрыщыкIуэм хуэдэу къапсэлъыным тхыгъэхэм ябгъэдэлъ щытыкIэ щхьэхуэхэм практикэм ипкъ иткIэ гу лъегъэтэн: басням персонажу хэтхэр, къаIуатэ, (къыбгурагъаIуэ) мыхьэнэ нэхъыщхьэр зыхуэдэр – аллегорие, ущие, мораль, усэм е псысэм (зэщIэжьыуэ, рифмэ, хэкъузэныгъэ зэхуэдэхэр – ритмыр, щIэращIагъэр, метафорэхэр, н).
Зэреджэ тхылъым ехьэлIауэ зэрыгъуэзэнухэр . ЕджакIуэхэр зыхуей тхыгъэхэр псалъащхьэмкIэ езыр-езыру (дэIэпыкъуэгъу лъэпкъ ямыIэу) къагъуэтыфын, зы тхакIуэм е усакIуэм и тхыгъэу а тхылъым итхэр, Iуэхугъуэ (темэ) зэщхьхэм теухуауэ итхэр, кърагъуэтыфын, тхыгъэм хуагъэува купщIэхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ жэуап темэм иратыфу егъэсэн.
Тхылъым и жинтыр Iувми пIащIэми, гъэщIэрэщIами ауэ къызэрыгуэкIми гу лъатэфу егъэсэн. Жинтым и фэр зыхуэдэр (зэтрадза краскэм и фэр) къыжаIэфын.
Классым щаджым нэмыщI, къызэджапхъэу
нэхъ зыхуагъэфэща тхыгъэхэр.
Ещанэ класс.
(Мыкласс еджэныгъэ урокхэр тхьэмахуитI къэс зэ ирагъэкIуэкI).
Щхьэхуэу гу зылъытапхъэ. Мы къыкIэлъыкIуэну тхыгъэхэм мыбдежым щаIэ ухуэкIэр мыкласс еджэныгъэмкIэ тхылъми щаIэн хуейуэ къэувыркъым, атIэ ахэр нэхъ къыщезэгъ щIыпIэхэм (зыхэтыпхъэ темэхэм деж) хэгуэшапхъэщ, абы мыхьэнэ пыухыкIа зэриIэм папщIэ.
Тхылъым хыхьэпхъэу къалъыта тхыгъэхэр зи IэдакъэщIэкIхэм я унэцIэр адыгэ алфавитым тещIыхьауэ зэкIэлъыхьащ тхылъ зытххэм (зэхэзылъхьэхэм) я лэжьыгъэр нэхъ тынш къищIын, зыкъомкIэ къигъэпсынщIэн папщIэ, ауэ мы тхыгъэхэр ауэ сытми нэуфIыцIщхьэрыуэу тхылъым ибгъэувэ хъунукъым.
Адыгэ IуэрыIуатэм щыщхэр. Жэбагъы Уэрарэ жриIар. Iуэху цIыкIу щыIэкъым, лIы цIыкIу фIэкIа (хъыбархэр). Дыщэ сом. Дыгъужьыжьыр, Къыдыр Iущыр (таурыхъхэр).
Адыгэ сабий литературэм щыщ тхыгъэхэр.
АбытIэ В. Къ. Бжэндэхъу лъашэ. Гъэмахуэмрэ сэрэ. Мамырыгъэр текIуэныгъэщ. Кърухэр мэлъэтэж (усэхэр).
АбытIэ Хъ. Е. Жэщ. Уэшх. Си адыгэбзэ (усэхэр).
Ахъмэт М. Хь. Бещто дадэ. ЩIымахуэмрэ тхьэкIумэкIыхьымрэ. IэжьэщIэ (тхыгъэхэр).
Балъкъыз Б. А. Гугэгушыжь. Нанэ и щIакхъуэ (усэхэр).
Бещтокъуэ Хь. Къ. Хэт нэхъ къэщIэрей? (ручкэмрэ Iугъуэмрэ теухуа усэхэр).
Брай А. Хь. Бажэмрэ бгъэжьымрэ. Былыкърэ кIэпхъымрэ. Домбеймрэ кхъуэпIащэмрэ. Зэныбжьэгъуищ. ЗэIущIэ гъэщIэгъуэн. Лъакъуэрыгъажэ. МафIэм щымышынэ мыщэ. Чыфыр (хъыбархэр).
Вындыжь М. Н. Гъатхэ. Гъэмахуэ. Мартым и махуэшхуэ. ИлъэсыщIэ. Лэгъупыкъу. Мамэ. Залинэ. Си егъэджакIуэ. Си нанэ дыщэ (усэхэр).
Гъуэщокъуэ Хъу. Хь. Зауэм еттынкъым дэ гъуэгу. Си гум IэфIу Хэкур илъщ. Хэт дыгъэр зытепсэр? ФIыуэ слъагъу, си Хэку лъапIэ. ЦIыкIухэм къафщIэт зи гугъу тщIыр (усэхэр).
Гъубжокъуэ Л. М. Гуэгуш абгъуэ. Дыгъужь щIакъуэ. Къэрабэ. Къуршыбгъэмрэ щынэмрэ. Къущхьэхъум къыщыхъуар. Си чыцI цIыкIу. Си къуэш цIыкIухэр. ТIы пыджэрей. Хьэпшып жьгъейхэм я тыкуэным (тхыгъэхэр егъэфIэкIуауэ).
Джэдгъэф Б. М. Насыпым и бэнакIуэ (хэлэжьыхьауэ). Хъерыр зи Iэужь. Шыгъажэм (тхыгъэхэр).
Дудар Хь. М. Пащтыхьымрэ сэлэт гъэрымрэ. Хэт вэр? (тхыгъэхэр).
Дыгъужь Къу. Б. Мэкъуауэхэр. ЩакIуэ цIыкIу (усэхэр).
Жаным Б. I. Лъэнтхъуиймрэ жыгымрэ. ХадэгъэкI (тхыгъэхэр).
Журт Б. Къу. ГуфIэгъуэ тIуащIэ (тхыгъэр).
Зэгъэщтокъуэ Л. Х. Анэм и гъуэмылэ. Насып щхьэц. Си анэ (усэхэр).
КIуантIэ I. ТI. Аргуэру лагерым. Абджынэ. Дакъэжьым деж. Дзыдзэ фIыщIэншэ. ДэIэпыкъуэгъу. Вындкъан къызэрыдгъуэтар. Вындкъан и гъэтIылъыгъэхэр. КъуейщIей. Лахуэрэ Быхуэрэ. Мыщэ щакIуэ. Щыхь хьэщIэ (хъыбархэр).
КIэмыргуей Т. Ж. Зэныбжьэгъухэр. ЗэзгъэщIэнут…Къуажэдэс. Пшэ Iэрамэ. Си адакъэ, адапщ (усэхэр).
КIэщт М. Хъу. Бжэндэхъу анэ (тхыгъэр).
Къагъырмэс Б. Хь. Бжьыхьэ мэзым. Шэджагъуэ. КъебжэкI. Си къатырхэр (усэхэр).
Къанкъул ФI. М. Гум и макъ. Къэбэрдей (усэхэр).
Къэжэр П. Хь. ГурыфIыгъуэ. Нанэ, дадэ, сэ. Сэ сыцIыкIу? Хьэрэхьуп. Хэт зыгъэщыр нэху? (усэхэр).
Къэжэр Хь. Хь. Зэдэжэ (усэр).
Къуныжь Хь. М. Март мазэ (тхыгъэр).
Нало З. М. Бжьыхьэ мэзым къыщыхъуар. Мазэ удз. Нарчу щIэгъар. Псей уэрэд. Iэпэзадэ (тхыгъэхэр).
Пщыгъусэ Рустам. ЩIымахуэ бзухэр (тхыгъэр).
ПщыхуэфI Хь. Гъу. Уи текIуэныгъэр згъэлъапIэу (тхыгъэр).
Сонэ А. Къ. Къуалэбзу джэгуакIуэхэр (тхыгъэр).
Тау Н. Хъу. Бжьыхьэ уэшх. Уэшх нэужьым (усэхэр).
Теунэ Хь. И. Ди гур здэщыIэм ди Iэр лъегъэIэс (хэлэжьыхьыжауэ).
Тхьэгъэзит З. М. Гущэкъу уэрэд. Аминэрэ жьымрэ (усэхэр).
Тхьэзэплъ Хь. М. Аслъэн цIыкIу (усэр).
Тхьэмокъуэ Б. Гъу. Бжьыхьэ. Гъатхэ. Гъэмахуэ. ЩIымахуэ (усэхэр).
Уэрэзей А. П. ЩIымахуэ пщыхьэщхьэ (усэр).
Хьэнфэн А. М. Адэшхуэ. Гъэмахуэ махуэ. Хьэсэн Марсым зэрыкIуар (тхыгъэхэр).
Хьэгъундокъуэ Р. М. Анэ гухэлъ. Космонавт цIыкIу. Лэгъупыкъу (тхыгъэхэр).
Хьэкъун И. Хь. Хьэрхьуп (усэр).
Хьэх С. Хь. Дахагъэ. Хэт сурэтыр зэплъыр? (тхыгъэхэр).
ХьэцIыкIу Хь. М. Къуаргъхэр. ИлъэсыщIэ (усэхэр).
ШэджыхьэщIэ Хь. ТI. Анэдэлъхубзэ (хэлэжьыхьыжауэ) Адыгэ хуэдэкъым (гъэкIэщIауэ).
Щоджэн Л. С. Гъатхэ жьыбгъэ. ЩIымахуэ бзухэр (усэхэр).
Щоджэн Хь. Хь. Гъатхэ. Гъэмахуэ. Бжьыхьэ. ЩIымахуэ (усэхэр).
ЩоджэнцIыкIу Н. Хь. Адакъэ. Дзэл. Гъатхэ. Махуэ. Пщыхьэщхьэ. Япэ лъэбакъуэ. Япэ уэшх (усэхэр).
ЩоджэнцIыкIу I. У. Алий цIыкIу. ЗыплъыхьакIуэм. Бжьыхьэ кIасэ. ЩIымахуэр къэсащ. ЩIымахуэр икIащ. Гъатхэм хуэхьэзырхэщ (тхыгъэхэр).
Щомахуэ А. Къ. Бжьыхьэм. Гъатхэ. Ди Хэку. (усэхэр).
IутIыж Б. Къу. КIыгуугу. Шыд пэху (усэхэр).
Мы Iуэхугъуэми гу лъытапхъэщ. Мыбдежым къыщыгъэлъэгуъа усэхэмрэ хъыбар кIэщIхэмрэ къадэкIуэу тхылъыр зэхэзылъхьэм абы хигъэхьэ хъунущ мы школ программэм зи цIэ къыщимыIуахэм ящыщ художественнэ тхыгъэ гуэрхэр, ауэ а тхыгъэхэм я къыхэхыным икъукIэ хуэсакъыпхъэщ. Ахэр художественнэ и лъэныкъуэкIэ тхыгъэфIхэу икIи ахэр зыджыну сабийхэм я ныбжьым къезэгъыу щытын хуейщ.
Апхуэдэ Iуэху ялэжьынумэ, Iэмал зэриIэкIэ прозэу гъэпса художественнэ тхыгъэхэр нэхъыбэу къыхэхыпхъэщ, сыту жыпIэмэ тхылъыр нэхъыфI хъунумкIэ абы мыхьэнэ пыухыкIа иIэщи.
Мыкласс еджэныгъэм теухуауэ щIапхъэхэр (сыхь.18).
Зэджэныум къыхиубыдэхэр. Сабийхэм папщIэ ятх художественнэ е щIэныгъэ-художественнэ тхылъхэм хуэдэхэр я инагъкIэ напэкуэцI 14-21-рэ хуэдиз хъууэ, тхыгъэ кIэщI цIыкIуурэ зэхуэхьэсауэ. Сабийхэм хузэхалъхьа тхылъ цIыкIухэр, егъэджакIуэм къызэрыхихкIэ, абыхэм «Нур» журналыр ядэщIыгъуу.
Зэджэнур зытеухуахэр. Хэкумрэ лъахэмрэ, хабзэмрэ нэмысымрэ, мамырыгъэмрэ зэныбжьэгъуныгъэмрэ, къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ, къалэмрэ къуажэмрэ, цIыхухэм я гъащIэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ, гъэм и зэманхэмрэ цIыхухэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэмрэ, хадэмрэ хадэхэкIхэмрэ, губгъуэмрэ мэзымрэ, лIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ икIи къинэмыщI Iуэхугъуэхэм ятеухуа тхыгъэ гуэрхэри.
Сабий тхылъым иралэжьынухэр . Тхылъым и Iыхьэхэу зыщыгъуэзэн, ящIэн, зэсэн хуейхэр: жинт, титульнэ лист жыхуаIэхэр (жинтым кIэлъокIуэ), форзац (жинтымрэ титульнэ листымрэ якум дэт), псалъащхьэхэр, псалъэпэр (антонацие), кIэлъыжыIэжа псалъэр, н. Зыщымыгъуазэ, ямынэIуасэ тхылъым итыр а IыхьэмкIэ хугъэфэщауэ къащIэфын.
Зы тхакIуэм е усакIуэм и тхылъхэр е а зы Iуэхугъуэм (темэм) теухуауэ тхакIуэ зыбжанэм ятха тхылъхэр е тхыгъэхэр къыхахыфын, классым щаджым нэмыщIу, яджынухэр къыхахыфын, ахэр зытеухуа Iуэхугъуэхэм (темэхэм) иригъуэзапхъэщ, ахэр зыхуэдэр яубзыхуфын, тхыгъэхэм яхуэфащэ яхужаIэу; япэ илъэс ныкъуэм зы тхьэмахуэм напэкIуэцI 12-16 къеджэфын; етIуанэ илъэс ныкъуэм зы тхьэмахуэм хуэзэу напэкIуэцI 22-26 къеджэфын; къызэджэхэм теухуауэ упщIэхэм жэуап иратыфыным зыхуагъэхьэзырын, егъэджакIуэми чэнджэщхэм тету; зэджа тхылъым и фIэщыгъэцIэр, абы итыр къыжаIэжыфын, егъэджакIуэр упщIэкIэ ядэIэпыкъуурэ. Классым щаджым нэмыщI, къызэджахэу тхылъитI-щы зы тхакIуэм хуэзэу къащIэжыфын.
Яджыпхъэ тхылъхэм я спискэр, тематическэ карточкэхэр къагъэсэбэпыфыным егъэсэн.
Литературэм теухуа (хухаха) джэгукIэхэр зрагъэзэщIэн, абыхэм хэту джэгуныр яфIэгъэщIэгъуэн хъуным хуэлэжьэн (телэжьэн). Апхуэдэ джэгукIэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэгъэпэщыным икIи пIалъэ-пIалъэкIэрэ егъэкIуэкIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ еджакIуэхэм я зэхэщIыкIым зегъэужьынымкIэ, я гурыгъу-гурыщIэхэр дахэм, фIым къыхуэгъэушынымкIэ, я щIэныгъэмрэ я есэныгъэмрэ хэгъэхъуэнымкIэ. сабийхэм апхуэдэ джэгукIэхэм хэту къащIар я гумм нэхъ къонэ, нэхъыбэрэ ящымыгъупщэжу къанэ хабзэщ. Мис ар Iуэхугъуэхэм къыхэкIкIэ сабий джэгукIэхэм гулъытэ ин, гулъытэ лей хуэщIыпхъэщ.
Фонетикэр, грамматикэр, тхэкIэ тэмэмыр,
бзэм зегъэужьыныр.
(сыхь. 70).
Тхьэмахуэ зэхуакум адыгэбзэм сыхьэти 4 хухах. Абы щыщу 2-р грамматикэм, 2-р къеджэныгъэм ират.
Къэпщытэжын .
(сыхь. 4).
Макъхэмрэ хьэрфхэмрэ 4 . Макъзешэхэмрэ макъ дэкIуашэхэмрэ, ахэр хьэрфхэмкIэ къызэрагъэлъагъуэ щIыкIэр еджакIуэхэм егъэщIэн хуейщ.
Ударенэр . Ударенэр зытет пычыгъуэхэмрэ зытемытхэмрэ зэхэгьэкIыфын. Псалъэр пычыгъуэкIэ, зэрызэхэт макърэ хьэрфкIэ зэпкърыхын, дамыгъэхуIауэ, хьэрфхэр зэбламыгъэувыкIыу, зым и пIэкIэ нэгъуэщI къамыхьу тхэным хуегъэсэнымкIэ апхуэдэ зэпкърыхыныгъэм и мыхьэнэр Iуэхум къыхэлъытауэ.
Макъзешэ э къигъэлъагъуэу хьэрфзешэ а щатхым и щапхъэ нэхъ тыншхэр (псалъэм къызэрыщыкIуэ, псалъэкум къыщыкIуэкIэ, ар къызэрапщытэ щIыкIэр: псалъэр ударенэр а - м техуэн хуэдэу, къэпсэлъын къуажэшхуэ – къуажэ, щIалэшхуэ – щIалэ ).
У, й -хэм къакIэлъыкIуэу къапсэлъ макъзешэ ы -р зэрамытхыр еджакIуэхэм ягу къэгъэкIыжын.
Макъ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ зэхагъэкIыфын.
ТI, пI макъхэр т, п хьэрфхэмкIэ къэгъэлъэгъуа щыхъур (пкIауэ. тщIащ) .
Псалъэухар . КъыщIапсэлъ мурадкIэ псалъэухахэр зэрызэщхьэщыкI лIэужьыгъуэхэр. Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр.
Псалъэр (сыхь. 28).
Псалъэр зэрызэхэтыр (зэрызэхэт Iыхьэхэр). Псалъэр зэрызэхэт IыхьэхэмкIэ – лъабжьэмкIэ, зэхъуэкIа зэрыхъу префикс, суффиксхэмкIэ, псалъэ къызэрыхъу префикс, суффиксхэмкIэ, кIэухымкIэ – гурыIуэгъуэ етын.
Лъабжьэр . Псалъэ зэлъабжьэгъухэр. КIэухыр. Псалъэпкъым къыщыкIуа э, а -хэм я тхыкIэр. Псалъэпкъым и кIэм й щатхым и щапхъэ нэхъ тыншхэр. Префикс зы щатхымрэ зэ -щатхымрэ зэрызэхагъэкI хабзэхэм щыщу нэхъ тыншхэр.
Зыр зым мгьэбелджылыуэ къэкIуа псалъэхэр зэпыту ятхынкIэ щыхъум и щапхъэхэм кIэлъыгъэплъын (тхылъыфI, къэрэндащиплI, адыгэш ). Зэпыту тха псалъэхэр упщIэкIэрэ зэпкърахыфу егъэсэн (унэщIэ , сыт? унэ , сыт хуэдэ? щ I э ; вакъэщIэ , сыт? вакъэ , сыт хуэдэ? щIэ ; джанэщIэ , сыт? джанэ , сыт хуэдэ? щIэ ).
Префиксыр . ЗэхъуэкIа зэрыхъу прсфиксхэр. Щхьэ префиксхэр. Щхьэ префиксхэм къыщыкIуэ макъ дэкIуашэ дэгу, жьгъыжьгъхэм я тхыкIэр – (слъащ – злащ, флъэгъуащ – влэжьащ, тщащ – ддащ) . Зэман къэзыгъэлъагьуэ префиксхэр.
Псалъэ къызэрыхъу префиксхэр. ПрефиксымкIэ къэхъуа псалъэ зэлъэпкъэгъухэр къэхьыфын, ахэр зэрызэхэт Iыхьэхэр къэгъуэтыфын.
Суффиксыр . ЗэхъуэкIа зэрыхъу суффиксхэр: зэман къэзыгъэлъагъуэ суффиксхэр, Iуэхум и щыIэныгъэ, и щымыIэныгъэ къэзыгъэлъагъуэ суффиксхэр.
Псалъэ къызэрыхъу суффиксхэр. СуффикскIэ къэхъуа псалъэ зэлъэпкъэгъухэр къэхьыфын, ахэр зэрызэхэт Iыхьэхэр къэгъуэтыфын.
Псалъэм хэт префикс, суффиксхэр зэхагъэкIыфу егъэсэн. Псалъэ къызэрыхъу префиксхэмрэ зэхъуэкIа зэрыхъухэмрэ псалъэм къыхагъуэтэфын. Псалъэр зэхъуэкIа зэрыхъу суффиксхэмрэ псалъэ къызэрыхъухэмрэ псалъэм щаIэ мыхьэнэкIэ зэхэцIыхукIыфын.
Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр (сыхь. 30).
Псалъэ лъэпкъыгъуэхэм (щыIэцIэм, плъыфэцIэм, глаголым, послелогым) теyxуa гурыIуэныгъэ кьызэрыгуэкIхэр егъэщIэн.
ЩыIэцIэр . Абы и мыхьэнэр, жэуап зыхуэхъу упщIэхэр. ЩыIэцIэхэр закъуэ бжыгъэуи куэд бжыгъэуи къэкIуэнкIэ зэрыхъу. ЩыIэцIэхэм падежкIэ зэрызахъуэжыр, падежхэр зэхацIыхукIыфын. Хэт? упщIэм жэуап хуэхъу щыIэцIэхэмрэ сыт? упщIэм жэуап хуэхъухэмрэ зэхагъэкIыфын, щыIэцIэхэм упщIэхэр тэмэму хуэгъэувыфын.
ПлъыфэцIэр . ПлъыфэцIэм и мыхьэнэр, жэуап зыхуэхъу упщIэхэр. ЩыIэцIэм и гъусэу къыщыкIуэкIэ, бжыгъэрэ падежкIэ зэрызихъуэжым кIэлъыгъэплъын. Зэпыту ятх щыIэцIэмрэ плъыфэцIэмрэ пкъыгъуитIу псалъэухам зэрыхэувэр ящIэн.
Глаголыр . Абы и мыхьэнэмрэ жэуап зыхуэхъу упщIэхэмрэ. Глаголым зэманкIэ зэрызихъуэжыр: ит, блэкIа, къэкIуэну зэман. Макъзешэ э, а глагол псалъэпкъым къыщыкIуэхэм я тхыкIэр.
Псалъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр (мыхэр гъэ еджэгъуэр иухыху ирагъэкIуэкI). Псалъэ лъэпкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэу псалъэ зэлъабжьэгъухэр къэхьын. Зи мыхьэнэкIэ зэгъунэгъу псалъэхэмрэ мыхьэнэ зэпэщIэуэ зиIэ псалъэхэмрэ ящIэн.
Псалъэуха (сыхь. 8).
Псалъэ зэпха. Псалъэ зэпхам, псалъэухам хэт псалъэхэм яку дэлъ зэпхыныгъэр упщIэкIэрэ гъэбелджылын. ЗэраIуатэ, зэрыупщIэ, хуэзыгъэуш псалъэухахэр (къэIуэтэныгъэм и мурад елъытауэ щыIэ псалъэуха лIэужьыгъуэхэр), хэIэтыкIа псалъэуха (псалъэр жызыIэм къызэрыщыхъу, и гурыщIэхэм тещIыхьауэ). Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэмрэ етIуанэхэмрэ (ахзр зэригуэш лIэужьыгъуэкIэ зэщхьэщымыгъэкIауэ).
Яджа псалъэ лъэпкъыгъуэхэр хэту. псалъэуха зэхэлъхьэн, ахэр убгъуа щIын (зыгъэбелджылы псалъэ къахуэхьын). Псалъэуха убгьуамрэ мыубгъуамрэ зэрызэщхьэщыкIым кIэлъыгъэплъын икIи псалъэуха мыубгъуахэр щапхъэ тыншкIэ убгъуа ящIу егъэсэн.
КъэIуэтэныгъэ зэпха .
Тхыгъэр . Тхыгъэр абы хэлъ гупсысэ нэхъыщхьэхэм тещIыхьауэ Iыхьэурэ зэпыудын, а Iыхьэхэм псалъащхьэ яхуэщIын. ЕгъэджакIуэм и унафэм щIэту тхыгъэ мыиным и план зэхалъхьэфын. ар зэраIуатэ псалъэухауи зэрыупщIэ псалъэухауи зэхэту. Тхыгъэм и Iыхьэхэмрэ абы хэт псалъэухахэмрэ зэпыщIа зэрыхъур, абы папщIэ нэхъ къагьэсэбэп псалъэхэр (зэгуэрым, арати, абы иужькIэ, япэщIыкIэ, нэгъуэщIхэри, цIэпапщIэхэр, союзхэр) .
Тхыгъэр зейм къыжимыIэ гупсысэ нэхъыщхьэу абы хэлъыр къыхэгъуэтэн. Тхыгъэм и ухуэкIэр (щIэдзапIэр, Iыхьэ нэхъыщхьэр (курыхыр), зэриухыр).
Зыгуэр къызыщыIуэта тхыгъэ мыиныр изложенэу тхын, план хьэзырым е зэгъусэу зэхалъхьам тету. ЖьэрыIуатэуи тхыгъэуи сочиненэ зэхэлъхьэн, зы сурэтым е сурэт зыбжанэм теухуауэ. ЕгъэджакIуэм и унафэм щIэту хъыбар мыин зэхэлъхьэн икIи ятхын, еджакIуэ цIыкIухэр зэрыджэгум, абыхэм я нэгу зэрызрагъэужьым, я лэжьыгъэм, ахэр зыщIыпIэ зэрыкIуам теухуауэ.
Дунейм зэрыкIэлъыплъхэм, балигъхэм я лэжьыгъэ ялъагъухэм, н. теухуауэ псалъэухахэри хъыбар мыинхэри езыр-езыру зэхэлъхьэн икIи ятхын, езыхэм я гупсысэ гуэрхэр хальхьэу (тепсэлъыхьу).
Езыхэм я IуэхущIафэхэм тепсэлъыхьу тхэн.
Бзэм и IэфIагъыр. ЖьэрыIуатэуи тхыгъэкIи зыгуэр къызэрырагъэблагъэр, зыгуэрым зэрехъуэхъур. ЛъэIу зыхэлъ псалъэхэр къэгъэсэбэпыфын.
Къабзэу тхэныгъэ.
Къабзэу тхэныгъэ (мыбы урок щхьэхуэ хухамыхыу, нэгъуэщI тхыгъэ лэжьыгъэхэм теухуа урокхэм деж дакъикъэ зытIущ лъагъэсу ягъэзэщIэну аращ).
Зи тхыкIэр нэхъ тыншхэмкIэ къыщежьэрэ зи тхыкIэр нэхъ гугъухэр абыхэм кIэлъагъакIуэу, хьэрф иIыкIухэри хьэрфышхуэхэри линитIым къагъэхъу сатырым дэту ятхын (хьэрфым и лъагагъ, бгъуагъхэр зэрыхуейм хуэдэу къагъэлъагъуэу), Япэ классхэм щаджахэм къытрагъэзэжын. Нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ; ритм хэлъу, хьэрфхэр зэрапхыурэ, псалъэхэри псалъэухахэри ятхыным хуэкIуэн.
ЕджакIуэхэм зи тхыкIэр къехьэлъэкI хьэрфышхуэхэри хьэрф цIыкIухэри егъэтхын, ахэр тэмэму зэпащIэу, къапщтэмэ, мыпхуэдэхэр: I. ч, ж, д, щI, б, з, къ, у, я, нэгъуэщIхэри; 2. Г, П, Ц, В, К, Д, У, Ю, TI , нэгъуэщIхэри; 3. Хъ, хъ, Рр, Вв, Ее, Зз, Гу, гу, Уу, нэгъуэщIхэри. Iэр къытрамыхыу хьэрфхэр зэпащIэным хуэзыгъасэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын: св, во, вл, гъуа, уе, до, пIо, лъе, нэгъуэщIхэри.
Зи тхыкIэ тэмэмыр ещанэ классым хабзэхэмкIэ
къыщамыпщытэу гъэ еджэгъуэм и кIуэцIкIэ
зрагъэщIэн хуей псалъэхэр.
Уэрам, IункIыбзэ. хьэмфIанэ, шыпсыранэ, шыгун. фIамыщI, бэлътоку, напэIэлъэщI, кIэртIоф, джэш, балыджэ, балий, мывэ, бгырыпх, къулыкъу, бзиху, псысэ, кIапIынэ, цIантхъуэ, бру, бостей, хьэндырабгъуэ, вэгъу, уэрэд, уэншэку, джырафинэ, фэтыджэн, бэракъ, бащ лъыкъ, бабыщ, бэлагъ. чэзу, портфель, тепщэч, бзэкъунтх, къэптал, чэсыргей, фоч, бэдрэжан, хъэуан, ткIыбжь, пкIауэ, къэнжал. тэмэм, гъэункIыфIын, медаль, пассажир, тыкуэн, театр, елыркъэш, емылыдж, бдзапцIэ, шындырхъуо, птулъкIэ, дзэл, дамэкъуэ, псырылъэ, тхуей. къащыкъ, фэлъыркъэб.
Ещанэ гъэ еджэгъуэм и кIэм деж еджакIуэхэм
ящIэн хуейхэмрэ яхузэфIэкIыпхъэхэмрэ.
ЯщIэн хуейхэр:
Макъ жьгъыжьгъхэмрэ макъ дэгухэмрэ.
Дамыгъэ I -р хьэрфыпкъыу зыхэт «хьэрф зэгуэтхэм» хуэдэхэр псалъэм щызэтрихьэнкIэ зэрыхъур, апхуэдэхэм я тхыкIэр.
Псалъэм и к.IуэцIкIэ а -мрэ э - мрэ щызэхагъэгъуащэу Iууэ щытыным и щхьэусыгъуэр ударенэм (хэкъузэныгъэм) епхауэ зэрыщытыр.
Префикс зы-, зэ -хэм я тхьыкIэм и щапхъэ нэхъ тыншхэр. Псалъэпкъым и кIэм й щатхыр. Макъ дэкIуашэу у, й -хэм къакIэлъыкIуэ макъзешэ ы -р зэрамытхыр.
Псалъэм езыр зыгъэбелджылы псалъэ гуэр къыпыту къапсэлъынкIэ зэрыхъумрэ апхуэдэм и тхыкIэмрэ.
Псалъэм и зэхэлъыкIэр: лъабжьэ, псалъэ къызэрыхъу, зэхъуэкIа зэрыхъу префикс, псалъэ къызэрыхъу, зэхъуэкIа зэрыхъу суффикс, кIэух. Щхьэ префиксхэр макъ жьгъыжьгъыуи макъ дэгууи щытынкIэ зэрыхъумрэ апхуэдэхэм я тхыкIэмрэ.
Щхьэ префиксхэмрэ цIэ унейхэмрэ (цIыхуцIэ, унэцIэ, цIэ лей) щызэщIыгъум я тхыкIэр.
Щхьэ префиксри ар зэувалIэ псалъэпкъыр къызэрыригъажьэ макъри зэхуэдэу (а зы макъ дыдэр ару) щытынкIэ зэрыхъумрэ апхуэдэм и тхыкIэмрэ щыгъэгъуэзэн.
Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр: щыIэцIэ, глагол, плъыфэцIэ, цIэпапщIэ, послелог.
Псалъэухар : зэраIуатэ, зэрыупщIэ псалъэухахэр; псалъэухар хэIэтыкIауэ къэкIуэнкIэ зэрыхъур; псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр; пкъыгъуэ етIуанэхэр; псалъэухам хэт псалъэхэм яку дэлъ зэпхыныгъэр.
ЯхузэфIэкIыпхъэхэр:
Щыуагъэншэу икIи хъэтI дахэкIэ зыгуэр къытетхыкIыфын, псалъэ 50–60 хъу тхыгъэр диктанту тхын, пэжырытхэмкIэ яджа хабзэхэм теухуа орфограммэхэр хэту (макъзешэ э, а- хэм я тхыкIэм – псалъэпэми псалъэкуми къыщыкIуэм и щапхъэхэр, щхьэ префиксу къэкIуа макъ дэкIуашэ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ я тхыкIэр, послелогхэр зи гъусэ псалъэм пыхауэ зэратхыр, у, й - хэм къакIэлъыкIуэ макъзешэ ы -р зэрамытхыр, префикс зы - щатхымрэ зэ - щатхымрэ псалъэухам и кIэм ягъэув нагъыщэхэр (точкэ, зэрыупщIэ, хэIэтыкIа нагъыщэхэр);
фонетическэ зэпкърыхыныгъэ ирагъэкIуэкIын: псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпыудын, макъзешэхэмрэ дэкIуашэхэмрэ гъэбелджылын, ударенэр зытет, зытемыт пычыгъуэхэр къыхэгъэщхьэхукIын, макъ дэкIуашэхэр гъэбелджылын: дэгухэмрэ жьгъыжьгъхэмрэ, псалъэм хэт макъхэмрэ ахэр къызэрыгъэлъэгъуа хьэрфхэмрэ бжыгъэкIэ зэрызэпэхъур, псалъэм папщIэ, мыпхуэдэ псалъэхэм: хужь, къахыу, итын, дыгъужь, бажэ ;
псалъэр зэрызэхэт IыхьэхэмкIэ зэпкърыхын (лъабжьэр, псалъэр зэхъуэкIа зэрыхъу, псалъэ къызэрыхъу префикс, суффиксхэр, кIэухыр къыхагъэкIын);
псалъэ лъэпкъыгъуэ зыщыгъуазэхэр зэхацIыхукIын, абыхэм я грамматическэ щытыкIэхэр зэхагъэкIыфын (щыIэцIэмрэ плъыфэцIэмрэ я бжыгъэмрэ зэрыт падежымрэ, глаголым и зэманымрэ бжыгъэмрэ);
псалъэухам хэт псалъэхэм яку зэпхыныгъэ гуэрхэр зэрыдэлъыр ягъэбелджылын, псалъэ зэпхахэр къыхэгъэкIын;
псалъэухар пкъыгъуэкIэ къызэрыгуэкI дыдэу зэпкърыхын (къыщIаIуатэ мурадкIэ псалъэухахэм я лIэужьыгъуэхэр гъэбелджылын, псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэри етIуанэхэри къыхэгъэкIын, ахэр зэрызэпхар упщIэкIэрэ гъэбелджылын);
зэгъусэу зэхалъхьа планымкIэ изложени сочинении ятxын, псалъэ 85–95-рэ хуэдиз хэту.
ЕплIанэ класс.
Къеджэныгъэмрэ бзэм зегъэужьынымрэ
(сыхь. 140-рэ)
Адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ егъэджыным
тхьэмахуэ зэхуакум сыхьэти4 хухах.
Абы щыщу сыхьэти 2-р адыгэбзэм,
сыхьэт 2-р анэдэлъхубзэм хуагъазэ.
Класс еджэныгъэр.
(сыхь. 70)
Классым щаджыну художественнэ тхыгъэхэр
нэхъ зытеухуауэ щытынур.
Адыгэ лъэпкъыр, Лъахэр, ди хабзэ-нэмысыр зыгъэлъапIэ художественнэ тхыгъэхэр: усэхэр, хъыбархэр (зытIущ нэхърэ мынэхъыбэу, «Анэдэлъхубзэ» тхылъым пэублэ хуэхъунхэу).
ЦIыхубэ IуэрыIуатэ . Ди IуэрыIуатэм щыщ лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын: псалъэжьхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм, уэрэдхэм, псынщIэрыпсалъэхэм, псысэхэм, хъыбархэм таурыхъхэм, псалъэ хъуэрхэм щыщхэм сабийхэр щыгъуазэ щIын. Анэ-адэхэмрэ къуэш-шыпхъухэмрэ, Адэ щIыналъэмрэ абы и цIыху пэрытхэмрэ фIылъагъуныгъэ хуаIэныр; IэпщIэлъапщIагъэр, зэхуагъэм и телъхьэу щытыныр икIи нэгъуэщI хьэл-щэныфIхэр къызыхэщ IуэрыIуатэм и лIэужьыгъуэхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
Гъэмахуэр идогъэжьэж, бжьыхьэр къыдогъэблагъэ. Гъэмахуэ дунейм и теплъэм, цIыхухэм гъэмахуэм ягъэзащIэ лэжьыгъэхэмрэ я псэукIэмрэ Iэзэу, удихьэхыу къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэр. ЕджакIуэхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм тепсэлъыхь тхыгъэфIхэм ящыщ зыбжанэм школакIуэхэр щыгъэгъуэзэн.
ЦIыхухэм, псэущхьэхэм, къэкIыгъэхэм я бжьыхьэ гъащIэм теухуа тхыгъэхэр. Бжьыхьэ лэжьыгъэр къызыхэщ художественнэ тхыгъэхэр. Гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ цIыхухэм хуаIэ щытыкIэр къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэм щыщхэр. Гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ теухуа адыгэ псалъэжьхэм, нэщэнэхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъуазэ яхуэщIын.
Ижь зэманым адыгэхэм я псэукIар. Адэжь щIыналъэм, лъэпкъхэм и хъумакIуэу щыта цIыху пэрытхэм теухуа тхыгъэхэр. Адыгэ мэкъумэшыщIэхэм я гъащIэр, я псэукIэр къызыхэщыж усэхэр, у эрэдхэр, хъыбархэр. Ахэр я щхьэхуитыныгъэм зэрыщIэбэнар, хамэщI къикIа бийхэм зэрезэуар, абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр къызыхэщыж художественнэ тхыгъэхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
Дапщэщи щапхъэу щыт . ЦIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэфIхэм, цIыхугъэ лъагэм, зэныбжьэгъугъэ пэжым икIи нэгъуэщI IуэхугъуэфIхэми теухуа тхыгъэхэр. Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хьэл-щэн дахэм, хабзэ-нэмысым, лIыхъужьыгъэм, захуагъэм икIи нэгъуэщI хуэIухуэщIэфIхэри къызыхэщ; усэхэмрэ рассказхэмрэ, псысэхэмрэ таурыхъхэмрэ, уэрэдхэмрэ хъыбархэмрэ щыгъэгъуэзэн. Адыгэ хабзэм. хьэл-щэн дахэм, зэныбжьэгъугъэм теухуа адыгэ псалъэжьхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн.
Хэкур лэжьыгъэкIэ догъэбжьыфIэ . Гъэм и зэман зэмылIэужьыгъуэхэм цIыхухэм ягъэзащIэ лэжьыгъэхэм теухуа усэхэмрэ хъыбархэмрэ. ЩIымахуэмрэ гъатхэмрэ къуажэдэсхэм ягъэзащIэ лэжьыгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэр. Дызыхалъхуа природэр хъумэнымкIэ цIыхухэм я лэжьыгъэр къызыхэщ тхыгъэхэр. АбыкIэ ди щIэблэм я лэжьыгъэм теухуа тхыгъэхэр.
Лэжьыгъэм теухуа адыгэ псалъэжьхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн.
Лэжьыгъэм, дунейм и къэхъукъащIэхам цIыхур нэхьыфIу щыгъуэзэнымкIэ гъэм и зэманым теухуа нэщэнэхэм ящыщ зыбжанэ я мыхьэнэр гупсэхуу зэпкърыхын. Лэжьыгъэм теухуа псалъэжьхэм ящыщ зыбжанэм сабийхэр щыгъуазэ щIын.
Ди ныбжьэгъуфI псэущхьэхэр . Ди щIыпIэм щыIэ псэущхьэхэм ятеухуа тхыгъэхэр: усэхэр, рассказхэр, псысэхэр, хъыбархэр, къуажэхьхэр. Унэ псэущхьэхэмрэ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ ятеухуа тхыгъэхэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
ЦIыхухэм унэ псэущхьэм хуаIэ щытыкIэр къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэр гупсэхуу зэпкърегъэхын.
Псэущхьэхэм ятеухуа адыгэ псалъэжь зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
Гъэунэхуныгъэ инхэм я зэманым . Хэку зауэшхуэм, а зэманым ди къэралым щыщ лъэпкъ псоми я лIыкIуэхэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ щызэрахьа лIыхъужьыгъэмрэ, ахэр псэемыблэжу зэрызэуамрэ абыхэм зэкъуэтыныгъэу яхэлъамрэ, лъэпкъыбэ къэралым и цIыхухэ м ди Хэкур зыхъумэжахэм я лIыхъужьыгъэм и фэеплъыр зэращыгъупщэм икIи нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми ятеухуа усэхэмрэ рассказхэмрэ ящыщ зыбжанэ егъэджын.
Хэкур хъумэным, лIыхъужьыгъэм теухуа адыгэ псалъэжьхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн.
Гъатхэр дунейм и щIэрэщIэгъуэщ . Гъатхэм и зэман зэмылIэужьыгъуэхэм (гъатхэпэм, гъатхэкум, гъатхэкIэм) цIыхухэм я лэжьыгъэр. Псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ я гъащIэм, япэрей щхъуантIагъэхэм, гъэгъахэм, удз дахэхэм, дунейм и щытыкIэм икIи нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми теухуа тхыгъэхэр егъэджын.
Сабийхэр балигъхэм зэрыдэIэпыкъум, абыхэм я гъатхэ джэгухэм теухуа адыгэ усэхэмрэ рассказхэмрэ егъэджын.
Гъатхэм теухуа адыгэ псалъэжьхэм, нэщэнэхэм ящыщ зыбжанэ м еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
ЦIыхубзхэм я Дунейпсо махуэшхуэ. ЦIыхубзхэм пщIэшхуэрэ гулъытэ лъагэрэ яхуэщIыным теухуа тхыгъэхэр. Бзылъхугъэхэм яхуэфащэ щытыкIэ дахэм, щытыкIэфIым, абыхэм яхуэсакъыным теухуа художественнэ тхыгъэхэм ящыщ зыбжанэ егъэджын.
Бзылъхугъэхэм унагъуэми лэжьыгъэ IэнатIэми щагъэзащIэ Iуэхугъуэхэр къызыхэщ художественнэ тхыгъэм ящыщхэр егъэджын.
Анэхэм ятеухуа адыгэ псалъэжьхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн.
Дунейр хъумэныр – Хэкур хъумэнырщ . ЦIыхухэр къэзыухъуреихь природэм хуэсакъыу икIи абы пщIэ хуащIу щытыным теухуа тхыгъэхэм щыгъэгъуэзэн.
Лъахэм и теплъэм, ди къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я щытыкIэм природэр хъумэнымкIэ ди цIыху гуащIафIэхэм, ди цIыхуфIхэм я лэжьыгъэ щхьэпэм теухуа тхыгъэхэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
Дунейм и къэхъукъащIэхэм теухуа адыгэ псальэжьхэм, кьуажэхьхэм, нэщэнэхэм ящыщ зыбжанэм щыгъэгъуэзэн, зыкъомым я мыхьэнэм сабийхэр щыгъуазэ яхуэщIын.
Къалэмрэ къуажэмрэ зэпыщIащ . Къалэмрэ къуажэмрэ цIыхухэм щаIэ псэукIэр къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэр. Абыхэм щагъэзащIэ лэжьыгъэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр. Лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыгъэлъэгъуа усэхэмрэ рассказхэмрэ еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
Къуажэ губгъуэм щагъэзащIэ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм теухуа тхыгъэхэр. Къалэмрэ къуажэмрэ яIэ зэпыщIэныгъэхэм, абыхэм я мыхьэнэм теухуа тхыгъэхэм сабийхэр щыгъэгъуэзэн.
Лэжьыгъэм теухуа адыгэ псалъэжьхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн.
Мамырыгъэмрэ зэныбжьэгъуныгъэмрэ дахущIокъу.
ЦIыхухэмрэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм, мамырыгъэр хъумэным, лэжьыгъэ хьэлэлым теухуа тхыгъэхэм щыгъуазэ щIын. Майм и 1-м къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу гугъуехьакIуэхэм я зэныбжьэгъугъэм, дунейм и цIыхубэр мамырыгъэм зэрыщIэбэным теухуа тхыгъэхэр.
Зэныбжьэгъугъэм, къуэшыгъэм, мамырыгъэм теухуа адыгэ псалъэжьхэм ящыщ, зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэн.
Классым щаджыну художественнэ тхыгъэхэм хыхьэпхъэу
нэхъ зыхуагъэфащэхэр.
Щхьэхуэу гу зылъытапхъэ. Мы къыкIэлъыкIуэну тхыгъэхэм (IуэрыIуатэм щыщ пычыгъуэхэр, усэхэр. рассказхэр) мыбы дежым щаIэ къызэкIэлъыкIуэхэр зэреджэ тхылъми щаIэн хуейуэ къэувыIэркъым, атIэ ахэр Iэмал имыIэу нэхъ къыщезэгъ щIыпIэхэм (темэхэм) хэгуэшапхъэщ.
Анэдэлъхубзэ тхылъым хыхьэпхъэу къэтлъыта художественнэ тхыгъэхэм я спискэр адыгэ алфавитым ипкъ иткIэ зэкIэлъытхьащ ахэр зи IэдакъэщIэкIхэм я унэцIэр зэрызэкIэлъыкIуапхъэм хуэдэу.
Адыгэ IуэрыIуатэм щыщхэр . Андемыркъан и хъыбар. Андемыркъан зэраукIар. Бэдынокъуэ чынтхэм зэрезэуар (Нарт хъыбарыр хэлэжьыхьыжауэ икIи гъэкIэщIауэ). ЛIымрэ жыгымрэ (псысэр гъэкIэщIауэ). Анэр нэм хуэдэщ. ЩIалэм и насып (Адыгэ таурыхъхэр гъэкIэщIауэ). Адыгэ фIохъусхэр. Iэубыд сэлам ехыкIэхэр. Хъуэхъу псалъэхэр, псалъэ хъуэрхэр, жыIэкIэ дахэхэр.
Адыгэ псалъэжьхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм, псынщIэрыпсалъэхэм ящыщ зыбжанэм сабийхэр щыгъуазэ щIын.
Адыгэ сабий литературэм щыщ тхыгъэхэр.
АбытIэ В. Къ. ЩIымахуэ (усэхэр). Ей, щIымахуэ, лъапэ махуэ.
АбытIэ Хъ. Е. Си адыгэбзэ (усэр).
Адзын М. И. Си щIалэ (усэр).
Аслъэн М. А. Гъэмахуэ пщэдджыжь. Мамырыгъэм и бэракъ (усэхэр).
АфIэунэ Л. А. Нобэрей махуэ. МыIэрысей жыг (усэхэр).
Ахъмэт М. Хь. Алий гъэлъхуэщым (повестым щыщ пычыгъуэ).
Ацкъан Р. Хь. Уафэр мэгъуагъуэ (усэр).
Балэ Хь. Т. Балъкъ. Гъатхэ нэщэнэхэр. Мазэм къиплъ лIы. Пщыхьэщхьэ (усэхэр).
Бэрэтарэ Хь. Я. Гурэ псэкIэ сыпхуопабгъэ. Фы сыфхуохьэщIэ, си къурш уардэхэ (усэхэр).
Бещтокъуэ Хь. Къ. Адэжь щIыналъэ. Бжьыхьэ. Гъатхэ. ЩIымахуэ (усэхэр).
Бицу А. М. Мамэ. Нэф (усэхэр).
Бозий Л. А. Хьэсэнрэ Хъусенрэ. Хъерлы зыгъэпIейтейр. Лонэ и зы махуэ (тхыгъэхэр гъэкIэщIауэ).
Гъуэщокъуэ Хъу. Хь. Щрет мамыру ди гъащIэр (усэр).
Гъубжокъуэ Л. М. Бжьыхьэ. ПцIащхъуэ (тхыгъэхэр).
Дудар Хь. М. Лъагъугъуей (хъыбарыр, хэлэжьыхьыжауэ икIи гъэкIэщIауэ).
Дыгъужь Къу. Б. Кърухэр (усэр).
Джэдгъэф Б. М. Адыгэжь макъ. Бжьыхьэпэ мазэ. Бзуубзэ. Си адыгэщI. Си анэбзэ, си адыгэбзэ. Си Къэбэрдей-Балъкъэр (тхыгъэхэр).
Джэрыджэ А. Хь. Гъэмахуэ уэшх. Жаннэрэ нанэрэ. Жаннэ еджакIуэщ. Сыт Баринэ щIэзгъэгъынур? (усэхэр).
Дзасэжь Хь. Е. Джэдухьэжы (рассказыр, гъэкIэщIауэ).
Елберд Хь. У. БжьыхьэкIэ (усэр).
Елмэс А. М. Губгъуэ гуэгуш. Къаз шыр. Си адыгэбзэ (тхыгъэхэр).
Жанэ Къ. Хь. Сабий дыхьэшх макъ зэхэсхмэ… Хъыбарыжь (усэхэр).
КIэмыргуей Т. Ж. Гъатхэ махуэ. Гъатхэпэ. УпщIищ. Уэ езыр сэращ узейр. Удз гъэгъахэр, жыгхэр, сэ (усэхэр).
КIэрашэ Т. М. Шыгъажэ («Гъуэгу насыпыфIэ» романным щыщ пычыгъуэ).
КIыщокъуэ А. П. Гъэмахуэ уэшх. Гъуэгу къежьапIэ. Дэ ди шухэр щхьэмыгъазэщ. Мэлгъэжей (усэхэр).
КIуащ Б. И. Бжьыхьэ. ЩIымахуэ пшынэ. Iуащхьэмахуэ (усэр гъэкIэщIауэ).
КIуантIэ I. ТI. Гулъытэ. Курыт. Мыр зеиншэщ. Псэущхьэ зэIущIэ (тхыгъэхэмрэ).
Къагъырмэс Б. Хь. Зэныбжьэгъухэм я Хэку. Жыг лъэдакъэ. Къурш ажэм и лIэкIар (усэхэр).
Къаныкъуей З. С. Бжьэмрэ хьэндырабгъуэмрэ. Мазэмрэ дыгъэмрэ (усэхэр).
КъардэнгъущI З. ПI. Бгъэжьымрэ Ужьэмрэ. КIэбышэмрэ Дыгъужьымрэ (тхыгъэхэр).
Къэрмокъуэ М. М. Зэман хьэлъэм. Зи ажалым текIуэжа. Мэжаджэ хуабэ (тхыгъэхэр).
Къэзэнокъуэ Ж. Сыт губзыгъэ жыхуаIэр… Уи Iэдакъэ къыщIэмыкIар хьэрэмщ (хъыбархэр).
КхъуэIуфэ Хь. Хь. Чэрим партизан зэрыхъуар (хъыбарыр гъэкIэщIауэ, IыхьиплIу зэпыудауэ).
МафIэдз С. Хь. АдыгэлIым шыфI и натIэщ («Шыдыгъу») повестым и япэ пычыгъуитIыр гъэкIэщIауэ).
МэшбащIэ И. Ш. Насып (усэр).
Мысрокъуэ С. М. Мэкъуэуэгъуэ (усэр).
Нало З. М. Бжьыхьэ мэзым къыщыхъуар. Гъатхэ. ГъукIэ уэрэд. ГъукIэм и Iэр. ЩIымахуэ (ещанэ едзыгъуэр дэгъэхуауэ).
Сонэ А. Къ. Губгъуэ. Си лъахэ. Сыт сызыщыхуейр мы уафэ лъащIэм (усэхэр).
Тхьэгъэзит З. М. БжьыхьэкIэ. Адыгэ пшынэ. Гъэрэ щIырэ. Уэ дыгъэу удиIэщ (усэхэр).
ХьэдэгъэлI А. М. Срогушхуэ. Уи псэм уемыблэж (усэхэр).
Хьэнфэн А. М. Насыпыр псы уэру (усэм хэлэжьыхьыжауэ). Ди бгъуэнщIагъ. Пионер лIыхъужь сэлам (псалъащхьэр хъуэжауэ) (тхыгъэхэр).
Хьэту П. М. ЩIымахуэ. Iэхъуэ цIыкIу (усэхэр).
Хьэх С. Хь. ЖыгитI. Мэзым. ЦIыхуфI куэд щIыIэщ (тхыгъэхэр).
ШэджыхьэщIэ Хь. ТI. Хабзэ (усэр).
Шортэн А. ТI. ЩIэныгъэлI (тхыгъэр гъэкIэщIауэ).
ЩоджэнцIыкIу А. I. Бжьыхьэ. Гъатхэ. Гъэмахуэ пщэдджыжь. ЩIэблэм папщIэ уэрэд. ЩIымахуэ усэ. Хьэсанш цIыкIу и гущIэгъу (усэхэр).
ЩоджэнцIыкIу Н. Хъ. Гъатхэ уэзджынэ. Зегъэш пшагъуэм.
Iэпкълъэпкъхэм я зэныкъуэкъу (23-нэ, 24-нэ сатырхэр дэгъэхуауэ). Сыхъунущ уи гунэс (усэхэр).
Щомахуэ А. Къ. Дадэ къыджеIэж хъыбар. Анэшхуэм и псалъэ. Космонавт Гагарин. Къуажэ хьэмым. Мишэ и анэр къигъуэтыжащ. Ди лагерыр. ИлъэсыщIэ. Космос (усэхэр).
IутIыж Б. Къу. Дыгъэ. Гуащэ Iэпэ. МафIэгу (усэхэр).
Мы Iуэхугъуэми гу лъытапхъэщ. Мыбдежым къыщыгъэлъэгъуа усэхэмрэ хъыбар кIэщIхэмрэ къадэкIуэу «Анэдэлъхубзэ» тхылъыр зэхэзылъхьэм абы хигъэхьэ хъунущ мы программэм зи цIэ къыщимыIуахэм ящыщ тхыгъэ щхьэхуэхэр, ауэ а тхыгъэхэм я къыхэхыным икъукIэ хуэсакъын хуейщ. Идейно-художественнэ икIи гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ахэр тхыгъэфIу, сабийхэм я ныбжьым хуэкIуэу, я зэхэщIыкIым къезэгъыу щытын хуейщ. Мы ищхьэмкIэ къыщыгъэлъэгъуа художественнэ тхыгъэ псори Iэмал имыIэу «Анэдэлъхубзэ» тхылъым итын хуейуэ зыми къилъытэкъым, атIэ тхылъым хыхьэну тхыгъэхэм я бжыгъэмрэ, я фIагъымрэ школ программэм хухих сыхьэт бжыгъэм (70-м) тещIыхьауэ щытын хуейщ. «Анэдэлъхубзэ» тхылъым сабийхэм я ныбжьым къемызэгърэ яхуэмыджын тхыгъэ лейрэ щIитын щхьэусыгъуэ щыIэкъым.
ГукIэ зрагъэщIэну нэхъ зыхуагъэфащэ
художественнэ тхыгъэхэмрэ пычыгъуэхэмрэ.
Щхьэхуэу гу зылъытапхъэ. ИлъабжьэмкIэ къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэм нэхърэ нэхъ тхыгъэ нэхъыфIкIэ мыбыхэм ящыщ гуэрхэр тхылъыр зэхэзылъхьэм зэрихъуэкI хъунущ, ауэ зэрихъуэкI тхыгъэм ар зэризэрихъэукIыр сыт и лъэныкъуэкIи ефIэкIыу щытын хуейщ.
АбытIэ В. Къ. ЩIымахуэ (усэр).
АбытIэ Хъ. Е. Си адыгэбзэ (усэр).
Ацкъан Р. Хь. Уафэр мэгъуагъуэ (усэр).
Бицу А. М. Мамэ. Нэф (усэхэр).
Гъуэщокъуэ Хъу. Хь. Щрет мамыру ди гъащIэр (усэр).
Джэдгъэф Б. М. Си анэбзэ, си адыгэбзэ (усэм щыщ едзыгъуитху).
КIуащ Б. И. Бжьыхьэ. Iуащхьэмахуэ (усэхэм щыщ Iыхьэ).
КIыщокъуэ А. П. Гъуэгу къежьапIэ (усэр).
Къагъырмэс Б. Хь. Зэныбжьэгъухэм я Хэку (усэр).
Нало З. М. ЩIымахуэ. УдзгъэкI. Уэшх (усэхэр).
Тхьэгъэзит З. М. БжьыхьэкIэ. Гъэрэ щIырэ. Уэ дыгъэу удиIэщ (усэхэр).
ЩоджэнцIыкIу А. I. Бжьыхьэ (усэм и япэ едзыгъуитхур).
Щомахуэ А. Къ. ИлъэсыщIэ (иужьрей едзыгъуитхур).
Мы Iуэхугъуэми гу лъытапхъэщ. ГукIэ зрагъэщIапхъэ тхыгъэхэр мыбдежым зэрызэкIэлъыхьам хуэдэу зрагъэщIэн хуейуэ къэувыркъым, атIэ ахэр щадж пIалъэм ирихьэлIэу гукIэ зрагъэщIапхъэу аращ. Псалъэм папщIэ, мы тхыгъэхэм ящыщу япэ гукIэ зрагъэщIапхъэр. КIыщокъуэ Алим и усэ «Гъуэгу къежьапIэ» жыхуиIэр аращ, сыту жыпIэмэ ар япэу яджынущи. АбытIэ Владимир и усэ «Черкесск къалэ» жыхуиIэр япэ ит щхьэкIэ ар гукIэ щызрагъэщIэнур етIуанэущ, «Хабзэ» усэм иужькIэщ. Адрей тхыгъэхэр зэрызэкIэлъыхьам уригъуази, абы утети хъунукъым, щыуагъэ мыхъумыщIэхэр къишэнкIэ шынагъуэщи.
КъеджэнымкIэ ягъуэтын хуей есэныгъэхэр.
Гъэ еджэгъуэм и япэ илъэс ныкъуэм . ЕджакIуэхэр къызэджэ тхыгъэхэр тэмэму къагурыIуэу, нэсу зыхащIэу икIи дэгъуэу зэхащIыкIыу, гъэхуауэ икIи зыхэщIэгъуэу, псалъэхэр зэрыщыту (зэрыпсэууэ) кърахыу къеджэфын, теувыIэгъуэхэр къикIым елъытауэ текъузэныгъэр, макъым зегъэIэтын-гъэлъахъшэныр дагъуэншауэ къагъэсэбэпурэ, къызэджэр зэрызэхащIыкIри абы хуаIэ яхущытыкIэхэри къагъэлъэгъуэфын (IупщI къащIын) хуэдэу. Я мынэIуасэ (зыщымыгъуазэ) тхыгъэм къызэреджэ хуабжьагъыр зы дакъикъэм псалъэ 66–76 хуэдиз хъууэ щытыпхъэщ.
Гъэ еджэгъуэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм . Хуэм-хуэмурэ ирижэу къеджэным хуэкIуэн; тэмэму зэхащIыкIыу икIи зыхащIэу, гъэхуауэ икIи зыхэщIэгъуэу, литературнэ псалъэкIэм и мардэхэр къыхалъытэфу, абы и щытыкIэ нэхъыщхьэхэр даIыгъыу къеджэфу зрагъэсэн. Я мынэIуасэ (зыщымыгъуазэ) художественнэ тхыгъэм къыщеджэкIэ, зы дакъикъэм псалъэ 76–86 хуэдиз и хуэбжьагъыр хъууэ щытмэ, тэмэму къэлъытапхъэщ.
Тхыгъэм иралэжьынухэр . КъэIуэтэныгъэ зэпыщIар, зэпхар къагъуэтыфу егъэсэн. Псалъэ къызэджэм къиIуатэр езыр-езыру къахутэфын (къызэджам мыхьэнэ нэхъыщхьэу хэлъыр езыхэм я псалъэкIэ къаIуэтэжыфын). Къызэджа тхыгъэм щыщ Iыхьэхэр мыхьэнэкIэ зэрызэпхар (зэрызэпыщIар) къахутэфын, хъыбарым, статьям и план ягъэувыфын (зэхалъхьэфын) а планым ипкъ иткIэ къызэджэр къэIуэтэжыфу егъэсэн.
Тхыгъэ къызэджар убгъуауи, кIэщIуи, къыхэкъузыкIауи, къаIуэтэжыфын езыр-езыру ягъуэва (зэхагъэува) планыр е псалъуэрэ зэхэлъ иллюстрацэр къагъэсэбэпурэ.
Зы Iуэхугъуэ гуэрым теухуауэ хъыбар кIэщI цIыкIу зэхалъхьэн щхьэкIэ, зыхуеину хуэIухуэщIэхэр (материалыр) тхыгъэм къыхагъуэтэфын. Къызэджар къыщаIуэтэжкIэ, логикэ и лъэныкъуэкIэ зэпхыныгъэмрэ (зэпыщIэныгъэмрэ) къыжаIэжыр езыхэр къызэджам тэмэму техуэнымрэ даIыгъым. Къызэджам и щытыкIэ гуэрхэр (дунейм и къэхъукъащIэр, цIыху хэтхэр, Iуэхур къыщыхъу, щекIуэкI щIыпIэр, н.) убгъуауэ къагъэлъэгъуэжу къаIуэтэфын: езыхэм я Iуэху еплъыкIэ къыхыхьэу, диалогхэр тепсэлъыхьыныгъэкIэ зэрахъуэкIыфу егъэсэн.
Тхыгъэм хэт цIыху щхьэхуэхэм я бзэми абыхэм ябгъэдэлъ щытыкIэхэми кIэлъыплъын, яIуэхущIафэхэр зэралъытыфын; къызэджэ тхыгъэм и авторым и Iуэху еплъыкIэмрэ езыхэр абы зэреплъымрэ зэралъытын, цIыху щхьэхуэхэм, дунейм и къэхъукъащIэхэм тещIыхьауэ.
Псалъэ щхьэхуэхэм я мыхьэнэм зэщхьэщыкIыныгъэ зэрыхъунум гу лъегъэтэн; тхыгъэм ар зытепсэлъыхьыр IупщIу къигъэлъэгъуэнымкIэ (персонажхэр, къэхъукъащIэхэр, къэзыухъуреихь дунейр уи нэгу къыщIэгъэхьэжынымкIэ) къигъэсэбэп псалъэхэр, псалъэ зэпыщIахэр (зэгъэпщэныгъэ, эпитет, метафорэ, зэкIэщIэпч мыхъу псалъэ зэпыщIа хуэдэхэр) тхыгъэм къыхагъуэтэфу икIи ахэр къагурыIуэу егъэсэн.
ЕджакIуэхэм езым къагупсыса гуэрхэр зыхэлъ хъыбар зэхалъхьэфын: персонажым и щхьэм кърикIуэ Iуэхугъуэ гуэрхэм пащэу, къэIуэтэныгъэр езыгъэкIуэкIыр щхьэкIэ зэрахъуэкIыу (япэ щхьэм итыр ещанэ щхьэкIэ), езыхэм я нэгу щIэкIа гуэрхэр хагъыхьэу, къэIуэтэкIэм зрагъэубгъуу, езыхэр Iуэхум зэрегупсыс хуэIухуэщIэхэр къыхалъхьэу, дащIыгъуу.
Литературэм и лIэужьыгъуэхэм теухуауэ ящIэр зэуIу ящIыжын (усэ, басня, псысэ, хъыбар сыт хуэдэхэм ятеухуауэ яджар, зыщыгъуазэ хъуар).
ЩIэныгъэ зэлъэщIэсахэм теухуа тхыгъэхэмрэ художественнэ тхыгъэхэмрэ практическэу зэхацIыхукIыфу щытын.
ЕджакIуэхэм я жьэрыIуатэбзэм зегъэужьын, ар шэрыуэу, купщIафIэу, IупщIу, зэхэщIыкIыгъуэу, зыхэщIэгъуэ щытыным хуэунэтIауэ. Къеджэныгъэми жьэрыIуатэбзэми я псынщIагъкIэ зэпIэзэрыту, Iуэхум къезэгъыу щытыныр, макъым и IукIэр, теувыIэгъуэхэр, логикэм епха (тещIыхьа) хэкъузэныгъэхэр, бзэм щIэжьыуэ щIэтыныр икIи къинэмыщI хуэIухуэщIэхэри игъуэу икIи ичэзууэ къэгъэсэбэпын, къаIуатэм кърагъэкIыну зыхуей мыхьэнэмрэ зыхэщIэныгъэмрэ зэрахуэфащэкIэ.
Зэреджэ тхылъым ехьэлIауэ зэрыгъуэзэнухэр. ЕджакIуэхэр зыхуей тхыгъэхэр псалъащхьэмкIэ езыр-езыру (зыри ядэмыIэпыкъуу) къагъуэтыфын, зы тхакIуэм е усакIуэм и тхыгъэу а тхылъым итхэр, Iуэхугъуэ щхьэхуэ (темэ) зэщхьхэм теухуауэ итхэр кърагъуэтыфын, тхыгъэхэм я лъабжьэм деж щагъуэва упщIэхэмрэ лэжьыгъэхмэрэ жэуап тэмэм еджакIуэхэм иратыфу щытын хуейщ.
Гугъу демыхьыу псалъащхьэхэр къагъэсэбэпыфу щытын хуейщ. Езы тхылъым къигъэув Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр (упщIэхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ, абзацхэр, псалъащхьэ цIыкIухэр, сноскэхэр) къагъэсэбэпыфу егъэсапхъэщ еджакIуэ цIыкIухэр. Тхылъым и жинтыр зыхуэдэм (Iувми пIащIэми, гъэщIэрэщIами ауэ къызэрыгуэкIми, плъыфэ зыбжанэ хъу лэчкIэ тедзами) гу лъатэу егъэсэн. Жинтым и фэр ящIэу икIи зыхуэдэр къыжаIэфу щытыпхъэщ.
Классым щаджыным нэмыщI, къызэджапхъэу
нэхъ зыхуагъэфэща тхыгъэхэр.
ЕплIанэ класс.
(Мыкласс еджэныгъэ урокхэр тхьэмахуитI къэс зэ ирагъэкIуэкI).
Щхьэхуэу гу зылъытапхъэ. Мы къыкIэлъыкIуэну тхыгъэхэм мыбдежым щаIэ ухуэкIэр мыкласс еджэныгъэмкIэ тхылъми щаIэн хуейуэ къэувыркъым, атIэ ахэр нэхъ къыщезэгъ щIыпIэхэм (зыхэтыпхъэ темэхэм деж) хэгуэшапхъэщ, абы мыхьэнэ пыухыкIа зэриIэм папщIэ.
Тхылъым хыхьэпхъэу къалъыта тхыгъэхэр зи IэдакъэщIэкIхэм я унэцIэр адыгэ алфавитым тещIыхьауэ зэкIэлъыхьащ тхылъ зытххэм (зэхэзылъхьэхэм) я лэжьыгъэр нэхъ тынш къищIын, зыкъомкIэ къигъэпсынщIэн папщIэ, ауэ мы тхыгъэхэр ауэ сытми нэуфIыцIщхьэрыуэу тхылъым ибгъэувэнкIэ Iэмал зимыIэщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми езым и увыпIэр егъэгъуэтыжын хуейщ. Мис аращ а тхылъым и Iэпкълъэпкъыр тэмэму зыубзыхунур, ар тхылъ гурыхь икIи щхьэпэ зыщIынур.
Адыгэ IуэрыIуатэм щыщхэр. Дыгъужьымрэ Мыщэмрэ (адыгэ псысэр). Дыщэ кIанэ (псысэр гъэкIэщIауэ икIи хэлэжьыхьауэ). Лэжьыгъэм емыкIу хэлъкъым (хъыбарыр).
Адыгэ псалъэжьхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм, псалъэ хъуэрхэм, псынщIэрыпсалъэхэм ящыщ зыбжанэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын, ахэр фIыуэ егъэлъэгъун.
Адыгэ сабий литературэм щыщ тхыгъэхэр.
АбытIэ В. Къ. Бжэндэхъу лъашэ. Дыкъыщалъхуа махуэр.. Иныжь и къуэ ЦIыкIужьей (усэхэр).
АбытIэ Хъ. Е. Бжьыхьэ. Гъатхэ (усэхэр).
Анзор М. М. Бжьыхьэ (усэр).
Аслъэн М. А. Гъэмахуэ пщэдджыжь (усэр).
Ахъмэт М. Хь. ПсыефапIэ. ЩIымахуэ шылэ (усэхэр).
АфIэунэ Л. А. Гуныкъуэгъуэ. ГущIэгъуншэм. Си хьэжьым и фэеплъу (усэхэр).
Бещтокъуэ Хь. Къ. Бжьыхьэ телъыджэ. Гъатхэ. Ешащ мы бжьыхьэм и Iэпщэ сыхьэтыр. «ЛIыхъужь». ЩIымахуэ (усэхэр).
Бицу А. М. Лъахэмрэ зауэмрэ. Хэкум (усэхэр).
Вындыжь М. Н. Адыгэ къафэ. ГъащIэ лъагъуэ. Къафэ дахэ. Си мамэ, си дамэ (усэхэр).
Гъуэщокъуэ Хъу. Хь. Бажэмрэ Мыщэмрэ. Джэдумрэ Дзыгъуэмрэ (усэхэр).
Гъубжокъуэ Л. М. Бжьэ къэпщIахэр. ДэIэпыкъуэгъуфIхэр. Жэм пыджэреймрэ Мадинэрэ. ЖэмитI-зэныбжьэгъуитI. Жэмым и гуауэр. Къапхъэнымрэ Борэнымрэ. Къурш ажэмрэ дыгъужьымрэ. Мыщэжьыр кондуктор зэрыхуъар. Шэпсы и Iуфэм. Си лъэпкъым (тхыгъэхэр).
Джэдгъэф Б. М. Амыщ дадэ. Аргъуей. Бгырыс хабзэ. Мэш бэв. ХущIэ пIастэ (тхыгъэхэр).
Дудар Хь. М. Адэм и уэсят. Мэз тхьэмадэр къызэрагъэпцIар. Хэт нэхъ лъэщ (тхыгъэхэр).
Жанэ Къ. Хь. Адыгэхэм ди хабзэр аращ (усэр).
Жаным Б. I. Бажэмрэ Къундузымрэ. Дыщэ кхъуэщын. Адэм и сэшхуэ. КIэпхъымрэ Номинымрэ. Ужьэмрэ Къундузымрэ. Сэ абы и пIэкIэ сокIуэ. Уэтэрым (тхыгъэхэр).
Жылэтеж С. Хь. Адакъэпщ – псоми япщ. Дадэ и жыг. Мамэ, папэ, нанэ, дадэ. Мамэ и Iэхэр. Мэз джэдумрэ дзыдзэмрэ. Нарт и ныбжьэгъухэр (тхыгъэхэр).
Зэгъэщтокъуэ Л. Хь. Анэм и гъуэмылэ (япэ едзыгъуиплIыр) Насып щхьэц. Си анэ (етIуанэ едзыгъуэр хэмыту).
КIэмыргуей Т. Ж. Дадэ и чэнджэщхэр. Мэз. Уэшх нэужьым (усэхэр).
КIуантIэ I. ТI. Бажэ хьилэшы. Исмел. Къуршым. Мыщафэ (тхыгъэхэр).
КIуащ Б. И. Шагъдий. Индыл (усэхэр).
КIыщокъуэ А. П. Бажэ пшынэ. Бгы собранэ (псысэхэр).
Къагъырмэс Б. Хь. Май. Лъагъуэ. ГъащIэ уэрэд. Къуаргъ хэгъэрей (усэхэр).
Къанкъул ФI. М. Дахащэу си адыгэщI. Си анэ дыщэ (усэхэр).
Къарэмырзэ Ю. Ю. Си Къэбэрдей (усэр).
Къэжэр П. Хь. Анэгу. Жагъэ кIыхь тета шы къарэу. КIыщым. ИлъэсыщIэ. ЩIымахуэ (усэхэр).
МафIэдз С. Хь. АдыгэлIым и уанэш итыркъым («Шыдыгъу» повестым и кIэух едзыгъуэр гъэкIэщIауэ).
Нало З. М. Ди жыгыжьыр. ЕмыIусэцыснэIу. ЗылъэмыкIым мыщи еукI. КъебжэкI. Жыг цIыкIу. Мадинэ (тхыгъэхэр).
Нэгумэ У. А. Бжьыхьэ уэшх. Гъэмахуэ пщэдджыжь. Гъэмахуэ жэщ. ГъащIэ. Гухэхъуэ. Си лъахэ. Уэшх (усэхэр).
Тхьэмокъуэ Б. Гъу. Къуршыбгъэхэр (тхыгъэхэр).
Уэрэзей А. П. Гъатхэ. ИлъэсыщIэ (усэхэр).
Хьэгъундокъуэ Р. М. Анэ гухэлъ. Космонавт цIыкIу. Лэгъупыкъу (тхыгъэхэр).
Хьэкъун И. Хь. Ажэмрэ гъуджэмрэ. Гъэмахуэ жэщ (усэхэр).
Хьэнфэн А. М. Бгъэ шырымрэ дыгъужьымрэ. Дунеяплъэ. Зи быныр зауэм зыIиха. Ажэ жьакIэмрэ Борэн кIагуэмрэ. Гъэмахуэ пщэдджыжь (тхыгъэхэр).
Хьэх С. Хь. Дэшхуей тхьэмпэ (тхыгъэр).
ХьэцIыкIу Хь. М. Дыгъэ-щIыуэздыгъэ. Сылъэтэнт (усэхэр).
Щоджэн Хь. Хь. Бжьыхьэ нэщэнэхэр (усэр).
ЩоджэнцIыкIу I. У. ЗыплъыхьакIуэм. Бжьыхьэ кIасэ. ЩIымахуэр икIащ. Гъатхэм хуэхьэзырщ. Ди къуажэм и махуэшхуэщ. Ди хъэуан (тхыгъэхэр).
ЩоджэнцIыкIу Н. Хъ. Бжьыхьэ бэв. Къэбэрдейм ди щIалэгъуалэ. Жэнэт щIыпIэ. Гъатхэ. Япэ уэшх. Япэ лъэбакъуэ. Махуэ. Пщыхьэщхьэ (усэхэр).
Щомахуэ А. Къ. Ди Хэку. Бжьыхьэ. Гъатхэ (усэхэр).
IутIыж Б. Къ. Гъо, мыжь! КхъыIэ жыIэ. ШкIэ еIуящIэ (усэхэр).
Мы Iуэхугъуэми гу лъытапхъэщ. Мыбдежым къыщыгъэлъэгъуа усэхэмрэ хъыбархэмрэ къадэкIуэу тхылъыр зэхэзылъхьэм, хуейуэ къилъытэмэ, абы хигъэхьэ хъунущ школ программэм зи цIэ къыщимыIуахэм ящыщ художественнэ тхыгъэ щхьэхуэхэр, ауэ а тхыгъэхэм я къыхэхыным икъукIэ хуэсакъын хуейщ. Ахэр художественнэ и лъэныкъуэкIэ тхыгъэфIу икIи сабийхэм я ныбжьым къезэгъыу щытын хуейщ. Апхуэдэу тхылъым хагъэхьэну тхыгъэхэр Iэмал зэриIэкIэ прозэу гъэпсауэ къыхэхыпхъэщ. Тхылъыр нэхъыфI хъунымкIэ абы мыхьэнэ пыухыкIа иIэщ.
Мыкласс еджэныгъэм теухуауэ щIапхъэхэр
(сыхь. 18)
Зэджэнум къыхиубыдэхэр. ШколакIуэхэм папщIэ ятх художественнэ тхыгъэхэр икIи щIэныгъэ-художественнэ хуэIухуэщIэхэм хуэдэхэр я инагъкIэ мыину, тхыгъэ кIэщI цIыкIурэ къыхахауэ. Сабийхэм папщIэ зыхалъхьа тхылъ цIыкIухэр, егъэджакIуэмрэ еджакIуэмрэ къызэрыхахкIэ, ауэ «Нур» журналри IэщIыб ямыщIу.
Зэджэнур зытеухуар. Адэ щIыналъэм, Хэку, хабзэ-нэмысым, хьэл-щэн дахэм, цIыхугъэ лъагэм, мамырыгъэм, зэныбжьэгъугъэм, къуажэмрэ къалэмрэ щыIэ гъащIэм, унэ псэущхьэхэмрэ псэущхьэ Iэлхэмрэ, дунейм и къэхъукъащIэхэмрэ цIыхухэм я IуэхущIафэхэмрэ, хадэмрэ хадэхэкIхэмэр, губгъуэмэр мэзымрэ, гъэм и зэманхэмрэ цIыхухэм ялэжь лэжьыгъэхэмрэ, махуэшхуэхэмрэ бэраскэшхуэхэмрэ, ижт зэманым адыгэхэм я псэукIамрэ я нобэрей гъащIэмрэ икIи нэгъуэщI къинэмыщI Iуэхугъуэхэм ятеухуа тхыгъэ гуэрхэри.
Сабий тхылъхэм иралэжьыпхъэхэр. Зэджэну тхылъыр езыр-езыру къыхахыфын, мыкласс еджэныгъэм ипкъ иткIэ яджыну Iуэхугъуэхэм (темэхэм) щытепсэлъыхькIэ, къэув упщIэхэм къыщагъэсэбэп хуэдэу.
Япэ илъэс ныкъуэм яджынум и кэудагъыр зы тхьэмахуэм напэкуэцI 16-22-рэ, етIуанэ илъэс ныкъуэм – напэкIуэцI 26-32-рэ хуэдиз хъумэ, тэмэму къэплъыт хъунущ.
Зыщымыгъуазэ тхылъым итыр абыи фIэщыгъэцIэмкIэ, псалъащхьэмкIэ, иллюстрацэхэмкIэ, псалъэпэхэмкIэ, кIэлъыжаIэжа псалъэхэмкIэ къахутэфыным теухуа есэныгъэмрэ яIэ хъуа зэфIэкIымрэ нэхъри зегъэужьын.
Классым щаджым нэмыщI, къызэджахэу тхылъищ-плIы хы тхакIуэм ейуэ къащIэжыфын.
ЕджакIуэхэм яджыпхъэ тхылъхэм я спискэр, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм теухуа карточкэхэр къагъэсэбэпыфыным егъэсэн.
Литературэм теухуа джэгукIэхэр е адыгэ джэгукIэхэм ящыщ зыбжанэ зрагъэщIэн, абыхэм езыхэр хэту джэгуныр яфIэгъэщIэгъуэн хъуным хущIэкъун икIи еджакIуэхэр апхуэдэ джэгукIэхэм дегъэхьэхын, ахэр а джэгукIэхэм хуэIэкIуэлъакIуэ щIын.
Фонетикэр, грамматикэр, тхэкIэ тэмэмыр,
бзэм зегъэужьыныр.
(сыхь. 70).
Тхьэмахуэ зэхуакум адыгэбзэм псори сыхьэти 4 хухах. Абы щыщу 2-р грамматикэм, 2-р къеджэныгъэм ялъос.
Къэпщытэжын (сыхь. 4).
Псалъэуха. Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэмрэ етIуанэхэмрэ. Псалъэухам хэт псалъэхэр зэрызэпхар. Псалъэухам и кIэм ягъэув нагъыщэхэр.
Макъыр, хьэрфыр, пычыгъуэр, ударенэр. Псалъэр зэрызэхэт макърэ хьэрфрэкIэ зэпкърыхын (япэ классхэм зэлэжьахэм нэхърэ пычыгъуэ нэхъыбэ хъу псалъэхэм я щапхъэкIэ)5 .
Псалъэр зэрызэхэтыр. Псалъэпкъым къыщыкIуа э, а- хэм я тхыкIэр, щхьэ префиксу къэкIуа макъ дэкIуашэ дэгухэмрэ жьгъыжьгъхэмрэ я хабзэр.
Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр: щыIэцIэр, плъыфэцIэр, глаголыр, послелогыр.
Псалъэр (сыхь . 46).
ЩыIэцIэр (сыхь. 15). ЩыIэцIэ унейрэ зэдайрэ. ЩыIэцIэхэм я закъуэ, куэд бжыгъэхэр. ЩыIэцIэхэм я склоненэ щIыкIитIыр (белджылы, мыбелджылы). ЩыIэцIэхэр закьуэ бжыгъэуи куэд бжыгъэуи падежкIэ зэхъуэкIын. ЩыIэцIэр зэрыт падежыр упщIэкIэрэ къэхутэфын. Падеж кIэуххэм я тхыкIэр (зэзыпх ы къыщыдэувэмрэ къыщыдэмыувэмрэ). Послелогхэр щыIэцIэхэм я гъусэу я бзэм къыщыгъэсэбэпыным теухуа лэжьыгъэхэр.
ПлъыфэцIэр (сыхь. 10). ПлъыфэцIэр щыIэцIэм и гъусэу кьыщыкIуэм бжыгъэрэ падежкIэ зэхъуэкIа зэрыхъур. ЩыIэцIэмрэ ар зыгъэбелджылы плъыфэцIэмрэ зэпыту щатхыр.
ЦIэпапщIэр (сыхь. 6). Щхьэ цIэпапщIэхэр. 1, 2, 3 щхьэ цIэпапщIэхэм я закъуэ, куэд бжыгъэхэр. ЩыIэцIэхэм я пIэкIэ щхьэ цIэпапщIэхэр я бзэм къыщагъэсэбэпыфын.
Глагол (сыхь. 18). Глаголым теухуа гурыIуэныгъэ. Глаголым и пэщIэдзэ теплъэм (формэм) – инфинитивым – щыгъэгъуэзэн. Глаголыр псалъалъэхэм зэрыратхэр инфинитив теплъэм тету зэрыщытым гу лъегъэтэн. Глаголым щхьэ, бжыгъэ, зэманкIэ зэрызихъуэжыр (спряженэ). Глагол псалъэпкъым къыщыкIуэ хьэрфзеш э, э, а -хэм я тхыкIэр.
Глаголыр зэхъуэкIа зэрыхъу префиксхэм (щхьэ префиксхэм) я тхык1эр (макъ дэкIуашэ дэгу, жьгьыжьгъ къьщыкIуэр).
БжыгъэцIэр (сыхь. 5). БжыгъэцIэмкIэ гурыIуэныгъэ етын. ЩыIэцIэмрэ бжыгъэцIэмрэ зэгъусэу къагъэсэбэпыфын. ЩыIэцIэм пыту бжыгъэцIэхэр ятхынкIэ зэрыхъум гу лъегъэтэн.
Псалъэм и мыхьэнэм елэжьыныр.
Зи мыхьэнэкIэ зэгъунэгъу, зэпэщIэуэ щыIэцIэ, плъыфэцIэ, глаголхэр къэхьын. КъэIуэтэныгъэ зэпхам псалъэхэр зыфэзылэу къытрагъэзэжу къамыхьыным хуегъэджэн. ЦIэпапщIэхэр щыIэцIэхэм я пIэкIэ къэгъэсэбэпыным теухуа лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIын.
Псалъэухар (сыхь. 16).
Ауэ, икIи, рэ, и союз, союз-суффиксхэмкIэ е къэпсэлъыкIэкIэ зэпха пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъу зыхэт псалъэуха. Пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэр къэпсэлъыкIэкIэ щызэкIэлъахьми союзкIэ шызэкIэлъахьми запятой щагъэувыр. Пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъу зыхэт псалъэуха зэхэлъхьэн.
КъэIуэтэныгъэ зэпхар .
Бзэр, абы гъащIэм мыхьэнэуэ щиIэр. Тхыгъэр (текстыр). Тхыгъэм и темэмрэ гупсысэ нэхьыщхьэ хэлъымрэ. Тхыгъэр зэрыухуар (къызэрыщIидзэр, Iыхьэ нэхъыщхьэр, зэриухыр). Зэгъусэуи езыр-езыруи изложенэ, сочиненэ зэратхын план зэхалъхьэн. Къызэджам и планыр псори зэдэIэпыкъуури езыр-езыруи ягъэувыфын. Къызэджа тхыгъэм къиIуатэр планым тету къэIуэтэжыфын, абы къикIыр кIэщIу, къыжаIэжуи, ар зытепсэлъыхь дэтxэнэ зы Iуэхугъуэри зэпкърыхауэ къагъэлъэгъуэжуи. Теплъэ щхьэхуэ гуэрхэм тепсэлъыхьыфын. Къызэджар зытеухуа персонаж нэхъыщхьэхэм тепсэлъыхьыфын, абыхэм характеристикэ ирату, я IуэхущIафэхэр зыхуэдэр, абыхэм я пщIэр къагъэлъагъуэу.
Къызэджа тхыгъэ мыиным езыр-езыру ягъэува планым тету кIэщIу тепсэлъыхьыжын.
Къызэджар я къэIуэтэкIэм, къэIуэтэныгъэр зыбгъэдэлъ щхьэм зегъэхъуэжауэ (япэ щхьэм и пIэкIэ ещанэ щхьэ е нэгъуэщI гуэру) зэманыр зэхъуэкIауэ (псалъэм папщIэ, блэкIа зэманым и пIэкIэ ит зэман щIауэ) къыжаIэжыфын.
Зэплъа кинофильмым е абы щыщ Iыхьэм теухуауэ хъыбар зэхэлъхьэфын. Езыхэм я гъащIэм къыщыхъуа гуэрхэм теухуа хъыбар зэхэлъхьэфын.
Я Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм письмо хуатхыфын.
Тепсэлъыхьыныгъэм и пкъыгъуэхэр хэлъу, езыхэм я гупсысэ къыхэщу хъыбар ятхыфын (а зытепсэлъыхьым езыхэр егупсысауэ, абы теухуауэ езыхэм хущытыкIэ гуэрхэр яIэу зэрыщытыр къагъэлъагъуэу), апхуэдэхэр нэхъ зытеухуауэ щытынур езы еджакIуэхэр зыкIэлъыплъа Iуэхугъуэ гуэрхэр арщ: лэжьыгъэ, псэукIэ, хьэл-щэн, н.
Къабзэу тхэныгъэ (урок щхьэхуэ хухамыхыу). Зы линэ закъуэм тету хъэтI жьгъейкIэ псынщIэрытхэу тхэным хуэкIуэн. Алфавитым хэт хьэрф цIыкIухэри къытрагъэзэжу ятхын. Я хъэтIым иIэ ныкъусаныгъэхэм хагъэкIын.
Яджар къэпщытэжын (сыхь. 4).
Зи тхыкIэ тэмэмыр пэжырытхэм и хабзэхэмкIэ къамыпщытэ псалъэхэу гъэ еджэгъуэм и кIуэцIкIэ еплIанэ классым щызэрагъэщIапхъэхэр .
Гъуэгу, тIэу, гъунэгъу, сэнтх. къатыр, пэш, бо, къыпцIэ, алэрыбгъу, саугъэт, цыжьбанэ, цыджанэ, фэтэр, акъыл, гупсысэ, бгыкъу, брул, бохъшэ, къандырдзэл, уае, сабий, къазмакъ, къэрал, пхъэбгъу, жызум, мамыр, IэлъэщI, уэлбанэ, сатыр, сабыр, дакъикъэ, дамыгъэ, бэяун. лыдын, жыхапхъэ, упщIыIун, утхыпщIын, кIарц, дыкъуэнагъ, шыбзэ, шабзэ, дурэш, салъкъын, сурэт, иджыпсту, янэ, плIанэ, щанэ, тхуанэ, залэ, тIуалэ, щалэ, сэнжэху, сэхуран, адэжынэ, кIапэлей, жьуджалэ, щунэф, шыгъуэгу, Iэней, дыкъуэнагъ, бдзумэ, къэнжал.
ЕплIанэ гъэ еджэгъуэм и кIэм деж
еджакIуэхэм ящIэн хуейхэмрэ яхузэфIэкIыпхъэмрэ.
ЯщIэн хуейхэр :
ЩыIэцIэм бжыгъэкIэ зэрызихъуэжыр. ЩыIэцIэр падежкIэ зэхъуэкIа зэрыхъур. Зы псалъэм къыбгъэдэкIыу адрей псалъэм хуагъэув упщIэмкIэ а упщIэр зыхуагъэув псалъэр зэрыт падежыр къапщIэ зэрыхъур.
ЩыIэцIэмрэ плъыфэцIэмрэ щызэдэщIыгъум деж, абыхэм я бжыгъэр къэгъэлъэгъуа зэрыхъу щIыкIэр. ЩыIэцIэм пыту ятх плъыфэцIэхэр.
Щхьэ цIэпапщIэхэм я къэкIуэкIэр.
Глаголым щхьэ, бжыгъэ, зэманкIэ зэрызихъуэжыр.
Предметхэм я бжыгъэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр (бжыгъэцIэхэр). ЩыIэцIэм пыту ятх бжыгъэцIэхэр.
Псалъэхэм мыхьэнэ зэщхь, зэпэщIэуэ яIэнкIэ зэрыхъур. ЩыIэцIэ, плъыфэцIэ, глагол псалъэхэм мыхьэнэ зэщхь, зэпэщIэуэ яIэу бзэм къызэрыщыкIуэр.
ЯхузэфIэкIыпхъэхэр:
Щыуагъэ хэмыту икIи хъэтI дахэкIэ къытетхыкIын, псалъэ 70–80 хъу тхыгъэр диктанту ятхын, пэжырытхэмкIэ яджа хабзэхэми тещIыхьауэ (падеж кIэуххэм я тхыкIэр, глагол псалъэпкъым хьэрфзсшэ э, а -хэр щатхыр, щыIэцIэр зыгъэбелджылы плъыфэцIэр, бжыгъэцIэр пыту, пыхауэ щатхыр, щхьэ префиксхэм къыщыкIуэ. макъ дэкIуашэ дэгу, жьгъыжьгъхэм я тхыкIэр хыхьэу). Псалъэухам къыщыкIуа псалъэ зэлъэпкъэгъухэр запятойкIэ зэпэщIэхын (союзкIи къэпсэлъыкIэкIи щызэкIэлъыхьар хыхьэу); псалъэр зэрызэхэт макъ, хьэрфкIэ зэпкърыхын, псалъэ къызэрыхъу, зэхъуэкIа зэрыхъу префикс, суффикс зыхэт псалъэхэри хыхьэу (псалъэм папщIэ, сытхащ, стхьэщIащ, къэжэкущ, мыIэрысей).
Псалъэр зэрызэхэткIэ зэпкърыхын; псалъэм и лъабжьэр, псалъэ къызэрыхъу, зэхъуэкIа зэрыхъу префикс, суффиксхэр, кIэухыр къыхэгъэкIын, псалъэр псалъэ лъэпкъыгъуэкIэ гъэбелджылын; щыIэцIэм, плъыфэцIэм я склоненэр, падежыр гъэбелджылын, ахэр зэрыт бжыгъэр къэхутэн; глаголым и зэманыр, бжыгъэр, зэрыт щхьэр гъэбелджылын;
псалъэухар къызэрыгуэкI дыдэу зэпкърыхын, ар зыхуэдэр (къаIуатэ мурад елъытауэ), абы и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэмрэ етIуанэхэмрэ къыхэгъэкIын, ахэр зэрызэпхар упщIэкIэрэ къэхутэн;
псалъи 100-м нас зыхэт тхыгъэр изложенэу тхын, езым зэхалъхьа планым тету, езыхэм я гъащIэм къыщыхъуа гуэрым теухуа хъыбар зэхэлъхьэн:
нэмыс хэлъу зэрыпсэлъэн хуейм къигъэув мардэхэм къезэгъыу зыгуэрым елъэIуу, фIыщIэ xyищIy, къыхуигъэгъуну елъэIуу, зэрыхуимыщIэфынуIар къигъэлъагъуэу, къригъэблагъэу, ехъуэхъуу ятхын е жьэрыIуатэу къыжаIэн; и Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм письмо хуэтхын.
ПСАЛЪАЩХЬЭХЭР
Хэзыгъэгъуазэ
Адыгэбзэмрэ анадэлъхубзэмрэ егъэджыным теухуа Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр
Къабзэу тхэныгъэ
Программэхэм я зэхэлъыкIэр
Программэхэм къызэщIаубыдэхэр
Программэхэр.
Япэ класс
КъеджэкIэрэ тхэкIэрэ (грамотэ) егъэщIынымрэ бзэм зегъэужьынымрэ
I КьеджэкIэ егъэщIэныр
II ТхэкIэ егъэщIэныр
III Бзэм зегъэужьыныр
ЕтIуанэ класс
Кьеджэнымрэ бзэм зегъэужьынымрэ
Класс еджэныгъэр
Kлaccым щаджыну тхыгъэхэм хыхьэпхьау нэхъ зыхуагъэфащэхэр
ГукIэ зрагъэщIэну нэхъ зыхуагъэфэща тхыгъэхэр
Классым щаджым нэмыщI, къызэджапхъэу нэхъ зыхуагъэфэща тхыгъэхэр
Фонетикэр, грамматикэр, тхэкIэ тэмэмыр, бзэм зегъэужьыныр
ЕтIуанэ гъэ еджэгъуэм и кIэм деж еджакIуэхэм ящIэн хуейхэмрэ яхузэфIэкIыпхъэхэмрэ
Ещанэ класс
Къеджэнымрэ бзэм зегъэужьынымрэ
Класс еджэныгъэр
Классым щаджыну тхыгъэхэм хыхьэнхъэу нэхъ зыхуагъэфащэхэр
ГукIэ зрагъэщIэну нэхъ зыхуагъэфэща тхыгъэхэр
Классым щаджым нэмыщI, къызэджапхъэу нэхъ зыхуагъэфэща тхыгъэхэр
Фонетикэр. грамматикэр, тхэкIэ тэмэмыр, бзэм зегъэужьыныр
Ещанэ гъэ еджэгьуэм и кIэм деж еджакIуэхэм ящIэн хуейхэмрэ яхузэфIэкIыпхъэмрэ
ЕплIанэ класс
Къеджэнымрэ бзэм зегъэужьынымрэ
Класс еджэныгъэр
Классым щаджыну тхыгъэхэм хыхьэпхъэу нэхъ зыхуагъэфащэхэр
ГукIэ зрагъэщIэну нэхъ зыхуагъэфэща тхыгъэхэр
Классым щаджым нэмыщI къызэджапхъэу нэхъ зыхуагъэфэща тхыгъэхэр
Фонетикэр, грамматикэр, тхэкIэ тэмэмыр, бзэм зегьэужьыныр
ЕплIанэ гъэ еджэгьуэм и кIэм деж еджакIуэхэм ящIэн хуейхэмрэ яхузэфIэкIыпхъэхэмрэ
1
2 Школ программэм къигъэув къэлэнхэр гъэзэщIэнымкIэ еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ зэрехъулIэм елъытауэ (тещIыхьауэ) щыхуагъэхьэзыр лъэхъэнэм хухах зэманыр егъэджакIуэхэм ягъэмащIэми, нэхъыбэ ящIми ягъэ кIынукъым.
3 Мы разделыр зэрырагъэджыр еджакIуэхэм I классым макъымрэ хьэрфымрэ теухуауэ ягъуэта щIэныгъэхэм тещIыхьауэщ.
4 Макъхэмрэ хьэрфхэмрэ теухуа лэжьыгъэхэр гъэ еджэгъуэр иухыху егъэк1уэк1ын хуейщ.
52 Псалъэр зэрызэхэт макърэ хьэрфкIэ зэпкърыхыным и мурад нэхъыщхьэр пэжырытхэмкIэ (къыщытартхыкIкIэ, диктант щатхкIэ) яIэ есэныгъэхэм зегъэужьынырщ.
59